Жэпуэгъуэ зэIущIэхэм гугъэфIхэр дагъэщI

ИригъэкIуэкIа джэгугъуищми щытекIуэу, мы гъэм и фокIадэр хуабжьу зыхуэугъурла «Спартак-Налшыкым» жэпуэгъуэми и ехъулIэныгъэхэм къыщыпищэну дыщIэхъуэпсырт. Ар къызэрехъулIа щIыкIэм дыкъытеувыIэнщ, блэкIа мазэм зыхэта зэIущIэхэр дигу къэдгъэкIыжурэ.

 «Спартак-Налшыкымрэ» Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-мрэ, уей-уей жрагъыIэу, Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм зэрыщыджэгурэ куэд щIакъым. ХьэрычэтыщIэ лъэрызехьэхэу Къанокъуэ Арсенрэ Керимов Сулейманрэ я щIыбагъ къызэрыдэтым абы щыгъуэм ахэр гуп лъэщ ящIат. Зэи къэмыхъуауэ ди щIалэхэм къэралпсо зэхьэзэхуэм еханэ увыпIэр щаубыда, дагъыстэнхэм домбеякъ медалхэр къыщахьа щыIэт. А псори IэфIу дигу къигъэкIыжащ жэпуэгъуэм и 4-м «Спартак-Налшыкымрэ» «Анжи»-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм джэгум къызэрыхагъэхьам а махуэм зэпэщIэува гупитIми я гъуащхьауэ лъэщу щыта икIи я хьэрхуэрэгъухэм мыхьэнэшхуэ зиIэ топ дахэ куэд премьер-лигэм щахудэзыгъэкIа Асильдаров Щамил. И ныбжьыр нэсу топ джэгуныр щигъэта пэтми, абы къигъэзэжащ гугъуехь инхэм хэт Дагъыстэным и командэ нэхъыщхьэм щIэгъэкъуэн, щIалэгъуалэм щапхъэ яхуэхъун папщIэ. Ар а футболист гъуэзэджэм къызэрехъулIэм шэч хэлъкъым.
 Урысей Федерацэм топджэгумкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм иджы хэт «Спартак-Налшыкымрэ» «Анжи»-мрэ я зэпэщIэтыныгъэм хэгъэрейхэм я тепщэныгъэкIэ къыщIидзащ. И гъащIэм къриубыдэу япэ дыдэу футбол клубым иджыблагъэ зэгурыIуэныгъэ езыщIылIа гъуащхьэхъумэныкъуэ Бахъсэнокъуэ Алихъан и лъэр нэхъ жаныж абы ищIат. Илъэс пщыкIубгъу фIэкIа ныбжьу зимыIэ щIалэщIэр мы зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэм «Спартак-Налшыкым» кIэлъыплъын мурадкIэ хагъэхьат. Ар апхуэдизу фIыуэ гупым хэзэгъащи, топитI я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIыну хузэфIэкIащ, дэтхэнэми налшыкдэсхэм текIуэныгъэхэр къахуихьауэ. Мы зэIущIэм и епщыкIуханэ дакъикъэми Алихъан «Анжи»-м и гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIащ икIи дахэ дыдэу бжыгъэр къызэIуихащ. Ущыгугъ хъунут абыи текIуэныгъэ къыпэкIуэну.
Пасэу япэ ища налшыкдэсхэм я ехъулIэныгъэм зрагъэубгъуну я мурадащ. Мызэ-мытIэу ахэр абы пэгъунэгъуащ. АрщхьэкIэ мыгувэу зы футболисткIэ нэхъ мащIэу къанэри (джэгум хахуащ гъуащхьэхъумэ Ольмезов Артур), мащIэу икIуэтыжын хуей хъуащ. А Iуэхугъуэр хьэщIэхэм къагъэсэбэпащ икIи абыкIэ сэбэпышхуэ къахуэхъуащ джэгум и етIуанэ Iыхьэм кърагъэхьа Асильдаров Щамил. Аращ зи фIыгъэр зэIущIэм къыщIагъуа зэманыр щиух дыдэм хьэщIэ ебгъэрыкIуэхэм къахыхьа гъуащхьэхъумэ Ханмурзаевым бжыгъэр зэхуэдэ зэрищIыжар.
Iуэхур ягъэзэкIуэжэну ди щIалэхэм Iэмал яIэжтэкъым икIи Iэгум илъу къащыхъуа текIуэныгъэр напIэзыпIэм яIэщIэкIащ. Апхуэдэу, дауи, къэхъунутэкъым нэхъапэIуэкIэ ирагъэкIуэкIа ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщым етIуанэуи къыщыхэжаныкIатэмэ. АрщхьэкIэ ди гъуащхьауэр лъэщу щхьэкIэ зэуа топым «Анжи»-м и гъуащхьэтетым къригъэгъэзэну зэрыхузэфIэкIар гурыIуэгъуэкъым.
ОчкоитI фIэкIуэдами, «Спартак-Налшыкым» джэгукIэ хъарзынэ къигъэлъэгъуат. И къалэнхэм хъарзынэу пэлъэщат мы гъэм япэу ди гъуэм дагъэува Къардэн Имрани.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокыр къэхьыным ипкъ иткIэ 2020-2021 гъэхэм зэхаубла зэхьэзэхуэм хиубыдэу «Динамо»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» мазитI ипэкIэ Ставрополь щызэIущIат. БлэкIа зэманым къигъэлъэгъуащ абы лъандэрэ ди командэм и Iэзагъымрэ зэфIэкIымрэ зыри зэрыхимыгъэхъуар икIи, аргуэрыжьти, япэми хуэдэу, бжыгъэшхуэ зэщхькIэ, 1:4-уэ, къыхагъэщIащ. ШыщхьэуIум (августым) и пэщIэдзэм къытщыхъуат гупыр иджыри зэрымыубыдауэ икIи зэрыфIахьар абы тетлъхьат. Иджы жыпIэнури пщIэртэкъым: нэгъуэщI щIыпIэхэм щыIауэ къахыхьэжа футболистхэри къахэзэгъэжауэ щытын хуейт, къапэщIэтари иужь зэIущIэхэм зыфIахьа командэ къызэрыгуэкIт. Хамэ стадионым зэрыщыджэгуари зэхащIэн хуэдэтэкъым, цIыхухэр зэIущIэм кIэлъыплъыну абы зэрырамыгъэхьам къыхэкIыу.
Иужь джэгугъуиплIым ящыщу 3-м щытекIуа, зэм очко бжыгъэр щызыгуэша «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм Ставрополь щрагъэкIуэкIа зэIущIэр хуабжьу жыджэру къыщIадзат. АрщхьэкIэ я къарур зыхурикъуар дакъикъэ зыбгъупщIщ. АдэкIэ икIуэтыжащ. Хэгъэрейхэм ар къамыгъэсэбэпу къэнакъым икIи, угловой зыщыплI къыхата иужькIэ, Кузьмичёвым «Динамо-Ставрополь»-р япэ иригъэщащ.
Дакъикъэ тIощIым щIигъу налшыкдэсхэм трагъэкIуэдащ бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжын папщIэ. Дэхъу Ислъам Iэзэу угловойр къыхита иужькIэ, псом нэхърэ нэхъ лъагэ Шумахуэ Заур топыр щхьэкIэ ставропольдэсхэм я гъуэм дигъэкIащ.
Зэман дэкIыу, загъэпсэхуу къихьэжа ди щIалэхэр къыпхуэмыцIыхужыным хуэдэт. Ахэр я хьэрхуэрэгъухэм сыткIи къапикIуэтырт. Абы кърикIуащ джэгум и етIуанэ Iыхьэм аргуэру топищ къыхудагъэкIыу 1:4-уэ къызэрыхагъэщIар. «Спартак-Налшыкым» зыкIи къыдэIэпыкъуфакъым иджыблагъэ къахыхьэжауэ япэу джэгупIэ губгъуэм кърагъэхьа Тебэрды Тимури. Адрей зэIущIэхэми хуэдэу сэбэпынагъышхуэ къихьакъым гъуэм дагъэувэжа Антипов Антони.
Хъарзынэу ирагъэкIуэкIа джэгугъуиплIым яужькIэ къэщIэрэщIэжа Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэм я гугъэфIхэр ди щIалэхэм Ставрополь щыкъуалъхьэжащ. А къалэр «Спартак-Налшыкым» зэрыхуэмыугъурлыр къигъэлъэгъуащ мы гъэм тIэунейрэ 1:4-уэ абы къызэрыщыхагъэщIам.
Ставрополь щыIэу бжыгъэшхуэкIэ къызэрыщыхагъэщIам Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэм къагуригъэIуат Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-2021гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм «Спартак-Налшыкым» зыщыгугъынышхуэ зэрыщымыIэр: зэпеуэм и Iыхьэ щанэр блэмыкIами, бжьыпэр зыIыгъхэм ди щIалэхэр очко пщыкIуплIкIэ къакIэрыхуат.
 ГугъэфI лъэпкъи дигъэщIакъым жэпуэгъуэм и 18-м кърагъэблэгъа «Мэхъэчкъалэм» щыIущIа джэгугъуэм и япэ Iыхьэми. Зэманыр кIуэрт, арщхьэкIэ «Спартак-Налшыкым» бжыгъэр къыхузэIухыртэкъым, Iэмал гъуэзэджэ зыбжанэ иIэ пэтми. Уеблэмэ, топыр гъуащхьэм техуэу къыщылъеижаи къэхъуащ. Абы фIы къызэримыкIынур къэтлъэгъуащ сыхьэт ныкъуэ дэкIа иужькIэ. Хэгъэрейхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ бжыгъэншэхэр я гъуэм къыIуагъэкIуэтын мурадкIэ хьэщIэхэм езыхэм зрачащ. Апхуэдэхэм ящыщ зым Тебэрды Тимур ди гъуэм пэгъунэгъуу «Мэхъэчкъалэм» и гъуащхьауэр щриудащ. Судьяуэ Краснодар къикIа Дорошенкэ Виталий напIэзыпIэм метр пщыкIузым и деж игъэлъэгъуащ. Гираевыр ди гъуащхьэтетым ефIэкIри, хьэщIэхэр япэ ищащ.
Абы игъэгушхуа Дагъыстэным и къалащхьэм къикIахэм ди щIалэхэр Iэнкун зэрыхъуар Iэзэу къагъэсэбэпащ. Дакъикъищ дэкIауэ арат хьэщIэхэм бжыгъэр щагъэбэгъуам. Ди гъуащхьэхъумэхэм Гираевыр аргуэру яхузэтеIыгъакъым.
ЗэIущIэм и IыхьитIым я зэхуаку дэлъ зыгъэпсэхугъуэ зэман кIэщIыр «Спартак-Налшыкым» и тренерхэм зытрагъэкIуэдар гурыIуэгъуэщ. Шэч хэлъкъым абыхэм я гъэсэнхэм псалъэмакъ ткIий зэрырыдрагъэкIуэкIам. Ар пщIэншэ хъуакъым.
Джэгум ирагъэжьэжри, дакъикъэ зыщыплI дэкIауэ арат Ашу Мурад «Мэхъэчкъалэм» и гъуэм щхьэкIэ топ дигъэкIыу ди гугъэхэр къыщигъэщIэрэщIэжам. Абы тригъэгушхуа налшыкдэсхэр нэхъ ерыщыжу ебгъэрыкIуэрт. ХьэщIэхэм я къару къызэрихькIэ захъумэжырт, ямыщIэххэу къахукъуэплъа текIуэныгъэр яхъумэну щIэхъуэпсу.
ЗэIущIэм хухаха зэманыр икIэм нэблагъэрт, арщхьэкIэ бжыгъэм зыхъуэжыртэкъым. Аргуэру «Спартак-Налшыкыр» къыхагъэщIэну ара? А гупсысэм итхьэкъуат стадионым къекIуэлIа цIыху мащIэмрэ интернеткIэ джэгум кIэлъыплъ адрейхэмрэ. 89-нэ дакъикъэм зи чэзу ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщым, икIэм-икIэжым ехъулIэныгъэ къытхуихьащ. Къызэрихьэрэ куэд мыщIа Хьэшыр Алан бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ!
АдэкIэ дакъикъэ зыщыплI судьям джэгум къыщIигъуащ. ТхьэмахуитI ипэкIэ апхуэдэ зэманым очкоитI тфIэзыгъэкIуэда топыр «Анжи»-м къызэрытхудигъэкIар зыщIэжхэр къэпIейтеящ. АрщхьэкIэ ди щIалэхэм абы дерс къыхахауэ къыщIэкIащ. 94-нэ дакъикъэр щиух дыдэм ХъутIэ Анзор щхьэкIэ зэуа топым хьэщIэхэм я гъуащхьэтетыр пэлъэщакъым. Арати, 3:2-уэ «Спартак-Налшыкыр» текIуащ, джэгум и япэ Iыхьэр 0:2-уэ фIахьу иухами. Езыр-езыру зызыхадзэжа бэлыхьым ахэр лIыгъэ яхэлъу къыхэкIащ.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и епщыкIутIанэ джэгугъуэм ипкъ иткIэ адрейхэм яужькIэ блыщхьэм Краснодар щрагъэкIуэкIа зэIущIэм «Спартак-Налшыкым» турнир таблицэм щиIыгъ увыпIэм и дежкIэ мыхьэнэ щIагъуэ иIэтэкъым – армырами пашэныгъэм зэрыщIэмыбэныфынур пасэу наIуэ хъуат. Абы щыгъуэми премьер-лигэм и командэ зыбжанэм хъарзынэу зыкъыщызыгъэлъэгъуа гъуащхьауэ гъуэзэджэ Мамты Хьэсэн иджыблагъэ зыхэзыгъыхьэу нэхъри зызыгъэлъэща «Кубань»-р щIохъуэпс, бжьыпэр иубыду, япэ дивизионым игъэзэжыну. А IуэхугъуэмкIэ и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэхэу Павловскэм и «Кубань-Холдинг»-р ипэ къит махуэм Таганрог щыIэу щIыпIэ «Форте»-м къызэрыхигъэщIамрэ Мэхъэчкъалэ и «Легион Динамо»-р ростовдэсхэм зэрапэмылъэщамрэ ар нэхъри тригъэгушхуэрт. Арати, гурыIуэгъуэ хуэдэт хэт сытым щIэбэнынуми. АрщхьэкIэ куэд зыпэмыплъауэ джэгур екIуэкIащ.
ХьэщIапIэ щыIэ пэтми, «Спартак-Налшыкым» и ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэмкIэ зэIущIэм къыщIидзащ. Абы зыкIи хуэмыхьэзыру къыщIэкIащ хэгъэрейхэр – ахэр текIуэныгъэм щIэбэныну къихьами, захъумэжын хуей хъуащ. Япэу «Кубань»-р ипэкIэ щыкIуэтар епщыкIущанэ дакъикъэращ икIи занщIэу пенальти къилэжьащ. Ди гъуащхьэхъумэхэм ядэIэпыкъуну къикIуэтыжа Бахъсэнокъуэ Алихъан гъуэм пэмыжыжьэу Мамты Хьэсэн ириудащ. Метр пщыкIузым бгъэдыхьащ етIуанэ дивизионым и Япэ гупым мы зэхьэзэхуэм топ нэхъыбэ я хьэрхуэрэгъухэм щахудэзыгъэкIа Грузновыр. Зричри, и къару къызэрихькIэ, ар еуащ. Ди гъуащхьэтет Антиповым топым здигъэзэну лъэныкъуэр къищIащ, ауэ лъэмыIэсу IэщIэкIри, штангэм техуащ.
Абдежми Iуэхур къыщыувыIакъым. Тепщэныгъэр налшыкдэсхэм яIыгъ пэтми, аргуэру пенальти я гъуэм къеуэну 39-нэ дакъикъэм къахукъуэкIащ. А Iэмал гъуэзэджэр Мамты Хьэсэн зыIэщIигъэкIакъым.
Бэлыхь зыхидзэжрэ лIыгъэ хэлъу абы къыхэкIыжу зезыгъасэ «Спартак-Налшыкым», загъэпсэхуу къызэрихьэжу етIуанэ топри и гъуэм дыхьащ. АбыкIэ «Кубань»-м щIэгъэкъуэн лъэщ хуэхъуащ Ольмезов Артур. Хэгъэрейхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр къыщызэпиудым, абы топыр и гъуэм дигъэкIыжащ.
Тхьэмахуэ ипэкIэ къахуеблэгъа «Мэхъэчкъалэм» щыдэджэгуами хуэдэу, 0:2-уэ къыхагъэщIэу хъуа иужькIэщ ди щIалэхэм зыкъыщызэкъуахар. 62-нэ дакъикъэм щегъэжьауэ 68-нэм нэсыху абыхэм краснодардэсхэм я щхьэр кърагъэIэтакъым икIи Хьэшыр Аланрэ Пащты Русланрэ я фIыгъэкIэ бжыгъэр зэхуэдэ ящIащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, текIуэныгъэр зыIэрагъэхьэфакъым, мызэ-мытIэу абы пэгъунэгъу хъуа пэтми. Ауэ 2:2-ри хуабжьу арэзы дыкъэзыщIа кIэухщ. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, мы зэпеуэм ар «Кубань»-м и япэ зэрытемыгъэкIуэныгъэщ. «Спартак-Налшыкым» абы къригъэгъэсэбэпакъым и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэхэм нэхъапэIуэкIэ очко тIурытI-щырыщ зэрафIэкIуэдар.
Зыкъом щIауэ ямыIауэ Къэрэшей-Шэрджэсым къыщызэрагъэпэщыжа футбол командэр нэсу зэфIэувэным иджыри зэман кIыхь зэрыхуейм шэч хэлъкъым. Абы и щыхьэтщ зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм щаIыгъ увыпIэ лъахъшэр. Апхуэдэу щыт пэтми, «Интер»-м и футболистхэр щэбэт кIуам ди пащхьэм къиуващ къикIуэтыну зэрызимыгъэхьэзырыр и джэгукIэфIымкIэ щIигъэбыдэжу. Псом хуэмыдэу ахэр тригъэгушхуэрт нэхъапэм «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэу щыта иджы черкесскдэсхэм я пашэ ди лъахэгъу КIыщ Залым.
Хэгъэрейхэм зэрахабзэу, налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэмкIэ джэгур ирагъэжьащ. Зым адрейр къыкIэлъыкIуэу ахэр я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм тегуплIэрт икIи къыпщыхъурт мыгувэу бжыгъэр къызэIуахыну. АрщхьэкIэ зэманыр кIуэрт, ауэ Iуэхур зэрыщытт. Апхуэдэурэ зэIущIэм и япэ Iыхьэр иухащ.
Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ нэхъ лъэщыж хъу «Спартак-Налшыкыр» щэбэт кIуами а хабзэм текIакъым. Пэжщ, абыкIэ япэщIыкIэ «Интер»-р къыдэIэпыкъуащ – иджыри къэс хъарзынэу зызыхъумэжа хьэщIэхэм я футболистхэм ящыщ зы я гъуэм пэмыжыжьэу топым IэкIэ еIусащ. Судьям, дауи, метр пщыкIузым и деж игъэлъэгъуащ.
Пенальтир игъэзэщIэну Пащты Руслан щыбгъэдыхьэм гурыIуэгъуэ хъуащ ар къыпэщыт гъуащхьэтетым зэрефIэкIынур. Апхуэдэуи къэхъуащ.
Налшыкдэсхэм я капитаным зи пашэ гупыр япэ зэрыригъэщрэ зы дакъикъэ дэкIауэ арат ХъутIэ Анзор бжыгъэр щигъэбэгъуам. Хьэшыр Алан «Интер»-м и гъуащхьэтетхэм яIэщIэкIри, топыр апхуэдизу Iэзэу къыхитати, гъуащхьауэ ныбжьыщIэм къыхуэнэжар ар гъуэм хуигъэзэнырт.
Мы зэIущIэм ХъутIэ Анзор етIуанэуи къыщыхэжаныкIащ. ТопитIкIэ япэ зэрищам къыхэкIыу, текIуэныгъэр зэраIэрылъхьэр армырами нэрылъагъу пэтми, ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр зэпагъэуакъым икIи судьям къыщIигъуа зэманым бжыгъэр 3:0-м нагъэсащ.
Арати, мы гъэм щIэзыдза зэхьэзэхуэм и иужь джэгугъуийм зэ фIэкIа къыщыхамыгъэщIа «Спартак-Налшыкым» турнир таблицэм ебланэ увыпIэм нэс зыщиIэтащ. Куэд щIащ апхуэдэ лъагапIэм ар къызэрыщымыхутэрэ. Бетэмал, шыщхьэуIу (август) мазэм зэрылъэфыхь кIыхь мыхъуатэмэ (пэщIэдзэ джэгугъуиплIым ящыщу 3-м къыщыхагъэщIащ, 1-м зэрыщызэтегъэкIуакъым), япэ дивизионым щIэбэныфынкIи хъунт. Апхуэдэ гугъэ уегъэщI хуабжьу нэхъ къелъэщэкI бжьыпэр зыIыгъхэм зэрахэмытым. Къапщтэмэ, тхьэмахуэ ипэкIэ Краснодар щыIэжу къытпэмылъэща «Кубань»-р Мэхъэчкъалэ щыхьэщIэу «Анжи»-м текIуэри, етIуанэ увыпIэм нэсащ, бжьыпэр зыIыгъым зы очкокIэ фIэкIа къыкIэрымыхужу. Ар ди командэм нэхърэ зэкIэ нэхъ мащIэрэ къыхагъэщIауэ аращ.
Я лъахэгъу хьэрхуэрэгъухэр зылъэщIигъэхьэжыпащ Павловскэм и «Кубань-Холдинг»-м. Мейкъуапэ щыIэу абы очкоитI фIэкIуэдащ. Хэт ищIэн, апхуэдэурэ екIуэкIмэ, «Спартак-Налшыкри» пашэныгъэм щIэбэныфынкIи хъунщ. Сыти жыIи, зэхьэзэхуэм и Iыхьэ щанэр иуха къудейуэ аращ.


Бахъсэнокъуэ Алихъан и япэ зэгурыIуэныгъэм Iэ тредзэ.


Гъуащхьауэ щIалэщIэр йобгъэрыкIуэ.

 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: