Япэ текIуэныгъэм адрейхэри къакIэлъокIуэ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 - 2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэр хуабжьу зэмыщхьу иригъэжьащ «Спартак-Налшыкым»: шыщхьэуIум (августым) хиубыда пэщIэдзэ джэгугъуиплIым щэнейрэ къыщыхагъащIэри, зэм зэрыщытегъэкIуакъым, къыкIэлъыкIуа фокIадэ мазэм къыщыпэщылъа зэIущIищми щытекIуащ икIи зэпеуэм къыщыкIэрыху командэхэм къахэкIри, курыт зэфIэкI зиIэхэм яхыхьащ. Гупым и иужьрей ехъулIэныгъэхэр куэдым ирапх абы и тренер нэхъыщхьэу щыта Красножан Юрэ налшыкдэсхэм я тренер-чэнджэщэгъу зэрыхъуам.
 
Ди щIалэхэм я текIуэныгъэхэм щIэдзапIэ яхуэхъуащ фокIадэм и 6-м ЕсэнтIыгу къалэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэр. Абы щызэхуэзат Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 - 2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм щыIа пэщIэдзэ джэгугъуиплIым зы очко закъуэ фIэкIа щызыIэрызымыгъэхьэфа «Спартак-Налшыкымрэ» иджыри къэс зыхуэза псоми къыхагъэщIа щIыпIэ командэмрэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, зэпеуэм къыщыкIэрыху дыдэхэр. Къызэрызэрагъэпэщрэ куэд мыщIа хэгъэрейхэм папщIэ апхуэдэу жыIэгъуафIэми, ди щIалэхэм ар епэсыгъуейт. Зы лъэныкъуэкIэ ущеплъмэ, налшыкдэсхэм гуп хъарзынэ зэхуашэса хуэдэт. УакIэлъыплъыжмэ, я зэфIэкIыр мащIэ дыдэт. Абы и щыхьэтт, Урысей Федерацэм и кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэри хэту, иужьу ирагъэкIуэкIа джэгугъуитхум ящыщу плIым къызэрыщыхагъэщIамрэ зэм зэрытемыгъэкIуауэ зэрызэбгъэдэкIыжамрэ. А лъэхъэнэм къриубыдэу «Спартак-Налшыкым» и гъуэм топипщI (ику иту зэIущIэ къэс тIурытI) къыдагъэкIат, езым ар зэрыхузэфIэкIар щэ къудейрэт.
А псори къалъытауэ къыщIэкIынщ налшыкдэсхэм я унафэщIхэм. Арагъэнущ ЕсэнтIыгу щрагъэкIуэкIыну джэгугъуэм ирихьэлIэу зэхъуэкIыныгъэхэр къыщIыхалъхьар. Къапщтэмэ, гъуащхьэхъумэ Ольмезовым и пIэкIэ губгъуэм кърагъэхьат Шумахуэ Заур, Джатэрывэ Къазбэч Дэхъу Ислъам ихъуэжат, Ашу Мурад нэхърэ нэхъыфIу щIалэщIэ дыдэ Бахъсэнокъуэ Алихъан къалъытат. Абыхэм фIы къазэрыпэкIуар зэIущIэм къигъэлъэгъуащ. ЖыпIэну ирикъунщ Шумахуэмрэ Бахъсэнокъуэмрэ я хьэрхуэрэгъухэм худагъэкIа топхэм я фIыгъэкIэ ди командэм япэ текIуэныгъэр мы зэхьэзэхуэм къызэрыщихьар.
ЕсэнтIыгу щекIуэкIа зэIущIэм и щIэдзэкIам фIы лъэпкъ къытпигъаплъэртэкъым. Мазэ ипэкIэ тIэунейрэ дэджэгуу, тIэуми 5:0-у я нобэрей хьэрхуэрэгъухэр зэрыхагъэщIам «Спартак-Налшыкым» и футболистхэр игъэбэлэрыгъащ икIи къащигъэхъуащ, гугъу зрамыгъэхьыщэу, текIуэныгъэр зыIэрагъэхьэфыну. АрщхьэкIэ, хэгъэрейхэми зэман блэкIар пщIэншэу ягъэкIуэда хуэдэтэкъым икIи я Iэзагъым хагъэхъуат. Абы и щыхьэтт тхьэмахуэ ипэкIэ Новороссийск щыIэу щIыпIэ «Черноморец»-м зы топ закъуэкIэ фIэкIа къызэрыпимыкIуэтар.
ЗэIущIэм щIидзэри, дакъикъэ пщыкIубл дэкIауэ арат налшыкдэсхэр щIылъэм къыщрагъэувэхыжам. «ЕсэнтIыгум» и ебгъэрыкIуэныгъэ закъуэтIакъуэхэм ящыщ зым Соломатин Павел и командэр япэ щригъэщащ. Ар куэд зыпэмыплъа Iуэхугъуэт, езы хэгъэрейхэри яхэту.
«КъаIэщIэщIам» игъэшынэжауэ ахэр икIуэтыжащ, я къару къызэрихькIэ я гъуэр яхъумэжыну я мураду. АрщхьэкIэ «Спартак-Налшыкым» и губжьым зэрыпэщIэтыфар дакъикъищ-плIыщ. ЕбгъэрыкIуэхэм къахыхьа ди гъуащхьэхъумэ Шумахуэ Заур псынщIэу бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ.
Налшыкдэсхэр абы тригъэгушхуащ икIи «ЕсэнтIыгур» я гъуэм ирагулIэжыпащ. Зэман кIэщI дыдэм къриубыдэу абыхэм яхузэфIэкIащ текIуэныгъэр къахуэзыхь бжыгъэр къызэрагъэпэщыну. 38-нэ дакъикъэм, хэгъэрейхэр ди гъуащхьауэхэм пэмылъэщыжыххэу, футбол хабзэр я гъуэм пэгъунэгъуу къызэпаудащ. Пенальти! Сыт щыгъуи хуэдэу, ар Iэзэу игъэзэщIащ «Спартак-Налшыкым» и капитан Пащты Руслан икIи зи пашэхэр япэ иригъэщащ. ДакъикъитI дэкIауэ арат ди гъуащхьауэ щIалэщIэ Бахъсэнокъуэ Алихъан бжыгъэр 3:1-м щынигъэсам.
Апхуэдэ удыныр «ЕсэнтIыгум» зэрыхуэмыгъэвыфынур икIи зэрыхуа щытыкIэ гугъум къызэримыкIыфынур гурыIуэгъуэт. Ар хьэкъыу япхыкIащ налшыкдэсхэми, икIи джэгум и етIуанэ Iыхьэм къихьащ, текIуэныгъэр я Iэрылъхьэу къащыхъужу. Абы гу лъызыта хэгъэрейхэр напIэзыпIэм ипэкIэ кIуэтащ икIи бжыгъэр 2:3-м нагъэсащ, джэгур иухыным и Iыхьэ плIанэр иджыри къахуэнэжауэ.
ЕсэнтIыгудэсхэм къагурыIуащ зы очко нэхъ мыхъуми къызэрырагъэлыфынур икIи я къарур къанэ щымыIэу а Iуэхум хухахащ. Ди щIалэхэм я зэфIэкI псори къызыкъуахын хуей хъуащ, тыншу къызэрагъэпэща текIуэныгъэр яхъумэфын папщIэ. ЕрагъкIэ ар абыхэм яхузэфIэкIащ.
«Спартак-Налшыкым» япэ текIуэныгъэр зэхьэзэхуэм къыщихьат, ауэ дызыгъэпIейтей упщIэхэр къэнэжат. Дапщэщ абы и джэгукIэфIыр щызэтеувэнур икIи и очко бжыгъэхэм хэгъэхъуэн щыщIидзэнур?
А упщIэхэм я жэуапыр мыгувэу къытIэрыхьащ. Зы тхьэмахуэ дэкIри, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 - 2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм «Спартак-Налшыкыр» аргуэру щытекIуащ. Тхьэмахуэ ипэкIэ ЕсэнтIыгу къалэм щыIа зэIущIэми хуэдэу, абы щыгъуэми ди командэм очкоищыр къыхуэзыхьа топыр дэзыгъэкIар щIалэщIэ дыдэ, балигъхэм я гупым къызэрыхыхьэрэ куэд мыщIа Бахъсэнокъуэ Алихъанщ.
Хьэрхуэрэгъу къахуэхъуа Прогрессым и «Биолог-Новокубанск»-м иджырей зэпеуэр зэрыригъэжьар «Спартак-Налшыкым» ейм зэрефIэкI щыIэтэкъым. Дыдейхэми хуэдэу, абыи пэщIэдзэ зэIущIэхэм зы текIуэныгъэ закъуэ къыщихьауэ арат икIи, турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэм ящыщ зым къыщыхутати, и Iуэхухэр иригъэфIэкIуэжыну щIэхъуэпсырт. Тхьэмахуэ ипэкIэ ЕсэнтIыгу щIыпIэ командэм щефIэкIа ди щIалэхэми я гукъыдэжыр инт икIи адэкIэ я очко бжыгъэм хагъэхъуэну я нэ къызэрикIыр нэрылъагъут. А псоми зэпэщIэтыныгъэр удэзыхьэх ящIащ.
Джэгум и япэ Iыхьэр, дауи, хэгъэрейхэм я тепщэныгъэкIэ екIуэкIащ. «Спартак-Налшыкыр» къаруушхуэкIэ ебгъэрыкIуэрт икIи псынщIэ-псынщIэу бжыгъэр къызэIуихыну хущIэкъурт. АрщхьэкIэ ар къыщехъулIар командэхэм загъэпсэхуну икIыну щынэблэгъа дакъикъэхэращ. ХьэщIэхэм я гъуэм пэмыжыжьэу къыщыхъея зэхэвэзэхэжьэм зэпIэзэрыту къыщыщIэкIащ псом нэхърэ нэхъыщIэ Бахъсэнокъуэ Алихъан. Ар хуэзэ дыдэу топым еуащ икIи зыхэт гупыр япэ иригъэщащ.
Бжыгъэр къызэрызэIуахам игъэгушхуа ди щIалэхэм нэхъ жыджэрыжу джэгум и етIуанэ Iыхьэри ирагъэжьащ. Нэхъапэми хуэдэу, ахэр къаруушхуэкIэ ебгъэрыкIуэрт икIи я хьэрхуэрэгъухэм топ худагъэкIыну куэдрэ пэгъунэгъуащ. Аргуэрыжьти, ар къащехъулIар иужь дыдэ дакъикъэхэращ. Судьям къыщIигъуа зэманыр икIэм нэблэгъэпат, джэгум къызэрыхыхьэрэ куэд дэмыкIа, нэгъуэщI ди щIалэщIэ ХъутIэ Анзор щыкъуилъхьэжам, зы очко нэхъ мыхъуми зыIэригъэхьэну «Биолог-Новокубанск»-м иIа гугъэхэр.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ, «Спартак-Налшыкым» иужь джэгугъуитIым текIуэныгъитI щызыIэригъэхьащ. Пэжщ, ди щIалэхэр зэфIэкIар зэхьэзэхуэм къыщыкIэрыхухэрат, ауэ абыхэм дэрэжэгъуэрэ тегушхуэныгъэрэ къаримытынкIэ Iэмал иIэтэкъым.
Абы щыгъуэми етIуанэ дивизионым и Япэ гупым зэпеуэр щызэщIэплъэ зэпытт. ПэщIэдзэ джэгугъуиплIми щытекIуэу, зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыубыдауэ щыта Краснодар и «Кубань»-м иужь зэIущIэхэм къащыщыщIар гурыIуэгъуэтэкъым: зэкIэлъхьэужьу тIэу къыхагъэщащ. Арати, пашэныгъэр, дауи, фIэкIуэдащ. Ар Iэрыхьащ я лъахэгъу «Кубань-Холдинг»-м. АдэкIэ гъунэгъу дыдэу къыщытт бжьыпэм хущIэкъу командэ лъэрызехьэ зыбжанэ. ЗэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, «Спартак-Налшыкыр» абыхэм яхэттэкъым.
Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэр щыдгъэлъапIэ фокIадэм и 20-м «Спартак-Налшыкыр» Новороссийск къалэм щыIущIат сыт щыгъуи лъэщ щIыпIэ «Черноморец»-м. Ди щIалэхэр абы ирихьэлIат япэ къита джэгугъуитIым щытекIуарэ я гукъыдэжыр ину. Хэгъэрейхэм я Iуэхухэр нэгъуэщIт: Урысей Федерацэм и кубокыр къэхьыным теухуа зэпеуэм ипкъ иткIэ бэрэжьейм къахуэкIуа премьер-лигэм хэт Къэзан и «Рубин»-м 2:4-уэ къыхигъэщIат. МахуиплI ипэкIэ зэхэта а зэIущIэм «Черноморец»-м и футболистхэм я къарур ихьат икIи гурыIуэгъуэт дыдейхэм щадэджэгуну тхьэмахуэ махуэм ирихьэлIэу зэрызэфIэмыувэжыфынур. Пэж дыдэуи, новороссийскдэсхэр абы щыгъуэм ешаелIауэ къытщыхъуащ икIи «Спартак-Налшыкым» псынщIагъкIэ хэпщIыкIыу къыпикIуэтащ. ЩытыкIэр дэгъуэу къагъэсэбэпащ ди щIалэхэм.
Налшыкдэсхэр хэгъэрейхэм ефIэкIащ джэгум и япэ дакъикъэхэм щыщIэдзауэ. Ахэр ерыщу дэтхэнэ топми щIэбэнырт икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ тепщэныгъэр яIыгъ зэпытт. «Черноморец»-м къыщыхэжаныкIырт фэбжь зэригъуэтам къыхэкIыу мы зэIущIэми хэмыта «Спартак-Налшыкым» и капитан Щоджэн Борис и къуэш нэхъыщIэ Азэмэтрэ иджыблагъэ Новороссийск Iэпхъуа ди гъуащхьауэу щыта Машэжь Ратмиррэ. Зым хъарзынэу хэгъэрейхэм я гъуэр ихъумащ, адрейм ди гъуащхьэхъумэхэр хуабжьу игъэпIейтеящ.
36-нэ дакъикъэращ бжыгъэр къызэIуха щыхъуар. Налшыкдэсхэм я зи чэзу ебгъэрыкIуэныгъэм хуэфэщэн кIэух иритащ Iэпщацэ Марат. Абы иужькIэ нэрылъагъуу «Черноморец»-м и футболистхэм я лъэр щIэхуащ - къагурыIуагъэнщ Iуэхур зэрагъэзэкIуэжыну къару зэрамыIэр.
Бжыгъэр зэхуэдэ ящIыну новороссийскдэсхэр хущIэкъуащ загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ. АрщхьэкIэ «Спартак-Налшыкым» аргуэру псынщIэ дыдэу тепщэныгъэр зыIэщIилъхьэжащ. «Черономорец»-м и ебгъэрыкIуэныгъэ закъуэтIакъуэр гугъу емыхьыщэу къызэпаудащ а махуэм щыуагъэншэу джэгуа гъуащхьэтет Антипов Антон зи пашэ гъуащхьэхъумэхэм. А псом ищIыIужкIэ, етIуанэ топри Щоджэн Азэмэт худагъэкIащ. Къызэрихьэрэ дакъикъэ зыбгъупщI фIэкIа мыхъуа Ашу Мурад апхуэдизу Iэзэу гъуэм еуати, къызэребгъэгъэзэфын щыIэтэкъым.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ, 2020 - 2021 гъэхэм я зэпеуэр щыщIадза шыщхьэуIу мазэм иригъэкIуэкIа джэгугъуиплIым зыми щыпэмылъэща «Спартак-Налшыкым» къыкIэлъыкIуэр хуэугъурлащ. Жэпуэгъуэри къытемыхьэлъэну дыщыгугъынщ. Абыи зэIущIэ гугъуитху къащыпэщылъщ. Я хьэрхуэрэгъунухэм ящыщщ зэхьэзэхуэм щыпашэхэу Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-мрэ Краснодар и «Кубань»-мрэ.


«Черноморец»-р хэзыгъэщIахэр.


Зэгъусэу загъэпсэху.

«Спартак-Налшыкыр» куэдкIэ зыщыгугъхэу Бахъсэнокъуэ Алихъанрэ ХъутIэ Анзоррэ.


«Биолог-Новокубанск»-м щыдэджэгум.


Алихъан йобгъэрыкIуэ.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться: