Абхъаз таурыхъхэр

Рицэ гуэлыр къызэрыунэхуар

Нэхъыжьхэм я адэжьхэм къаIуэтэжу зэхаха хъыбархэм тепщIыхьмэ, Рицэ гуэлыр нэхъапэм псыхъуэу щытащ. Абдежым щыпсэуащ Апшисбэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху нэпсейхэр икIи зызыгъэпагэхэр. Ахэр псори хуэкъулейт, зи щхьэгъусэр дунейм ехыжу бын куэд къызыщIэна анэм къищынэмыщIа. Фызабэ тхьэмыщкIэр жэщи махуи лажьэрт, и бынхэр зыхуей хуигъэзэн щхьэкIэ, ауэ сыт ищIэми, ахэр ирикъуу хуэгъашхэртэкъым. Зэпымыууэ цIыкIухэм жаIэрт: «Мамэ, дыгъашхэ!».
Махуэл дэмыкIыу пщэдджыжьым щыщIэдзауэ жэщ хъуху гъунэгъум я деж фызабэр щылажьэрт. Абыхэм къахэхъуэ гъавэ бэвыр зэпымыууэ зыхуей хуагъэзапхъэт. Гъунэгъум цIыхубзыр зэпымыууэ ягъэлажьэ пэтми, улахуэу иратыр хур зэраз, мывэм къыхэщIыкIа кхъузанэм къытемыщ гъавэ тIэкIурт.
Апхуэдэу бынунэр зэрыбгъэшхэн гъавэ пхузэхуэхьэсынт? ХьэлIамэ тIущ къызыхэкIын къудейт зэрыхъур. Ауэ и лэжьапщIэр сыт хуэдизу цIыкIуми анэр тхьэусыхэртэкъым, сыту жыпIэмэ, гъунэгъу нэпсейхэм уахуэтхьэусыхэкIэ зыри къызэримыкIынур фIыуэ къыгурыIуэрт.
Зэгуэрым унагъуэ тхьэмыщкIэр щытыкIэ гугъу ихуащ: унэм гъавэ хьэдзэ щIэлътэкъым, сабийхэр мэжалIэрти зэпымыууэ гъырт:
- Ма-мэ, дыгъашхэ!
- Мамэ, домэжалIэ!
Бзылъхугъэ тхьэмыщкIэми махуитI хъуауэ зы дзэкъэгъуэ ишхатэкъым - сабийхэм псори яритат. ЩрихулIэм деж ар егупсысырт: «СылIэм нэхъыфIщ, сабий мэжэщIалIэхэм я тхьэусыхафэм седаIуэу сыпсэу нэхърэ. Иджыри зэ сыкIуэнщи гъунэгъухэм селъэIунщ гъавэ IэмыщIэ щхьэкIэ».
ЦIыхубзыр унащхьэ чэзууэ дэтащ, арщхьэкIэ, зыри къыдэIэпыкъуакъым. IэнэщIу унэм къыздигъэзэжам аргуэру сабийхэр гъырт: игъэшхэну лъаIуэхэрт. Сытыт бзылъхугъэ тхьэмыщкIэм хузэфIэкIынутэр? МафIэ зэщIигъанэри, мывэ жьгъейхэр хьэкум тригъэуващ.
- Си дыщэ цIыкIухэ, зэ фымыпIащIэ, иджыпсту шэджагъуашхэ фхуэзгъэхьэзырынущ.
Апхуэдэу жиIэурэ и бын цIыкIухэм Iэ ядилъащ, едэхэщIащ. Сабийхэр мывэ шыуан зытет жьэгум ихъуреягъкIэ пэрытIысхьауэ шэджагъуашхэм ежьэхэрт. Сытыт ахэр зыпэплъэр? Пщыхьэщхьэ хъуащ. Сабийхэр куэдрэ гъыуэ щысащ, жейм хилъэфэху. Бзылъхугъэри мэпыхьэри жьэгум пэрысщ.
Абы ирихьэлIэу къуажэм нэгъуэщI щIыпIэм къикIа зы лIыжь дэтт, нэху щигъэщын бысым лъыхъуэу. Ауэ зыми ар ирагъэблагъэртэкъым. Ар цIыхубзым и унэм къыIухьащ.
- Ей, бысым!
- Эу! - жэуап итыжащ бзылъхугъэм.
ЦIыхубзыр щIэкIщ, нэхъыжьым фIэхъус ирихри, къригъэблэгъащ.
ЛIыжьыр унэм еблагъэри, жиIащ:
- Сэ хуабжьу сомэжалIэ, ар схущIэхъумэнукъым. Пщыхьэщхьэшхэ сыбгъэщIын?
- Уэй, цIыху гуапэ, - жиIэщ фызми, шыуаным еплъу щIидзащ. Ар иригузавэрт икIи ириукIытэрт, хьэщIэм хутригъэувэн шхыныгъуэ зэримыIэм.
- Уи шыуаным мывэхэр илъу солъагъу. ГъэтIылъыгъэ гуэр уимыIэмэ, сыт сыбгъэшхынур? - щIэупщIащ хьэщIэр.
- Хьэуэ, зы гъэтIылъыгъи сиIэкъым, - жэуап итыжащ бзылъхугъэм. Ауэ сыпэплъэнущ, Тхьэм зы шхыныгъуэ гуэр къызитынкIи хъунщ, хабзэм сыкъытемыкIыу хьэщIагъэ уэсхын папщIэ.
Зэман дэкIа нэужь, шыуаным илъ мывэхэр хьэжыгъэ хъури, унэгуащэм мэрэмысэ ищIащ. Абы япэщIыкIэ хьэщIэр игъэшхащ, итIанэ сабийхэр къигъэушщ, игъашхэри, игъэжеижащ, къэнар езым ишхри, зигъэпсэхуну гъуэлъащ.
Унэгуащэр пщэдджыжьым къыщыушам, хьэщIэр ежьэжат. Ар бжэщхьэIум щынэсам къилъэгъуащ унэм дэнэ лъэныкъуэкIи псы къызэрекIуалIэр. Ихъуреягъыр псори псым щIигъэнат тенджыз цIыкIум хуэдэу, ауэ я унэр псым пэIэщIэт. Абы икI лъагъуэм псы Iуфэм ухуишэрт. ЦIыхубзым сабийхэр къигъэушри, яжриIащ:
- ТхьэмыщкIагъэшхуэ къэхъуащ: псым зэрыжылэу щIигъэнащ. Ди унэм и закъуэщ имыхьу къэнар икIи псы Iуфэм ухуэзышэ лъагъуэ иIэщ. Тхьэм дыкъригъэлыну къыщIэкIынщ. ФынакIуэ нэхъ псынщIэу!
Сабий нэхъ цIыкIу дыдэхэр IэплIэкIэ къищтэри, адрейхэм яжриIащ и кIэ къуащIэр яубыду а лъагъуэм ирикIуэну. Ахэр зрикIуэ лъагъуэм и ужьым псыдзэр къитт. Бзылъхугъэм и сабийхэм я гъусэу псы Iуфэм зэрыIухьэу, ихъуреягъыр псым зэщIищтащ.
Апхуэдэу къэунэхуащ Рицэ гуэлыр. Нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, Апшисбэ лъэпкъым щыщу хэт а гуэлым гъунэгъу хуэхъуми, зы къару гуэрым зэщIишэурэ итхьэлэрт. Аращ Апшисбэ лъэпкъым щыщу фызабэм и къуэхэм фIэкIа нэгъуэщIкъыщIемылар.

ЩакIуэ зэкъуэшхэр

Рицэ гуэлым пэмыжыжьэу зэкъуэшитI псэурт. Нэхъыжьым Шарпы-яцвэ - пщэдджыжь вагъуэкIэ - еджэрт: ар нэхущым къалъхуат. НэхъыщIэр пщыхьэщхьэу дунейм къытехьащ, аращ Хулпэ-яцвэ- пщыхьэщхьэ вагъуэ - щIыфIащар. ЗэкъуэшитIри щакIуэ цIэрыIуэ хъуащ.
Зэгуэрым ахэр псыхъуэм дыхьэрт, псы Iуфэм деж махуэ шэджагъуэм зыщагъэпсэхун я мураду. Абы хэту щыхьым я гъуэгур зэпиупщIащ. Шарпы-яцвэ псэущхьэм и ужь иуващ икIи апхуэдизкIэ куэдрэ и лъагъуэм ирикIуати, дыгъэр етIысэхыу щIидзат. Абдежщ гу щылъитар бгы нэхъ лъагэ дыдэм зэрыдэкIуейм. ПсынщIэу жэщ къытехъуэри, щыхьым и лъэужьыр хэгъуэщэжащ.
Шарпы-яцвэ жэщ къыщытехъуэм, къырыр иубыдащ, кIыфIым хэту адэкIэ дэкIуеину дзыхь имыщIу, къехыжынуи иримыкуу. И гузэвэгъуэм теухуа уэрэд абы жиIащ, бгым и лъапэм деж и къуэшым щызэхихыну е зыгуэр къыдэIэпыкъуну щыгугъыу.
Хулпэ-яцвэ и къуэшым и уэрэдыр зэхихащ, ауэ сыт хуэдизрэ гупсысами зыри къыхуэгупсысакъым, абы дэIэпыкъуэгъу хуэхъун папщIэ. Абы фIыуэ ищIэрт и къуэшым жейр къытекIуэмэ, бгы задэм зэрызыщыхуэмыIыгъынур, къехуэхмэ, зэрыхэкIуэдэнур.
«Нэху щыху згъэжеинкъым!» - жиIэри, уэрэд иришэжьащ:
- Уэ, Шарпы-яцвэ, къырым уи закъуэу утесщ. Щыхьыр къобзэджэкIри, зигъэбзэхыжащ. Абы сыкIэлъысынщи, сыукIынщ. Уэ пщэдджыжьым ухэжеенурэ, пщэдджыжь пшэплъыр плъагъунукъым, вагъуэхэри уэр щхьэкIэ щIэнэнукъым.
А уэрэдыр щызэхихым, къуэш нэхъыжьым бампIэ къытеуэ хъуащ.
- Хулпы-яцвэ, - губжь щIэлъу жиIащ абы, - сэ иджыри сыпсэущ! Пщэдджыжьыр къэунэхунщ, бгыхэр пшэплъым ириIэнщ, сэ къырым сыкъехыжынщи, укъызэрыздэджэгум папщIэ сыпхурикъунщ!
Хулпы-яцвэ аргуэру и уэрэдыр нэхъ иныжу иришэжьащ:
- Уэ дыгъи, бгыи плъагъунукъым, - ужеинурэ ,мывэм хуэдэу бгы задэм укъеджэрэзэхынущ. УзэрыхэкIуэдар къищIэмэ, уи щхьэгъусэм и зы нэпс къудами къехынукъым. Ар зыхуэныкъуэр бгы лъагэм жэщ кIыфIым щымышынэ лIыхъужьщ.
Шарпы-яцвэ нэхъ быдэжу къырыр иубыдащ. И дзэхэр зэтригъауэурэ абы и къуэшым кIэлъидзащ:
- Хулпы-яцвэ, бэяу! Апхуэдизу жэщыр мыкIыфIамэ, си кIэрахъуэмкIэ узукIат. Къуэ сызэриIэр пщыгъупщэжауэ ара, абы силъ ищIэжынущ.
Хулпы-яцвэ абы щодыхьэшх:
- Уи къуэри, Шарпы-яцвэ!? Абы си кхъуэхэр езгъэгъэхъунущ.
Шарпы-яцвэ нэхъ Iеижу къэгубжьащ. Абы и жэуапым бгыхэр дэкIэзызу къыпщыхъурт икIи нэхъри къырым зыкIэригъэщIащ, и къуэшым хуэгубжьауэ. Хулпы-яцвэ и бжьамийм епщэурэ нэху щыху и къуэшыр нэхъри къигъэгубжьырт. Шарпы-яцвэ апхуэдэурэ жейр щхьэщыкIри, пщэдджыжьым къырым къехыжащ.
ЗэкIэ и губжьыр зыщхьэщигъэкIри, и къуэшым и ужь иуващ. Хулпы-яцвэ гуфIэрт, и къуэшыр къызэрыригъэлам папщIэ. Шарпы-яцвэ нэщхъейт, гупсысэ дыджхэр и гум щызэрызехьэрти: «Къырым сыкъехуэхамэ - сиукIынут. ИтIанэ, Хулпы-яцвэ и уэрэдхэм зэрыщыжиIам хуэдэу и хъуэпсапIэ псори къехъулIэнут. Иджыпстуи ар хуабжьу арэзыщ икIи зэрыгушхуэр и нэгум къощ». Пхъэ лъэмыж зытелъ псыежэхым бгъэдыхьа нэужь, Шарпы-яцвэ зыхуэIыгъыжыртэкъым - абы Хулпы-яцвэ япэ иригъэщри, и щхьэм кIэрахъуэкIэ еуащ. Хулпы-яцвэ псыежэхым хэхуащ, псыр и лъымкIэ ириIэу. Псыежэх уэрым хьэдэр псынщIэу жыжьэ ирихьэхащ, тенджызым хэхуэжу. Шарпы-яцвэ и нэгум и къуэшыр щIэтт, гуфIэу.
Шарпы-яцвэ унэм къэкIуэжри, и щхьэгъусэм и нэгу иплъакъым, и анэм и щхьэр хуигъэщхъакъым.
- Дэнэ щыIэ Хулпы-яцвэ? - щэIупщIащ анэр.
Шарпы-яцвэ щIэдыхьэшхыкIащ:
- Бгы лъапэм щIэсщ, и уэрэдхэр кърешри.
Анэм ар и фIэщ хъуакъым:
- Шарпы-яцвэ, жыIэт, дэнэ деж ар къыщыбгъэнар?
- Ар бгы лъапэм деж щысщ… бжьамий йопщэри.
Къуэм и нэхэм губжь къыщIэуващ, анэгум гузэвэгъуэ зыхищIащ.
- Дэнэ уи къуэшыр здэщыIэр? Сыт абы къыщыщIар? - аргуэру щIэупщIащ анэр.
Абдеж Шарпы-яцвэ и макъым зригъэIэтащ:
- Си къуэшкъым сэ ар, атIэ епцIыжакIуэщ! СыукIащ кIэрахъуэкIэ…
Анэм псори къызэрекIуэкIар жриIэжащ: къырым жэщ къызэрыщытехъуари, и къуэшым къыдэIэпыкъуну зэрелъэIуари, Хулпы-яцвэ абы къызэрыщIэнэкIари.
- Уи къуэшым апхуэдэ уэрэдхэр щIыжиIар зэхыумыщIыкIауэ ара? - жиIащ анэм, и щхьэр ирихьэхри.
- Хьэуэ, псори къызгурыIуэри, си гум зэрыжиIэм хуэдэу сщIащ.
- Гу Iей дыдэщ уи гур. Уи акъылри нэхъ щIагъуэкъым, - къыпищащ абы. - Пщыгъупщэжауэ ара лъэпкъым жиIэр, - бзэр гум и псалъалъэщ. Уи къуэшым ахэр щIыжиIам уегупсысакъым икIи уеупщIакъым…
Шарпы-яцвэ жэщ псом жеякъым, пщэдджыжьым псыежэхым и Iуфэм кIуащ, и къуэшыр щиукIа щIыпIэм. Пхъэм куэдрэ тетащ ар, псы уэр къэукъубеям хэплъэу. Абы къыщыхъурт и къуэшыр гуфIэу къеплъу, псы уэрым и хьэдэр нэхъ жыжьэу ирихьэхыу, тенджызым хэхуэжу. ИтIанэ Шарпы-яцвэ и натIэм и кIэрахъуэр триубыдэри - зиукIыжащ.
И къуэ етIуанэр зэрыщымыIэжыр къыщищIэм, анэр хэщэтыкIри жиIащ:
- Пщэдджыжь вагъуэр щыункIыфIкIэ цIыхухэм унэм къыщIахыу хъуа псори къыплърырес, Шарпы-яцвэ! Пщыхьэщхьэ вагъуэр къыщихьэкIэ цIыхухэм унэм кърахьэлIэу хъуа псори къыплърырес, Хулпы-яцвэ! ЩакIуэ зэкъуэшхэр

Акъылымрэ ЕхъулIэныгъэмрэ

Зэгуэрым Акъылымрэ ЕхъулIэныгъэмрэ зэдауэ хъуащ: хэт нэхъ лъэщыр?
Акъылым жеIэ:
- Сэращ!
- Хьэуэ, сэращ! - жэуап къетыж ЕхъулIэныгъэм.
Зэдауэщ-зэдауэри, икIэм икIэжым я къарур зыхуэдэр къапщытэну иужь ихьащ. Ар иризэхагъэкIыну хахащ Мард цIэр зезыхьэ цIыху.
- Ар сэ пщэрылъ къысщыщIи, уэ ихъуреягъкIэ зыплъыхь - уи нитIкIэ плъагъунущ сытри зэрысхузэфIэкIынур, - жиIащ ЕхъулIэныгъэм.
- Деплъынщ, - жэуап итащ Акъылым. - Уэ зэрыжыпIэм хуэдэу ирырехъу.
Акъылыр Мард къыбгъэдэкIыжащ, ЕхъулIэныгъэр къанэри. Ар занщIэу акъылыншэ хъуащ, мыхьэнэ иIэу псалъитI хузэпымыщэу: пIалъэ кIэщIкIэ абы и мылъкур фIэкIуэдащ икIи зы Iуэхугъуи пэрыхьэфыртэкъым. Ерагъыу Iэхъуэу уващ, апхуэдизкIэ цIыху пщIэншэу къалъытэ хъуати.
ЕхъулIэныгъэм и щхьэ Iуэху иригъэжьащ, мэзым налкъутналмэсышхуэ къыщигъуэтри, Мард абы Iуигъэуащ. Налкъутналмэсым зэрымэзу къигъэнэхурт. Iэхъуэм ар бжьэпэм ихьыну мурад ищIащ, къигъэнэхун щхьэкIэ. Налкъутналмэсыр жэщу ихьри щIым щигъэтIылъащ. Бжьэпэр махуэм хуэдэу нэху къэхъуащ. Мард налкъутналмэсыр лъэныкъуэ псомкIи зэпиплъыхьа щхьэкIэ къыхуэщIакъым нэгъуэщIа мывэр къызэрыхуэщхьэпэнур. Ар къызэригъэсэбэпынур къыхуэмыщIэу, Iэщыр щиIыгъ Iуэм игъэIэпхъуащ. Жэщым Iуэр нэху къэхъуащ.
Къэралым и пщым унэIут лъэщ, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу къарууфIэу иIэт. Зы щыуагъэ гуэр щхьэкIэ пщыр абы хуэгубжьащ. УнэIутым къищIащ зы тезыр ткIий гуэр къызэрыпэплъэр. Абы уардэунэр ибгынэри, абрэджу щIэпхъуэжащ. Ар Мард и бжьэпэм Iууэри, жриIащ: - Сэ пщым сыкъыIэщIэкIри, сыкъыщIэпхъуэжащ. ДэIэпыкъуэгъуу сыкъащтэ.
- Хъунщ, - жиIащ абы. - Зэштегъэу усхуэхъунщ, Iэщри згъэхъуну нэхъ тынш хъунущ.
Махуэ зытIущ дэкIащ. Абрэджыр Iуэм щIэплъэри, налкъутналмэсыр щилъагъум, щIэупщIащ:
- Мыр сыт зищIысыр?
- Мывэ гуэрщ, - жеIэ Iэхъуэм. - Куэд щIащ ар къызэрызгъуэтрэ. Соплъри: ар зэрыщыту къаблэрти унэм къыздэсхьащ; Iуэр щынэхум бгъэкъэбзэну нэхъ тыншщ, кIыфIым ухэт нэхърэ.
Абрэджым занщIэу къыгурыIуащ а мывэр зищIысыр икIи Мард зыхуигъэзащ:
- ПщIэрэ… Мы мывэм уи гъащIэ псокIэ ухуэгъэшхэн хуэдэу сыбдэIэпыкъуфынущ, уэ къулейжь ухъунущ. Уздэсшэм накIуэ. Ауэ мывэр къыздэдгъащтэ.
Iэхъуэр арэзы хъуащ. Абрэджым ар и къэралым ишащ, ауэ ар занщIэу къаубыдыжри, пащтыхьым хуашэжащ. Iэхъуэри апщIондэху и унэм къыщIэпхъуэжащ. Пащтыхь губжьар кIиящ, унэIутыр къызэрилъагъуу:
- Апхуэдэу тыншу усIэщIэкIыну ущыгугъауэ ара? Иджы къыппэплъэр пщIэрэ?
- СщIэркъым сыт къыспэплъэми, ауэ уэ гуфIэгъуэшхуэ къыппэщылъщ. Зы щIыпIэ гуэрым хъугъуэфIыгъуэшхуэ къыщызгъуэтри, мурад сщIащ: «Пащтыхьым и деж сыкIуэнщ, езгъэлъагъунщи, си щыуагъэр къысхуигъэгъунщ». Ар налкъутналмэсышхуэщ. Уи мылъкум къыхуэтыр арауэ къысщохъу!
- Дапщэ а налкъут налмэсым и хьэлъагъыр? - щIэупщIащ пащтыхьыр, нэхъ щабэ къэхъуауэ.
- Пут псо! - жэуап иритыжащ абрэджым. Пащтыхьыр къэуIэбжьауэ щIэупщIащ:
- Ар дауэ къысIэрыхьа хъуну?
- Тезырыр сщхьэщыпхмэ, ар къызэрыпIэрыхьэнур бжесIэнщ.
- Пщхьэщысхынщ! - жиIэщ пащтыхьми, унафэ ищIащ абрэджыр щхьэхуит ящIыжыну. ИтIанэ аргуэру щIоупщIэ:
- А налкъутналмэсыр зейм дауэ къызэрыIэ­щIэдгъэкIынур?
- Ар благъэ пщIын хуейщ, - жэуап итащ абрэджым, - армыхъумэ сыт хуэдиз мылъкукIи къуитынукъым.
Пащтыхьым пхъу тхьэIухуд иIэт.
- Си пхъур езгъэшэну хуэзгъэлъагъуэмэ, арэзы хъуну пIэрэ ар? - щIэупщIащ пащтыхьыр.
- ЗалымыгъэкIэ къезгъэшэнщ! - жэуап итащ абрэджым.
Ахэр зэгурыIуащ абрэджым налкъутналмэсыр зейр къишэмэ, и пхъур абы хуэзанщIэу игъэтIысыну. Егупсысри, абрэджым щIигъужащ:
- Ар хамэ къэрал щыщщ. Абыхэм нэгъуэщI фэилъхьэгъуэщ зэрахьэр. Езым и щыгъынкIэ хуэпауэ къакIуэмэ, ар уи пхъум игу иримыхьынкIэ хъунщ. Цей екIу къызэти, ар ди зыхуэпэкIэм хуэдэу схуэпэнщи, уи деж къэсшэнщ.
Пащтыхьым абы фэилъхьэгъуэ иритащ. Iэхъуэм и деж кIуэри, абрэджым и щыгъыныжьхэр зригъэхъуэкIри цеищIэр щригъэтIэгъащ. Налкъутналмэсыр къащтэри, пащтыхьым и деж кIуащ. Ахэр пащтыхьым и уардэунэм зэрыщIыхьэу зэрыпщIантIэу нэху къэхъуащ. Пащтыхьым цIыхубэр зэхуишэсри, игъэхьэщIащ, и пхъур Мард иритащ. Ауэ ар апхуэдизкIэ акъылыншэти зэхэщIыкI лъэпкъ иIэтэкъым. Аращ нысащIэм и деж кIуэн и пэкIэ абрэджым щIигъэIущар.
Мард чэщанэшхуэм Iуашэри, къырым пэгъунэгъуу щыIэ пащтыхьыпхъум и пэшым щIашащ. Ар жеину гъуэлъащ, ауэ жэщ ныкъуэм емызэгъыу зигъэкIэрахъуэ хъуащ.
- Сыт къыпщыщIар? - щIэупщIащ щхьэгъусэр. - Сыт ущIэмысабырыр?
Мард жэуап итащ:
- Мэзым хъушэм сащыхэтым, щIым щIакIуэр згъэтIылъырти, сыщыжейрт щIыIэтыIэу. Мыбдеж хуабэIуэщи сыщыжеифынукъым! Ар къэтэджри, щхьэгъубжэм бгъэдыхьащ. Пащтыхьыпхъур губжьащ.
- УIуэщхъуура хьэмэрэ пщIыхьэпIэ пIуэтэжура? ЗыкъэщIэж! - жиIащ абы.
Мард тIысу тхьэIухудым епсэлъэным и пIэкIэ щхьэгъубжэр иубыдащ, дэлъыну мурад ищIри…
Абдеж ЕхъулIэныгъэр зыкIи сэбэп зэрымыхъуфынур къыщищIэм, шынэри кIиящ:
- Акъыл, Акъыл! Дэнэ ущыIэ? КъакIуи псынщIэу къегъэл мы хъийм икIар!
- Хъунщ, уэ апхуэдизу ущыкъарууншэкIэ сэ къезгъэлынщ ар, - жиIащ Акъылым.
Апхуэдэу Мард и деж Акъылым къигъэзэжащ. Абы занщIэу зыкъищIэжри, щхьэгъубжэм къыбгъэдэкIыжащ, пыгуфIыкIыу тхьэIухудым еплъу.
- Мы жэщым вагъуитI зэIущIэн хуеящ. Щхьэгъубжэм сыщIыдэплъар абыхэм сеплъын папщIэщ. Сэ слъэгъуащ ахэр зы зэрыхъуар. Дэри апхуэдэу псэгъу дызэхурырехъу, - жиIащ абы.
ЕхъулIэныгъэм тыгъэ къыхуищIа гъащIэ гъусэр Мард къыхуэгуфIащ. Апхуэдэу а зэдауэм Акъылыр щытекIуащ. Ауэ сытми жаIэркъым: ехъулIэныгъэр - нэщ, акъылыр - нэ жанщ. ЕхъулIэныгъэм и нэр - акъылырщ.

ЗэкъуэшитI

Пщым къуитI иIэт. Адэр дунейм ехыжа нэужь, ахэр зэгъусэу куэдрэ псэуащ. ИужькIэ я адэм къыщIэна мылъкур зэхуагуэшыжыну мурад ящIащ. ЗэкъуэшитIыр псомкIи зэгурыIуащ, ауэ щхьэлмывэмрэ алэрыбгъумрэ яхуэгуэшыртэкъым. Абдежым щызэдауэ хъуащ. Щхьэлмывэмрэ алэрыбгъумрэ телъыджэт: щхьэлмывэр ижьырабгъумкIэ пIуантIэмэ, стIолым шхыныгъуэ хъугъуэфIыгъуэхэр къытехутэрт, сэмэгурабгъумкIэ пIуантIэмэ, дыщэ къищэщырт. Алэрыбгъум утеувэрэ: «Алэрыбгъу, лъатэ!», - жыпIэмэ, абы хуэмурэ зиIэтырти, дэнэ щIыпIэ ухуейми унигъэсырт.
Зэкъуэшхэр зэдэуэху, абыхэм зы шууей къабгъэдыхьащ.
- Сыт фыщIызэдауэр? - щIэупщIащ ар.
- Щхьэлмывэмрэ алэрыбгъумрэщ дыщIызэдауэр. А тIур тхуэгуэшыркъым, - къатащ зэкъуэшхэм жэуап.
- Сыт щIыфхуэмыгуэшыр? - гъэщIэгъуэн щыхъуащ ар гъуэгурыкIуэм.
- ТIуми алэрыбгъури щхьэлмывэри дигу ирохь: щхьэлмывэр ижьырабгъумкIэ пIуантIэмэ, стIолым шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къытохутэ, сэмэгурабгъумкIэ пIуантIэмэ, дыщэ къощэщ. Алэрыбгъум утеувэрэ: «Алэрыбгъу, лъатэ!», - жыпIэмэ, узыхуей щIыпIэм унегъэс.
- Сэ фызэзгъэкIужынщ, - жиIащ гъуэгурыкIуэм, ауэ зы лъэныкъуэкIэ фыIукIуэт, сэ щхьэлмывэмрэ алэрыбгъумрэ я зэхуакум сытIысынщ.
- Дыарэзыщ! - жаIэщ зэкъуэшхэми, зы лъэныкъуэкIэ IукIуэтащ.
ГъуэгурыкIуэр пIащIэу щхьэлмывэр къиIэтщ, алэрыбгъум тригъэувэри, езыр абы тетIысхьэжащ. И лъакъуэхэр зэтридзэри, щабэу жиIащ: «Лъатэ, алэрыбгъу!».
Хуэмурэ щIым зыкъытриIэтыкIри, алэрыбгъур хьэуам хыхьащ. ЗэкъуэшитIым щаблэлъэтым, щIалэ мыцIыхум къажриIащ:
- Узыншэу фыщыт! Фи алэрыбгъумрэ щхьэлмывэмрэ къыздэсщтэмэ, фыщIызэдэуэн щхьэусыгъуи фиIэжынукъым. Си шымкIэ чэзууэ къэвжыхьыну хуит фызощI - ар зэштегъэу фхуэхъунущ.

 

ЗэзыдзэкIар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ