«Спартак»-м и гъуащхьэтетхэр. Япэ Iыхьэ

 Топджэгум гъуащхьэтетым мыхьэнэшхуэ дыдэ щиIэщ. Абы куэдкIэ елъытащ гупым и ехъулIэныгъэри хэщIыныгъэри. Налшык и «Спартак»-м къикIуа гъуэгуанэ кIыхьым гъуащхьэтет ахъырзэман зыбжанэ хэтащ. Къэралпсо утыку щихьа 1959 гъэм щыщIэдзауэ япэ дыдэу ар зыхуагъэфэщахэу Францев Виктор, Тумасян Адольф, Алий Руслан сымэ я деж щыщIэдзауэ иджыпсту ди гъуэр зыхъумэ Антипов Антон и деж щиухыжу абыхэм я бжыгъэр куэд дыдэ мэхъур. Нэхъ цIэрыIуэ хъуахэр дигу къэдгъэкIыжынщ.

Лъагъуэр хэзышахэр
1959 гъэм СССР-м и чемпионатым и «Б» классым щыхыхьа илъэсым Налшык и «Спартак»-м и гъуэр яхъумащ щIалиплIым. Нэхъыбэ дыдэрэ дзыхь зыхуащIа Францев Виктор зэIущIэ 20-м ар къыщылъысащ. Туманян Адольф 4 гъуэм дэтащ. Ди лъэпкъэгъухэм ящыщу псом япэу гъуащхьэтету союзпсо утыкум ихьа Алий Руслан а гъэм зэрыдагъэтар зэ закъуэрэщ, ауэ адреитIыр хэкIыжри, къыкIэлъыкIуэ илъэсым ар гупым къыхэнащ. Кубырев Юрий 1959 гъэм тIэу къудей Налшык и «Спартак»-м и фащэр щитIэгъати, зэм гъуащхьэтету, адрейм гъуащхьэхъумэу щытащ.
Алий Руслан дэщIыгъуу ди командэм и гъуэр зыхъумахэм яхэтащ Тау Амырхъани. 1960-1961 гъэхэм ар зэIущIэ 21-м хэтащ.
Налшык и «Спартакым» и япэ ехъулIэныгъэхэм, шэч хэмылъу, хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ ди командэм и гъуэр темыплъэкъукIыу илъэс куэдкIэ (1962 гъэм щыщIэдзауэ 1973 гъэм пщIондэ) зыхъума гъуащхьэтет Iэзэ Алдышев Анатолий. Къэралым и щIыпIэ пхыдзахэм ящыщ зым и щIалэгъуэу къиIэпхъукIри, абы и гъащIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым ирипхащ.
Алдышевым топ джэгун щыщIидзар къыщалъхуа Сыбырырщ. Новосибирск и СКА-м къыхашри, 1962 гъэм ди «Спартак»-м ирагъэблэгъащ. Анатолий ди щIыпIэм занщIэу дихьэхащ икIи ар зэи нэгъуэщIкIэ ихъуэжакъым. Илъэс пщыкIутIкIэ ар зэкIэлъхьэужьу Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтету щытащ икIи абы и фащэр щыгъыу зэIущIэ 280-рэ иригъэкIуэкIащ. Нэхъыбэрэ зыхузэфIэкIар цIыхуий къудейщ. ТIэунейрэ (1965, 1970 гъэхэм) Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ. 1989-1991 гъэхэм ди командэм и тренер нэхъыщхьэу лэжьащ. Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и тренер-гъэсакIуэу щыткIэрэ зэман кIыхькIэ ди щIэблэр топ джэгуным хуигъэсащ. И щхьэгъусэ Верэрэ абырэ Налшык щызэдапIа Олярэ Алёнэрэ Мэзкуурэ Дон Iус Ростоврэ иджыпсту щопсэу.
1967 гъэм Налшык и «Спартак»-м къыхыхьащ Лий Владимир. Абы зэрыхэта илъэсийм къриубыдэу адыгэ щIалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр 100 ихъумэну къыхуихуащ икIи пщIэрэ щытхъурэ къилэжьащ.
Топ джэгуным сыщыдихьэха, ди «Спартак»-м и зэIущIэхэр блэзмыгъэкIыу сакIэлъыплъу щезгъэжьа 1974 гъэм щыщIэдзауэ ди командэм и гъуащхьэтет пажэу щытащ Бабурин Владимир. КъыкIэлъыкIуа илъэсищым Совет Союзым футболымкIэ и япэ лигэм ар щынэхъыфIахэм ящыщащ икIи, 81-рэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гуп нэхъыщхьэм хуэджэгуауэ, къыщалъхуа Смоленск къалэм игъэзэжри, абы и «Искра»-м хыхьащ, Налшык и «Спартак»-р етIуанэ лигэм къекIуэтэхати.
Гупым и пашэ япэу хъуат
1974 гъэм Налшык и «Спартак»-м и унафэщIу ягъэува тренер цIэрыIуэхэу Крутиков Анатолийрэ Хусаинов Галимзянрэ къызэдашащ гъуащхьэтетхэу Бабурин Владимиррэ Кокорин Николайрэ. Ахэр хъарзынэу гупым хэзэгъащ.
Мэзкуу областым къыщалъхуа Кокорин Николай а щIыпIэм и Новосиньковэ жылэм и «Урожай» командэм 1968 гъэм джэгун щригъэжьащ. ИлъэсиплI дэкIри, къалащхьэм гу къыщылъатащ икIи «Спартак»-мрэ ЦСКА-мрэ я щIалэгъуалэм илъэс зырызкIэ яхэтащ. Налшык къэIэпхъуэну къыщыхуагъэлъагъуэм, тегушхуащ.
АрщхьэкIэ ныбжькIэ нэхъыжь икIи зи Iэзагъыр нэхъ лъагэ Бабуриныр щыIэхукIэ Кокориным гъуэм дэтыныр къызэрылъысар закъуэтIакъуэрэщ. Ауэ, мыгувэу, 1976 гъэм зыкъомым зихъуэжащ. А илъэсым Налшык и «Спартак»-м («Эльбрус» цIэр абы щыгъуэм зезыхьам) япэ лигэр ибгынащ, зэхьэзэхуэм иужь дыдэ увыпIэр щиубыдри. Къызэрыхэдгъэщащи, Бабуриныр Смоленск Iэпхъуэжащ. Кокориныр Налшык къэнащ и Iуэхур къыщикIыну и къарумрэ зэфIэкIхэмрэ къагъэгугъэрти.
Гъуащхьэхъумэ цIэрыIуэ Ашыбокъуэ Руслан 1981 гъэм топджэгум хэкIыжа иужькIэ, Налшык и «Спартак»-м и капитану япэ дыдэу гъуащхьэтет хъуащ. Ар Кокорин Николайщ. Мэзкуу областым къыщалъхуа щIалэщIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм илъэсибл ипэкIэ къэIэпхъуат икIи зэман кIыхькIэ налшыкдэсхэм я гъуэр Iэзэу ихъумащ.
Кокорин Николай и пэкIэ Налшык и «Спартак»-м и зы гъуащхьэтетми гупым и капитану щытыну хуамыгъэфэщами, ди командэм и тренер нэхъыщхьэ Iэпщэ Александр а Iуэхум тегушхуащ. Абы къыхилъхьэри, Кокориныр гупым и пашэу ягъэуващ. Щыгугъащ а лъэхъэнэм топ куэд къызыхудагъэкI гъуащхьэхъумэхэр апхуэдэ щIыкIэкIэ зэкъуигъэувэну.
ИлъэсибгъукIэ Налшык и «Спартак»-м и гъуэр ихъумащ Кокорин Николай. А лъэхъэнэм къриубыдэу ар зэIущIэ 249-м хэтащ.
Топ джэгуныр щигъэта иужькIэ, тренер IэнатIэм пэрыуващ икIи ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащ. Къапщтэмэ, 1984, 1985 гъэхэм абы и унафэм щIэта СКЭП командэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпион хъуащ.
АдэкIэ Налшык и «Спартак»-м щылэжьэну ирагъэблэгъэжащ. Ар ди командэм и вице-президенту, генеральнэ директору 1997 гъэ пщIондэ щытащ. ИужькIэ къулыкъу лъагэ Урысей Федерацэм и Профессионал Футбол Лигэм къыщыхуагъэфэщащ. Ар абы и вице-президенту лэжьащ икIи зэрылъэкIкIэ Налшык и «Спартак»-м зыкъыщIигъакъуэу щытащ. Иджыпсту и унагъуэм дэщIыгъуу Мэзкуу щопсэу.
КъэралитIым я чемпион
Гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур фIэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зы футболисти къихъуакъым командэ зэмылIэужьыгъуищым яхэту къэралитIым плIэнейрэ я чемпион хъуауэ.
Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ футбол школ хэхам и гъэсэн Хьэпэ Заур япэ дыдэу Налшык и «Спартак»-м щыджэгун щыщIидзам и ныбжьыр иджыри илъэс пщыкIуий хъуатэкъым: 1981 гъэм Ставрополь «Динамо»-м щыIущIэну кIуауэ ди командэм и гъуащхьэтет Кокорин Николай сымаджэ хъуащ икIи икIэщIыпIэкIэ ар хъуэжын хуейти, Хьэпэ Заур гъуэм дагъэуващ.
 Джэгум щIидзэри, дакъикъибл дэкIауэ арат Заур топ къыщыхудагъэкIам. ЩIэдзапIэр узэмыхъуэпсэнт. АрщхьэкIэ гъуащхьэтет щIалэщIэм къыдэджэгу нэхъыжьыIуэхэу Бэч Русланрэ Наурыз Басиррэ къыбгъэдыхьэри, къыжраIащ къэхъуаишхуэ зэрыщымыIэр икIи, адэкIэ нэхъ тегушхуауэ гъуэм дэтмэ, псори тэмэм зэрыхъунур. Апхуэдэуи къыщIэкIащ – джэгур зэрытемыгъэкIуауэ, 2:2-уэ, иухащ, Заури тренерхэм я щытхъу къилэжьащ.
Дзэм ираджэхукIэ Хьэпэр Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтету щытащ. И чэзур къыщысым армэм дашри, Дон Iус Ростов и СКА-м хагъэхьащ. ИужькIэ къигъэзэжри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумащ.
Зи зэфIэкIыр лъагэ адыгэ щIэлэщIэр 1986 гъэм Мэзкуу и «Спартак»-м ирагъэблэгъащ. КъыкIэлъыкIуэу Ярославль и «Шинник»-м хэтащ. 1989-1990 гъэхэм Тбилиси и «Динамо»-м и гъуэм дэтащ икIи Куржым и чемпионатым и дыщэ медалхэр къихьащ.
 Хьэпэ Заур и вагъуэр нуру щыблар Владикавказ и «Спартак-Алания»-м щыджэгуа 1991-1999 гъэхэращ. Ди гъунэгъухэм яхэту 1995 гъэм ар Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ, 1992, 1996 гъэхэм дыжьын медалхэр зыIэригъэхьащ. Ар щыщ хъуащ къэралым и гъуащхьэтет нэхъыфIхэм икIи Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам 1994 гъэм хагъэхьащ.
 2000 гъэхэм и пэщIэдзэм Хьэпэ Заур Мэзкуу Iэпхъуащ. Ар ирагъэблэгъащ абы и «Локомотив»-м щыджэгуну икIи илъэс зыбжанэкIэ зыхэта командэ цIэрыIуэм аргуэру тIэунейрэ къэралым и чемпион щыхъуащ, Урысей Федерацэм и кубокыр къихьащ.
Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам щригъэкIуэкIа зэIущIи 4-м къищынэмыщIауэ, Хьэпэр Чемпионхэм я лигэм, УЕФА-м и Кубокым щIэбэнащ. Абыхэм Европэм и командэ лъэщхэм ехъулIэныгъэкIэ щапэщIэтащ. Ди къэралым и футболист нэхъыфI 33-м Заур щэнейрэ хабжащ.
Топ джэгуныр иуха иужькIэ «Локомотив»-м и тренер хъуащ, Пермь и «Амкар»-м, Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м, «Спартак-Налшыкым» я гъуащхьэтетхэр игъэсащ.
Хьэпэ Заур и сабиигъуэм щыщ Iыхьэ гуэрхэр ди редакцэм щигъэкIуащ. Абы и анэ ТIэш (Хьэпэ) Анинкэ (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI!) адыгэ газетым и корректору илъэс куэдкIэ лэжьащ икIи къызыхуигъэнэн щыщымыIэм и деж и къуэ цIыкIур «здигъэIэпыкъуну» къыщыздишэ щыIэт.
Адыгэм и щIыхьыр ди къэралым, дунейм и щIыпIэ куэдым Хьэпэ Заур щиIэтащ. Иужь илъэс пщыкIутIым ар Мэзкуу и «Локомотив»-м и гъуащхьэтетхэм я тренерщ. А командэ цIэрыIуэм хэту нэгъабэ ещанэу Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ. Мы гъэм етIуанэ увыпIэр яубыдри, дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьауэ, Европэм и Чемпионхэм я лигэм щоджэгу.
НэгъуэщI щIыпIэхэми къыщыщIидзат
Биджий Хьэсэнбий Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтету 1983 гъэм джэгун иригъэжьащ икIи зэIущIэ 52-м абы и гъуэр ихъумащ. ИлъэситI дэкIри, дзэм къулыкъу щищIэну здраджа Дон Iус Ростов и СКА-м хагъэхьащ.
КъыкIэлъыкIуэу Мэзкуу и «Локомотив»-м 1989 гъэм ирагъэблэгъащ икIи 1998 гъэ пщIондэ абы хэту зэIущIэ 50 иригъэкIуэкIащ. СССР-м и кубокым и финалым 1990 гъэм щыджэгуащ. Урысей Федерацэм и чемпионатым и дыжьын (1995, 1998), жэз (1994) медалхэр къихьащ.     
Адыгэ щIалэхэм ящыщу (и анэр адыгэщ и адэр къэрэшейщ) япэу хамэ къэрал футбол командэм джэгун щригъэжьащ. Петах-Тихвирэ Тель-Авиврэ (Израиль) я «Хапоэль» командэхэм я гъуэр ихъумащ. Европэм и кубокхэр къэхьыным ехьэлIа зэпеуэхэм хэту зэIущIи 9 иригъэкIуэкIащ.
2002, 2004 гъэхэм «Локомотив»-р къэралым и чемпион зэрыхъуам къыхэкIыу абы и унафэщIхэм яхэту дыщэ медалхэр къыхуагъэфэщащ.
ИужькIэ гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыуващ. Мэзкуу и «Локомотив»-м, Пермь и «Амкар»-м, нэгъуэщI командэхэми къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр щрихьэкIащ. ИтIанэ «Спартак-Налшыкым» къигъэзэжри, абы и тренер нэхъыщхьэу 2018 гъэм пщIондэ лэжьащ. А илъэс дыдэм Курск и «Авангард»-м ирагъэблагъэри, а командэр, зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокым и финалым нигъэсащ.

 

 

 

Алдышев Анатолийрэ и гъэсакIуэ

 

 

 

 

Хусаинов Галимзянрэ зэщIыгъу IэплIэкIэ джэгупIэ губгъуэм кърахыж.

 

 

 

Биджий Хьэсэнбий.

 

 

 

 

Хьэпэ Заур Газзаев Валерий къегъэIущ.

 

 

 

 

Гъуащхьэтетхэм я зэблэкIыгъуэ.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: