Къэзахъстаным и щыхьэр Нур-СулътIан къалэм (ипэкIэ Акмолинск) километр 40-кIэ фIэкIа пэмыжыжьэу «АЛЖИР» фIэщыгъэр зиIэ музей къыщызэIуахащ. Африкэм щыIэ Алжир къэралым и цIэм зи къэпсэлъыкIэкIэ техуэ а музейр зыкIи епхакъым абы - «АЛЖИР»-т зэреджэр Хэкум епцIыжахэм я щхьэгъусэхэр щаIыгъ лъэхъуэщу Акмолэ къуажэм пэгъунэгъуу щаухуам (Акмолинский лагерь жен изменников Родины). ЗэпцIыжауэ жыхуаIэ а Хэку-анэм бзылъхугъэ минхэр, я ныбжьми, къызыхэкIа лъэпкъми, я IэщIагъэми емылъытауэ, я Iуэхури зэхамыгъэкIыу лъэхъуэщым иридзащ, илъэси 5-м къыщыщIэдзауэ 10-м нэс тралъхьэри. А тутнакъэщым исахэм ящыщщ ди лъахэгъу адыгэ бзылъхугъэ - Шэрджэс (Пщыбий) Хутэ Хъанджэрий и пхъур.
- Зы адэ-анэм дыкъызэдалъхуауэ зэкъуэшиплIрэ зэшыпхъуитIрэ дыхъурт дэ, - жеIэ иджыблагъэ ди редакцэм къыщIыхьа нэхъыжьыфI Пщыбий СулътIан Хъанджэрий и къуэм. - Си шыпхъум и гъащIэм хэта илъэс гугъусыгъухэр сигу къигъэкIыжащ «Газета Юга»-м щыслъэгъуа спискэм, «АЛЖИР»-м и гъэру щыта ди лъахэгъу бзылъхугъэхэм я цIэ-унэцIэхэр зэрытым. Спискэм 29-нэу къыщыгъэлъэгъуар ди шыпхъу нэхъыжь Хутэщ…
СулътIан зэрыжиIэжымкIэ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, властыщIэм и хабзэхэри гурэ псэкIэ къэзыщтауэ Нартан (япэм Къылышбийхьэблэ) щыпсэухэм ящыщт Пщыбий Хъанджэрий и унагъуэр. Политикэ залымыгъэхэм я лъэхъэнэ хьэлъэм и къэхъукъащIэхэр къалъэIэсауэ щытащ пэжыр зи гъуазэу псэу унагъуэми. «Хэкум и бий», «епцIыжакIуэ» зыфIащу 1937 гъэм зэуэзэпсэу дашахэм яхэтащ Хъанджэрий и бын нэхъыжьхэу Хьэжысмелрэ Хутэрэ. Хьэжысмел Сыбырым илъэси 10-кIэ щыIащ, бэлыхь куэди игъэващ. Хуит къэхъужа нэужь, къэкIуэжри и хэкум исыжащ.
Пщыбийхэ я хъыджэбз пажэ Хутэ и Iуэхур нэгъуэщIу къекIуэкIащ. 1909 гъэм къалъхуащ ар. Пщащэ гуапэу, зэкIужу, хьэл-щэн дахэ хэлъу къэхъуа Хутэ IэпэIэсэт, IэпщIэлъапщIэт. Дэным, бзэным, хэдыкIыным хуэIэкIуэлъакIуэти, и нэр зытеплъам щапхъэ трихырти идырт, Iэ еIусауэ умыщIэну. Хутэ пщэфIэнкIи Iэзэт. КъинэмыщIауэ, Хутэ пшынауэ Iэзэти, Къылышбийхьэблэ зы гуфIэгъуэ зэхыхьи щемыкIуэкIми ярейт, пшынэ Iэпэхэр зыгъэбзэрабзэ хъыджэбз дахэр ирамыгъэблагъэу.
БалигъыпIэ иувэри, Хутэ унагъуэ ихьащ. Абы щхьэгъусэ хуэхъуащ Налшык дэс, лъэпкъкIэ Аушыджэр щыщ адыгэ щIалэ Шэрджэс Хьэжысмел ПIатIэ и къуэр. Зэщхьэгъусэхэр псэурт, гъащIэр я щIэщыгъуэу, къэкIуэнум гугъэ IэфIхэмрэ хъуэпсапIэ нэхухэмрэ ирапхыу. Хутэ лъэпкъ фащэхэр щаду Налшык дэта дэрбзэр фабрикэм щылажьэрт. Хьэжысмел «Социалистическая Кабардино-Балкария» газетым зэдзэкIакIуэу щыIэт. Политикэ террорхэм я лъэхъэнэм и гуащIэгъуэу, 1937 гъэр къихьа къудейуэ, Хьэжысмел ягъэтIысащ, «властым и бий» фIащри. Абы къуаншагъэу къыхуагъэуват редакцэм контрреволюцэ лэжьыгъэ жыджэру щригъэкIуэкIыу, властым и политикэм пэщIэувэ тхыгъэхэр газетым трыригъадзэу. А илъэс дыдэм и бадзэуэгъуэм и 26-м Хьэжысмел и судыр укIкIэ ящIащ. Лажьэ зимыIэу гъащIэм пагъэкIа совет цIыху минхэм ящыщ хъуащ коммунист Шэрджэсыр. СССР-м и Суд Нэхъыщхьэм и Дзэ коллегием и унафэкIэ Хьэжысмел хей ящIыжащ 1957 гъэм и фокIадэм и 9-м.
Зи щхьэгъусэр япхъуатэу даша Хутэ гугъэ нэпцIхэр и псэм щигъафIэрт, Iуэхур зэхэкIыу Хьэжысмел къаутIыпщыжын и гугъэу. АрщхьэкIэ абы къыпэплъэр нэгъуэщIт. Хьэжысмел яукIа нэужь, куэд дэмыкIыу, 1937 гъэм и фокIадэм и 1-м, Хути ягъэтIысащ икIи СССР-м и ГъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм «Хэкум епцIыжахэм я унагъуэхэм щIэсхэм ятеухуауэ» (ЧСИР) къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, апхуэдэуи СССР-м и НКВД-м и Зэхуэс хэхам къыщащта унафэр и лъабжьэу, Хутэ 1937 гъэм и дыгъэгъазэм Акмолэ лагерым яшащ, илъэс ныкъуэкIэ тутнакъэщым щаIыгъа нэужь.
Илъэси 5 зытралъхьа бзылъхугъэ цIыкIур апхуэдэу къыщыхутащ Къэзахъстан жыжьэм щыIэ «АЛЖИР»-м. Тутнакъэщым щызекIуэ хабзэхэр апхуэдизу ткIийти, абы исхэм пыщIэныгъэ лъэпкъ хуаIэну хуиттэкъым я благъэхэм, Iыхьлыхэм, бынхэм. Илъэси 5 нэхърэ нэхъыбэ зи ныбжь бын зиIэ бзылъхугъэхэм ахэр къыкIэрачат икIи сабий колониехэм ягъэкIуат. Нэхъ цIыкIуIуэхэр я анэхэм ящIыгъути, ахэр якIэрыщIауэ лажьэрт.
- Хутэрэ Хьэжысмелрэ сабий зэдагъуэтыну хунэсатэкъыми, абыкIи и Iуэхур нэхъ тыншт лагерым щыщыIэм, - и шыпхъум и гугъу ещIыж СулътIан. - Ауэ, дауэ хъуми, цIыхум и фэм дэмыхуэным хуэдиз хьэзабрэ бэлыхьрэ ирагъэшэчащ си анэ къилъхуа тхьэмыщкIэм. И хъыбар лъэпкъ дымыщIэу, лIами псэуми дыщымыгъуазэу сыт хуэдиз зэман етхьэкIа унагъуэм?..
СССР-м и НКВД-м ЛъэхъуэщхэмкIэ и къэрал управленэм (ГУЛАГ) и унафэм щIэтащ гектар 30 зыубыд а лагерыр. ИужькIэ, 1939 гъэм и дыгъэгъазэм, Караганда щыIэ лъэхъуэщым и къудамэхэм ящыщ зы хъуащ. Губгъуэм щылажьэу арат лагерым щыIэхэм я нэхъыбапIэр. Нэхъ иужьыIуэкIэ абы дэрбзэр фабрикэ къыщызэIуахат, ис бзылъхугъэхэм я жэрдэмыр унафэщIхэм даIыгъри. Хэку зауэшхуэм щIидза нэужь, фабрикэм жэщ-махуэ ямыIэу щадащ ди совет зауэлIхэм папщIэ щыгъынхэр. Уэздыгъэнэфым идз нэхум фIэкIа щымыIэу, сыхьэт 14 - 16-м щIигъукIэ лажьэрт бзылъхугъэхэр, щхьэхуимыту, пщIэншэу. А фабрикэм щылэжьахэм ящыщащ Шэрджэс (Пщыбий) Хути. Апхуэдэ гуащIэдэкI хьэлъэкIэ абыхэм «япшыныжырт» Хэкум и пащхьэм къыщахьауэ жыхуаIэ къуаншагъэр, губгъэн иныр. Хутэ Iэджэрэ игу къэкIырт и адэ-анэр, и анэкъилъхухэр. Я хъыбар лъэпкъ имыщIэури илъэсхэр кIуащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ къащта унафэм ипкъ иткIэ, бзылъхугъэхэм письмоитI илъэсым хуэзэу ятх хъуну хуит ящIащ, арщхьэкIэ а щIыпIэ жыжьэм къикIыу тхыгъэр уи хэкум нэсыху, ар яIэрыхьэрэ къатхыжыху, зэманышхуэ кIуэрт. Нэхъыбэм я тхыгъэри жэуапыншэ хъурт. Хутэ иужькIэ жиIэжу зэрыщытамкIэ, я унагъуэхэм къикI письмохэр къызыIэрыхьэж закъуэтIакъуэхэм ахэр блыным фIадзэрти зы фIыгъуэ лъапIэ гуэрым хуэдэу зэрахьэрт, псалъэу абы итыр езыхэми баракым щIэс адрейхэми гукIэ ящIэу.
Илъэси 5 фIэкIа трамылъхьами, Хутэ илъэси 10-кIэ щыIащ Къэзахъстан жыжьэм и тутнакъэщым. Ар къыщыкIуэжа махуэр куэдрэ я нэгу щIэтащ Пщыбийхэ. Хутэ и адэ-анэми абы нэхърэ нэхъ гуфIэгъуэ я гъащIэм щамылъэгъуами ярейт.
- Хэку зауэшхуэр ди ТекIуэныгъэ инымкIэ зэриухрэ илъэситIи дэкIыжат абы щыгъуэ, - игу къегъэкIыж СулътIан. - Хутэ дахэр и фэм итыжтэкъым, апхуэдизу Iей хъуати, и узыншагъэми сэкъатышхуэ иIэт. Ауэ а псори Iуэхутэкъым, ар псэууэ унагъуэм къызэрихьэжар къэплъытэмэ…
Мамыр гъащIэм хуэмурэ хэзэгъэжащ Хутэ. Абы хуэдэхэр щэрэ минрэт ди къэралышхуэм. Зэман дэкIри, фIыуэ илъагъу и дэрбзэр IэщIагъэм пэрыхьэжащ ар, нэхъ иужькIэ унагъуи зэригъэпэщыжащ. Ар щхьэгъусэ хуэхъуащ Старэ Шэрэдж щыщ Мырзэкъан Лэкъумэн. Зэщхьэгъусэхэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдэпсэуащ илъэс куэдкIэ, ауэ бын къащIэхъуакъым. 1987 гъэм Лэкъумэн дунейм ехыжащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Хути абы кIэлъыкIуэжащ. И шыпхъур адэжь лъапсэм къишэжри, къуажэкхъэм щыщIилъхьэжащ СулътIан.
Хутэрэ Хьэжысмелрэ я гъащIэхэм хуэдэ куэд IэщIэкIуэдащ а лъэхъэнэ бзаджэм. ЦIыхубэм ягури ялри ноби щIоуз политикэ лей зытехьа ди цIыху минхэм. Ди къэралым и тхыдэм хэт напэкIуэцI хьэлъэхэм ящыщщ ар. «АЛЖИР»-м а зэманым щыкIуэдахэм, абы и гугъуехьхэм пхыкIахэм къащIэхъуахэм, я унагъуэхэм къахэкIащ къэралым и цIэр зыIэта цIыху цIэрыIуэхэр, хэкупсэхэр. ЦIыхум щалъхуа щIыналъэм хуиIэ лъагъуныгъэр апхуэдизу лъэщщи, аращ ар псом япэ щIищыфыр.
«АЛЖИР»-м щыIахэм Акмолэ жылэм пэмыжыжьэу илъэс зыбжанэ ипэкIэ щыхуагъэуващ фэеплъ ин, музеи къыщызэIуахащ. Политикэ лей зытехьа псоми я псэхэм яхуэщхьэпэн ухъу ар. Къэралым и цIыхур щиукIыж афIэкIа зэи къремыхъу.