ЗэблэкIыгъуэ лъэхъэнэ хьэлъэм хиубыдами

(«Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэтетхэр» тхыгъэм и етIуанэ Iыхьэр)

БлэкIа лIэщIыгъуэм и 80 - 90 гъэхэм ди къэралым щыIа гугъуехь псори нэсу игъэващ Налшык и «Спартак»-м. Совет Союзыр зэхэщэщэжу Урысей Федерацэр щхьэхуэ хъуа иужькIэ зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэ хьэлъэм и бэлыхьхэр дэтхэнэми зыхищIащ. Апхуэдэу щыт пэтми, Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэр къэралпсо утыкум икIакъым икIи пщIэрэ щIыхьрэ иIэу адэкIи зыкъигъэлъэгъуащ. АбыкIэ фIыщIэ ин яхуэфащэщ я хьэрхуэрэгъухэм къэмылэнджэжу япэщIэта ди гъуащхьэхъумэхэм.

Тэтэр Артур Налшык и «Спартак»-м 1986 гъэм езыгъэблэгъар а лъэхъэнэм ди командэм и тренер нэхъыщхьэу щыта Ещтрэч Владимирщ. Япэ илъэсым ар «и жьауэм щIэтащ» зи зэфIэкI лъагэхэр къызыкъуэзыхыу щIэзыдза Хьэпэ Заур икIи джэгугъуитI къудейм хэтауэ аращ. Абыхэм фIы дыдэу зыкъызэригъэлъэгъуар, зыгъэсэныгъэхэм и къару емыблэжу зэрыхэтыр къалъытэри, итIанэ гъуэр дзыхь хуащIыпащ. Пэжщ, ар къыщыхъуар Хьэпэ Заур Мэзкуу и «Спартак»-м ирагъэблэгъа иужькIэщ. Тэтэрыр зи гъуащхьэтет ди командэм 1987, 1988 гъэхэм зыхэт гупым ещанэ увыпIэр щиубыдащ. Абы, дауи, Артур и фIыгъэ куэду хэлъащ.
Налшык и «Спартак»-м и гъуэр зэIущIэ 46-м щихъумауэ, 1990 гъэм ар Бахъсэн и «Эталон» (иужькIэ «Автозапчасть» зыфIащам) командэм хыхьэри, етIуанэ дивизионым ехъулIэныгъэкIэ зыкъыщигъэлъэгъуащ.
Топ джэгуныр щигъэта иужькIи фIыуэ илъагъу IэщIагъэм пэIэщIэ хъуакъым. 2014 гъэм «Спартак-Налшыкым» и генеральнэ директору ягъэуващ. АрщхьэкIэ премьер-лигэм щыхэта илъэсхэм щIыхуэшхуэ зытрезыгъэхьа ди командэр абыи къыхуегъэлакъым.
Къумыкъу Виктор Налшык и «Спартак»-м и гъуэр зэрихъумар зэIущIиплI къудейщ. Ар къыщыхъуар 1987 гъэращ. Абы щыгъуэми топджэгум и цIэр къэрал зыбжанэм фIыкIэ щигъэIуащ.
Налшык къыщалъхуа икIи и гъащIэ псокIэ IэщIагъэ хуэхъуну футболым абы зыщыхуезыгъэса, зэфIэкI лъагэ зиIэ гъуащхьэтет щIалэм пасэу гу къылъатащ икIи 1982 гъэм Волгоград и «Ротор»-м ирагъэблэгъащ. А лъэхъэнэм Совет Союзым и япэ лигэм ар щыджэгуащ.
Илъэситху дэкIри, Виктор Налшык и «Спартак»-м хагъэхьащ. АрщхьэкIэ мыгувэу фэбжь хьэлъэ игъуэтри, къыхэкIыжащ. Абы щыгъуэми Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэр IэщIыб ищIакъым. Зэман дэкIри, 1996 - 1998 гъэхэм и тренер нэхъыщхьэу къигъэзэжащ. Къумыкъум и унафэм щIэту налшыкдэсхэм зэIущIи 193-рэ ирагъэкIуэкIащ, ауэ, дауи, гум нэхъ къинар япэ дыдэращ.
… Илъэс зыбжанэ хъуауэ етIуанэ лигэм къыхэмыкIыф Налшык и «Спартак»-р, икIэм-икIэжым, зыхэта гупым япэ увыпIэр къыщихьри, ищхьэкIэ драгъэкIуэтеят. Абы щыгъуэм командэм и тренер нэхъыщхьэу щыта Синицын Борис къилъытащ иджыри къэс гупым и щIэгъэкъуэну щытахэу Исаев Щамил, Гъубж Вячеслав, Кугъуэт Эдуард, Доткъул Владимир сымэ япэ лигэм декIуу зыкъыщагъэлъэгъуэну я ныбжькIэ пэмылъэщыжыну. Дауи, ар псалъэмакъышхуэ къызэрыкIа Iуэхущ. Апхуэдэу щыхъум, Синицыныр и къулыкъум трагъэкIащ, арщхьэкIэ щIалэхэми къагъэзэжакъым. Налшык и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэр къыхэхын хуейт. Ар хуэфащэу къалъытащ гъэсэныгъэм бгъэдыхьэкIэ щIыщыгъуэ хузиIэ Къумыкъу Виктор.
1996 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 7-м Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ лигэм зэхьэзэхуэр къыщызэIуахащ. А махуэм ди командэм Налшык къыщригъэблэгъат Нижнекамск и «Нефтехимик»-р. ЦIыху мин пщыкIущ къызрихьэлIа зэIущIэр Налшык и «Спартак»-м и текIуэныгъэкIэ, 2:1-уэ, иухащ. Ар гупым и тренер нэхъыщхьэ Къумыкъу Виктор и щIэдзапIэ дахэт. Махуищ дэкIри, Ижевск и «Газовик-Газпром»-ри 2:0-у хагъэщIащ. А гъэм Къумыкъум и гъэсэнхэм зэхьэзэхуэм ебгъуанэ увыпIэр къыщахьащ, тIощIрэ тIум ящыщу.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсым абыкIи арэзы зэрымыхъунур икIи ипэкIэ кIуэтэн зэрыхуейр жиIащ зэхьэзэхуэ нэужьым тренер щIалэщIэм. ИкIи ар зригъэхъулIэфащ - 1997 гъэр Налшык и «Спартак»-м иухащ еплIанэ увыпIэм щыту.
Упэплъэ хъунут адэкIи гупыр ефIэкIуэну. АрщхьэкIэ 1998 гъэр абыи тренер нэхъыщхьэ Къумыкъу Виктори яхуэфIакъым. Зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэм Чита къикIа «Локомотив»-р щыхагъащIэри, къыкIэлъыкIуа джэгугъуэ пщыкIутIым зыми щытекIуэфакъым. Ар, дауи, къыхуадакъым икIи, зэрахабзэу, тренер нэхъыщхьэр яхъуэжащ.
ФIыуэ илъагъу  IэщIагъэм ирилэжьэфын папщIэ Къумыкъур 2000 гъэхэм и пэщIэдзэм Азие Курытым къыщыхутащ. Семипалатинск и «Елимай»-м, Какшетау и «Есиль»-м, Кызыл-Орда и «Кайсар»-м и тренер нэхъыщхьэу щытащ. ЗэIущIэхэм ящыщ зым Виктор и гъэсэнхэм судьям хуабжьу лей къыщэкIэлъызэрихьэрти, гупыр джэгупIэ губгъуэм къришыжащ. Ар, дауи, къыхуагъэгъуакъым икIи, и къулыкъум трагъэкIри, пIалъэ гуэркIэ Къэзахъстаным щылэжьэну хуимыту къыхуагъэуващ.
ИлъэситIкIэ зы команди игъэсакъым Къумыкъум. Абы щыгъуэми, Iэмал игъуэтащ гупсэхуу и щIэныгъэм хигъэхъуэну, адрейхэм Iуэхур зэрыщызэтраублэм кIэлъыплъыну. Ар дапхуэдэу къехъулIами къигъэлъэгъуащ Узбекистаным зэрыщыIа къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм. Къапщтэмэ, зэи къэмыхъуауэ, абы и унафэм щIэту «Машал»-мрэ «Насаф»-мрэ медалхэр зыхуагъэфащэ увыпIэхэр я къэралым къыщахьащ, кубокым и финалым щыджэгуащ, Азием и Чемпионхэм я лигэм хэтащ.
Къумыкъу Виктор Узбекистаным щиIа ехъулIэныгъэхэм гу щылъамытэу къэнакъым нэхъапэм щылэжьа Къэзахъстанми. Караганда щIыналъэм и аким (Iэтащхьэ) Ахметов Серик ар 2010 гъэм и кIэухым иригъэблэгъащ икIи зыхуеину псори хуищIэну къигъэгугъащ, я «Шахтёр» командэр къэралым и чемпион ищIрэ дунейпсо утыку иришэфмэ.
Курыт зэфIэкI фIэкIа Къэзахъстаным щызимыIэу щыта Караганда и «Шахтёр»-р нэхъапэм Налшык и «Спартак»-м щыджэгуа икIи зи тренер нэхъыщхьэу щыта Къумыкъу Виктор зэман кIэщIым къриубыдэу пашэ ищIащ. Зэи къэмыхъуауэ, 2011 гъэм ар къэралым и чемпион хъуащ. КъыкIэлъыкIуа илъэсми а ехъулIэныгъэ иным къытригъэзэжащ. Арати, адыгэ щIалэм и гъэсэнхэм европэпсо утыку ихьэну Iэмал ягъуэтащ (Къэзахъстаныр Европэм и Футбол Зэгухьэныгъэм (УЕФА-м) хэтщ). 2012 гъэм Чемпионхэм я лигэм хэтынухэр къызэрыхах зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэм фIэкIыфакъым. ЗакъригъэщIащ апхуэдэ Iэзагъ иджыри зэрабгъэдэмылъым.
КъыкIэлъыкIуа илъэсым щIэзыдза зэхьэзэхуэм «Шахтёр»-м и цIэр фIыкIэ Европэм щыжригъэIащ. Чемпионхэм я лигэм и гуп зэпеуэхэм хэтынухэр къыщыхах зэIущIэхэм абы япэу хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуа Белоруссием и «БАТЭ» командэм илъэситI ипэкIэ псори зэригъэплъыжауэ щытащ, Мюнхен и «Бавария»-р и стадионым щыхигъащIэри. ГурыIуэгъуэт ар ныкъуэкъуэгъу лъэщу зэрыщытыр. АрщхьэкIэ Къумыкъум и гъэсэнхэр абы къигъэдзыхакъым икIи Чемпионхэм я лигэм къызэрыхах и етIуанэ Iыхьэм хыхьэ зэIущIитIми «БАТЭ»-р бжыгъэ зэщхькIэ, 1:0-у, щыхигъащIэри, адэкIэ кIуэтащ. КъыкIэлъыкIуэу «Шахтёр»-м хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуащ Баку и «Нефтчи»-м ефIэкIа Албанием и «Скендербеу» командэр. Ари ирагъэкIуэтэкIри, Къумыкъум и гъэсэнхэр Шотландием и «Селтик»-м пэщIэхуащ. Абы щытекIуэр Чемпионхэм я лигэм и гуп зэхьэзэхуэм кIуэнут икIи ягъуэтыну пщIэмрэ щIыхьымрэ къищынэмыщIауэ, доллар мелуанхэр къахэхъуэнут.
Караганда щекIуэкIа япэ зэIущIэр «Шахтёр»-м 2:0-у къызэрихьар псоми яфIэтелъыджэт. Куэдым къащыхъуат таурыхъым хэту. АрщхьэкIэ тхьэмахуэ дэкIри, щIылъэм къеувэхыжащ - «Селтик»-м Глазго игъэзэжа иужькIэ Къэзахъстаным икIахэр 3:0-у хигъэщIэжри, адэкIэ кIуэтащ. АрщхьэкIэ «Шахтёр»-р европэпсо утыку абы щхьэкIэ икIакъым. УЕФА-м и кубокым щIэбэнурэ, абы ехъулIэныгъэ зыбжанэ а илъэсым зыIэригъэхьащ. А псори иджыри къэс Къэзахъстаным зэи щамылъэгъуа Iуэхугъуэ инт.
Дауи, Къумыкъу Виктор и пщIэр абыхэм лъагэу яIэтащ. Къэзахъстаным футболымкIэ и лигэ нэхъыщхьэм хэт командэхэм я капитанхэм, тренер нэхъыщхьэхэм, IэщIагъэлIхэм, ветеранхэм, журналистхэм я деж щрагъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэхэм 2011, 2012, 2013 гъэхэм Илъэсым и тренер нэхъыщхьэ нэхъыфI дыдэу къыщалъытащ, зи унафэм щIэту а лъэхъэнэм къэралым и чемпион тIэунейрэ хъууэ европэпсо утыку лъэ быдэкIэ ихьа Караганда и «Шахтёр»-м и пашэ Къумыкъу Виктор. Къэзахъстаным и футболист нэхъыфI хъуащ ди лъахэгъум и гъэсэнхэм ящыщ зы Кукеев Жамбыл.
Мы гъэм щыщIэдзауэ «Андижан» командэр Къумыкъу Виктор егъасэ. Абы и къуищым я курыт Артур и адэр зыпэрыта гъуащхьэтет IэщIагъэр къыхихыжащ. Командэ зэмылIэужьыгъуэхэм я щIыхьыр илъэс зыбжанкIэ ехъулIэныгъэкIэ ихъумащ, иджы «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэтетхэм я тренерщ.
Дементьев Андрей къыщалъхуари  топ джэгун щригъэжьари Белгород къалэращ. ИлъэсихкIэ щIыпIэ «Салют»-м и гъуащхьэтету щытауэ Налшык и «Спартак»-м 1988 гъэм ди гупым и тренер нэхъыщхьэ Ещтрэч Владимир къригъэблэгъащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм зэрыхэта илъэсиплIым къриубыдэу зэIущIэ 78-м хэтащ. ИужькIэ, 1992 гъэм Белгород игъэзэжри, щIыпIэ «Энергомаш»-м хыхьэжащ.
Доткъул Владимир 1991 гъэм Налшык и «Спартак»-м хыхьащ, арщхьэкIэ а илъэсым джэгугъуитIым фIэкIа хэмытауэ, етIуанэ лигэ щыджэгу Бахъсэн и «Автозапчасть»-м Iэпхъуащ. Абы хъарзынэу зыкъыщигъэлъагъуэри, мыгувэу республикэм и командэ нэхъыщхьэм ираджэжащ икIи гупым и гъуащхьэтет нэхъыщхьэ хъуащ.
1996 гъэм Налшык и «Спартак»-м зыхэт гупым бжьыпэр щиубыдри, япэ лигэм щыджэгуну Iэмал игъуэтащ. АрщхьэкIэ зэхьэзэхуэщIэм хэтакъым абы и пашэхэу Доткъул Владимир, Исаев Щамил, Кугъуэт Эдуард, Гъубж Вячеслав сымэ. Командэм и тренер нэхъыщхьэ Синицын Борис а щIалэхэм ядэлэжьэфакъым икIи псори Бахъсэн и «Автозапчасть»-м хыхьащ. Пэжщ, иужькIэ, илъэситI дэкIауэ, Доткъулым Налшык къигъэзэжащ, арщхьэкIэ зы зэIущIэ закъуэм хэтауэ аращ. АдэкIэ Нарткъалэ и «Нартым», Мейкъуапэ и «Дружба»-м я гъуэр ихъумэу етIуанэ лигэм илъэс зыбжанэкIэ зыкъыщигъэлъэгъуащ.
ХьэшкIул Заур куэдкIэ узыщыгугъ хъуну гъуащхьэтет хъарзынэт. 1995 - 1996 гъэхэм ар Налшык и «Спартак»-м и гъуэм хъарзынэу дэтащ. ИужькIэ Бахъсэн и «Автозапчасть»-мрэ Нарткъалэ и «Нартымрэ» щыджэгуащ.


Тэтэр Артур.


Къумыкъу Виктор.


Дементьев Андрей.


Доткъул Владимир.


ХьэшкIул Заур.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться: