Балигъхэри сабийхэри щогуфIыкIКъытщIэхъуэ щIэблэр узыншэу къэгъэтэджыным епхауэ ди республикэм IуэхугъуэфI куэд щызэфIах. Лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхум йолIалIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэри. Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хыхьэ Нейтринэ жылэм дэт курыт школым апхуэдэу иджыблагъэ къыщызэIуахащ Iэпкълъэпкъым зезыгъэужь спорт Iэмэпсымэ куэд зыщIэт залышхуэ. ЩIыналъэ администрацэм и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Iуэху дахэм хуабжьу щыгуфIыкIащ жылэм дэс сабийхэри балигъхэри. Нейтринэ дэт курыт школыр сабий мащIэ фIэкIа зэмыкIуалIэхэм ящыщщ: абы еджакIуэ 35-рэ щIэсу аращ. Апхуэдиз дыдэ макIуэ школым епхауэ лажьэ сабий садым. ШколакIуэхэм я физкультурэ урокхэр иджыри къэс щекIуэкIар еджапIэм пэгъунэгъу, а дерсхэм хуэмыщIа гъущапIэ гуэрщ. Иджы сабийхэм яIэщ спортым зыщыхуагъэсэн пэш зэпэщ. Ар яухуэн папщIэ еджапIэм и пэш зыбжанэ зэхагъэхьэжри, зыхуэпапIэ, зытхьэщIыпIэ къыхагъэкIащ, тренажёр зэмылIэужьыгъуэхэмрэ спорт Iэмэпсымэхэмрэ зыщIэт гимнастикэ класс щхьэхуи къызэрагъэпэщащ. «Урысей зэкъуэт» политикэ партым къыхилъхьа «Сабий спорт» проектым ипкъ иткIэ къызэIуаха спорт пэшым федеральнэ мылъкум щыщу сом мин 930-рэ хухахауэ щытащ.
Поделиться:
Читать также:
27.03.2024 - 18:39 →
Гум имыхуж теплъэгъуэхэр
27.03.2024 - 16:58 →
ХьэщIэхэм дыкъыхагъащIэ
27.03.2024 - 16:11 →
Бэждыгъу Аскэр къахожаныкI
26.03.2024 - 13:53 →
Дунейпсо зэхьэзэхуэр я плъапIэу
26.03.2024 - 11:18 →
Каспийск щызохьэзохуэ
|