Алий и псалъэ

ШИМКО Леонид

ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъу

Сыт къэхъуар? Сытелъщ
 пхъэбгъу гъурым.
Си фIэщ хъуркъым -
мыр сэра?
Iутщ щхьэгъубжэм,
халат хужьу,
Пхъэхуейр, ещхьу
медсестрам.

Уэс унащхьэм къехуэхами,
ХуэмыгъэткIу си
нэкIум ар.
Мы си Iэщхьэм, гъэгъа
 плъыжьу,
Хэтхэр хэт хэзыдыкIар?..

Пщэдджыжьт, сощIэж. Нэщхъейуэ
Ди гъэрыIуэр, кхъэуэ,
щымт.
Сраджат комендатурэм,
Офицерыр зыхуейр зыт:

«ЩхьэпылъапIэр
 къыумылъыхъуэм,
Дэ жыIэщIэ утхуэхъунщ!
УусакIуэщ -
къытхуэлажьэ,
Армырам - уунэхъунщ!

Ди дзэ лъэщым теухуауэ
Усэ птхыну уи къалэнщ.
Уэ уи гъащIэм ухуеижмэ,
Зэлъытар уэ уи къалэмщ!»

ЖаIэр итми си тхьэкIумэм,
Си гур жыжьэ
сфIэпхъэрат,
Къэбэрдейм ар нэсыжауэ,
Къызэплъыжу къэуват.

«Сыт, къызжиIэрт, уи
мурадыр?
ПщIэнум поплъэ уи
Бахъсэн…
Уэ плъэкIыну, Хэку
уепцIыжу,
Лъыиф Iуэху ухуэусэн?!»

КъысфIэщIат абдеж
АдэщIым
И Iэр сэ къысхуишия.
«Умыдзыхэ уэ, си щIалэ,
ЗыIыгъ быдэу!» -
къызжиIа.

ФIыщэу слъагъурт
пщэдджыжькIэ,
СыщIэдэIуу ди Бахъсэн,
НасыпыфIэу псэу ди
лъэпкъым
Теухуауэ сыусэн!

Бахъсэн уэрым и даущым
КъысхуиIуатэрт сэ Iуэху
 куэд…
Зауэ-банэм,
тхьэмыщкIагъэм
КъытхуагъакIуэрт
 лъэпкъым кIуэд.

Бий къыхуэлъэт дэ
ди щIыпIэм,
ЛIыгъэ тхэлъри
дгъэнэIуат.
«АдыгэлIыр Iэщэ щIыгъуу
Къалъхур», - жаIэу
ягъэIуат.

ХамэщI бийхэр
щIэдгъэIами,
Ди псэукIэм зимыхъуэжт:
ГъэпщылIакIуэм
«шыныбэпхыр»
Нэхъ быдэххэу
щIакъузэжт.

Ауэ къохъу нэгъуэщI
лъэхъэнэ.
Бгы гуэуауэ, бэм заIэт.
ГъэпщылIакIуэр щIым
 щIихуэну
Къаруушхуэ дэ догъуэт.

ЩIым игъащIэм
щымыIауэ,
ПсэукIэщIэр догъэув.
Зэш хъуа лъэпкъхэм,
 зэдэлажьэу,
Зэдагъэшыр куэд IуэхуфI.

Берычэтым къигъэзэжри,
Лъэпкъыр хъуащ
иджы къулей.
Ди цIыхубзхэр
щIэрэщIэжу,
Хуиту псэууэ, тетщ
дунейм.

Мис а псоми сагъэгуфIэу,
Си пшыналъэм
зихъуэжащ
Къэгъэзэж имыIэу, гуIэр
Сэ си усэм щIилъхьэжащ.

КъысфIащащ сэ
«бэ усакIуэ».
А цIэ уардэр згъэпэжынщ.
ГъащIэр IэфIми, бийм
и телъхьэу
Сэ зы псалъэ спамыхын!..

«ПщIэрэ, - жеIэ
офицерым, -
Фэ Советхэм фатхьэлащ!
Уэ зэхэпхрэ? Е ужейрэ?!
Упсэлъэну игъуэ хъуащ!»

МэпIэжьажьэ си IупитIыр:
«Сыту лей
сэ къысщыщIар!
Схъумэжыну си Хэку
хуитыр
СхузэфIэкIкъым - гъэр
сащIащ…

Сэ сахэту ди зауэлIхэм,
Iэщэ сIыгъыу сыфхуэзам,
АдыгэлIым хэлъ
хахуагъэр
Фэ флъагъунт, удын фэздзам!

Схуэфхъумэнущ
гъащIэр… Хьэуэ!
ЕпцIыжакIуэр
хуэдэщ лIам!
Сывдэлажьэу, усэ
фхуэстхыу
Фыхуеят къывэхъулIам?!

Си къалэмыр пхэнжу
щытхэ,
Фэ зэвгъащIэ,
къэмыхъуа!
Шынэм напэр щызигъащэ
Зэи бийм имылъэгъуа!»

«ЩIэфш!» - мэкIийри
 офицерыр,
Лагерь пщIантIэм
сыдадзэж.
Къару лъэпкъи симыIэжу,
Сымэджэным щIызодзэж.

Шырыкъу лъапэу
сытми мащIэ
Си Iэпкълъэпкъым
къытехуар?!
Удын къэскIэ
сыхигъащIэу,
СщIэркъым сэ
 къэспсэужар.

Ауэ, си псэр пытыхункIэ,
Си Кавказ, уэ
усщIыгъуащ.
ЩызэтеспIэми си нитIыр,
Уэрщ, уи цIыхухэрщ
сэ слъэгъуар.

Сыт фашистхэм
ямыщIами,
ЯхуэщIакъым си псэр
 гъэр.
Фыузыншэу, си Хэку дахэ,
Си лъэпкъ уардэ!
ГъащIэр - фэрщ!

 

ЗэзыдзэкIар КЪАГЪЫРМЭС Борисщ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ