Лэжьэн щIедзэ

Бахъсэн къалэм щаухуащ кIэрыхубжьэрыхухэр щызэхадз IуэхущIапIэр.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар, «Бахъсэн ДРСУ» ООО-м и унафэм щIэту, 2018 гъэм жэпуэгъуэм щIын щыщIадзат Къатхъэным и цIэр зезыхьэ уэрамым и лъабжьэкIэ иIэ щIыпIэм деж.
КIэрыхубжьэрыхухэр щызэхадз IуэхущIапIэр ухуэным федеральнэ программэм ипкъ иткIэ сом мелуан 34,5-м нэблагъэ хухахат. Мы махуэхэм ирихьэлIэу лэжьыгъэ псори зэфIагъэкIащ. ЛъэщапIэщIэр къэгъэсэбэпыным хуэхьэзырщ.

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться: