Ахъшэу халъхьар сом мелардиплIым щIегъу

Ди республикэм и цIыхухэм Урысейм и «Мэкъумэшбанк» акционер обществэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм мы гъэр къызэрихьэрэ сом мелуан 727-рэ халъхьащ.

2020 гъэм и закъуэ «Мэкъумэшбанкым» я ахъшэр дзыхь хуащIащ КъБР-м щыпсэу цIыху мини 8,1-м. Псори зэхэту абы халъхьар нобэкIэ сом меларди 4,1-м щIигъуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм нэхъ къагъэсэбэпхэм ящыщщ «Пенсионный», «Доходный» унэтIыныгъэхэр. Абыхэм ди цIыхухэм банкым халъхьам я Iыхьэ щанэр хуозэ. КъищынэмыщIауэ, щIэупщIэшхуэ яIэщ мылъкукIэ нэхъ хуэщIахэм щхьэхуэу къыхузэIуах хэлъхьэныгъэхэми.
 «Урысейм и «Мэкъумэшбанкым» и депозит Iуэхугъуэхэр цIыхухэм я сэбэп зыхэлъщ икIи я хэлъхьэныгъэхэм хэхъуэ къахуезыгъэщIщ»,- къыджиIащ «Мэкъумэшбанк» АО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм сатумрэ Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ и отделым и унафэщI Атэлыкъ Алинэ.

 

Жыласэ Замир.
Поделиться: