МЭРЕМ ПШЫХЬ

Испан псалъэжьхэр
Сытым деж псалъэр щыдахэр?

Хэхъуэ нэхъыбэ ущиIэм деж Iуэху нэхъыби къыплъыкъуокI.
Пщэдджыжь нэхущым къэтэджым ехъулIэныгъэр и Iэрылъхьэщ.
Фыгъуэм плъыфэ иIэу щытамэ, дуней псор фIыцIабзэ хъунт.
Псалъэр дахэщ гум къыщикIым и деж.
Сыт хуэдэ гуфIэгъуэри IэфIу гум къонэ.
ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ щыдахэр щызэгъусэм и дежщ.
Бажэр бзаджэ щхьэкIэ, ари къаубыдащ.

ГъэщIэгъуэнщ
ЩIэныгъэлIхэм къагъуэта пасэрей алыдж кхъуэщынхэм ятет тхыгъэхэм адыгэбзэкIэ укъоджэ

Ди эрэм и пэкIэ 6-5-нэ лIэщIыгъуэхэм ящIауэ зыхуагъэфащэ кхъуэщынхэм ятетхэм иджыри къэс зыри къеджэфыртэкъым. Ауэ иужьрей къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ахэр адыгэбзэрэ абазэбзэкIэщ зэрытхар.
Стэнфорд университетым и лэжьакIуэ Мэйр Эдриэнрэ Гетти Пол и цIэр зезыхьэ музейм и лэжьакIуэ Сондерс Дэвидрэ а кхъуэщынхэр илъэс зыбжанэкIэ яджащ. Кумбыгъэхэр 12 хъурт, дэтхэнэми пасэрей нэрыбгейхэр (амазонкэхэр) щакIуэ щыIэу е зауэм хэту къыщыгъэлъэгъуат, тхыгъэ гуэрхэри тедзат. Ахэр Канадэм щыщ щIэныгъэлI Коларуссо Джон ирагъэлъэгъуащ. Абы зэрыжиIамкIэ, тхыгъэхэм къыщыIуэтат нэрыбгейхэм я цIэхэр икIи ахэр зэрытхар илъэс 2500-кIэ узэIэбэкIыжмэ, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щыпсэуа лъэпкъхэм (скифхэм) я бзэмкIэщ. Ауэ тхыгъэхэр абыхэм тезыдзар езы скифхэракъым, атIэ адыгэбзэр, амазонкэхэм я цIэр къэзыIуэтэну яужь ита алыджхэращ.
Къыхэгъэщыпхъэщи, нэрыбгейхэр зэрыщыIам щыхьэт техъуэн зыри зэрыщымыIэм къыхэкIыу, шыпсэу къалъытэрт, ауэ алыдж кхъуэщынхэм ятет тхыгъэхэм я фIыгъэкIэ амазонкэхэр зэрыщыIар наIуэ мэхъу. Кхъуэщынхэм ятет нэрыбгейхэм Iэщэ яIэщIэлъым елъытащ я цIэхэри. Псалъэм папщIэ, шабзауэм - Къыхуеджэ, фызшум - Афэгуащэ, кхъуэщыным къыщыгъэлъэгъуа бзылъхугъэхэм нэхъ дахэ дыдэу хэтым - IэкIуэцIыбг.
Зы кхъуэщыным къыщыгъэлъэгъуат нэрыбгеитI, хьэ ящIыгъуу щакIуэ щыIэу. Абы тедза тхыгъэр алыджыбзэкIэт зэрытхар, ауэ укъеджэмэ мыхьэнэ гуэри имыIэу я гугъэт. Тхыгъэр абазэбзэм къибгъэтIасэмэ, «хьэхэр еуштын» жиIэу, икIи нэрыбгеитIым язым Хьэеушт и цIэу арат. «Дауи, мыхэр бзылъхугъэхэм я цIэ дыдэкъым, атIэ апхуэдэу еджэу арат зауэм е щакIуэ щыщыIэм деж. Дэтхэнэри зыгуэрым хуэIэижьт, хуэIэзэти, ар кърагъэлъагъуэу фIэщыгъэцIэ къыхуагупсысурат», - жеIэ Коларуссо.
НэгъуэщI щIэныгъэлI гупым къахутащ Гераклрэ Ахилессрэ я сурэт зытет кхъуэщынхэр. Абыхэм ятет тхыгъэхэми къеджэфыркъым бзэм ирилажьэ щIэныгъэлIхэр. АдыгэбзэкIэ къеджэну хэтагъэнукъым. Къеджэфынри хэлът. Абыи и щапхъэ щыIэщ. Ди эрэм и пэкIэ 400 гъэм ящIауэ зыхуагъэфащэ кхъуэщын гуэрым хабзэм ирилажьэ цIыхухъум чы матэ иIыгъыу, матэм хьэмбылу илъу и сурэт тетт, тхыгъэ кIэщIи кIэщIэтт. Илъэс бжыгъэкIэ а тхыгъэм къикIыр къахуэмыщIэу гугъу ехьащ щIэныгъэлIхэр, абы адыгэбзэкIэ къеджэну я щхьэр нэсыху. Тхыгъэм «щIалэжь цIыкIур мобы йодыгъуэ» жиIэу арат къикIыр. Къыхэгъэщыпхъэщи, тхыгъэр зридзэкIыну зрата, бзэм ирилажьэ щIэныгъэлIым кхъуэщыным тет сурэтыр ирагъэлъэгъуатэкъым. КъызэрыщIэкIамкIэ, а зэман жыжьэм Афинхэм я бэзэрхэм скиф хабзэхъумэхэр кIэлъыплъу щытащ, икIи абыхэм ящыщ зым адыгэбзэкIэ жиIар кхъуэщыныр зыгъэжым алыдж алфавиткIэ итхыжауэ арат.
ЩIэныгъэлIхэм мы къэхутэныгъэр нэхъ куууэ яджыну я мурадщ, а зэманым алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкIэмрэ адыгэ-абазэ лъэпкъхэм пасэрейм щаубыду щыта увыпIэмрэ джынымкIэ сэбэп хъунущи.

Фырэ Анфисэ.

ГушыIэхэр

Актёр зэчиифIэ

Актер IэщIагъэм хуеджагъащIэ щIалэр езым нэхърэ нэхъыжь цIыхухъум йочэнджэщ:
- Япэ актым цIыхухъу ефам и ролыр щызгъэзэщIэн хуейщ…
- Ар Iуэху-тIэ, шхапIэм ехи, фадэ грамм 200 хуэдиз ефи, хъарзынэу къохъулIэнущ.
- Хьэуэ, ар хъунукъым, етIуанэ актым си лIыхъужьым фадэр пкърыкIыжауэ щытын хуейщ.
- Мис абдеж зэчий къыщыбгъэлъэгъуэн хуейщ, си ныбжьэгъу.

ТумэнитхумкIэ къащIэ

Адэр и къуэм щIокIие:
- Си гъуэншэдж жыпым илъа ахъшэр къыщIипхар сыт?
- Сыт абы ущIыщIэкIиер, сэрами пщIэркъыми къизыхар, - жи анэм.
- ФIы дыдэу сощIэ хэтми, уэрауэ щытамэ, а тумэнитхури къибнэнутэкъым.

Интернетым дыкъыщоджэ
Гонорар нэхъыбэ дыдэ зылъысар

Зэгуэрым зы тхылъым уасэу щIатащ пащтыхьыгъуэ псо. ЦIыхур къызэригъэщIрэ тхылъым щIата мылъку нэхъыбэ дыдэт ар. Апхуэдэ гонорар къызэрымыкIуэ зыIэрыхьа «насыпыфIэр» ди зэманым фIы дыдэу щамыцIыху, XVI лIэщIыгъуэм псэуа португал тхыдэдж, тхакIуэ Жуан де Беррушщ. 1552 гъэм абы португал пащтыхь Жуан Ещанэм хуитхащ «Хроника императора Кларимунду» тхылъыр.
ТхакIуэм и IэдакъэщIэкIым пащтыхьыр апхуэдизкIэ гумащIэ ищIати, Мараньо (Бразилием и зы Iыхьэ) щIыпIэр тыгъэ хуищIащ. Абы и инагът миля зэбгъузэнатIэ мини 177-рэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Франджы къэралым хуэдиз хъурт.

Дохъушокъуэ Синэ.

Фэ фщIэрэ?
Письмом и фIыгъэкIэ

Пасэрей алыджхэм щIакхъуэ лIэужьыгъуэу 24-рэ ягъажьэрт. Псом нэхърэ нэхъ IэфIу къалъытэр «самидамита» щIакхъуэрат. Ар хьэжыгъэ нэхъыфI дыдэм къыхащIыкIырт. Пасэрей эллинхэм щIакхъуэу ягъэжьэну тхьэвым хадэхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр, кхъуейхэр халъхьэрт. Апхуэдэуи иджырей пыченэхэм, бисквитхэм, пряникхэм ещхьхэр ягъажьэрт.

* * *

Сахариныр япэ дыдэу къэзыгъуэтар химик Фальбергщ. Ауэ илъэс бжыгъэ куэд дэкIауэщ ар къызэрыгуэкI фошыгъум нэхърэ 500-кIэ зэрынэхъIэфIыр къыщахутар.

* * *

Ди эрэм и пэкIэ илъэс 2158-кIэ узэIэбэкIыжмэ, китай астрономхэр кIэлъыплъауэ щытащ дыгъэр зэрыкъуилъафэм.

* * *

КIыхьагъыр къызэрабж «метр» пщалъэр Париж щыIэ щIэныгъэхэмкIэ академием къыхилъхьэри, 1791 гъэм къащтауэ щытащ. Ауэ ЩIы хъурейм и хэгъуэгу куэдым занщIэу къэгъэсэбэпын щыщIадзакъым ар. Къэбгъэлъагъуэмэ, Урысейм зэрыщыбжэ сажнэр щызэрахъуэкIар 1918 гъэм и фокIадэ мазэрщ.

* * *

Унэхэм бжыгъэ тетхэныр къыщагупсысар Лондонщ. Апхуэдэу нэхъ тыншт письмохэр зейм Iэрыбгъэхьэжыну.

* * *

Нэгъуджэм и гугъу ящIу щыщIадзар XII лIэщIыгъуэрщ. ГъэщIэгъуэныр зыщ: ар япэщIыкIэ зэрымыщIэкIэ къагупсыса хъуащ, итIанэ нэхэм нэхъыфIу зэрыригъэлъагъур къэзыхутар нэмыцэ щIэныгъэлI Кеплерщ (1571 - 1630). Ауэ абы и ужькIи илъэси 150-рэ дэкIын хуей хъуащ нэгъуджэ щIыным, къэгъэсэбэпыным щIэныгъэ лъабжьэ игъуэтыным. Урысейм нэгъуджэхэр къыщагъэсэбэпу щыщIадзар дапщэщми зэхэкIауэ щыткъым. Ауэ 1636 гъэм щыIа зы дэфтэр гуэрым къызэригъэлъагъуэмкIэ, XVII лIэщIыгъуэм и ещанэ Iыхьэм ар зищIысыр ящIэу щытащ.

* * *

Гъуэгухэм асфальт телъхьэныр иджыри пасэрей Вавилоным къыщагупсысащ. Ауэ ар телъхьэн щагъэтыжри, 1712 гъэм Швейцарием къыщаублэжащ. Абы щыгъуэм асфальтыр унэ щащIкIэ къагъэсэбэпу арат, иужькIэ, 1822 гъэм, гъуэгум тралъхьэу щIадзэжащ.

Сабий джэгукIэхэр
Гухьэ икI

ДжэгукIэр зэрекIуэкIыу щытар мыпхуэдэущ. ЩIалэ цIыкIуи хъыджэбз цIыкIуи - джэгуу хъуар - пщIантIэм дэт выгум итIысхьэрт, зы фIэкIа къэмынэу. А зым щхьэкIэ хэт Iэхъуэ жаIэ, хэти зы хьэкIэкхъуэкIэ гуэрым и цIэр фIащ. Ирехъу ар Iэхъуэ. АтIэ, иджы гум исхэр, Iэхъуэр зэгуагъэпу, къолъэ, абы зыкърамыгъэубыду пщIантIэр къажыхьри, гум долъеиж. Языныкъуэхэм деж нэхъ бзаджэхэм я щхьэр ищIагъыу гум зыкърагъэлэлэх, зэми я щхьэр щIым ирагъэIусэ. Апхуэдэм деж Iэхъуэр къэсрэ абы къеIусэмэ, къауIауэ аращи, къауIар Iэхъуэ мэхъури, мыдрейр гум исхэм яхохьэ.
Къэхъурт гум ис псори зэгурыIуэу къелъэрэ Iэхъуэм зэ зым, зэми адрейм къыкIэлъижыхьурэ зыри къыхуэмыуIэу гум щитIысхьэж. Апхуэдэм щыгъуэ Iэхъуэр псоми зэгуагъэпырт: «Утедыкъыхьащ», - жаIэурэ.

МафIэдз Сэрэбий.

Псэлъафэхэм къарыкIыр

Псым хэмыхьэу бдзэжьей ишхын фIэфIщ
Гугъу зрамыгъэхьу - «мыпщIантIэу тхъэн хьилагъэр дин зыхуэхъуахэм» ятеухуащ.
Псыпэр зэрыжэм псыкIэри ирожэ
Гъэсэныгъэм ехьэлIауэ нэхъ къагъэсэбэп хабзэ псэлъафэщ: бынхэр (нэхъыщIэхэр) я адэ-анэхэм (нэхъыжьхэм) ядоплъей, я щапхъэм ирогъуазэ, абыхэм я лъэужьыр езыхэми яху.
Ямыгъэпсалъэ яукIыркъым
ЦIыхур и щхьэ къыщхьэщыпсэлъыкIыну, къызыщхьэщыжыжыну, зыхуэуэчылыжыну хуитщ.
Щхьэ къуийм и лажьэр щхьэ псом ищIэркъым
НэгъуэщIым игъэвыр, и Iуэху зыIутыр зэхэзымыщIыкIхэм яхуэгъэза псэлъафэщ.
Пхъэ щакъутэм къуэщIий щолъей
Щыуагъи ныкъусаныгъи къыхэмыкIыу мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ Iуэху зэфIэкIыркъым, жыхуаIэщ.

Щауэ  Къэлидар.

Дэ къытхуатх
Иджы зэи узбгынэнукъым

Сыкъыщалъхуа Хэкужьым пэжыжьэу куэдрэ сыпсэуащ. Си адэри куэд щIауэ слъэгъуатэкъым. Си къуажэжьри пщIыхьэпIэу куэдрэ слъагъурт.
А махуэр фIыуэ сощIэж. Зэман куэд дэкIауэ, япэ дыдэу сыкъыщалъхуа пщIантIэм сыдохьэж. Согузавэ: «Дауэ сыIуплъэну пIэрэ си адэм? Сыт жесIэнур?». Уеблэмэ ар мыпсэужми сщIэркъым.
Си гур согъэбыдэри, куэбжэр Iузох. ПщIантIэм сыкIуэцIрыкIыу, унэбжэм сыIухьэху сщIакъым зэманыр дауэ кIуами. Унэбжэм сытеуIуэмэ, зыми жэуап къызитыркъым. Зэи, тIэуи сытеуIуащ, унэбжэми сеIащ, ауэ бжэр быдэу гъэбыдат. СщIэнур сымыщIэу сыгупсысэу куэдрэ сыщытащ бжэIупэм деж. Зыми сыкъилъагъуну сыхуейтэкъым. Гъунэгъухэми сеупщIыну соукIытэ. Гузэвэгъуэм сыхэту си гур зэуэ мыл къохъу: «Си адэ тхьэмыщкIэр дунейм ехыжащ, сымылъагъужу» - жызоIэри.
Сыт сщIэнур иджы? Зы хэкIыпIэщ сиIэр. Си адэр лIамэ, ар, дауи, си анэм пэгъунэгъуу кхъэм щIалъхьащ. СыкIуэнщи, и кхъащхьэм сылъыхъуэнщ. Ахэр си акъылымкIэ зэзгъэзахуэурэ псынщIэу сокIуэ къуажэкхъэм. Зыми сыхуэзэу сепсэлъэну сыхуэмейми, зыгуэрхэр къыщыспэщIэхуэрт си гъуэгум, ауэ си щхьэр щIэIуауэ зыми семыплъу сыкIуэцIрыкIырт.
Пшапэ зэхэуэгъуэ хъуат. ЦIыхухэм я унагъуэ Iуэхухэр зэфIагъэкIырт, жэщ мыхъу щIыкIэ. Ари дэгъуэт си дежкIэ. Уэрамым цIыху закъуэтIакъуэт тетыр. Кхъэм сыщынэсым куэбжэр дамэдазэу Iухауэ слъэгъуащ. Сэ псынщIэу сыдохьэ. Жыжьэу сыплъэмэ, лIыжь гуэр щытщ, и щIыбыр къэгъэзауэ, шэмэджымкIэ удз цIынэ къихыу. Сэ псынщIэу сыкIуэцIрокIри, къызогъуэт си анэ тхьэмыщкIэм и кхъащхьэр. Е ди Тхьэшхуэ, си гур къипкIыным хуэдэу къоуэ. Си нэпсри къызэпижыхьауэ сыкъыщиуду сыгъуэгыну сыхьэзырщ, ауэ зызоIыгъ. Мис си анэм и кхъащхьэр, ахърэт нэхукIэ сыпхуолъаIуэ, си анэ. Ауэ дэнэIэ си адэм и сыныр? Зызоплъыхь икIи гу лъыстэркъым ину си щхьэ сыхуэпсэлъэжу сызэрыщытым. Сынхэм ятет цIэхэм седжэурэ къызокIухь.
 - Хэт и кхъащхьэ узылъыхъуэр, си щIалэ? - зэхэсхащ си щIыбагъымкIэ.
Сэ сыкъащтэри, сыкъызэплъэкIащ. Зы тэлайкIэ тIури дыдияуэ дызэплъыжу дыщытащ. Сэ сыкIиинрэ, сыгъынрэ, сыгуфIэнрэ сымыщIэжу сыздэщытым: «Сыту куэдрэ укъэта, си къуэ!» - жиIэри лIыжьыр къэпсэлъащ.
- Си адэ! Сыту фIыт укъызэрызгъуэтыжар! Тхьэшхуэм шыкур хузощI! Къысхуэгъэгъу си адэ! Иджы зэи узбгынэнукъым!

ПщыхьэщIэ  Симэ.
Иордание, Амман.

Къуажэхьхэр
Зи фэ фэрафибл

*МыIэфI, мыдыдж, джэд лыбжьэр гурыхь зыщI.
*Нэ цIыкIу, пэ цIыкIу, тен джэдыгу цIыкIу зыщыгъ.
*Модэ къикI лъакъуэ кIыхь,
ДищI къихьэ сэрэбжэн,
Зи нэ хьэджафэнэ,
Зи фэ фэрафибл,
Къуажибл къызэптами, уэзмытын.
*Пыф-пыф, лъэгубгъуэ, зэразутI пэтIинэ.

Жэуапхэр: Джэдгын. Дзыгъуэ. Къру. Iэжьэ.

ЖыIэгъуэхэр
ЛIыфI зыдэс жылэ цIэрыIуэщ

•Насыпыр цIыхум куэдрэ къеуалIэркъым, къыпхуэкIуам быдэу хъумэн хуейщ.
•Быныр нэхъыбэу зыгъасэр уи псалъэркъым, блэжь Iуэхухэращ.
•ЦIыхубэм пашэу укъалъытэн щхьэкIэ, уи зэфIэкIыр къащIэн хуейщ.
•ФIы зыхуэпщIэм пщIэкIэ ущымыгугъ.
•ЦIыхур езыгъэшыр лэжьыгъэракъым - лэжьыгъэншагъэращ.
•Унэгуащэр япэ ищым, лIым и гъащIэр къоуфэрэнкI.
•Динхэр зэзыуштым гуэныхьым я нэхъ гуащIэр и Iыхьэщ.
•ЛIыфI зыдэс жылэ цIэрыIуэщ.
•НэгъуэщIым и щыуагъэр зылъытэфым езым и щыуагъэм хегъэщI.
•Лъэщыр езым и мыхъумыщIагъэм пэлъэщырщ.

ГубэщIыкI  Владимир.

Зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ