Зэманым къыпхыкIыфа

Адыгэ литературэм и вагъуэ
ЩоджэнцIыкIу Алий Iэсхьэд и къуэр къызэралъхурэ илъэси 120-рэ ирокъу

Лъэпкъ къэс иIэжщ езым и гур нэхъ зыщыщIэ, и псэм нэхъ ехьэлIа цIыху. А цIыхур абы и нэщ, и псэщ, и зэчиягъымрэ хьэл-щэн дахэхэмрэ къызэрыщ гъуджэщ, адрей лъэпкъхэм я пащхьэм зэрыщыгушхуэ и напэщ, цIэщ. Апхуэдэм и гугъу ящIын хуей хъумэ, адыгэхэм япэ зи цIэ къраIуэнур ди усакIуэшхуэ ЩоджэнцIыкIу Алийщ, шэч лъэпкъ хэмылъу.

Гъунэншэщ а лIы гъуэзэджэм ди лъэпкъым, ди литературэм хуилэжьар, ди лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэу хуищIар. Лъэпкъым зэриусакIуэ пажэм нэмыщI, ЩоджэнцIыкIу Алий абы и узэщIакIуэ емызэшыжуи, адыгагъэшхуэ зыхэлъ цIыхууи щытащ. Аращ абы и цIэр дэ нобэ апхуэдизу щIэтIэтыр, и Iэдакъэм къыщIэкIа дэтхэнэ сатыр къэси налкъутналмэсу къыщIэтлъытэр.
1941 гъэр къихьащ. Адрей совет цIыху псоми хуэдэу, псэемыблэжу лажьэ Алий и мамыр гъащIэр зауэ къежьам зэпиудащ. Хэкум къытеуа бий хьэкIэкхъуэкIэхэм хахуэу япэщIэувэным и хэкуэгъухэр къыхуриджэу, ЩоджэнцIыкIум а зэманым етх «Шагъдий гъэшхахэм техутэ» усэ гуащIэр, езыри куэд дэмыкIыу зауэм макIуэ. Ауэ Iэщэ кърату фронтым Iухьэным хунэмыс щIыкIэ, ар уIэгъэу бийхэм гъэр ящIри, Бобруйск деж щыIэ гъэрэщым щрагъэлIыхь.
ЩоджэнцIыкIу Алий зауэм щыдашар 1941гъэм и фокIадэ мазэрщ. УсакIуэр зэрыса эшелоным къыщыщIам, здынэсам, абы исахэр гъэр зэрыхъуам и хъыбарыр куэдым зэтемыхуэу къаIуэтэж. Алъандэрэ ятхыу къызэрекIуэкIамкIэ, фронтым пэгъунэгъу хъуа нэужь, ахэр зэрыса мафIэгур кхъухьлъатэхэм бомбэкIэ зэхакъутащ, иужькIэ нэмыцэ танкхэм къаувыхьри, псэууэ къэнахэр гъэр ящIащ. Ауэ усакIуэм и гъащIэмрэ и IэдакъэщIэкIхэмрэ егугъуу зыджыжа ХьэкIуащэ Андрей къызэрихутамкIэ, ар пэжкъым. Пэжыр аращи, Алий зыхэта гупыр япэу здашар Полтавэ и Iэхэлъахэрщ. Абдеж мафIэгум къыщрагъэкIа гупым япэщIыкIэ къафIэщIат а щIыпIэм щахуапэу, щагъасэу, Iэщэ къыщрату, иужькIэ зауэм Iуашэну. Ауэ къызэрыщIэкIамкIэ, ахэр Полтавэ щIашар абы и гъунэгъу колхоз гуэрым щIэп (?!) щыIурагъэхыжыну арат. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым: ар дауэ Iуэху зехьэкIэ зауэм пшэуэ жыпIэу я бынхэм къащхьэщыпшу къепшэжьа цIыхухъу зи къару илъыгъуэхэр, абы уфIэкIыжынщи, ЩоджэнцIыкIу Алийрэ Къэжэр Индрисрэ хуэдэ цIыху зэчийхэр, колхозхэт къызэрыкIуэм хуэдэу, щхьэ щIэп Iухыжыным пэрыбгъэувэн хуей?
Ауэ а псори щIагъэхъа щIэпри Iуахыжыну яхущIыхьахэкъым Алий сымэ: губгъуэм зы махуэ фIэкIа щымылэжьауэ, нэмыцэхэм а щIыпIэм десант къыщрагъэтIысэхри, цIыху Iэщэншэхэр гъэр мыхъун щхьэкIэ щхьэж и занщIэкIэ зэбгрыкIащ. Алийрэ Индрисрэ зыхэт гупыр а щIыпIэм къыIукIа нэ¬ужь, зызрагъэзу Iэщэ къыздратын часть гуэр къалъыхъуэурэ зыбжанэрэ къакIухьащ, Кременчуг къалэм нэси кIуащ, ауэ зыхуеяр къаймыхъулIэу нэмыцэхэм яIэщIыхьэри, Бобруйск пэмыжыжьэу щыIа гъэрэщым ирадзащ.
Алий и гъусахэм зэрыжаIэжымкIэ, Кременчуг къыщыщIэдзауэ Бобруйск нэс дэлъ гъуэгуанэшхуэр зэпачыхукIэ гупыр лъэсу яхуащ, псэхугъуи шхэгъуи ирамыту. Абы къыхэкIкIэ, армырами узыншагъэ щIагъуэ зимыIа Алий сымаджэ, къарууншэ хъуагъэххэу гъэрэщым ихуащ. Гъэрэщри узижагъуэнитIым и махуэу къыпыкъуэкIащ Алий: уэс е уэшх хъумэ, уи щхьэр щIэпшиену зы псэуалъи дэттэкъым, щIыIэт, ятIэт, мэжэлIапIэт. МахуэкIэ щхьэкъэмыIэту ягъэлажьэу, жэщкIэ гъэрэщ щIыIэ нэщIыжьым ирадзэж цIыхухэр бадзэм хуэдэу зэтелIэрти, пщэдджыжь къэсыхукIэ щэ бжыгъэкIэрэ лагерым дашыжурэ щIалъхьэжырт. Гъэмахуэ щыгъын тIэкIу фIэкIа зыщымыгъ Алий, тхьэмыщкIэ дыдэ хъуауэ, лэжьакIуи мыкIуэжыфу лагерым къыданэрт. Фэрэ къупщхьэрэ фIэкIа къыхэмынэжу и къарури и куцIри щIэзыха узым, гъаблэм, щIыIэм нэмыщIыжу, уеблэмэ абыхэми ебэкIыу, Алий зыхьыр натIэ хуэхъуа гъэрыгъэм, пудыныгъэ къылъысам и бампIэ узырт, пэIэщIэ адэжь лъахэм и гупсысэрт.
Апхуэдэу гуузу зи гъащIэр зыуха ди адыгэ усакIуэшхуэм фэеплъым я нэхъыфIри, гъыбзэм я нэхъ гухыхьэри хуэфащэт. Ауэ аратэкъым къызэралъытэр абы щыгъуэм Къэбэрдейм и унафэщIу щыта цIыху щхьэзыфIэфIхэм. Нэмыцэхэм Алий и псэущхьэ иращIар яфIэмащIэ хуэдэ, ахэр абы и хьэдащхьэми ириджэгуащ. Мис абы щхьэкIэ ХьэкIуащэ Андрей итхыр:
«Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм я Iуэ шынагъуэм и псэр пыту ЩоджэнцIыкIур къикIыжами, абы и бэлыхьхэр абыкIи зэфIэкIынутэкъым. Псэууэ абы къела совет сэлэт мелуанхэми ещхьыркъабзэу, абы къыпэплъэрт апхуэдизу зи нэ къыхуикI и хэкум и Iуэ гущIэгъуншэри. Ар усакIуэм хуэхьынкIэ, абы къелынкIэ, ар игу худэгъэхуэнкIэ Iэмал иIакъым, зэримылъэгъуари нэхъыфIу гукъэкI уегъэщI. Ауэ зыгуэрурэ абы къыхэкIыфами, и адэжь щIыналъэри абы гуапэу, IэплIэешэкIкIэ IущIэнутэкъым, къызэрысыжу щIагъэтIысын, хэбгъэзыхьмэ, щIаукIын хуагъэхьэзырат, щIыпIэ унафэщI зырызхэм куэд щIауэ я мурад щэхухэр къайхъулIат - усакIуэр зэрагъэкъуэншэн къагъуэтат».
Зэхэзехуэн ящIу хуежьащ Алий и бынунагъуэри: зыщIэс унэм къыщIахури, уэрамым къытраутIыпщхьащ, зилI е зи адэ хэкIуэдахэм зэрадэIэпыкъу хабзэ ахъшэ тIэкIури куэдрэ иратакъым. Ауэ, дауэрэ мыхъуами, сыт ямыщIами, Алий и цIэр яхуэмыгъэулъийуэ, зэрыкъабзэу зэманым къыпхыкIыфащ икIи и бийхэм я нэхейкIэ лъэпкъым и гушхуапIэ хъуащ.
Зы лIыку ныбжь фIэкIа къимыгъэщIами, ЩоджэнцIыкIу Алий ди лъэпкъым хуилэжьам и инагъыр къэлъытэгъуейщ. Зэчиягъышхуэ зиIэ дэтхэнэ тхакIуэми усакIуэми хуэдэу, Алий и къалэмыр, и IэдакъэщIэкI къэухьыр адыгэ гъащIэм и плIанэпэ куэдым нэсащ, адыгэ цIыхухэм я образ уахътыншэ куэд къигъэщIащ. ХьэкIуащэ Андрей зэрыжиIауэ, «Зэчий абрагъуэ зиIэ а усакIуэрщ лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар, зыужьыныгъэм и гъуэгу пэжым ар тезыгъэувар, абы и жанр куэдыр япэу зэфIэзыгъэувар, усэ гъэпсыкIэщIэ абы хузэзыгъэпэщар, литературэбзэм япэ лъэбакъуэхэр езыгъэчар».
Зи лъэпкъ щэнхабзэм къэмылэнджэжу хуэлэжьа а лIы гъуэзэджэр, езым тхыгъэ щэджащэхэр къигъэщIам къыщымынэу, и зэманым псэуа тхакIуэ, усакIуэ куэдми ядэIэпыкъуащ, зэчий иIэу гу зылъита адыгэ щIалэ куэд литературэм хишащ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, КIыщокъуэ Алим, КIуащ БетIал, Къашыргъэ ХьэпащIэ, Тау Борис, Къардэн Бубэ, нэгъуэщIхэри. Ауэ абыкIи иухыркъым а усакIуэм и пщIэмрэ и мыхьэнэмрэ, сыту жыпIэмэ, ар и къарукIэ, и чэнджэщкIэ зыдэIэпыкъуну зыхунэсам нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэжщ абы и усыгъэ телъыджэхэр щапхъэ зыхуэхъуа е нобэ зыхуэхъу адыгэ усакIуэ щIалэхэр. Абыхэм я дежкIэ ЩоджэнцIыкIу Алий и IэдакъэщIэкI тхыгъэхэр, псом хуэмыдэу, и «Мадинэ» поэмэмрэ «Къамботрэ Лацэрэ» романымрэ, мычэму зызрапщыт, и щыгу ихьэну зыщIэхъуэпс лъагапIэщ.

БЕМЫРЗЭ Мухьэдин,
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхубэ усакIуэ. 2000 гъэ

ЩоджэнцIыкIу Алий

ЩIымахуэ жэщ

Поэмэ

Жэщ губжьащи, жьы зэпихум
«Бадзэ» хужьыр къырехьэкI,
КъуакIи тафи къимыгъанэу
Джэбын хужьыр къырешэкI.
Ауэ щыIэщ жьым, борэнхэм
Зи уэрэдыр дежьууф,
Уэсыжь укхъуэр жьы зыIэтыр
ЩIэнэкIалъэу зыубыдыф.
ЩIым мыл джанэ щитIэгъами,
Унэм ахэр щопщIэнтIэф,
НэпскIэ щIыгур щIэгъэнами,
Ахэр Iэнэм щохъуэхъуэф.
Ахэр пкъыкIэ дэщхьу щытми,
Я гъэмахуэщ илъэс псори,
Унэ нэхухэм щыщIэж фадэр
Жэнэт псынэщ ахэм дежкIи.
Сыхьэтмыгъуи… жэщ-борэнхэм,
ЦIыхухэм ещхьу, е къахьыф,
ЩIыфэр пцIанэу къагъуэтами
Мыл Iув джанэ щатIэгъэф.
Джатэ жанкIэ сауIами,
Хущхъуэ згъуэтмэ, сыхъужынщ.
Ауэ гуауэр гум къинамэ -
Ар хущхъуэншэщ - мыхъужынщ.
ЩхьэхуэфI зауэр щыщыIауэ
ЩIылъэр лъыпсым щыриIам,
Iэшэу, лъашэу миллионхэр
Бейхэм узыхь щащIыгъам, -
Зи лIыр зауэм яхуа фызыр
Джафэу унэм къыщIэнат,
Дуней хьэлъэр тыригъэууэ
ПлъапIэу зы къуэт къыхуэнар.
ЩIалэ цIыкIум жьэхэплъэхукIэ,
НасыпыщIэм къегъэгугъэ,
МэжэщIалIэ къеIэу щытми,
Гугъэ гуэрым зыпегъаплъэ.
Ауэ пхъашэщ щIымахуэжьыр -
Дыгъужь нэщIу, къыжьэхопхъуэ,
Хъыданыжьхэр сабий закъуэм
КъыришэкIми ныфIопIыщIэ.
ПщIэркъэ, быныр – псэм и хъуахуэщ,
И нэм, и псэм ирехьэлIэ.
«Махуэл дэкIмэ, сипIыжынкъэ», -
ЖиIэ щIыкIэу ар догушхуэ.

             *    *    *
Иджы хуэдэу сэ сощIэжыр
Фыз тхьэмыщкIэм и гугъахэр,
Сабийм и щхьэм и Iэр дилъэу
Iущэщэжу жиIэгъахэр:
«Мазэ тIущкIэ уи адэр, тIасэ,
УипIыжыну къэкIуэжынщ,
«Сэлэт хъыжьэм и къуэ цIыкIур», -
ЖаIэу цIыхухэм уагъэфIэнщ!..»
Ауэ, хъуакъым, и къыфIэщIхэм
ЛъэмыIэсу захъуэжащ.
И щхьэгъусэр пащтыхь зауэм
Пшэрыхь щIыкIэу щыкIуэдащ,
Дунейм гугъэу щиIэ и къуэр
ПIэм сымаджэу гъуэлъыжащ.
А фызабэр зыдэс къуажэм
Куэбжэм хьэлъкъыр фIадзэжащ,
Нэпс щIагъэжу анэ гъурхэр
Сабий цIыкIухэм къахэнащ.
Мис а щIыпIэм зы плIанэпэм
Унэ пхашэм ар щопыхьэ,
ГъащIэу абы щыIэ псоми
Я джэгуэну ар зэрадзэ.
Жьы кIэрахъуэр къыкъуэухукIэ,
Уэсыр бжэмкIэ унэм щIепхъэ,
Хъыданыжьу сымаджэпIэм
Бахъэу хихур сытхъум хуокIуэ.
Мэгупсысэр: насыпыншэм
И дунейхэр зэIыхьащ,
И гугъуехьхэр зэрытеууэ
Щыта гугъэр фIэкIуэдащ.
И жыхафэм жьыр щыджэгуу…
IэщI-Iэджафэщ…нэпс щIегъэж,
СымаджэпIэм хэплъэжыхукIэ,
И къуэ цIыкIум ба хуещIыж.
Насыпыншэм и къуэ закъуэм
Лыгъей мафIэр къыридзащ,
И дзэ жьгъейхэр зэригъэшхыу
ХьэуазэпIэм къыхэнащ.

                        *    *    *
Хущхъуэр, пIастэр, тыншыныгъэр
Хунэмысхэм йолъэпIэкI,
Сымаджэщхэр, дохутырыфIхэр
Джатэ Iэпщэм йопщэфIэкI…
Iэ гъуритIыр блыгум щIэлъу
Анэр и къуэм жьэхоплъыхь,
Хьэлу Iыхьэ зыкъуэмылъым
Хьэкъущыкъу нэщIхэр зэпеплъыхь.
Зэрымытым щIигъэлъакIэ
И шынакъым сыт къихъуэнт?
Шыуан лъащIэм имылъIамэ,
СыткIи цIыкIум еубзэнт?
Жьы, уэс, уаерщ а фызабэм
И жыхафэр зэзыпэсыр,
Анэ нэщIым и гущIэгъурщ
А сымаджэр зыдэщэIур.

                      *    *    *
Щыхьэр гъунэу къуажэ цIыкIум
Пшагъуэм джанэ зыхуищIат,
Хьэ пщIэу макъи щымыIэжу
Даущыншэт, хэжеят.
Я уэрамхэр
Лъэужьыншэу
Уэсым псори исеят,
Унэ жыгхэр, щIым щхьэ хуащIу,
Хьэщхьэтеуэм дэгъуэлъат.
Фыз тхьэмыщкIэм уэнжакъыншэу
И уэздыгъэр щIигъэнащ,
И сымаджэм ещхьэпэплъу
Зэман куэдкIэ ар щытащ.
Нэхущ хъуауэ, щIалэ цIыкIур
ХилъэфакIэт мыщэIужу,
«ЖеихункIэ», - жиIэу, анэр
Къалэм макIуэ шхын щIэлъэIуу.
Щыхьэрышхуэм и епафэм
Мин шыIэжьэу къыбгъэдэтщ,
Абджыпс унэм и пшыналъэр
Фызым дежкIэ зы щэIу макъщ.
Гугъэ гуэрым ар ныпэплъэу
Сыну бжэIум теуващ,
Бжэр IуахыхукIэ бахъэ щIидзыр
Мылу и щхьэм тещтхьэжащ.
Фыз тхьэмыщкIэм и нэжьгъуцхэр
Мыл жьгъырукIэ зэщIэблащ,
Щай щIэлъэIум и макъ пщIэншэр
ГуфIэ пшынэм хэкIуэдащ.
Гукъеуэнщэщ абы щIэсхэр -
Зауэм я цIыху щыкIуэдакъым,
Я къуэ закъуи мэжэщIалIэу
ХьэуазэпIэм къыхэнакъым.
Зы фызабэ абы дежым
Нэмыс иIэу щагъэтынт?
МэжэщIалIэр зымыцIыхухэм
Iэ шияри ялъагъунт?
Сондэджэрхэм тхьэмыщкIэпсэр
Зы сомыжькIэ ящэхуф,
Нэфу щытми, къулейсызыр
Ауан щIыныр ягу тохуэф.

                     *    *    *
Хъуакъым … фызым и гугъуехьыр
А вэржьэрым хэкIуэдащ,
Жьым, борэнхэм уэс хужь джанэр
И пкъым хуэфIу щатIэгъащ.
Iэ дияуэ блыгум щIэлъыр
Зы нэгъуджи хуэлъэгъуакъым
Анэ мыгъуэм и сымаджэм
Абы щыщи щIэупщIакъым.
Фызым и гур ужьыхауэ
Жьы кIэрахъуэм хыхьэжащ,
Жэрдэм закъуи хуэмыщIауэ
И сымаджэм хуэкIуэжащ.
Анэ мыгъуэм и фэр зэлъэу
Унэжь нэщIыр къелъыхъухь.
Хьэлу Iыхьэ къыщIэкIыну
Хьэпшып щIэлъмэ зэпеплъыхь.
Абы уасэ хуищIыфыну
Зы хьэпшыпикI игъуэтакъым,
ЩIакхъуэ Iыхьэ къыщIэкIыну
Зыри и нэгу къыщIэхуакъым.

                  *    *    *
Мэгузавэр фыз тхьэмыщкIэр,
СымаджэпIэм бгъэдохьэж,
«Хьэлу!» - жиIэу къэлъэIуэхукIэ,
Къуэлъыр бащи - ныхуещIыж.
И цIыкIу закъуэм и нэ щахэр
Хьэлъэ-хьэлъэу зэтырех,
Сытым хуейми: «Нанэ», - жиIэу
Iэ хулахэр пIэм къыщIех.
Сыт ищIэнур анэ мыгъуэм?
И щхьэр IитIкIэ еубыдыж,
ЩIакIуэ хуэдэу щхьэц фIыцIэшхуэу
И плIэм телъым гу лъетэж:
«Сыту мащIэт си гупсысэр,
Уасэ зиIэр сэ сщIэжакъым,
Сытыт щхьэцкIэ сэ сщIэжынур -
ЩIэрэщIагъэ сэ сыхуейкъым.
Зэман куэдкIэ щIалэ цIыкIур
Хьэлу Iыхьэ хуэзгъэлIащ,
ЛIэуэ щытми, сигу къинэнкъэ…
Щхьэцыр лъапIэу зэ слъэгъуащ».
ЩыгуфIыкIыу асыхьэтым
Щхьэц фIыцIэшхуэр къыпеупщI,
И сымаджэм хуоплъэкIыжри,
И блэм телъу бжэм къыщIокI.

                  *    *    *

Былым лейуэ и гугъэжу
Щхьэцыр пуду ищэжащ -
И пкъы хьэлъэр жан хъужауэ,
Бэзэр шхынкIэ ихъуэжащ.
И щхьэр джафэу фызыр хъуами,
Быным фIэфIкIэ еупщIынкъэ,
Бэзэр шхынкIэ бгъэдыхьэжмэ
И сымаджэр нэхъ къэплъэнкъэ!
ПIащIэу, Iуэхур щызэфIэкIым,
И гъуэгуанэм техьэжащ,
Жэщи хъуарэ тIэкIу гувами,
И мурадыр зэфIэкIащ.
Псалъэ IэфIу и къуэ цIыкIум
ЖыриIэнур хузэхелъхьэ,
ХьэуазэпIэм нэсыжыным,
ТемыпыIэу ныхуопIащIэ,
И сымаджэм еубзэну
Фызыр псынщIэу ныщIохьэж,
И уэздыгъэр ункIыфIарэ
Къуэр дияуэ ныIуощIэж.

1929 гъэ

Поделиться:

Читать также: