Зи напэр нэху

Лъэпкъ усыгъэм и гъуазэ

ЩоджэнцIыкIу Алий Iэсхьэд и къуэр къызэралъхурэ илъэси 120-рэ ирокъу

ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и гукъэкIыжхэр

I

Бахъсэн еджапIэм щIэсу, пэщIэдзэ щIэныгъэ зригъэгъуэту щыщIидза зэманым къыщыщIэдзауэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и гум жьы дихуу, гупсэхугъуэр и гурыфIыгъуэу щыпсэуа зэман къыхуихуакъым. Бахъсэн икIыу Темырхъан-Шурэ щыкIуами, Кърымым еджэу щыщыIами, Истамбыл къыщыщыхутами, и гур хьэзабым игъэуфIыцIауэ къэкIуэжу, Баку щыщылэжьами, сымаджэ хъуауэ Къэбэрдейм къэкIуэжу, ди цIыхубэм я щIэныгъэншагъэ кIыфIыгъэр гъэкIуэдыным гукIи псэкIи щIэщIауэ зыщритам щыгъуи, гъащIэщIэм ич лъэбакъуэ хуитхэм иригушхуэу жьгъырууа и усэхэр жану дунейм къыщытехьа етIощIанэ илъэсхэм я пэщIэдзэ зэманым щыгъуи, Алий игу игъэтIылъауэ, бэIутIэIуншэу щыпсэуа къыхуихуакъым.

Бзэ зыбжанэ ищIэу, къуэкIыпIэ усыгъэхэмкIэ и гур жьгъырууауэ, урыс классикхэм щыгъуазэу, зэманыщIэм хуэжана гупсысэкIи узэдауэ и хэку къихьэжат Алий, и гур щIэныгъэм хузэIухауэ, гухагъи имыщIэу, и хэкури и лъэпкъри япэкIэ игъэкIуэтэным гупыж хуищIауэ. АрщхьэкIэ зэуэ натIэкIэ Iуоуэ гугъуехь Iэджэм. Япэ дыдэу Бахъсэн дэт еджапIэм лэжьэн щыщIидзат абы, махуэ къэс километр зыбжанэ икIуу - я унэм икIыу еджапIэм нэсын папщIэ. Апхуэдэу егъэджакIуэу здэлажьэм, лъэпощхьэпоугъэ Iэджэм яIуоуэ, и гъащIэ гъуэгур къыIуащIэу, щIэм хуэнэмыплъу, гурыплъэ пэжкIэ псэукIэщIэм хуэувхэм я лъэр щIаудыным бийхэр хуэдзэлашхэу. И унагъуэшхуэ нэрыбгих хъум лажьэу яхэтыр езым и закъуэти, я фэкIи, я ныбэкIи хуэныкъуэу, зыхуей-зыхуэфIыншэ зэпыту яхьырт. Ауэ, сытуи щрырети, унагъуэ хуэмыщIагъэри, зэман ткIиигъэри, гъащIэм щымымащIэ лъэпощхьэпоугъэхэри и гум дигъахуэу лажьэрт, и усыгъэ гурыхуагъэшхуэм и къару мафIэр зыгъэункIыфIын щымыIэу. Ар лажьэрт, ерыщу, гъащIэ щIэщыгъуагъэр къыхуэгухэхъуэу. Жыджэрыгъэ гукъыдэж лъагэкIэ гъэнщIауэ дунейм къытохьэ гъащIэщIэм, ухуэныгъэщIэхэм, еджапIэ нэхухэм, цIыху зэхущытыкIэщIэхэм яхуитха усэхэр. Псом хуэмыдэу гулъытэ хэха хуещI еджэныгъэм, щIэныгъэр дэни щыпхигъэкIыным. А Iуэхугъуэшхуэм папщIэ Алий жану къегъэсэбэп газетри, радиори, цIыхубэ зэIущIэхэри. ЩIэныгъэм зезыта дэтхэнэ зыри Алий къыхуриджэрт анэдэлъхубзэм и гур етауэ, урысыбзэми егугъун хуейуэ. «Урысыбзэр, - жиIэрт абы, - Арысейм ис лъэпкъ псоми ди анэдэлъхубзэ етIуанэщ. Анэ быдзышэ имыIэжу, нэгъуэщIым и анэшэм ирагъэфа сабийм хуэдэу, анэдэлъхубзэри урысыбзэри тхузэIурылъ анэ быдзышэщ».
ЩIэныгъэ Iуэхум гукIи псэкIи пыщIауэ здэлажьэм, Алий зыкъыдигъахуэурэ, хэкум щызекIуэ IуэхущIафэ Iэджэм щыгъуазэ зыхуищIырт. Ар а зэманым зыщалъагъур еджапIэхэмрэ къулыкъущIапIэхэмрэ я закъуэтэкъым. Колхозхэми, машинно-тракторнэ станцхэми, япэ илъэситху ухуэныгъэщIэхэр зыщаIэт щIыпIэхэми щалъагъу зэпытт. Дэнэ ар щымыIами, вакIуэлIхэр, Iэщыхъуэхэр, ухуакIуэхэр, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэри цIыхугъэ хуэхъуа къудейм къыщымынэу, Iыхьлы хуэхъуами ярейуэ, хуэгущIагъщIэлъу, хэти и Iуэху зытетыр зригъащIэу кIэлъыгъуэзэрейт. Алий псом хуэмыдэу гухэхъуэ зыхихыр гъащIэщIэм IэщIагъэщIэ зрита цIыхухэм я псэукIэмрэ я гуащIэдэкIымрэт.
Зэрыбелджылыщи, дэтхэнэ зы усакIуэми и гущIагъщIэлъу, и гурылъ нэхъыщхьэу гъащIэм къыщилъытэ Iуэхугъуэр и усыгъэ гу лъащIэм щолъагэ. Лъэгэн папщIэ абы зэрызиIэт къарур елъытащ езы усакIуэм и гурыхуагъэ зэфIэкIым, къэхъукъащIэхэм зэреплъыф нэ жаныгъэм. Зым и зэфIэкIыр гъащIэ къэхъукъащIэм е хузэгуэпу, е хуэгуапэну хунэсыф къудейщ. ЕтIуанэм а къэхъукъащIэхэр гурыхуагъэ мафIэкIэ зэщIегъэнэхукI, дахагъэри Iеягъэри, гуреигъэри гурыфIыгъуэри, Iумахуагъэри еруугъэри - плъагъу къудейм къыщымынэу, уи гум ежалIэу, уи лIыгъэр игъэпIейтейуэ, ем ухуэбийуэ, фIым ухуэщхьэпэу, пэжыгъэм урителъхьэу, щхьэхуэфIыгъэм урибийуэ.
А етIуанэ усакIуэм хуэдэт Алий. ГурыщIэ тIуащIэкIэ зыхищIэми ярейт абы гъащIэм и къэхъукъащIэхэр. Уэздыгъэку псыIэу, щыписыкI щыIакъым абы и гурыщIэ мафIэр. АтIэ дакъэжь мафIэ бзийуэ щIэлыдыкIырт, гухэр игъэнэхуу, цIыхугъэгушхуэу, дахагъэ гъатхэу, гухэщIыгъэ бийуэ. ЦIыхур зыгъэлъагэ, зыгъэгуфIэ дэтхэнэ зыри Алий хуэгурыщIэ нэхут, хуэгухэхъуэ хуабэт.
Езы Алий и дуней тетыкIэкIи, и хьэл-щэнкIи, и гъащIэ еплъыкIэкIи, и набдзэгубдзаплъагъэкIи пхуэмыIуэтэщIу щапхъэ лъагэт. Сыт хуэдиз хьэлэлыгъэ, пэжыгъэ лъагэ, гу пцIанагъэ, Iуэху жумартыгъэ дэтлъагъурэт абы. Сэ си щхьэкIэ хабзэкIи, цIыхугъэкIи, нэмыскIи, бэшэчыгъэкIи зы фIыгъэ гуэр здалъагъумэ, зи фIыщIэр Алийщ…
«ЦIыхубэм я бийхэм» папщIэ ди институтым митинг ин щекIуэкIат. Абы къыщаIэта псалъэмакъ гуащIэм сыкъызэщIигъэнауэ усэ гуэр стхат.
Усэм Алий еджэри, заулкIэ щымауэ, къызэупщIащ:
- ФIыуэ угупсысауэ пIэрэ мы усэр птхын папщIэ?
Усэр Алий игу зэрыримыхьар зыхэсщIауэ сощым.
- «ЦIыхубэ бий» зыфIащахэр фIыуэ пцIыхуу пIэрэ, шэч къытумыхьэжыну? - жеIэ аргуэру Алий.
«СоцIыху!.. Дауэ сымыцIыхунрэ, абыхэм ящIауэ зытепсэлъыхьа щIэпхъаджагъэ къомыр зэхэсхауэ?» - жесIэнут, арщхьэкIэ Алий губжьыр къызэрыпкърыуам гу лъыстауэ, си бзэр иубыдат.
ТIури тэлайкIэ дыщымауэ, къопсалъэ Алий аргуэру:
- Дунейм теткъым, Iэдэм, си фIэщ зыщIыфын Борыкъуей ТIутIэ, ШэджыхьэщIэ Пщыкъан, Пщынокъуэ зэкъуэшитIыр, Къуэжей Сосрыкъуэ сымэ цIыхубэм я бийуэ!.. АтIанэми - Къэрэшей Хьэжумар, Къатхъэн Назир, Уэдыхь Аслъэнбэч, АфIэунэ Исмэхьил сымэ дауэ хужытIэ хъуну цIыхубэм я бий… Тхьэ соIуэ, а зэрежьам хуэдэу екIуэкIмэ, зы интеллигенти, зы щIэныгъэлIи димыIэжу дыкъэнэнкIэ шынагъуэмэ…
Алий и псалъэхэм сагъэгузэвауэ, гупсысэ дыджым и мафIэм сызэпхисыкIырт…
Зы махуэ гуэрым хъыбар къызагъащIэ ди къуажэ парт ячейкэри колхозри къызэзыгъэпэща, абы я япэ унафэщIуи щыта, 1928 гъэ лъандэрэ партым хэт, си анэ шыпхъум и къуэ ДыщэкI Хьэбас ягъэтIысауэ. Сыгузавэу абы и хъыбар Алий жызоIэ. Алийрэ Хьэбасрэ я анэ быдзышэ зэIурылъу къэхъуат. Ди къуажэдэсхэм ящыщу а тIурат япэ дыдэ еджэным зезытар.
Насып диIэти, Хьэбас щIэх дыдэ къаутIыпщыж. «ЦIыхубэ бий» зыфIаща къэбэрдей лIыщхьитIым диверсионнэ гуп къызэрагъэпэща хуэдэу ДыщэкI Хьэбас щыхьэт нэпцI ящIыну арати, щахуимыдэм, зэрагъэкъуэншэн ямыгъуэту къаутIыпщыжат. Ауэ ягъэтIыса ди тхакIуитI зэрагъэкъуаншэмкIэ Алий и Iуэхуи зэрахуэу тутнакъэщым щызэхихауэ ДыщэкI Хьэбас къызжиIэжар шэуэ къыстехуауэ, махуэ къэс Алий деж сыкIуэрт. Хьэбас зэрыжиIамкIэ, къызэрысфIэщIар Алий ягъэтIысыныр нобэ-ныжэбэт…
ЩIэпхъаджагъэмкIэ щыхьэт нэпцI яхуэмыхъуа ДыщэкIым хузэгуэпу къыщIэкIынти, Алий жиIауэ, ем Iуэху укъищIмэ, ерум укъелъыхъуэ, жыхуаIэрати, щхьэусыгъуэ къыхуагъуэтщ, етIуанэу ягъэтIысри, судыншэу яукIащ. Абы и хъыбар Алий щезгъащIэм, и жагъуэ хъуауэ жиIащ:
- ЗэрыжыпIэмкIэ, тхьэмыщкIэр къуэш зэрыукIым ихьат…
… Къалмыкъ БетIал уэрэд хуаусыну конкурс кърахьэжьащ. ЗикI, зытIэкIукIэ усэ зыуцIырхъ псори хэтат а конкурсым, ЩоджэнцIыкIу Алий нэмыщI. Борыкъуей ТIутIэ и усэр нэхъыфIу къалъытэри, конкурсыр зэфIэкIауэ, зыкъоми дэкIыжауэ, жьы дыдэу, пщэдджыжьым, лIы гуэр къыдэджэу жаIэри КIуащ БетIалрэ сэрэ дыкъыщIокI. Къытпэплъэр Алийт. Ар зэрымыжеяри гупсысэшхуэм зэрихьри белджылыуэ, фагъуэ дыдэт, и нэщIащитIри щIэуфIыцIыкIат. КъызэрыщIэкIымкIэ, БетIал хуагъэIуа конкурсхэм Алий щIыхэмытам и щхьэусыгъуэр езым жригъэIэжыну обкомым и секретарь Звонцовым ириджат.
«Ди лIыщхьэ Къалмыкъ БетIал хуэфэщэн усэ зэрызмытхыфарщ», - жиIат Алий.
- Хэти ещIэ уи усыгъэ гурыхуагъэм и зэфIэкIыр, Алий Асхадович. ПцIы умыупс… Къалмыкъ БетIал и закъуэкъым уэ бгъэикIэр. АтIэ, абы псэемыблэжу гуащIэрыпсэухэм къахуизэууэ игъэбыда советскэ стройр уогъэикIэ, биигъэ хэлъу. ЗэхэпщIыкIа?.. Нэхъри зэхэпщIыкIын папщIэ, мыри щIызогъу: пхуэдгъэфащэу тхакIуэ организацэм и унафэщI къулыкъу уэттам ипкъ иткIэ, Совет Ищхьэм ухахын хуейщ депутату, арщхьэкIэ ухахакъым. Ар зи щыхьэтыр цIыхубэм я дзыхь къуамыгъэзауэ аращ. Уэри зэрыпщIэщи, цIыхубэм я дзыхь зыхуамыгъэфащэр гъащIэми щыхамэщ, Алий Асхадович!..»
- Сытыр Iэмал атIэ иджы, Алий? - жысIат сыгузавэу. Алий зэрысабырт. Сэ сыгупсысэрт, сыпIейтеищауэ: «Пэжу пIэрэ атIэ цIыхубэм я дзыхь Алий кърамыгъэзар?»
- Ар пэж, Алий? - сыхокIиикI.
- Сытыр?
- Я дзыхь къуамыгъэзар?
- Дэнэ къикIауэ! ЖебгъэIэркъэ. Ауи сагъэлъэгъуххакъым.
А псалъэхэм КIуащми сэри ди гур фIы ирихъужат.

II

Пединститутыр къэзухауэ Къызбрун Ещанэ къуажэм дэт курыт еджапIэм сридиректорт.
1941 гъэм августым и 28-м хъыбар къызагъащIэ, Алий военкоматыр къеджауэ. Махуэ псом дыщыIат военкоматым. АрщхьэкIэ сентябрым и 3-р пIалъэ къыхуащIри къаутIыпщыжат Алий.
Налшык дэкIри зауэм кIуащ Алий, зэрыжаIам тету, октябрым и 3-м.
Сэри, «бронь» къызата пэтми, гукъыдэмыжу, гуащIэмащIэ дыдэу Алий зауэм кIуа нэужь, си щIалэгъуэу, си къару изыгъуэу, хэкур зыхъумэу зэуапIэм Iутхэм сапэIэщIэныр си напэм къезмыгъэзэгъыу сыкIуащ зауэм…
ТекIуэныгъэр къэзыхьахэм яхэту къэзгъэзэжащ илъэсиплIкIэ зауэм сыхэтауэ…
Зы махуэ гуэрым ди пщIантIэм ныдохьэ машинэ цIыкIу. ПIалъэ къыхэмыкIыу обкомым сешэ.
Обкомым и секретарь Накуэ М. Къ. къызжеIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым сыщылэжьэну сагъакIуэу. Ар щыхуэзмыдэм, япэ секретарь Мазин Н. П. деж сешэ. Си жэуапыр Мазиным щыжриIэм:
- Уэ пщIэркъэ, Михаил Каирбекович, абы и къуэшыр зэрыпредателыр?
- Сыт и къуэш?
- ЩоджэнцIыкIу Алий.
Iуэхур зытетыр тэмэму къысхуэмыщIауэ, обкомым сыкъыщIокIыжри, ТхакIуэхэм я союзым сокIуэ. Абы и унафэщI Теунэ Хьэчим жызоIэ Алий теухуауэ зэхэсхар. Хьэчим быдэу жеIэ ар пцIыуэ, Алий епцIыжакIуэу къыщIэкIынкIэ Iэмал имыIэу.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм обкомым пропагандэмкIэ и къудамэм и унафэщI Джырандокъуэ Умар деж сокIуэ. Абы и жагъуэ хъуауэ къызжеIэ, ЩоджэнцIыкIу Алий Германием щалъэгъуауэ зыIуатэ щыIэу, Алий и тхылъхэр библиотекэхэм щIахын хуейуэ унафэ ящIауэ, еджапIэхэм щрамыгъэджыну.
Лъэныкъуэ куэдкIэ и ужь дихьат Теунэмрэ сэрэ, Алий и Iуэхум и пэжыпIэр къэтщIэну, ауэ псалъэмакъ фIэкIа, щыхьэт наIуэ хъун дгъуэтыртэкъым.
Зы махуэ гуэрым Налшык бэзэрым сытету лIы гуэр къысхуозэ, Бобруйск лагерым Алий щIыгъуу исауэ. Абы къеIуэтэж, я эшелоныр Полтавэ нэсауэ, нэмыцэхэм десант кърадзыхри, Iэщи фащи кърамытауэ яубыдауэ. Полтавэ и Iэшэлъашэм къыщыщIэдзауэ Конотоп, Гомель, Бобруйск къалэхэм нэсу якIуа гъуэгу хьэлъэм Алий сымаджэу, яхь-яшэу лагерым зэрынагъэсар.
- Алий кIуэдыкIейуэ икIуэдащ Бобруйск лагерым, гуащIэмащIэт. Абы щхьэкIэ къэмынэу мывэкъутэм тщIыгъуу ныщымыкIуэ щIагъуэ щыIэтэкъым. Ар абы къызэрехьэлъэкIыр IуэтэщIыгъуейт, итIани дигъэгушхуэн папщIэ накIуэрт. ДызэрыIыгъыу дызэкъуэтыным дыкъыхуриджэрт. Зэтэкъым зэрыжиIэр: «Зи лажьэр кIуэду зыIуэтэжынхэ, адыгэ напэр фымыгъэулъий, зывмыгъэдзыхэу ди нэмысыр фхъумэ!»
Алий и жыIэр пхагъэкIыу, абы сыткIи дэIэпыкъуу, я нэIэ трагъэту тщIыгъуащ фи къуажэм щыщу зэкъуэшитI ДыщэкIхэ Къэралбийрэ ФуIэдрэ.
Мывэр махуэ псом ткъутауэ, дешауэ, дымэжалIэу дыкъэкIуэжат лагерым. Дэ тщыщ гуэрым нэмыцэ офицерым и шырыкъур илъэщIу дыкърихьэлIэжащ. Алий абы бгъэдыхьэри жриIащ: «А уанэ мыгъуэ тезылъхьэн, мыбы фIэкIа блэжьын сыту умыгъуэтарэ?!»
«IукI, IукI аддэ! ТекIуэт, ЩоджэнцIыкIу и къуэ!» - щыжиIэм, Алий зигъазэри еуащ, и нэкIур щIихулыкIыу. Нэмыцэр къеIунщIри, Алийр къыхыфIидзащ. Депхъуэри къэтIэтыжа къудейуэ, Алий зытIэщIихри, фашист офицерым еубжьытхащ. А тэлайм япхъуатэри Алий хьэпсым ирадзащ.
Алий иужькIэ махуитI дэкIауэ, лIышхуэ зэпэщ гуэр къытхыхьащ, ТаукIэш и унэцIэу. Абы дыкъыхуриджащ Кавказ щхьэхуитщIыжакIуэ гупым дыхыхьэну. УсакIуэ, тхакIуэ къытхэтми щIэупщIащ. Тхьэм ещIэ абы жезыIар - Алий и хъыбар зэхихати, ТаукIэшым и псалъэкIэ Алий хьэпсым кърашыж.
Алий хэгъэзыхьауэ епсэлъат Кавказ щхьэхуитщIыжакIуэ гупым папщIэ газет къыдигъэкIыну. АрщхьэкIэ, лъэ зригъанэри, Алий идакъым.
«Уегупсысыну хуит удощI, зыщумыгъауэу егупсыс», - жаIэри къаутIыпщыжат Алий.
Дэри жетIат Алий лэжьэнымкIэ арэзы хъуну. Хэт ищIэрэ, и Iуэху нэхъыфI хъункIи хъунщ…
- Хьэуэ, хьэуэ, - жиIат Алий, - сыт жыфIэр?! Ар хъункIэ Iэмал зимыIэщ! ИтIанэ, а гуп къызэрагъэпэщми зы цIыху фыхэмыхьэ. Фашистхэм я мурадыр ди цIыхухэм драгъэзэуэжыну аращ. Фи фIэщ фщIы фашистхэм я лъэр щымыувынкIэ ди щIылъэм! «ЗэрыфIагъэжыну сэр джэдым къеулъэпхъэщ», жыхуаIэм ещхьу Гитлер зыхэкIуэдэжыну зауаер къиулъэпхъэщауэ аращ.
Ардыдэр къыджиIат Алий щIыгъуу дызыгъэгушхуэ, Ставрополь щыщ лIыфI гуэрым.
Ди псалъэмакъым щIэдэIуа гуэрым бзэгу ихьауэ къыщIэкIынти, гъэрхэр зырызыххэу дыщIашурэ фашистхэр къыдэупщIырт дыхагъэзыхьу, ЩоджэнцIыкIумрэ урысылIымрэ ирагъэкIуэкI агитацэр зищIысым щIэупщIэу. Ауэ фашистхэр зыхуей жэуапыр зы цIыхуми тщамыгъуэтауэ, къыкIэлъыкIуэ махуэм ТаукIэшым ириджащ Алий. Яхуэлэжьэну ауи жыжьэу щызыхимыгъэзагъэм, аргуэру яшэри ирадзащ хьэпсым. Зыбжанэрэ дыщIэупщIащ Алий и Iуэху зытетым. АрщхьэкIэ къытхуэщIэ щымыIэу, махуищ дэкIащ.
Зы пщэдджыжь гуэрым ди гъунэгъу бэракъым узбекхэр щIэмысыжу нэху къекIат.
Зи гугъу пхуэсщIа фи къуажэгъу ДыщэкI ФуIэд имыщIэххэу узбекхэм я бэракъым къыщелъагъу Алий и хьэдэр - зэфIэгъэпкIауэ, и куэ лыпцIэри имылъыжу. Арати, Алий и хьэдэр зэдогъэзэхуэжри, ДыщэкI Къэралбий и цейм кIуэцIыдошыхь. ТаукIэшым долъэIури, махуэ къэс хьэдэхэр лагерым зэрыдаш гумкIэ Алий и хьэдэр дыдошри, хьэдэхэр зракIутэ хабзэ мащэм иредмыгъадзэу, абы и бгъум щыщIыдолъхьэ.
Аращ Алий и кIуэдыкIам и пэжыпIэр.
Си унэцIэр ДыщэкIщ, си цIэр Хьэжсуфщ. Сыкъыщалъхуар Шэджэм Езанэрщ. Балъкъ аузым сыщопсэу. Сэ жысIам щыхьэт къытехъуэфынущ ДыщэкIхэ Къэралбийрэ ФуIэдрэ, Щхьэлыкъуэ щыщ Жэрыщты Мартин, Сэрмакъ щыщ Куэцэ Мухьэмэд.
Хьэжсуф къиIуэтэжам къызэрыщхьэщыкI щымыIэу, Алий и кIуэдыкIар къыджаIэжащ ДыщэкI зэкъуэшитIми Жэрыщтыми. Стхыжауэ щыIэщ ахэри.
Теунэ Хьэчим итхыжауэ щытащ Алий и кIуэдыкIар зи нэгу щIэкIахэм къаIуэтэжар.
КъищынэмыщIауэ, обкомым я лIыкIуэ гуп ягъэкIуауэ щытащ Бобруйск. Абы къахьа хъыбарри Алий и кIуэдыкIар зи нэгу щIэкIахэм жаIэжари зы ящIри, ЩоджэнцIыкIу Алий къытралъхьа пцIыр трахыжауэ щытащ.
Тэтэрым я усакIуэшхуэ Джалиль Муса хуэдэу, ЩоджэнцIыкIу Алий «Маобитскэ тетрадь» къыщIэнакъым. Шэч къытетхьэркъым абы апхуэдэ гуэри итхыфыну зэрыщытам. Ауэ хущIыхьэгъуэ иIакъым Алий, Джалилым хуэдэу. Ар Бобруйск лагерым зэрисар зы мазэ иримыкъущ. Ари сымаджэ зэпыту ихьащ. ИтIани зи нэгу щIэкIахэм зэрыжаIэжымкIэ, гухауэ и щхьэр фашистхэм щахуигъэщхъа махуэ лагерым къыщыхуихуакъым. И хэкумрэ цIыхубэмрэ яхуиIэ лъагъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ щытекIа щыIакъым. И напэр нэхуу, и гушхуагъэр лъагэу, лагерым ис гъэрхэри зэщIиIэтэу, и щхьэр Iэтауэ гъащIэр итащ, хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ я щапхъэ нэхуу цIыхухэм яхущыту. Дунейр къыщинами, Алий нобэ уахътыншэщ - цIыхугухэм щопсэу.
1970 гъэ.

Поделиться: