Хьэрычэт бгъэдыхьэкIэр и лъабжьэу

США-м Аэронавтикэмрэ хьэршым къыщекIуэкIхэр джынымкIэ и NASA IуэхущIапIэмрэ Уафэгу жыжьэм яутIыпщ техникэр къыщIэгъэкIынымкIэ и SpaceX компаниемрэ зэдагъэхьэзыра программэм ипкъ иткIэ, жэпуэгъуэм (октябрым) и 31-м а къэралым и Флоридэ штатым хы Iуфэм щиIэ и центрым зыщиIэтынущ ЩIы Хъурейр къэзылъэтыхь МКС-м  нэзыхусыным хузэтраухуа Crew Dragon зи фIэщыгъэ кхъухьым.

NASA-м и астронавтхэу Хопкинс Майкл, Гловер Виктор, Уокер Шеннон, Японием и JAXA агентствэм и лIыкIуэ Ногучи Соити сымэ зэрысыну Crew Dragon кхъухьым США-м и хы Iуфэм зыщрагъэIэтыну зэманыр щаубзыхум, щIэныгъэрылажьэхэм псом япэу калъытащ уафэгу жыжьэм а и къуапэм «Союз МС-17» ди кхъухьым пIалъэ-пIалъэкIэрэ щригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм зэран яхуэхъу зэрымыхъунур.
КъыжыIэпхъэщ, мы Iуэхур NASA-м игъэхьэзыра ракетэхэмкIэ хьэрычэт бгъэдыхьэкIэр зи лъабжьэу уэгу жыжьэм ираутIыпщхьэ къэрал зэхуаку япэрей зекIуэу зэрыщытри.
Зэрытраухуам тетщIыхьмэ, МКС-м щрахьэкIыну илъэс ныкъуэм къриубыдэу, Crew-1 миссием хыхьэ астронавтхэм абдежым щыIэ лабораторэм щIэныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: