Си къуэш Къэжэр Индрис теухуа гукъэкIыжхэр

Псэужамэ, мы махуэхэм и ныбжьыр илъэси 125-рэ ирикъунут адыгэ пшынауэ, уэрэдус Къэжэр Индрис къызэралъхурэ. Ар зи гуа­щIэ­рэ пщIэнтIэпскIэ псэуж, пщIэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэм къы­хэкIащ. Индрис и адэ-анэм щIалищрэ хъыджэбзищрэ зэдагъуэтащ.

Къэжэр Индрисрэ си адэмрэ зэ­къуэш бынхэщ. Зэанэкъилъхухэм я нэхъыжь Хьэсэнрэ си адэмрэ фIыуэ зэрылъагъуу, щIэх-щIэхыурэ зэ­кIэ­лъы­кIуэу, зэбгъэдэсу щытащ. Хьэсэн унагъуэу тIысыжат а зэманым. Благъэми Iыхьлыми гущIыхьэ ящыхъуат сымаджэ хьэлъэ хъууэ илъэс зэ­кIэлъхьэужьым Индрис и адэ-анэри и къуэш Гъузери дунейм зэрехыжар. ЗэрылъхузэрыпIым адэуи анэуи къахэнар Индрист.
Къэнахэм я фэр къимыщу, я ныбэ мыныкъуэу пIын, зыхуей хуэгъэзэн ­хуейт. Идрис гу къабзэ, псэ хьэлэл, гущIэгъушхуэ зыхэлъ цIыхут. Къищы­нэ­мы­щIауэ, къызэрымыкIуэу губзыгъэт, акъыл жант, куэд зэхуигъакIуэрт, абы­кIэ къахэщырт а зэманым хэпсэукIхэм. Сыт хуэдэ Iуэхуми хуэIэижьу, ищIэм псэ хилъхьэу къэгъуэгурыкIуэрт. Къэп­лъытэ хъунут ар Тхьэм и нэфI зыщы­хуахэм ящыщу. Абы и къалэмыр жану зэрыщытам хэт щымыгъуазэр?!
Индрис къиухатэкъым артистхэр, тха­кIуэхэр, уэрэджыIакIуэхэр щагъэ­хьэзыр зы еджапIи. И егъэджакIуэри унэтIакIуэ нэхъыщхьэри гъащIэрт, абы езым хуиIэ гукъыдэжымрэ, Алы­хьым кърита зэфIэкI лъагэхэмрэт. Арыншамэ, дауэ а цIыхухъур пшынауэ Iэзэу, усакIуэу, уэрэдусу, къищы­нэ­мы­щIауэ, дэрбзэрышхуэу зэрыщытар. Хьэблэ хъыджэбзхэм бостей дахэхэр, адыгэ фащэ екIупсхэр яхуидырт. Уеблэмэ, абы теухуауэ жаIэу щытащ Индрис хуида фэилъхьэгъуэр щыгъыу пщащэр джэгу кIуамэ, фIэкIыпIэ имыIэу яшэу е игу ирихьа щIалэм Iэмал имыIэу гу къылъитэу щытауэ.
«Къалъытэрт Индрис и IэщIагъэм мэгъу къару хилъхьэу. Ар къызыхэкIыр, адрейхэм ещхьу, бзыпхъэкIэ мыдэу, уэрэдым ещхьу къигъэщIырти аращ. Уэрэдри щаусым деж къагъэщIу аращ. Къэсейхьэбли, Иналхьэбли, уеблэмэ Нартан нэгъунэ, хьэгъуэлIыгъуэ къыщыхъуамэ, Индрис пшынауэу ираджэрт, зылъысар гуфIэрэ ­хэнам зигъэгусэу. Къэбэрдейм пшынауэ Iэзэ Iэджэ исащ, ауэ Индрис далъагъу мэгъу къарум - къару телъы­джэм хуэдэ зыдалъагъур мащIэ ды­дэт», - етх Нало Заур Къэжэр Индрис теухуауэ. - Пэжщ, псом хуэмыдэжу ­къуажэдэсхэм яфIэфIт абы пшы­нэ къыщищтэм, джэгум игъащIэм хэ­мыхьахэми я лъэр къемыдэIуэжу ­хъурт. ЗыщIэж щыIэу къыщIэкIынщ Индрис и уэрэдхэмрэ макъамэ дахащэхэмрэ цIыхухэм хуабжьу ягу ирихьу махуэшхуэ зэхыхьэхэм ягъэзащIэу зэрыщытар, ар дзапэ уэрэду цIыхухэм зэIэпахырт, радиокIэ щIэх-щIэхыурэ къатырт.
«Зэманым декIур лIыфIщ», псалъэ пэжхэр адыгэм къигъэщIащ. Индрис и зэманым декIум и мызакъуэу, зы­хэпсэукIа лъэхъэнэм зи цIэр фIыкIэ къахэща зырызхэм ящыщщ.
Япэ дыдэу ди республикэм къыщы­зэрагъэпэща къэфакIуэ, уэрэджы­Iа­кIуэ гупым Къэжэр Индриси яхэтащ. А ансамблым ди республикэм и щIыналъэхэм кIуэурэ зыкъыщигъэлъэ­гъуащ. ЦIыхубэм псом хуэ­мыдэу фIыуэ ялъэгъуауэ щытащ ­Индрис и Iэдакъэ къыщIэкIахэу «ПыIэ гъуабжэ плъыфэ», «Си Рэмэзан» уэ­рэдхэр.   Ар ядэлажьэу щытащ республикэм фIыуэ къыщацIыху пшынауэшхуэ ­Къашыргъэ КIурацэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ ­КъардэнгъущI Зырамыку, къэфа­кIуэ Iэзэ Атэлыкъ Хьэзрэт, накъы­рапщэ, бэрэбанауэ Ашуров Падацур сымэ.
Зи зэфIэкIхэмкIэ, IуэхущIафэмкIэ куэдым фIыуэ ялъэгъуа Къэжэр Индрис «КъБР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр, «ЩIыхьым и Дамыгъэ» ор­деныр япэу зыхуагъэфэщахэм яхэтащ.
Къыхэгъэщыпхъэу къысщохъу Що­джэнцIыкIу Алийрэ Къэжэр Индрисрэ яку дэлъа зэныбжьэгъугъэмрэ лъы­тэныгъэмрэ. ЩоджэнцIыкIум и чэнджэщ щхьэпэхэр и тегъэщIапIэу Индрис и уэрэдхэр иригъэфIакIуэрт, зэ­ры­зиузэщIыным хущIэкъурт. А тIум лъэпкъ литературэм хуащIэфынумрэ ирагъэгъуэтыну зыужьыныгъэмрэ гугъэфIхэр уагъэщIырт, арщхьэкIэ, ­Хэку зауэшхуэр къэхъейуэ лъахэм гу­зэ­вэгъуэр къытепсыха иужькIэ, къуэ пэж и хьэлу, абыхэм къалэмыр зрагъэтIылъэкIыу Iэщэр къащтэн хуей ­хъуащ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм Iэ пцIанэу пагъэува адыгэ тхакIуэхэр зыхэта лъэсыдзэр нэмыцэхэм къаувыхьри, гъэру ябыдат. Концлагерым и унафэщIым Алийрэ Индрисрэ я хъыбар къыщищIэм, зырызу щIи­шэу­рэ ягухьэну къыхуриджащ. АбыкIэ арэзы хъумэ, офицер цIэр къафIи­щыну зэрыхьэзырри, хуэмыныкъуэIауэ зэ­рагъэпсэунури дыщIигъужащ и псалъэхэм. АрщхьэкIэ, тIуми зыжьэу жаIащ Хэкум папщIэ мыпсэуфми, абы папщIэ къызэмыплъэкIыу я псэр ятыну зэрыхьэзырыр. Нэмыцэ офицерыр а псалъэхэм къигъэгубжьщ, ахэр хьэпсым ирыригъэдзэжри, адрей гъэрхэм я гъусэу фитI трахыу ­исащ. МэжэщIалIагъэм, лэжьыгъэ хьэ­лъэм къарууншэ ищIа щIалитIым я псэр щыхэкIащ Белоруссием хыхьэ Борбуйск къалэм щыIа концлаге­рым.
Зи гъащIэмрэ зи гугъэмрэ зэте­мы­хуа щIалитIым я кIуэдыкIам уи нэпс къемыкIуэу уегупсысыфыркъым - ахэр псэужамэ, лъэпкъым хуащIэфынур къэлъытэгъуейт. Хьэкъыр зыщ, республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лъабжьэр зыгъэтIылъа, а унэтIыныгъэхэм хэлъхьэныгъэфI хуэ­зыщIа Къэжэр Индрисрэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ лъэпкъым зэи щыгъуп­щэнукъым. Алыхьым ахърэт нэху ­къарит, жэнэтыр унапIэ яхуищI!

Къэжэр ЛатIиф. Алътуд къуажэ
Поделиться: