ШахматхэмкIэ дунейпсо чемпионхэрШахматхэр спорт лIэужьыгъуэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ зыщ. Дунейм и щIыпIэ псоми абы зыщиубгъуащ икIи цIыху мелуанхэр дихьэхащ. ЦIыхум и акъылыр, зэфIэкIыр, зэпэлъытэр нэсу къэзыгъэлъагъуэщ ар. ШахматхэмкIэ япэ дунейпсо зэхьэзэхуэшхуэ щекIуэкIар 1851 гъэращ. Абы щыгъуэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон щызэхуашэсат дэнэ щIыпIи къраша спортсмен нэхъ лъэщхэр. А зэхьэзэхуэм щытекIуа, Пруссием щыщ Андерсен Адольф куэдым къалъытэ япэ дунейпсо чемпиону, арщхьэкIэ официальнэу а цIэ лъапIэр щагъэувар 1886 гъэращ. Я хьэрхуэрэгъу псоми нэхъапэм ефIэкIа Стейниц Вильгельмрэ Цукерот Иоганнрэ щызэпэщIэувам зэгурыIуащ текIуэныгъэр къэзыхьым шахмат тажыр и Iэрылъхьэу.
Стейниц Вильгельм (1836 гъэм накъыгъэм (майм) и 14-м Прагэ (Австро-Венгрие) къыщалъхуащ - 1900 гъэм шыщхьэуIум (августым) и 12-м Нью-Йорк (США) щылIащ) - австрийскэ, америкэ шахматистщ. 1886 гъэм япэ дыдэу официальнэу дунейпсо чемпион хъуащ. Къыщалъхуа икIи къыщыхъуа Австро-Венгрием иужькIэ иIэпхъукIри, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я цIэкIэ зэхьэзэхуэхэм хэтащ. ИлъэсийкIэ шахмат тажыр зэрихьащ.
Ласкер Эмануэль (1868 гъэм дыгъэгъазэм (декабрым) и 24-м Берлинхен (Пруссие) къыщалъхуащ - 1941 гъэм щIышылэм (январым) и 11-м Нью-Йорк (США) щылIащ) - нэмыцэ журт шахматистщ икIи математикщ. ЕтIуанэ дунейпсо чемпионщ. 1894 гъэм щыщIэдзауэ 1921 гъэ пщIондэ (илъэс тIощIрэ блыкIэ) а цIэ лъапIэр зэрихьащ. Апхуэдэ зыхузэфIэкIа нэгъуэщI шахматист иджыри дунейм къытехъуакъым. И ныбжьыр илъэс 68-м нэсыхукIэ зэпеуэ инхэм зэфIэкI лъагэ къыщигъэлъагъуэу хэтащ.
Капабланкэ Хосе Рауль (1888 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 8-м Гаванэ (Кубэ) къыщалъхуащ - 1942 гъэм Нью-Йорк (США) щылIащ) - кубин шахматистщ, шахмат литератору, дипломату щытащ. ШахматхэмкIэ ещанэ дунейпсо чемпион хъуащ, 1921 гъэм Ласкер текIуэри. ИлъэсихкIэ шахмат тажыр зэрихьащ, 1927 гъэм Алехиным хигъэщIэху.
Алехин Александр (1892 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 19-м Мэзкуу (Урысей) къыщалъхуащ -1946 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 24-м Эштроил къалэм (Португалие) щылIащ) - Урысей империем, Совет Урысейм, Франджым я цIэкIэ зэхьэзэхуэхэм хэта шахматист цIэрыIуэщ. И унэцIэр зэратхым и пэжыпIэр Алехинщ, атIэ дызэреса Алёхиныракъым. ШахматхэмкIэ еплIанэ дунейпсо чемпионщ. 1920 гъэм РСФСР-м и япэ чемпион хъуащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым хэкур ибгынэри, Франджым Iэпхъуащ.
Эйве Макс (1901 гъэм накъыгъэм (майм) и 20-м Ватерграфсмер къалэм къыщалъхуащ - 1981 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 26-м Амстердам (Нидерландхэр) щылIащ) - нидерланд шахматист икIи математик цIэрыIуэщ. ШахматхэмкIэ етхуанэ дунейпсо чемпион 1935 гъэм хъуащ, арщхьэкIэ илъэситI нэхъ дэмыкIыу Алехиным а цIэр IэщIихыжащ. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 40 гъэхэм пщIондэ дунейм и шахматист нэхъыфIхэм хабжэу къекIуэкIащ. ИужькIэ информатикэр джыным зритащ.
Ботвинник Михаил (1911 гъэм шыщхьэуIум (августы) и 4-м Куоккалэ къалэм (Урысей империем хыхьэ Финляндие пащтыхьыгъуэ) къыщалъхуащ 1995 гъэм накъыгъэм и 5-м Мэзкуу (Урысей Федерацэ) щылIащ). ШахматхэмкIэ еханэ дунейпсо чемпионщ (1948 - 1957, 1958 - 1960, 1961 - 1963 гъэхэм). Совет Союзым щыщу япэ дыдэу а цIэ лъапIэр зыIэригъэхьащ.
Смыслов Василий (1921 гъатхэпэм (мартым) и 24-м Мэзкуу къыщалъхуащ - 2010 гъэм гъатхэпэм и 27-м ардыдэм щылIащ) - совет, урысей шахматист цIэрыIуэщ. ШахматхэмкIэ ебланэ дунейпсо чемпионщ (1957 - 1958 гъэхэм). (КъыкIэлъыкIуэнущ).
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
22.04.2024 - 17:11 →
Доттуев Ахъмэт ягу къагъэкIыж
22.04.2024 - 16:06 →
ЕкIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
|