Нэгъабэ «Кабардино-Балкарская правда» газетым къытехуащ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм теухуауэ Битиров Эдуард и тхыгъэ. Ар, дауи, куэдым ягу дыхьащ. Иджы абы къыподжэж КъБР-м и Парламентым и депутат, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Щхьэгъэпсо Сэфарбий.
- ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм теухуауэ щытхъу тхыгъэ хэIэтыкIахэр щатхыу щытар XX лIэщIыгъуэм и 30 - 80 гъэхэращ. Мы паркыр Урысейм и нэхъ къулей дыдэхэм хабжэу къекIуэкIащ зэгуэрым. КъэкIыгъэхэм фIыуэ хэзыщIыкI Кос Ю. 1951 гъэм итхащ: «Ди щIыналъэм къыщыкI жыг, гъуей лъэпкъ 55-м къищынэмыщIауэ, мы хадэм ущрохьэлIэ Америкэ Ищхъэрэм къикIа жыг лъэпкъ 25-рэ, Европэ Курытымрэ Ипщэмрэ щыщ жыг лъэпкъ 17, Японием, Китайм, Кореем къраха жыг лIэужьыгъуэ 15, Азие Курытымрэ Азие ЦIыкIумрэ щыкI жыг лIэужьыгъуэ 17. Языныкъуэхэр щIыпIэ куэдым къыщыкIыркъым. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, жыгейр, магнолиер, гингко, платан, нэгъуэщIхэри. Абы и закъуэкъым, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ущрохьэлIэ хуиту мэзхэм къыщымыкIыж, кIуэдыжыгъуэ ихуауэ жыхуаIэ къуацэ лIэужьыгъуэ 28-м. Дызытепсэлъыхь къэкIыгъэхэмрэ жыгхэмрэ Долинск щызэрехьэ, кIэлъоплъ жыггъэкI зэчиифIэ Ковтуненкэ Иван».
ХьэтIохъущокъуэм и хадэм жыг лIэужьыгъуи 156 - 160-рэ итщ щыжаIэкIэ, ар фIэщщIыгъуейщ. 1979 гъэм Къущхьэ А., Ругузов И. сымэ къыдагъэкIащ «Налшык паркым и жыгхэмрэ гъуейхэмрэ» тхылъыр. Абы зэритымкIэ, Налшык паркым жыг лIэужьыгъуэ 69-рэ ущрохьэлIэ. Иужьрей илъэсхэм ХьэтIохъущокъуэм и хадэм жыг мини 8 щыхасащ. Ауэ абы къикIыркъым лIэужьыгъуэхэм я бжыгъэм хэхъуауэ. КъищынэмыщIауэ, апхуэдиз жыгым и нэхъыбапIэр хэкIакъым, я процент 80-р хэгъухьыжащ зыри кIэлъымыплъурэ. 115-нэ шуудзэм я фэеплъ лъэс лъагъуэм щыхаса жыг цIыкIухэр къэтхьынщ щапхъэу.
Паркым ис къуалэбзухэм теухуауэ… 1960 гъэхэм къуалэбзу лIэужьыгъуи 159-рэ диIащ, иджыпсту абыхэм я бжыгъэр 49-м нэс къехащ.
НэхъапэIуэкIэ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ущрихьэлIэрт жыглыц лIэужьыгъуэ 97-рэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ абыхэм я бжыгъэр мащIэ дыдэщ, IэпэкIэ къыпхуэбжынущ уеблэмэ. Iэгъэбэгу лIэужьыгъуэ 89-рэ итщ паркым. Абыхэм я проценти 10-р гъуэтыгъуейхэм ящыщщ. Зэранышхуэ зыпылъ Iэгъэбэгухэри мыбы щымащIэкъым. Гу лъытапхъэщ, жыг хадэм къыщыкI удз гъэгъахэм я бжыгъэр къызэрамыхутэххар. Ауэ, хуэгъэфэщауэ жыпIэмэ, апхуэдэ лIэужьыгъуэхэр 100 - 200-м зэрынохьэс.
ЦIыхум аллергие шынагъуэ къезыту къалъытэ къэкIыгъэ лIэужьыгъуи 102-м и зэхуэдитIыр ХьэтIохъущокъуэм хадэм итщ. Хьэсэней и нэчыхьытх IуэхущIапIэм къыщыщIедзэри, псы Iуфэм Iуту, Налшык къалэ и нэчыхьытхым нэс къох ахэр. Абыхэм къыщокI куэдыIуэ къызэрыгъэхъуа, зэранышхуэ зыпылъ къуацэ-чыцэ, гъуей, удз лIэужьыгъуэхэр. А псоми цIыхуIэ лъэмыIэсарэ зэхэкIэжауэ уIуплъэну гурыхькъым. ГъэщIэгъуэнракъэ, къалэ администрацэм абы гу лъитэххэркъым, хэкIыпIэ гуэри къилъыхъуэну яужь иткъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къэкIыгъэ, жыг зэмылIэужьыгъуэ куэд икIуэдыкIыжащ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм. Къужьей хадэ, Кизиловкэ жыхуэтIэ щIыпIэхэм а фIэщыгъэцIэхэр щIратар а жыг лIэужьыгъуэхэр куэду щыкIыу арати, иджыпсту щыбгъуэтыжынукъым ахэри. Апхуэдэу, хадэм итыжкъым зэрыджэмрэ мэз жызумымрэ.
1970 гъэхэм паркым къыщаущыхьырт кхъуэ пIащэхэм, мэз бжэнхэм, бажэхэм, тхьэкIумэкIыхьхэм, къилъатэрт шылэджэдхэмрэ мэзджэдхэмрэ. Иджыпсту абыхэм уащрихьэлIэнукъым я лъыхъуакIуэ уежьэми.
1971 гъэм комиссэ зэхашауэ щытащ, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм щыкI псейхэмрэ уэздыгъейхэмрэ зэрыгъужыр къызэтегъэувыIэн папщIэ ялэжьыпхъэр яубзыхуну. Абы кърагъэблэгъат Ленинградрэ Москварэ я щIэныгъэлIхэри. Къэхутэныгъэ ирагъэкIуэкIахэм къагъэлъэгъуауэ щытащ къедбжэкIа жыг лIэужьыгъуэхэр вирусымрэ инфекцэмрэ зэщIищтауэ, ар къазэрефыкIыр. ИужьыIуэкIэ, 1973 гъэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуар нэгъуэщIщ… КъызэрыщIэкIымкIэ, уэздыгъеймрэ псеймрэ зыгъэгъур загъэпсэхуну, ефэну-ешхэну паркым щызэхэтIысхьэ гупхэм абы щIащIыхь мафIэмрэ, къыпиху Iугъуэмрэт.
КъБР-м и Правительствэм и унафэкIэ комиссэ къызэрагъэпэщри, 2007 - 2008 гъэхэм апхуэдэ къэхутэныгъэ зыбжанэ едгъэкIуэкIащ. ИкIи къэтхутащ ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит жыгхэм я нэхъыбэр жьы зэрыхъуам, зыри зэракIэлъымыплъым я зэранкIэ уз зэмылIэужьыгъуэхэр къефыкIыурэ махэ хъуауэ, жьэражьэм, уаем зэрыпэщIэмытыжыфыр.
Паркым итщ 1847 - 1850, 1922 - 1923 гъэхэм хаса жыг куэд. Апхуэдэхэр езыр-езыру къарууншэ мэхъу икIи абы цIыхум и зэраныр хыхьэжмэ, кIуэдыжыпэнущ. Псалъэм папщIэ, жыг куэдым джыдэкIэ дыркъуэшхуэхэр тралъхьащ, памыупщIын хуей къудамэ узыншэ куэд пахыурэ, абыкIэ инфекцэр жыгым пкърыхьащ. КъищынэмыщIауэ, автомашинэ дыхьэпIэ ящIыу, жыгхэр ираупщIыкI. Абы и закъуэкъым, жыгыщIэ щыхасэкIэ абы зэрелэжь мардэхэр щыIэщи, а хабзэхэм зыри теткъым, армыхъумэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр дызэрыпагэу щыта хадэр кIуэдыжыпIэ иувэнтэкъым. Псалъэм папщIэ, нэхур фIыуэ зылъагъу жыг лIэужьыгъуэ щыIэщ. Апхуэдэ дыдэу, жьауэм нэхъ зыщызыужьи яхэтщ. Мис абыхэм я хэсэкIэр пщIэн хуейщ.
Уи гум къемыуэу къанэркъым нобэрей щIэныгъэмрэ технологиемрэ къагъэсэбэпу жыг хадэм и теплъэр ирагъэфIэкIуэн дэнэ къэна, и узыншагъэр зэтраIыгъэну зыри яужь зэримытыр. Дауи, абы и зэранкIэ, паркыр къуий хъуащ: гъуей щыплъагъужыххэркъым, удз тэмэму къыщыкIыркъым, псэущхьэ щIэсыжкъым, къуалэбзур къекIуалIэркъым.
Жыг хадэм блож Налшыкыпсыр. Ари щыщщ дызытепсэлъыхь нэгузыужьыпIэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, псыми леишхуэ къытехьащ: и Iуфэхэм екIуэкIыу шхапIэхэр къыщызэIуахащи, абы и зэранкIэ псым и жапIэм зихъуэжащ, кIэрыхубжьэрыхухэр псыхъуэм къыданэ, теплъаджэ ящIащ.
ИщхьэIуэкIэ зи гугъу сщIа комиссэм къыхилъхьат ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр кIуэдыжыгъуэ зэрихуам къыхэкIыу, хъумэн хуей щIыпIэу къалъытэу, гулъытэ щхьэхуэ зэрыхуэщIыпхъэр. Абы папщIэ егъэкIуэкIын хуей лэжьыгъэр зэхэгъэщхьэхукIауэ КъБР-м и гъэзэщIакIуэ IуэхущIапIэхэмрэ къалэ администрацэмрэ я пащхьэ итлъхьати, нобэр къыздэсым щылъщ а Iуэхур.
Иджы ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и лэжьакIуэхэм, «ЩхъуантIэхэр» щIыналъэ политикэ-щIыуэпс партымрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ 21-мрэ я къару зэхалъхьэри, Налшык къалэ администрацэмрэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэмрэ зыхуагъэзащ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуа тхыгъэкIэ. Сэ шэч къытесхьэркъым цIыху мин бжыгъэхэм а Iуэхур къызэрыддаIыгъыр, хадэм и сэфэт хъуар куэдым ягу къызэреуэм.