МЭРЕМ ПШЫХЬ

Адыгэ лIакъуэхэр Къэбэрдейхэр

Адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ лъэпкъщ. XII лIэщIыгъуэм Тмутараканыр Византие къэралыгъуэм и бжьым щIэхуа нэужь адыгэ зэгухьэныгъэм хэтхэм щхьэхуэ защIу хуежьащ. Абы ирихьэлIэу Кавказ Ищхъэрэм и курыт щIыналъэхэм къыщыунэхуащ зи щхьэ и унафэ зыщIыж Къэбэрдейр икIи къэбэрдей субэтносыр зэтеувэн щIидзащ. XIII лIэщIыгъуэм монгол-тэтэрхэм я зекIуэм Кавказым и лъэпкъ-политикэ ухуэкIэм зихъуэжащ. А лъэхъэнэм къыдежьащ нэгъуэщI лъэпкъхэр адыгэхэм къызэреджэ «шэрджэс» псалъэри.
XII-XIV лIэщIыгъуэхэм Кавказ Ищхъэрэм и курыт щIыналъэм адыгэ зэгухьэныгъэщIэ къыщыунэхуащ. А къэралыгъуэмрэ абы щыпсэу цIыхухэмрэ «къэбэрдейкIэ» еджэ хъуащ. XV илъэсищэм и япэ Iыхьэм Федерализмэм и хабзэхэм Къэбэрдейм зыщаужьащ. А лъэхъэнэм лъэ быдэкIэ уващ пщыгъуэр, зауэлI хабзэхэр, зэдэлажьэу хуежьащ жылагъуэ институтхэр: пщышхуэр (пщы уэлийр), хасэр, хеящIэр. Къэбэрдей адыгэхэм я щэнхабзэ, я жылагъуэ зэхэтыкIэр адрей лъэпкъхэм щапхъэ яхуэхъуу хуежьащ.
1557 гъэм урысхэмрэ адыгэхэмрэ зауэ-политикэ зэгурыIуэныгъэ зращIылIащ. Ар нэхъри игъэбыдащ 1561 гъэм адыгэпщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэней (Марие) Иван IV щхьэгъусэу зэрыритам. А зэпыщIэныгъэр иригъэфIэкIуащ XVI лIэщIыгъуэм хэкум икIыу адыгэпщ зыбжанэ къулыкъу ящIэну Москва зэрыкIуам. Ахэр тхыдэм пщы Черкасскэхэу ихуащ.
XVIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм Къэбэрдейр зыIэщIэлъэнур яхузэрымыгъэгъуэту Тыркумрэ Урысеймрэ зэныкъуэкъу зэпыту екIуэкIащ. 1739 гъэм Белград щызэращIылIа мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ ар зыми IэщIэмылъ къэрал щхьэхуиту къалъытауэ щытащ. АрщхьэкIэ а лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм щегъэжьауэ Урысейр хущIэкъуащ Къэбэрдейр, зэрыщыту Кавказ Ищхъэрэр, зыIэщIилъхьэну. Кавказ зауэм и япэ лъэхъэнэм (1763 – 1822 гъэхэм) къриубыдэу Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэр фIэкIуэдащ. Кавказ зауэр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м иухащ, пащтыхьым и дзэхэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ адыгэ щIыналъэхэр иубыдауэ. Псэууэ къэна адыгэхэм я нэхъыбэр залымыгъэкIэ я хэкум ирагъэкIащ.
1921 гъэм Къэбэрдей адыгэхэм езыхэм я къэралыгъуэ ягъуэтащ – РСФСР-м хэт Къэбэрдей Автономнэ округ яIэ хъуащ. 1922 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Автономнэ округ къызэрагъэпэщащ, 1936 гъэм – Къэбэрдей-Балъкъэр АССР. 1992 гъэм республикэм и фIэщыгъэцIэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ хъуащ.
Къэбэрдейхэр нобэ адыгэ лъэпкъ нэхъ инхэм ящыщ зыщ, адрей адыгэхэм хуэдэу дунейм нэхъ къызэрыщацIыхур шэрджэсущ. Я хэкур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэрщ. Урысей Федерацэм къэбэрдей адыгэу мин 520,1-рэ исщ, абы щыщу мин 490-м щIигъу зыщыпсэур Къэбэрдей-Балъкъэрырщ. Апхуэдэу Къэбэрдей адыгэхэр щопсэу Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ – Алание республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Тыркум, Сирием, Иорданием, СНГ-м хыхьэ къэралхэм, нэгъуэщIхэми.
Къэбэрдей адыгэхэр лъэпкъкIэ «къэбэрдейуэ» ятх, къэбэрдей-шэрджэс литературэбзэм (адыгэбзэм) иропсалъэхэр (диалект зыбжанэ иIэщ).

ГушыIэхэр
Уи гъуэншэджыр яжьыщIат

ЗэрыжаIэжымкIэ, мы Iуэхугъуэр къыщыхъуар аддэ зауэжьым ипэ цIыхухэр щыгъыныджэу щыщыта лъэхъэнэрщ. Мухьэдин еджэным тримыкъузащэу екIуэкIырт, зыщIригъэхыурэ школым щымыкIуэри нэхъыбэт. Апхуэдэу махуитIкIэ школым мыкIуауэ псыхъуэм джэгуу дэт щIалэм и егъэджакIуэ Мухьэмэд къыхуозэ.
- Сыт, уэ щIалэр, школым уныщIемыкIуалIэр махуитI хъуауэ?
- Уэрей, сынэкIуэнутэм, ауэ дыгъуасэ си гъуэншэджыр яжьыщIати хъуакъым.
- Нобэ-щэ?
- Нышэдибэ школым сынэкIуэну сынежьауэ фи дежкIэ сыщыблэкIым, сыплъэри, уи гъуэншэджыр жьыщIауэ фIэлъти, укъэмыкIуэн си гугъэри згъэзэжащ.

СыкIуэцIакъухьми, содэ
Урысбий лэжьакIуэ къикIыжу унэм здэкIуэжым, тыкуэным къыщIэкIыжа я гъунэгъу фызыр къыхуэзащ.
- Дауэ ущыт, Урысбий?
- Тхьэм уигъэузыншэ! Дыхъарзынэщ, Хьэбибэ.
- Тхьэ, Урысбий, бзэгу зесхьэну сфIэмыфI, ауэ бжезмыIэуи схумышэчыну.
- Сытыт, Хьэбибэ?
- Уащримыгъусэм деж, а ныбжьэгъукIэ узэджэ гупым къыпхужаIэр зэхозгъэхащэрэт.
- Уащримыгъусэм деж, жыпIа? Сащримыгъусэм деж, уэлэхьэ, сыкIуэцIакъухьми, содэм сэ абыхэм! И пащIэкIэ щIэгуфIыкIри, ежьэжащ щIалэр.

Думэн Мурадин.

ЖыIэгъуэхэр
КъыфIэхуащ езым и щхьэм аркъэн
- Си узыншагъэр къутащ, - жеIэ Мысхьуд, -
Сызэфэри мыаркъэ пуд.

Зэрыдэн мастэ имыгъуэтым,
КIуэнущ занщIэу Хьэрыпым

Дэмылъми и пщэм бжьы,
ИщIащ бын мыхъумыщIэм жьы.

Стэкан нэщIым зытрегъэгусэ,
Из ящIамэ, зримыусыгъуэджэ.

НэгъуэщIым хуидзати къапхъэн,
КъыфIэхуащ езым и щхьэм аркъэн.
 Къардэн Мухьэмэд.

Ислъэмей къуажэ.

Тхыгъэ кIэщIхэр
Кърухэр

Уэгум итщ кърухэр. Махуэми жэщми. ЩыуэфIи щыуэлбани.
МахуэкIэ зэхэпхыркъым абыхэм я макъ, йоIэ-йокъу нэху щIыкIэ я гъуэгуанэм нэхъыбэ хагъэщIыну. Ауэ жэщ хъуамэ… ФыдаIуэт:
- Къру… Къру…
Ар уэрэдкъым - кърухэм я макъыр япэкIэ яутIыпщу аращ, лъэпощхьэпо гуэр къапэщытмэ, зрагъэщIэну. Апхуэдэ щыIэмэ, макъыр абы жьэхоуэри, и джэрпэджэжым къегъэзэж, ар къру пашэм къыIэрохьэри, и гупыр лъэныкъуэкIэ Iуеш.
Тыншкъым кърум я Iуэхур. Псом хуэмыдэу къалэн гугъу егъэзащIэ къру пашэм. Абы къыхэкIыу ар щытын хуейщ къарууфIэу, гуп къешэкIыным хуэIэзэу. Апхуэдэщ къру пашэ ящIри.

Толъкъун гуапэ
Тенджыз Iуфэм Iулъщ зи щхьэр джафабзэ мывэ хъурей дахэ. Абы толъкъуныр зы дакъикъэкIэ къытолъадэри, гуапэу къытолъэщIыхь, IэплIэ къыхуищI хуэдэ, икIи шкIурэжу хуэмурэ Iуожыж. Абы иужькIэ мывэр нэхъ джафэж, нэхъ дахэж хъуауэ къыпщохъу.
Толъкъуным и лэжьыгъэр зылъэгъуа уадэм ар апхуэдизкIэ игу ирихьащи, мурад ещI езыми нэгъуэщI мывэ апхуэдэу джафэ дахэ ищIыну. АрщхьэкIэ сыт хуэдизу емыгугъуами, и Iуэхум зыри къикIакъым. Уадэр техуэху, мывэм зы Iыхьэ къыгуэхурт, езыри нэхъ фаджэ хъу зэпытт.
ИтIанэ уадэр толъкъуным йоупщI:
- Дауэ плъэкIа апхуэдиз и джафагъыу, и захуагъыу мо мывэр пщIын?
- Сэ сеуэркъым. Сэ содэхащIэ, - жиIащ толъкъуным.
Грунц Леонид,
ермэлы тхакIуэ.

ЗэзыдзэкIар Къагъырмэс Борисщ.

Прозэу тха усэ ПситIым я уэрэд

- КъызэдаIуэт, едаIуэт си макъ пхуэсшэщIам, ар уигу ирохьыр, пэжкъэ? КъыбгурыIуэ къыщIэкIынкъым бжесIэр, лъагъуныгъэм и уэрэд зэрыпхуэзусыр. Ар уэрэдыщIэщ уэр фIэкI зыми и пэкIэ зэхимыхауэ, ныжэбэ сымыжейуэ пхуэзусауэ. Ар гум къиIукI макъамэщ, къедаIуэт пхуэзуса уэрэдым. КъыбгурыIуэркъым, ауэ уэ уощIэ ар фIы гуэрым зэрытеухуар, уфIэфIщ, пщэдджыжькIэ си уэрэдыр уэ ныбжесIэурэ укъэзгъэушын. Сыбужэгъуркъым, сэри узужэгъуркъым, зэщIэщыгъуэу мы дунейм дытетщ. Си уэрэдырщ тIури дызэпызыщIэр. Е къабзагъэ къытхилъхьара?.. Дызэщхьщ дэ уэрэ сэрэ куэдкIэ. ЗэпэIэщIэ дыхъумэ, догужьей. Догужьей, зыгуэр сымаджэу зэхэтхамэ, тфIэфIкъым ер щытекIуэмэ мы дунейм. СощIэ, тIуми мы дунейм дахагъэр дэ щытедгъэкIуэнт.
ПхуэсщIэнут сытри, схулъэкIамэ, си къару илъ илъэпкъым сыщымысхьу уэ ныббгъэдэслъхьэнт. ФIы куэд пхуэфащэщ уэ. Си жагъуэ хъунущ, ар зыхэзыщIыкIын къыппэщIэмыхуэмэ. КъызэдаIуэт, едаIуэт мы си макъамэ щIэрыпсу уэр щхьэкIэ сыусам. Ныжэбэ жэщ псом сымыжейуэ, сэ гугъу зезгъэхьу пхуэзусам! Уэрэд усынырщ сэ сыкъызыхуигъэщIар. Тхьэмахуэм махуэу хэтым я зырыз сэ пхуэзусынщ. Сыщхьэхынкъым, укъызогъэгугъэ. Иджы уэращ сэ сыщIэпсэур, уэращ щызиIэр сэ мы гъащIэм. Къахощыр ар си уэрэд куэдым, нэгъуэщI зыгуэрхэри щIыгъужу. Ар дэ ди пситIым я уэрэдщ…
Си жагъуэ хъур зыщ, бзум я бзэр уэ къызэрыбгурымыIуэрщ.
- КъызжеIэ, уемызэшу уэ къызжеIэ уи гущIэм къипхыу зэхэплъхьа уэрэд. Пэжщ, ар къызгурыIуэркъым акъылкIэ, ауэ сэ псэкIэ зыхызощIэ абы иIэ къарур. КъызжеIэ, сыкъызэралъхурэ сызыщIэхъуэпс щхьэхуитыныгъэр зиIэ бзум уи уэрэд дахэр? – йолъэIу бзум хъыджэбзыр. - Сэри бзууэ сыкъигъэщIатэмэ, си лъакъуэхэр абы щыгъуэми мыпхуэдэу къыздэмыбзу щытыну пIэрэт? – йогупсыс хъыджэбз Iэрызехьэр…
Игъэпэжащ усакIуэ бзум и псалъэр, пщэдджыжь къэс уэрэдыщIэ жриIащ. ИлъэскIэ бзум имыщIэу жей жыхуаIэр гуфIэжу и уэрэдхэр иусащ. Иусыну къыщIэкIынт абы иджыри уэрэд Iэджэ, ауэ ажалыр ар зыхуиусым къыщепхъуэм, и гуфIэ уэрэдыр гъыбзэм хуэкIуэжауэ, куэдрэ щхьэгъубжащхьэм тесащ. Куэд мыщIэу кIуэдыжащ бзу цIыкIур. ЗэрыжаIэмкIэ, ар мэз хуитышхуэм кIуауэ, абы зэчырыр ину къыщреш…
Щомахуэ Залинэ.

Фэ фщIэрэ?
Лыр зэрагъэгъупцIыр

Нэхъ ягъэгъупцIыр былымылырщ, бжэнылырщ, шылырщ, къупщхьэ хэмылъу. Лыр щIагъэгъупцIыр зэIымыхьэу куэдрэ щагъэлъын папщIэщ. Апхуэдэлым къыхащIыкIа ерыскъыр шхыгъуафIэщ, къэуатщ, IэфIщ. Абы щхьэкIэ Iэщ яукIагъащIэм и лыр Iыхьэшхуэурэ къупщхьэм къыкIэрагъэж кг 1-2 хъууэрэ.
И Iувагъыр 1 см хъууэ пIащIэу яупIэ, псы щIыIэкIэ ятхьэщI. Дзэху шынакъым псы щIыIэ иракIэ, абы шыгъу хадзэ, фIыуэ зэIащIэурэ ягъэткIу. Лы упIар шыгъушыпс щIыIэм щIигъанэу халъхьэ, и щхьэр тепIауэ щIыIапIэм щагъэуври нэху кърагъэкI шыгъур хыхьэн щхьэкIэ. Пщыхьэщхьэм лыр шыгъушыпсым къыхахыж, псыр пагъэж, зэлъэIэсу шыгъу щабэ тракIутэри кIапсэм фIадзэ е чылъэрыкIуэм тралъхьэ, жьыр къыздепщэ лъэныкъуэмкIэ хуэзэу. Нэху щыху жьы щIыIэ зыщIихуа лыр мэжэпхъ. Пщэдджыжьым лыр къыфIахыж, хьэкъущыкъум иралъхьэри и щхьэм бинт тепIауэ пщыхьэщхьэ пщIондэ щIыIапIэм ягъэув. Пщыхьэщхьэм лы шыуар фIэдзапIэм фIадзэри нэху кърагъэкI. И щIыIум къурэ пIащIэ хуэдэу трищIамэ е лантIэ-лантIэу щытмэ, фIыуэ гъупцIауэ аращи фIэдзапIэм къыфIахыж. Кхъуэщыным е хьэкъущыкъу лам иралъхьэри и щхьэр фIыуэ бинткIэ щхьэщапхыкIыж, жьы щIрагъэхун щхьэкIэ щIыIапIэ-кIыфIыпIэм щагъэув. Апхуэдэу ягъэгъупцIа лыр зэIымыхьэу куэдрэ щылъщ. Абы сыт хуэдэ шхыныгъуэри къыхэпщIыкI хъунущ. Псом хуэмыдэу куэдым ягу ирохь лы гъэгъупцIар дзасэкIэ ягъажьэрэ пIастэ хуабэм и щIыIум телъу Iэнэм трагъэувэмэ.
Къубатий Борис.

Хъыбар
ДжэдыкIэ тIощI

Хуэмыкъулей гуэрым зыпэмыплъа хьэщIэ гуп къытеуат. ХьэщIэр хьэзыр щхьэкIэ, бысымыр хьэзыр жыхуаIэрати, езыри хуэмыщIамэ, мо хьэщIэхэри бэлэрыгъауэ кърихьэлIамэ, сыт ищIэнт – гузэващ, и гъунэгъум деж ежэкIри елъэIуащ, моращ-мыращ зыгуэр уиIэмэ, жиIэри.
- Мис мыр гъажьи егъэшх, къыщызэптыжыф къызэптыжынщ, - жиIэри, и гъунэгъум хьэзыру иIэр арауэ къыщIэкIынти, джэдыкIэ тIощI къритащ.
Ар зы махуэти кIуащ, етIуанэри кIуащ. Ауэрэ, джэдыкIэ щIыхуэр хуемытыжурэ, щыгъупщэжу илъэс дэкIа, нэхъыбэ дэкIа? ЩIыхуэ къэзыщтам щыгъупщэми, зытам щыгъупщэркъым, мо гъунэгъур къедауэу хуежьащ, джэдыкIэ тIощIым и пIэкIэ джэд хъушэ къритыжын хуейуэ къигъэуври.
- Сэ а джэдыкIэ тIощIыр сиIэжатэмэ, - жиIэрт мо бзаджэм, - ар джэдкъуртым щIэслъхьэнурэ джэджьей тIощI кърезгъэшынут, джэд тIощIыр бэгъуэжынурэ, хъушэ хъунут.
ХеящIэхэри абы и телъхьэ мэхъу.
Къэхъуар жылэм куэдрэ яхэIуэнт?! Iуэхур зыIутыр къыщащIэм, хэт зым и телъхьэ мэхъу, хэт адрейм къыщхьэщыжу мэпсалъэ. Къэзанокъуэ Жэбагъы щIалэ цIыкIуу джэгум хэту ар ягъэхъыбару зэхех.
- А джэдыкIэ тIощIым тращIыхьыр псэум ищIапхъэр лIам тралъхьам хуэдэщ, - жи абы.
Уэ жыпIэжа, сэ жысIэжа, унафэр зыщIахэми зытращIыхьами Жэбагъы и псалъэр зэхахыжащ. АпхуэдизкIэ абы жиIар щхьэрыгъажэ къащыхъуат нэхъыжьхэми, мурад ящI а щIалэ цIыкIур уткум кърашэу апхуэдэу щIыжиIамкIэ еупщIыну. КъыщеупщIым, мыращ къажриIар:
- ДжэдыкIэ тIощIыр сытыт къыщIритар, джэдкъурт игъэгъуэлъхьэну арат сытми? Игъажьэу хьэщIэхэм яригъэшхын щхьэкIэтэкъэ, ар къезытами ищIэртэкъэ! АтIэ иджы, джэдыкIэ гъэжьар къуртым щIэплъхьэкIэ джэджьей къришыну, ар джэд хъушэ хъужыну?
Арати, япэкIэ къащта унафэр яригъэкъутэжщ, тхьэмыщкIэм джэдыкIэ тIощIыр зэрытощIу, чэми щIигъуи щымыIэу, иригъэпшыныжри, абыкIэ Iуэхур яухащ. Ар мыхъуатэмэ, мо къулейсызыр пщылIыпIэ дыдэ ихуэнкIэ хъунут, зэрыхуэмыпшыныжым къыхэкIкIэ.

 

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ