Къан хабзэр ди нобэрей зэманым

Дзэлыкъуэкъуажэ щыщ Къардэн Ахьмэд и ныбжьыр илъэс 28-рэ хъууэ арами, лъэпкъ хабзэжьхэм ящыщ зы ди гъащIэм къыхихьэжыным и зэманрэ къарурэ емыблэжу хущIокъу. Илъэс зыбжанэ хъуауэ тхэквондомкIэ сабийхэм ядэлажьэ щIалэр къызэрымыкIуэу ныбжьыщIэхэм къыдахьэхащи, атэлыкъ хабзэм зэрызригъэужьыжынум и гур къыхуэушащ.

- Езым ди къарукIэ спорт пэш дгъэхьэзырауэ диIэщ. Пэжыр жысIэнщи, дзэм къулыкъу щысщIэу сыкъэкIуэжа нэужь, нэгъуэщI мурадт сиIар, - жеIэ Ахьмэд. - Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм сызэрыщылэжьэнум дэфтэрхэр хуэзгъэхьэзырырт. Уэрамым деж турникхэр, нэгъуэщI спорт Iэмэ­псымэхэр щызгъэувауэ зыщызгъасэрти, сабийхэр абдеж къекIуалIэу щIадзащ. Зы махуэ гуэрым абыхэм языхэзым и адэм зыкъысхуигъазэри къызжиIащ ныбжьыщIэхэм пщIэкIэ садэлэжьэн хуэдэу секцэ къызэIусхыну зэрафIэкъабылыр. Иджы спортым и мызакъуэу, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм ди щIыпIэ дахэхэм зыплъыхьакIуэ ахэр дошэ.
Спорт Iуэхум къыдэкIуэу, Къардэныр иужь ихьащ къан хабзэр къызэригъэщIэрэщIэжыным.
- Зэгуэрым Москва къалэм щыпсэу зы щIалэ гуэр (Нартан щыщу) си деж къэпсэлъащ, - жеIэ абы. - Теберды Сулеймэн къызэупщIащ къан хабзэр къэгъэщIэрэщIэжыным сызэрыхущытым. Абы щхьэкIэ езым и къуэр гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманым къану къызитыну зэрыхьэзырыр къыхигъэщащ. ЩIалэ цIыкIум и анэр урысти, адыгэбзэр IэщIэхуат. А Iуэхум жэуаплыныгъэшхуэ зэрыпылъыр къызгуроIуэ. Ауэ си адэ-анэм, си къуэшхэм я гъусэу сыщыпсэукIэ ахэри щIэгъэкъуэн къызэрысхуэхъуфынур къэслъытэри, а Iуэхум сытегушхуащ.
Сулеймэн илъэсий ирикъуа и къуэм и анэдэлъхубзэр зригъэщIэжыну, къурIэным хуеджэну, лъэпкъ хабзэхэм куууэ хищIыкIыну, шы тесыкIэм зыхуигъэсэну, спортым и пкъыр иригъэпсыхьыну щIэхъуэпсырти, и атэлыкъым и жыIэм щIэтурэ, хьэблэ сабийхэми яхэтыурэ зы гъэмахуэм къриубыдэу а псор абы зригъэхъулIащ.
- ШыкIэ ар зекIуэ щэ здесшэжьащ, дэтхэнэми километри 160-рэ гъуэгуанэу къызэпичу. Сыт сщIэми къемыхьэлъэкIыу ар зэпымыууэ къызбгъурытащ: нэху щамэ, ди Iэпкълъэпкъым зедгъэукъуэдиирт, тхэквондом хуэзгъасэрт, шэджагъуашхэ тщIырти, шыкIэ къезгъэжыхьырт, апхуэдэ дыдэуи унагъуэ Iуэхухэм къыздэщIыгъут. ЖысIэнуращи, зэманыр щхьэпэу зэдэдгъэкIуащ. Ар япэ илъэсрати, мы гъэми абы къытригъэзащ. КъищынэмыщIауэ, иджыри щIалищым садолажьэ, ауэ ахэр ди щIыналъэм щыщхэщ, - жеIэ Ахьмэд.
Къардэным и Iуэху бгъэдыхьэкIэри щхьэхуэщ. НыбжьыщIэхэм я ехъулIэныгъэхэм адэ-анэхэр щегъэгъуазэ, ауэ езы сабийхэр я Iыхьлыхэм щаригъэпсалъэр мащIэщ. Хабзэжьым къызэрыщыкIуэри аратэкъэ - къаным балигъ хъуху и адэ-анэр илъагъуртэкъым. ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ хэлъу, и щхьэ къыщхьэщыжыфу есэн папщIэ, ар Iэмал зимыIэ Iуэху бгъэдыхьэкIэт. Къардэным къан хабзэр къызэригъэщIэрэщIэжыр республикэм хэIущIыIу щыхъуащ, уеблэмэ Дагъыстэнми Къэрэшей-Шэрджэсми щыщ куэдым зыкъыхуагъазэ. АрщхьэкIэ щIалэм зэрыжиIэмкIэ, иджыпсту абы сабий куэд къищтэну Iэмал иIэкъым, абыхэм ятещIыхьауэ псэукIэр зэгъэпэщын хуейщи.
- Иджыпсту ныбжьыщIэхэм си анэмрэ щхьэгъусэмрэ яхуопщафIэ, ауэ сабий нэхъыбэ къеIысхмэ, лэжьакIуэхэри къэсщтэн хуей хъунущ. КъыдэхъулIэмэ, етIанэгъэ унэ щхьэхуэ, шхапIэ хэту, зэрызухуэным и ужь ситынущ, - жеIэ Ахьмэд.
Къардэныр зи анэдэлъхубзэми, хабзэми, фащэми пщIэ хуэзыщI щIалэгъуалэм ящыщщ. Апхуэдэуи шыхэр къызэрымыкIуэу фIэфIу зэрысабийрэ къыдэкIуэтеящи, иджы уеблэмэ ахэр гъэсэным и ужь ихьащ. Мы зэманым ирихьэлIэу абы игъэсащ шы 57-рэ. Нэхъыщхьэу а Iуэхум хэлъращи, абы и къан щIалэ цIыкIухэми шы тесыкIэ ярегъащIэ.
- Пэжыр жыпIэмэ, шы гъэсэным сыхыхьэн хуей щIэхъуар, си ныбжьэгъу Жырыкъ Аслъэн къызита шыр сэ езым згъэсэжыну сызэрыпэрыуваращ. Iуэхур къыщызэхъулIэм, зыкъысхуагъазэурэ зыгуэрхэм яшхэр згъэсащ, апхуэдэу хуэмурэ ежьа хъуащ, - пещэ щIалэм. - Къапщтэмэ, адыгэхэм япэм зэрагъасэу щыта Iэмалхэми зыщызгъэгъуэзащ, ауэ абы къыщхьэщыкIыу сэ зи ужь ситыр шыхэр нэхъ Iэсэ зэрысщIынырщ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр иджыпсту нэхъ яфIэкъабылщи, апхуэдэу солэжь. Шы гъэсэнымрэ сабийхэм садэлэжьэнымрэ нэхъыбэу къыщIыхэсхар ди лъэпкъым ябгъэдэлъа фIыгъуэхэр ди щIэблэм ящымыгъупщэн щхьэкIэщ. Адыгэшым и лъэрызехьагъэу щытар, лъэпкъ хабзэхэм къытекIуэн зэрыщымыIар абыхэм едгъэщIэн хуейуэ къызолъытэ. ХьэгъуэлIыгъуэ ирехъу, нэщхъеягъуэу щрырет, жылагъуэхэр пасэм шыкIэ зэкIэлъыкIуэу щытащ, ди зэманми сыхуейт гъуэгуанэфIхэр зэпачыфу ди щIалэгъуалэр хъуну.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: