Си адэм и фIыщIэНасып нэхъ ин дыдэу къызэуэлIахэм ящыщщ Тубай Мухьэмэдрэ ДыщэкI КIунэрэ я унагъуэм сыкъызэрыщалъхуар. Апхуэдэ псалъэхэр дэтхэнэ зы къуэми, пхъуми хужыIэну къыщIэкIынщ, ауэ егъэлеяуэ адэ-анэфI, зэгурыIуэрэ зэрылъытэрэ я кум дэлъу, сиIащ. Илъэс тIощIрэ тхурэ сыхъуу арат си адэр дунейм щехыжам. Куэдрэ къэслъыхъуащ ар сэ, нобэми сыхуэныкъуэщ. Ауэ сыт пщIэн, гъащIэм и хабзэр аращ. Зэи къэхъуакъым папэ и макъыр къыщысхудришея, уеблэмэ щIалэ цIыкIухэми ящIэкIиертэкъым ар. Нэхъ гъэса, зэпIэзэрыт, цIыху лъагъугъуафIэ уигъэлъыхъуэну апхуэдэт.
Поделиться:
Читать также:
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
10.04.2024 - 12:00 →
ЕгъэджакIуэр ящыгъупщэркъым
31.03.2024 - 09:22 →
Зыужьыныгъэм и лъагъуэм ирокIуэ
17.03.2024 - 11:10 →
Илъэс 40 гъуэгуанэ
17.03.2024 - 10:08 →
СурэтыщI, егъэджакIуэ
|