Шагъдийм зыкъезыгъэужьыжа зеикъуэдэс лIыхъужьхэр

БлэкIам уасэ пэж хуэзыгъэувыр нобэрей махуэращ. ФIыр абы къы­щынэмэ, ар щапхъэ, гъуэгугъэлъагъуэ мэхъу. ЛъэхъэнэщIэр ефIэкIмэ, япэ итахэм пхаша гъуэгур хэмыкIуэдэжауэ аращи,  ухуэфэщэныр уэри къэ­кIуэнум и пащхьэ щыпхь пщэрылъщ.

Апхуэдэ щIыкIэу фы­зы­хуэдгъэхьэзыр хъыбарыр дигу къэдгъэкIыжыну щхьэ­у­­сыгъуэ къы­дэ­зытар абы илъэс 70 зэ­ры­щIэкIарщ. Зи гугъу тщIыр Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэсищ фIэкIа дэмыкIауэ, Зеикъуэ къуажэм щыщ шыхъуэхэм шыщхьэ 64-м хуэзэу шыщIэ 64-рэ къы­щыщIагъэхъуа зэ­манырщ. Пэжщ, тхыдэм зи цIэ къыхэнар цIыхуищщ. Ауэ хэт зымыщIэр жылэм и пщIэр зыIэт ехъулIэныгъэм зы ­къуажэдэси пэIэщIэу къы­зэрымынэр?!
ТхакIуэ Киреев Михаил и «Тхыгъэ къыхэхахэм» уа­хъ­тыншэ ищIащ нобэ дигу къэдгъэкIыж Iуэхугъуэр. Адыгэшым и увыпIэр хуэм-хуэмурэ зэриубыдыжым и нэщэнэ къыщIэкIынщ зеикъуэдэсхэм зэрахьа лIыгъэм и уасэр кIуэ пэтми ­нэхъ куууэ зэрызыхэпщIэр.
Iуэхур къыщыхъуар Кировым и цIэр зэрихьэу Зеи­къуэ щызэхэта колхозращ. ИщхьэкIэ къитIуа шы бжыгъэр къазэрыщIэхъуам щхьэ­кIэ, 1948 гъэм абы и унафэщI Бырс Анзор (1892 - 1988), шы щагъэхъу фермэм и унафэщI Щоджэн ТIэлашэ (1898 - 1978), шы­хъуэ нэхъыжь Къалмыкъ Хьэжмурат (1926 - 1965) сымэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ ­лъапIэр къыхуагъэфэщауэ щы­­тащ. ЦIэ лъапIэм къыдэкIуэу къратащ Лениным и ­орденыр, «Гъубжэрэ Уадэрэ» медалрэ ЩIыхь тхылърэ.
Ауэ къэрал гулъытэр зыщ, цIыхухэм я гум фIыкIэ укъинэныр - абы нэхърэ куэд­кIэ нэхъ лъапIэ нэ­гъуэщI зыгуэрщ. Дэри нэгум къыщIэдгъэхьэжыну ды­­зыхуейр лэжьыгъэмрэ Iэ­щIагъэмрэ нэгъуэщI бгъэ­дыхьэкIэрэ нэгъуэщI пщIэрэ щаIа лъэхъэнэращ.
«ГъащIэм щыхьэт пэж куэд ихъумащ лIэщIыгъуэ бжы­гъэкIэ зэфIэува ады­гэшым теухуауэ, - жы­жьэ къыщыщIедзэ Киреевым и хъыбарыр. - Пащтыхь Гро­з­ный Иван и шуудзэр ливон зауэлIхэм щатеуэм щы­гъуэ, абыхэм къэбэрдей ­дамыгъэр зытет алащэ те­лъы­джэхэр яхэтащ. Нэ­гъуэщI хъыбарым къе­Iуэтэж Суворов Александр-дзэзешэр уэ­сым щIигъэна Альп къурш­хэм зэрызэп­ры­кIыфар ады­гэшхэм я фIыгъэу».
А илъэсхэм Къэбэрдейр иджыри республикэ щхьэ­хуэу Урысейм хэтт. Зауэ нэужь зэманти, колхозхэри хуэм-хуэмурэ къызэфIэу­вэжу арат. Къэбэрдейр илъэс 25-рэ зэрырикъур ща­гъэлъапIэ махуэшхуэм ири­хьэлIэу республикэм къэ­кIуа Маршал Будённый Семён цIыхубэм псалъэ дахэкIэ закъыхуигъэ­зауэ щытащ: «Къэбэрдей колхозхэтхэр си фIэщу къыхузоджэ я къару емыб­лэу ди дзэм дежкIэ мы­хьэнэшхуэ зиIэ, Урысейми хамэ къэралхэми зи пщIэр щылъагэ адыгэш хахуэхэр, жэрхэр, бэшэчхэр къы­зэ­фIагъэувэжыну».
«Будённэм и къыхуе­джэныгъэр зэхэзыхыпхъэм зэхихат», - етхыж Киреевым. АдыгэшкIэ игъащIэ-ми цIэрыIуэу щыта Зеи­-къуэ колхозыр а къалэн ­гугъум щыпэрыхьам иIэ­жыр шы 27-рэт. Шыхъуэ лъэрызехьэхэм я нэпсхэр къекIуэрт жаIэж, а шы Iэбжьыгур я губгъуэхэм иту щалъагъукIэ.
«ЛIэщIыгъуэ куэд къэзыгъэщIа лъэпкъ Iущым шы зехуэкIэ хабзэу зэрихьэм щIэи гъуни иIэкъым. Абы­хэм зы закъуи яхэткъым а Iуэхум бгъэдыхьэр цIыху набдзэгубдзаплъэу, ерыщу, къикIуэт имыщIэу щы­тын зэрыхуейр къыхэмыщу», - жеIэ тхакIуэм.
Зауэм къикIыжа Бырс ­Анзор, Щоджэн ТIэлашэ, абыхэм я ныбжьэгъу щIа- лэ Къалмыкъ Хьэжмурат сымэ фIы дыдэу щыгъуазэт лъэпкъым къызэринэкIа шы зехуэкIэ Iэмалхэм, ауэ абдеж къыщыувыIэхэртэкъым. Зоотехникэм щIэуэ къыхыхьэ псоми щыгъуа­зэу зэрыщытыным хущIэкъурт ахэр. Ауэ псом нэхъыщхьэращи, абыхэм ящхьэщытт шы гъэхъун IуэхукIэ «дунейр зылъэ­гъуа» нэхъыжьхэу Сыжажэ Къарэрэ Джэдгъэф Пагуэрэ. Адыгэшым теухуа ­романыфIым хэтыну яхуэфащэщ Киреевым и тхыгъэм щыщ пычыгъуэхэу ­Пагуэ-дадэ табыныр уэлбанэм къызэрыригъэлар, и щIакIуэр анэм къыкIэры­-хуа шыщIэ цIыкIум триуб­гъуэу уэм зэрыщихъумар,     и нэгум къыщIыхьэж ха-кIуэ ехьэжьахэу Абрэджрэ Алий-Къадымрэ ятеухуа ­гу­къэкIыжхэр зыхэтхэм. Фэеплъ мыкIуэдыжын зы­хуэ­фащэ цIыхухэм я хьэ­тыркIэ, Киреевым и ­тхыгъэ куп­щафIэм и напэкIуэцI зыбжанэ адыгэбзэм къидгъэзэгъащ.

Шы зехуэкIэ хабзэхэмрэ тхылъым ит щIэныгъэмрэ зэбгъэуIумэ

«Хуэм-хуэмурэ шы­щIэ­хэр ягъэшхэн, шыхэр къащэхун щIадзащ. Къэралыр мылъкукIи шы лъэп­къыфIкIи къадэIэпыкъурт. 1946 гъэм и пэщIэ-дзэм ­колхоз табыныр шы  211-м нэсырт. ИтIани ар мащIэт колхоз мелуанырыбжэм дежкIэ.
Зеикъуэ колхозым зауэм ипэкIэ шы бэлыхьхэр щагъэхъуу щытат. Кавказ къурш­хэм я хъуреягъыр зэпызыупщIа шу зекIуэм хэта Абрэдж хакIуэм дэ­гъуэрэ къарууфIэу щIэблэ узыншэ игъуэтат. Абы хуэдэ дыдэу, шы лъэпкъ къабзэ къызыщIэхъуа адрей хакIуэхэми тэмакъкIыхьу ­якIэ­лъыплъхэрт IэщIагъэлIхэр. Колхоз шыхъуэ­хэмрэ зоотехникхэмрэ мыхъунур къыхадзмэ нэхъы­фIыр къащтэурэ, шы лъэпкъыр зэрырагъэ­фIэ­кIуэным иужь итхэт. Ахэр ерыщу егупсысырт ады­гэ­шыр нэхъ лъагэ икIи нэхъ псын­щIэ ящIа зэрыхъуным.
И къалэным сыт щыгъуи хуэпэж колхоз унафэщI Бырсри фIыуэ илъагъу икIи хъарзынэу зыхищIыкI а Iуэхум пэрыхьэжат. Шы къэс зы шыщIэ къыщIагъэхъуэныр зы къалэн, шы­щIэхэм зыри яхэмыщIу къызэфIагъэувэныр етIуа­нэ. ЩIэныгъэр здынэса Iэмал псори шыхэм зэрырахьэлIэнум иужь итынри ещанэ. Зи гугъу тщIы колхозхэтхэм 1948 гъэм зрагъэгъуэта ехъулIэныгъэш­хуэм зы махуи узытеплъэкъукI мыхъун лэжьыгъэшхуэ ипэ къихуат.
Шыхъуэ нэхъыжь Къалмыкъ Хьэжмурат хакIуэхэм якIэлъыплъыныр и пщэ ­дилъхьэжат. Сыхьэтыр теу­хуауэ абы шыхэм мэкъу, зэнтхъ, хуэнщIей, сэхуран гуарцэ зоотехникэ щIэныгъэм ткIийуэ зэригъэувым хуэдэу, яритырт. Ауэ гъуэ­тэрымэ зыщыуа зы удзи, шыхэм емызэгъын къэлэр дэгу тхьэмпэ закъуи, зы ежьужьи шхалъэхэм дэ­хуэн­кIэ Iэмал иIэтэкъым. Куэд зылъэгъуа, ныбжь ­нэхъ зиIэ шыхъуэхэу Сыжа- жэ Къарэрэ Джэдгъэф Пагуэрэ Хьэжмурат Iуэхум зэрыхуэжаныр ялъагъуху, езыхэми ягу хэхъуэрт, чэнджэщ иратурэ щIалэр ­трагъэгушхуэрт, дэIэпы­къухэрт.
 Фермэм и унафэщI Щоджэн ТIэлашэ шыхъуэ нэхъыжьым щIэх-щIэхыурэ лъыгъуазэрт, шыщIэхэм, шэщым, шхыным я Iуэху зыIутыр зригъащIэу. Дэтхэнэ зы фIэгъэнапIэ ­жь­гъейми щIэупщIэрт.
- Зыщумыгъэгъупщэ, си къуэш, - жриIэрт абы Хьэжмурат, - шууеифIыр шым екIуу тесыфракъым, ар зы­хуей хуэзыгъэзэфращ.
ТIэлашэ шыхъуэ нэхъыжьым щIешхыдэн щхьэу­­сыгъуэ къыхуихуэртэкъым: шыхэр узыншэт, шэщыр - зэлъыIухат, шыхэр - аслъэнхэм ещхьу, нэжэ­гужэт. Хьэжмурат шыхэр къыщыщIишым деж, колхозхэтхэр а шы бэлыхьхэм яIуплъэн папщIэ къекIуэ­талIэхэрт.
- Шагъдий дыдэхэщ! Абы­хэм зыгуэр къащIэмыхъуэу къэнэнкъым, - жаIэу зэхэп­хынт.
Шыхэр къуажэм пэ­мыжыжьэу, дыгъэ къэракъэм хэту, удзыпцIэхэм, ­къурш сэнтххэм щагъэ­хъурт, жьы щIыIэ къы­зэ­рыщIрамыгъэхунум иужь итхэу. Унащхьэ хуабэ зы­хуащIа гуэщхэм щIахуэжхэрт жэщым. Шей ­удзым ещхьу, мэ дахэ къызыпих мэкъу бэлыхькIэ ягъашхэрт.
Шыхъуэхэр я мурадым лъэIэсын папщIэ, щIэб­лэн­шэу зыш къанэ мыхъуну арат. Зэбгъэдэшэгъуэр ба­дзэуэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ 15 хъуху зэфIагъэкIын хуейт. Ар къе­хъулIатэмэ, шыщIэхэр илъэс къакIуэм и мэ­лы­жьыхьым, накъыгъэм, е языныкъуэхэр мэкъуауэ­гъуэм дунейм къытехьэнурэ бжьыхьэ хъуху лъэ быдэкIэ увыну хунэсынухэт. ШыщIэ лъэщхэр бжьыхьэ щIыIэм щIыщышынэжын щыIэнутэкъым итIанэ. ЩIы­­махуэм быдэ цIыкIу ­хъуахэу техьэнухэт. Псом хуэмыдэу 1947 гъэм и ­гъатхэмрэ и гъэмахуэмрэ гугъу зрагъэхьын хуей ­хъуащ.
Колхоз унафэщIымрэ шы­хъуэ нэхъыжьымрэ ­ялъэкI къагъэнакъым зоотехникэ щIэныгъэм къигъэув псори нэгъэсауэ ягъэ­зэщIэным хуэунэтIауэ. Бырс Анзор абы и закъуэ-тэкъым къалэну иIэр, абы иджыри гъавэр хригъэсэн хуейт, фермэхэм якIэ­лъып­лъын, унафэщIым и нэ­гъуэщI къалэн гуэрхэри ихьырт, итIанэми сытым дежи зэман къигъуэтырт шыхэм ялъыгъуэзэну.
Гъатхэпэм и кIэм къыхэжа удзыщIэм сытым хуэдэу хуэнэпсейуэ зрадзрэ шы­хэм. Ар ещхькъым, дауи, щIымахуэм яшха мэкъу ­гъущэм. Ауэ абы зы шынагъуэ щыIэщ. Гъатхэ удз IэфIым хуэмурэщ шыхэр егъэ­сэн зэрыхуейр. Уна­фэщIыр мыбдежми щы­Iэщ. Пщэдджыжьым мэкъу иратыну хунэсауэ пIэрэ? Хьэуэ, Хьэжмурат зэи плъы­рын щигъэтыркъым.
Хуэм-хуэмурэ гъатхэпэр къоблагъэ, бгыщхьэхэр кIуэ пэтми нэхъ щхъуан-тIэ ­мэхъу, ЕкIэпцIэкъуэ ­хъу­­­пIэхэм жьы IэфI, жьы ­хуабэ къреху. Абы нэхърэ нэхъыщхьэжу Мэзыхьэ, Домбей, нэхъ жыжьэжу Ташлы-Сырт бгыщхьэм и хъупIэ хуитхэр... Бгъэш­хуэхэм, псыкъелъэ уэрхэм, къурш задэхэм я щIыпIэ, шыхъуэхэмрэ мэлыхъуэ­хэмрэ я дуней. Мис, шыхэр Iэщ дохутырхэм зэпап­лъыхьри, гуартэ-гуартэурэ ягуэшащ. Бгыщхьэм зыр адрейм  иужь иту бжэгъухэр, ­набжэхэр, хьэжыгъэрэ ­шы­­гъурэ зэрылъ къэпхэр зэрылъ гу зэщIэщIахэр ­драшей. Шыхъуэхэм я ужьым шыхэм я хъума-кIуэ пэжхэр - хьэ бэлацэшхуэхэр итщ.
- Гъуэгу махуэ, шыщIэ куэд къытхуэфшэжи фыкъэ­кIуэж, - ирагъажьэрт къуажэдэсхэм шыхъуэхэр.
Арати, щIедзэ гузэ­вэнымрэ пIейтеинымкIэ гъэнщIа махуэмрэ жэщ­хэмрэ. ШыщIэхэр ябж… Адыгэшыр шы гъэфIакъым, ар есащ бгылъэ щIыпIэ пхъашэхэм. Ауэ абы къикIыркъым мыхьэнэ зиIэ апхуэдэ зэманым ар ­гулъытэншэу къэбгъанэ ­хъу­ну. Хьэжмуратрэ и ныбжьэгъухэмрэ фIыуэ ящIэрт ар. Дунейм къы­техьагъащIэ шыщIэ цIы­кIури куэдым щыхъумэн ­хуейщ: хакIуэ къэгубжьам  и лъакъуэ къытехуэнкIи ­хъунущ, ды­гъужь нэщIар къещэкIуэни         тIэу еплъынукъым. Уэс зыхэт уэшх щIы­Iэхэри щыс­хьыркъым шы­щIэ къалъ­хуа­гъащIэхэм. Шы­хъуэр сы­тым дежи сакъыу щытын хуейщ.
ЩIэгузэва псори хъар­зынэу зэфIэкIащ. ШыщIэ къызыщIэмыхъуа зы шыбз къэнакъым. Иджы ахэр фIыуэ хъумэн хуейщ. Шыхъуэ нэхъыжьхэмрэ абы и дэIэпыкъуэгъухэмрэ сыт-ми хэзыщIыкI шыхъуэ да­дэхэр я чэнджэщэгъущ. Абы­хэм бгыщхьэ хъупIэр IыхьиплI иращIыкIырти, ­ чэзууэрэ къагъэ­сэ­бэпырт, шахмат губгъуэм итым ещхьу, гуартэхэр щыхъуа­кIуэ губгъуэ плIанэр мазэ къэс яхъуэжурэ…

ЛIыгъэ
зехьэгъуэ

Нэху зэрыщрэ, Iудэ зы-Iут тепхъуэ телъ фIэкIа умыщIэну, Iэнэ хъурейм ещхь Къэнжалышхуэ и нэщхъыр зэхихыртэкъым. Пагуи нэщхъейт: бгыхэм мурадыфI зэрамыIэр IупщIт. ГъащIэм и кIыхьа­гъкIэ игъэунэхуат абы уафэм и гурей-гурыфIхэр. Мэлыхъуэхэр зи гъусэ мэл гуартэ псохэр, выжьхэр, шыхэр, унэ хуэдиз мывэхэр зэрагъэдзэкIыурэ езы­лъэ­сэха уэлбанэхэр и нэгу щIэкIат абы. Зэкъым-тIэукъым Пагуэ-дадэ къыщы­хуихуар техьэгъуэ зытехьа табыным иужь иту къи­жыхьын, егъэзыхыпIэ за­дэ­хэм, щыхупIэ кIыфIхэм ящ­хьэщимыгъэхьэн папщIэ. Аркъэныр мэфийри - лъэбакъуитI ичыжмэ, бгым щыхуну щыта хакIуэр мэджалэ…
Пагуэ-дадэ къыпхуэгъэп­цIэнукъым: абы гу лъитакIэщ пшэхэм я кIуэкIэм, абыхэм я кIуапIэри фIыуэ ещIэ, борэным и пэкIэ зэ­ры­защIми есэжащ, бэлэ-рыгъыркъым. Дунейм зи­хъуэжыху, ари нэхъ сакъ мэхъу. Ауэ шыхъуэ Iэзэхэми я щхьэ щыщIахьэ къа­хуохуэ. Зымахуэ дыдэщ ­Бахъсэн районым и «Те­кIуэныгъэ» колхозым щыщ Мэшыкъуэ Хьэмталий ­къуэ лъэгум зытриIубэу щы­гъуэгар, лъыкъуалэм хэлъ шыбзыр игъейуэ. Борэным и жьы щIыIэмылым табы­ным кърищIэнур уи нэгу къыпхущIэгъэхьэнукъым.
Хьэмэрэ Куба Ипщэм щыщ колхозым ей Алий-Къадым хакIуэ цIэрыIуэм и хъыбарыр-щэ? Пагуэ и щIыфэр иджыри мэтхытх, ар зэрыкIуэдыкIар и нэгу къыщыщIигъэхьэкIэ. Хъу­пIэм Алий-Къадым зымы­цIыху зы шыхъуэ щыIэтэкъым. Мэзкуу шыгъэжапIэм къыщагъэжэху, япэ зыгуэр къыщища къэхъуа­къым. Колхозым нобэхэми щахъумэ Алий-Къадым щыхьэрым къыщихьа уанэ лъапIищыр. Колхоз шы­хъуэхэр иригушхуэрт абы, яхъумэрт, ягъафIэрт. Иджы   мывэ къырхэр зэтрагъэсу фэеплъ хуа­гъэувыну загъэхьэзыр.
Уэс гъуэжь­куий къэхъеятти, табыныр ихъумэурэ, Алий-Къадыр щыхупIэм дэхуауэ щытащ...
Пагуэ-дадэ гузавэурэ ­гуартэхэм якIэлъоплъ, бгыщ­хьэм адэ-модэкIэ щилъагъу, пшагъуэм ныкъуэ­щIэхъумэ ищIа сэнтх удзы­фэ­хэр, хъупIэ зэ­мы­фэ­гъухэр зэпеплъыхь. Дунейр къызэIыхьэмэ, табыным зричынкIи хъунущ, я ха­-кIуэ-пашэхэм зытет щIыр ямылъагъужу. ЩIэпхъуэр зыгуэрт, гу лъамытэу щы­хупIэм зрамыдзыхыжтэмэ.
ХъупIэм и бжьиз къэс ецIыху Пагуэ. Колхоз уна­фэщI Бырсри, шыхъуэ пашэ Хьэжмурати, фермэм и унафэщI ТIэлаши жаIэр зыщ - зыгуэркIэ дунейр къы­зэIыхьэмэ, гуартэхэр мыбдежым щыпхузэтеIыгъэнущ. Пагуи аращ зэ­регупсысыр. Ауэ щыху­пIэхэм бгъэдэмыхьэн щхьэ­кIэ, япэ итын хуейщ. Ар нэщхъейуэ йоплъ пшэхэм щIауфа бгыхэм. Езым и ­гуартэр япэ итщ. Гузэвэн хуэмейуэ пIэрэ-тIэ? Хьэуэ, мис, уафэр мэгъуагъуэ.
Хьэжмурат къыIухьащ: «Зэхэпхрэ, Пагуэ?»
Дауэ зэхимыхынрэ? Пшэ фIыцIэ щхъуафэм къурш задэхэр зыр адрейм и ужьым иту иригъэлъэтэх фIэкIа пщIэнкъым. Уафэгъуагъуэр зэрызэхахыу, ­удзыщхьэхэр къыфIэхуащ, шы сокухэр зэщIэубэлэ-цащ. Зэрыгуартэу а пшэ фIы­цIэм ещхь хъуащ, «Сыт мыбы и мурадыр?» жыуигъэIэу.
- ЗыIыгъ, Пагуэ, - жиIэри, Хьэжмурат адрей гуартэхэмкIэ зричащ.
Пагуэ   мыпIащIэу и щхьэм щхьэрыхъуэныр фIи­шыхьщ, блэм ещхь и аркъэн гъуатIафэм еп­лъыжщ, шы  ныбэпхым  еIу­сэж­ри уанэм зридзащ.
Асыхьэтым уанэм «дэ хужьышхуэ» къытехуэри       дэ­лъеящ. Уэ! ЕтIуанэр шы тхьэкIумитIым я зэхуакум дэхуащ. Шым и щхьэр егъэ­кIэрахъуэ. Гуартэр ежьа­кIэщ. Иджыпсту и акъылым имытыжу зричынущ, уэр къызэрытелъалъэм хуэ-дэу. Пагуэ и шыр ириху­жьащ абыхэм ятежын пап­щIэ, арщхьэкIэ зылъэщIагъэхьэркъым. И щIакIуэмкIэ  шыщхьэм   зэ­ры­­жьэхэуэр илъагъуу, Пагуэ гукIэ зыхищIэрт шыхэм гъуэгу къамылъыхъуэжу, сакъыни ща­гъэтауэ зыщрачыну гужьеигъуэр къызэрыблагъэр. Шыхъуэ дадэхэм зы хабзэ зызымыхъуэж яIэщ: уафэм мывэ уэшх къещэщэха папщIэ, гуартэм зы лъэбакъуэкIэ убгъэдэкI хъунукъым. Ар адэжьхэм я уэсятщ…»
Лъэпкъым ишэча лъэпощхьэпо псори дэзыгуэ-ша адыгэшым и пщIэр ­хэкум и гъунапкъэм жы­жьэу щхьэдэIухауэ хамэ къэралхэр егъэбжьы­фIэ. Абы хуэфэщэн пщIэ игъуэ­тыжын, и шыгъэр адэкIи ефIэкIуэн папщIэ, апхуэдиз лIыгъэ зезыхьахэм я щIэб­лэращ псори нобэ зыщы­гугъыр.

 

 

 

 

 

 

 

Бырс Анзор

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Щоджэн ТIэлашэ

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Къалмыкъ Хьэжмурат

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: