Къэбэрдей литературэм и жьантIэдэс

УсакIуэ, журналист Iэзэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу
ДифІ догъэлъапІэ

Зи Iэгур зи Iэнэ

Елгъэр Кашиф и зы тхыгъэ мыин дыдэм, нэхъ щхьэтечу жысIэнщи, «Пшагъуэм игъэпщкIу удхэр» зыфIища рассказым, тIэкIу сытепсэлъыхьынт.
Ар щитха зэманым сыщыгъуазэкъым, ауэ зытетар 1995 гъэм къыдэкIа «Iуащхьэмахуэ» журналым и етIуанэ номерырщ. РассказкIэ сфIэпIащэIуэу, повесткIэ сфIэмащIэIуэу, фIищари мыгурыIуэгъуэ дыдэу къызэрысфIэщIам щхьэкIэ, «мыбы къыхиIуар сыт», жысIэу тIэкIуи сыхуэшхыдэ щIыкIэу сыхэджыхьурэ, къызэзгъэдзэкIа тхыгъэм и пэм къыщIэздзэжын хуей хъуащ.
Дауи, къыхэзджыкIа тIэкIум сызрашэлIат, сыдахьэхат. Кашиф итха псом мыр ящхьэуи, телъыджэрэ хуэди щымыIэжу жысIэркъым. Ауэ абы аргуэру зэ си фIэщ ищIащ тхакIуэр гъащIэм нэ жанкIэ зэрыхэплъэр, ди зэман цIэнтхъуэрыгъуэм дэджалэу псэм япэ ирагъэщ напэр зыфIэкIуэда цIыхухэр дунейм тез зэрыхъуам зэрытегузэвыхьыр.
Зыми гу зылъимыта Iуэху щIэщыгъуэкъым Кашиф и рассказым къыщиIэтыр. Уеблэмэ ягъэукъуея жыхуэтIэм хуэдэщ. Ауэ тхакIуэм литературэм и Iэмал шэрыуэхэмкIэ зэпкърихыу ди пащхьэм кърилъхьа темэжьыр щIэщыгъуэ тщищIри, ди фэщи ищIащ. Ди цIыху гъащIэ тIэкIум хэлъ хьэзабышхуэр, цIыхупсэм игъэв бэлыхьым и инагъыр, нэхъ къабзэ дыдэу щытын хуей напэм етпэсыфыр гум щIыхьэу, пэжагъ хэлъу щыдигъэлъэгъуа Кашиф и рассказыр къеджэ псоми зыхащIэну къысфIощI.
Елгъэр Кашиф си дежкIэ тхакIуэ къудейкъым. Кашиф сэрэ куэд щIауэ дызэроцIыху, дызэдэлэжьащ, дызэныбжьэгъущ, ди гупсысэ зэтохуэ, ди дзыхь зыдогъэз. Ар псэлъэгъу губзыгъэщ, чэнджэщэгъу щхьэпэщ, нэ къабзэкIэ дунейм теплъэф, илъагъур акъыл жанкIэ зэзыгъэзэхуэф цIыхущ.
Бгым щIэгъэкъуауэ щымытами, Кашиф гъащIэ тынш иIакъым. Ар ящыщщ зи сабиигъуэр зауэм хиубыда, абы кърикIуа гугъуехьхэр нэхъыбэу зыгъэва ныбжьыщIэхэм. Ди гупэ зэхуэгъэзауэ, зы пэш дыщIэсу редакцэм дыщызэдэлэжьащ Елгъэрым сэрэ. Ар сытым щыгъуи ящыщащ лэжьыгъэм хьэлэлу, ныбжьэгъухэм гу пцIанэу ябгъэдэт, пэжыр зи нэрыгъ журналистхэм.
Жыжьэ плъэф тхакIуэщ Кашиф. Абы щыхьэт тепщIэ хъунущ иужьрей илъэсхэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэ щхьэпэхэр. Апхуэдэщ Мухьэмэд бегъымбарым теухуа тхылъышхуэр абы адыгэбзэкIэ хъарзынэу зэридзэкIыу езыр щылэжьа «Iуащхьэмахуэ» журналым къызэрытригъэдзар, иужькIэ тхылъ щхьэхуэу къызэрыдигъэкIыжар. А лэжьыгъэ гугъум Кашиф къаруушхуэ тригъэкIуэдащ, хъарзынэуи ехъулIащ. Абы игъэгушхуауэ, Iуэхум нэхъри хуэIэижь хъуауэ Елгъэрым нэхъ къалэн иныж къищтащ - абы адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ КъурIэныр. Сэ сыщыгъуазэщ Кашиф абы къаруушхуэ зэрырихьэлIам, гугъуехь ини зэрыдишэчам.
ТхакIуэм и лэжьыгъэ гугъум щхьэгъусэм къалэн гуэр щимыгъэзащIэу жыпIэ хъунукъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин республикэ библиотекэшхуэм илъэс куэдкIэ щылэжьа Зое щхьэгъусэ къудейкъым Кашиф дежкIэ, атIэ дэIэпыкъуэгъушхуэщ. Елгъэрыр зи гум илъыр зи бзэгупэм пылъу, зи Iэгур зи Iэнэу псэу цIыху хьэлэлщ. Адыгагъэ зыхэлъ, адыгэпсэ зыхэт, и лъэпкъым и фIым щыгуфIыкI, и гуауэм игъэдзыхэ а цIыху щыпкъэр зэрытхакIуэ, журналист Iэзэм къыдэкIуэу, губзыгъэу дунейм тет, щапхъэ зытрах щхьэгъусэщ, адэщ икIи адэшхуэщ.

КЪЭРМОКЪУЭ Мухьэмэд,
КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ.
2015 гъэ

СЫФКIЭЛЪОКIУАТЭ СЭ МЫ ГЪЭМИ ПСЭКIЭ...

Сынэхъ фэ Iувти си щIалэгъуэм щыгъуэ,
ФыщылъэтэжкIэ сыхъу къудейт нэщхъей,
Иджы, жьы сыхъури, сыхъуащ нэхъ гумыгъуи,
СыныфкIэлъогъыр, сабий цIыкIу нэхъей.
Фи тхьэусыхэ макъыр хузохь Iэджэм:
Зи хэку ирахухэм ягу гыз макъхэм ещхьщ,
Гублащхьэдэсым и фэгъу фи увыкIэр
Хьэдрыхэ гъуэгу тет выгу зэужьхэу пфIощI.
А псор уигу илъу,
Уи нэгу щIэту, плъэкIмэ,
Уэ IэгуфитIкIэ къыумыгъазэ щIыр,
Лъэтэж къудейкъым кърухэр нобэ сэркIэ -
Ахэм зэдахь си гъащIэ Iыхьэм щыщ...
СыфкIэлъокIуатэ сэ мы гъэми псэкIэ,
Псэр зыгъэгуIэу гуIэурэ тщхьэщыкI
Кърухэ,
Фи гъыбзэр сытым хуэдэ бзэкIэ
Къифшми, -
Гуауэбзэр сэ зэхызощIыкI.

СИГУ ЗЭРЫЗГЪЭФIЫР...

Сащыщкъым гъащIэм игъэудэфахэм -
Быдзышэм хэту исфащ пщIэнтIэпс куэд.
Сехъуапсэу адэ-анэм ягъэфIахэм
Си сабиигъуэ лъапцIэрыщэр кIуэрт...

Сехъуапсэрт шыдыгу исхэм сыщыцIыкIум.
Си жьыщхьэм гъущIыш зиIэм сахуоплъэкI.
Аращ уимыIэм, уещхьу жылэ цIыхум,
Е адэ къулей, е бын хьэкIэпыч.

Иджы мис - сыщыцIыкIуи си жьы хъугъуи
Сыхъуапсэу сохь.
Пэжщ, зыкIэ сигу согъэфI:
Зылъымысахэм, сощIэ, дуней фIыгъуэр
ЖэнэткIэ къытщыхуэнущ Тхьэм и нэфI.

СИ АНЭМ И КХЪАЩХЬЭМ ДЕЖ

Хьэблэ сабийхэр анэ куэщIым щисым,
Си анэ, сэ уи кхъащхьэрщ къыслъысар,
Си жагъуэ къащIу сыщыгъами, нэпсыр
Уэ птекIута щIы фIыцIэрщ зылъэщIар.

Гуэныхьи псапи щалэжь щIыгужь напэм
Сыкъытемыхьэ щIыкIэ Тхьэм и ней
Сэ къысщыхуэнкIэ щIэхъуам срибампIэу,
Си анэ, нэпс куэд щискIутащ мыбдей.

Сэ уи псэр си Iэпкълъэпкъым къысхухэплъхьэу
УтемыкIыжмэ уэ езыр дунейм,
СэркIэ щымыIэу пIэрэт гъащIэ Iыхьэ?
Щхьэ пасэу къысщыхуат сэ Тхьэм и ней?

Си анэ, сыкъытеплъхуэщ дуней нэхуми,
ЩIыгум и IэплIэ хуабэм сыкъиплъхьащ,
Сэ сыкъытебнэщ дунеижьу хьэхуми,
Уэ дуней кIэншэ щIыIэм укIуэжащ.

Укъысхуэныкъуэ уэ зэи умыхъуами,
Сэ сыпхуэмейуэ махуэ дэмыкIа.
Сыщысабийми балигъ сыщыхъуами
«Сянэр псэуамэ» - псалъэр зжьдэмыкIа.

Ауэ семыщхьу хьэблэм дэс сабийхэм -
Зи анэ бгъафэ хуабэ щымыщIам,
Е сащымыщу анэм яущийхэм
Сэ илъэс тIощIрэ пщIым щIигъу къэзгъэщIащ.

Щыпщызмыхуами дунейм гу, си анэ,
СфIэщIырт уи бгъуэщIым сылIэм сыщIэлъын,
АрщхьэкIэ лъэбакъуитI хуэдиз щIы пцIанэ
Уэ уи гъунэгъуу хъуакъым щыслъысын.

СыкъэкIуэжыху къэс къуажэм, ди кхъэм сеплъым,
Ар зэрыхэхъуэр къысфIыщIитхъырт сигу,
Дыгъуасэ гуапэу зыхуэсщIахэр IэплIэ
Иужьу нобэ тыдохьэжыр гъуэгу.

Си щхьэр гупсысэ хьэлъэм ирашэхыр:
Дыхъуащи дэ кхъэм икъукIэ къэкIуэрей,
Уи кхъащхьэм и деж щхьэщыт фэеплъ жыгыр
Фэеплъ хадэшхуэ хъуащи - сонэщхъей.

СытолъэщIыхьри уи сын пхъашэм IэгукIэ,
Кхъэлэгъунэбжэр хуэму сэ хузощI,
Дызэхузэж, си анэ, напэ хужькIэ -
УкIытэн уи псэр сэркIэ Тхьэм имыщI.

КIУЭД ЗИМЫIЭ ПСАЛЪЭХЭР

Псэуну хуейрщ псэунуи зыхуэфащэр -
Ди адэ мыгъуэм и псалъитIым язт.
Дунейм тетащ, щIым и дзэпщышхуэ фащэр
ЕкIуу зэрихьэу -
МэкъумэшыщIэ нэст.

Слъагъути щIыхь пылъыр щIым и дзэпщ къалэным,
СфIэигъуэт, сыхъумэ сядэм и сэлэт.
Ауэ IэщIагъэ схуэхъури сэ къалэмыр,
Пасэу щIэздзат тхылъымпIэхэр цIэлэн.

Ауэ щытфIэщIми дыхъуу щхьэпэлъагэ,
Арщ дыхуэхъужу дэ щIым нэхъ гъунэгъу.
СщIэжти ар, сохьыж си щхьэр нобэ лъахэм -
ЩIым и сэлэт къалэныр согъэунэху.

Мо Iэджэ щIауэ сызыщыужауэ
Щыта лэжьыгъэм хъуащ сигъэщI гуэбэн.
Бахъэр къыхихури щIэупщIыIуэжауэ
ЩIы пцIанэр щылъщи, жыгкIэ хуейщ хуэпэн.

«Лажьэм лыжь ешх, мылажьэм егъуэт лажьэ» -
Ари ди адэм и бзэгупэм пылът.
ФIанэр, пхъэIэпэр, белыр согъэлъащэ -
ЩIыр согъэбатэ, сыхъуа пфIэщIу пыл.

СызэрыцIыхур, си къалэныр сщIэжу -
Зы жыг нэхъ мыхъуми, жаIэ, хэсэн хуейщ -
Сыщитым хадэм си Iуэху Iыхьэ сщIэжу,
Къысщохъур дахэ зэуэ сэ дунейр!..

Дохъей жыг пщIащэ къэскIэ си Iу бахъэм.
Жыгхэм уэрэд жьгъырууэ яфIэблар,
Гъэгъа япытхэр сэрщи зи IэщIагъэр,
Сытхьэпэлъытэу фIэщIынщ къысIуплъам...

Псэуну хуейрщ псэунуи зыхуэфащэр, -
Ди адэм жиIэу зэхэсх хуэдэщ сэ.
Къулыкъу нэужьым хадэм сыхуэпIащIэу
ПщIэгъуалэ шууэ къуажэм носыж псэр.

ДУНЕЙР ЧЭЗУЩ

Лъэрыгъым быдэу щитыгъам си лъакъуэр
КъысфIэIуэхуакъым -
Си шхуэIу тIасхъэ,
Жан?
Зэдэжэм япэ ситу сыкъэс закъуэм,
Си гугъэт сэри сишри дытхъэжа.

ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, тIэкIуи щхьэхуещагъыр
КъыстекIуэрт -
Армыхъу зиш иужь къинам
ЩIэгъунт сигу.
ИкIи сэр фIэкI уафэ щIагъым
НэгъуэщI щIэмыту щхьэ къысщыхъужат?

УяпэкIэ мывэ бгъажэм уIущIэжу
ЖыхуиIэм натIэкIэ сэ соуэлIэж:
Зэгуэр сэ сщIэуэ щытар къызащIэжу,
КъызэмыплъэкIхэу, зиш нэхъ жэрхэр зблож.

Ауэ жысIэнщи тхьэ хужыIэу,
Ахэм
Емыбгъэ зыкIи сигу -
Чэзущ дунейр.
Япэ ищ, яужь къинэ щымыIатэм,
Хъунти ди гъащIэр дэ зэшыгъуэ Iей.

ФIыр сыт?
Къыплъысмэщ къритхар уи натIэм -
БзаджагъкIэ, IужажагъкIэ къыумыхьар.
Яужэгъур цIыхум
Куэдрэ дэсыр жьантIэм.
Алыхьу зыри уафэм къемыха.

Поделиться: