Лъэпкъ зыужьыныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ

Адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ къыддокIуэкI «совет» мыхьэнэр зиIэ, ХасэкIэ зэджэ лъэпкъ-демократие зэгухьэныгъэр. Мы зэманым лажьэ «Къэбэрдей Адыгэ Хасэ» лъэпкъ жылагъуэ зэгу­хьэ­ныгъэр Налшык къыщызэрагъэпэщащ 1990 гъэм накъыгъэм и 7-м. Абы и Уставым илъэси 6 ипэкIэ дыхэплъэжащ икIи къару зиIэ дэфтэру къэтщтауэ дролажьэ. ХабзэщIэм къызэрыщыгъэ­лъэгъуамкIэ, КъАХ-м зи щхьэ хущытыж жылагъуэ зэгухьэныгъэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм Iуэху щещIэ.

Хасэр дапыщIащ щIыпIэ, къэрал, политикэ, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм, КъБР-м и Конституцэмрэ УФ-м «Жы­лагъуэ зэгухьэныгъэхэм ятеухуауэ» и хабзэмрэ къагъэув мардэхэр и тегъэщIапIэу. Адыгейхэм, шэрджэсхэм, тенджыз ФIы­цIэм и Iуфэм Iус шапсыгъхэм, мэздэгу адыгэхэм ягъэлажьэ апхуэдэ лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ещхьу, Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэм КъБР-м щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ гупсысэр еунэтI, я Iуэху еплъыкIэхэр ядеIыгъ, хуитыныгъэмкIэ дунейпсо хабзэхэм я мардэу Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) и Уставым къыщыгъэлъэгъуахэр икIи УФ-м ­къару яIэу къыщалъытахэр я лъабжьэу.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зы Iыхьэщ. КъАХ-м и къудамэхэр щолажьэ КъБР-м и район псоми, къалэхэм, къуажэхэм. Ди жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яку зэгурыIуэрэ пщIэрэ дэлъу щыгъэ­ты­ныр, адыгэ лъэпкъ гупсысэм адэкIи зегъэужьыныр. Ар и телъхьэкъым лъэпкъхэм я зэхуаку зэгурымыIуэныгъэ къыдэ­зылъхьэ дэтхэнэ Iуэхугъуэми.
А къалэнхэр зэдгъэхъулIэн папщIэ ди жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм Iуэхугъуэ куэд зэфIыдогъэкI. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм гъа­щIэм и унэтIыныгъэ псори къызэщIеубыдэ. Абыхэм я нэхъыщхьэхэм ящыщщ КъБР-м и цIыхухэр зэгурыIуэныгъэрэ ­мамырыгъэрэ зи лъабжьэ Iуэхугъуэхэм къахузэщIэдгъэуIуэным, хабзэр зи джэ­лэс демократие къэралыр гъэбы­дэ­ным, хамэ щIыналъэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр хэкужьым къэшэжыным, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ зехьэным теухуа жэрдэмхэр дэIыгъыным, лъэпкъ Iэп­щIэлъапщIагъэр къэгъэщIэрэщIэжы­ным хуэ­лэжьэныр. Апхуэдэу КъАХ-м мыхьэ­нэшхуэ ирет икIи Iуэхугъуэ купщIафIэхэр зэфIех лъэпкъ гупсысэр къэIэтыным, анэдэлъхубзэр, лъэпкъ щэнхабзэр, тхы­дэр хъумэным, адыгэ унагъуэм илъ лъапIэныгъэхэмрэ хабзэхэмрэ жылагъуэм пщIэ щаIэным.
Хэхыныгъэм ехьэлIа хабзэхэм япкъ ­иткIэ, Хасэр жыджэру абыхэми хэтщ. ­КъАХ-р хуэжыджэрщ псапащIэ Iуэхухэми. Абы зэрыхъукIэ защIегъакъуэ гъащIэм щытыкIэ хьэлъэ щихуа цIыху щхьэхуэхэм, апхуэдэу гулъытэ хэха хуещI зи адэжь щIыналъэм къэзыгъэзэжыну хуей ди лъэпкъэгъухэми.
А псори зригъэхъулIэн папщIэ, жыла­гъуэ зэгухьэныгъэм ирегъэфIакIуэ хамэ щIыналъэхэм щыIэ лъэпкъ хасэхэм ­яхуиIэ пыщIэныгъэхэр, IуэрыIуатэ, литературэ, тхыдэ фэеплъ щIэинхэр зэхуэ­хьэсыжыным, абыхэм ятеухуа тхылъхэр къыдэгъэкIыным йолэжь, лъэпкъ махуэшхуэхэм епха дауэдапщэхэр, адыгэхэм я щэнхабзэ, экономикэ, политикэ ­гъащIэм ехьэлIа зэхуэсхэр къызэрегъэ­пэщ. Гулъытэншэ тщIыркъым лъэп­къым и цIыху щэджащэхэр. Абыхэм ятеухуа пшыхьхэр, зэIущIэхэр идогъэкIуэкI.
Хасэм и щыIэкIэм, зэфIигъэкI лэжьыгъэхэм ятеухуа тхыгъэхэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм хэIущIыIу щыдощI, лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм, литературэмрэ тхыдэмрэ къызыхэщ тхылъ щхьэхуэхэри къыдыдогъэкI.
Адыгэбзэр хъумэнымрэ абы нэхъри ­зегъэужьынымрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм гулъытэу хуищIыр адрей псоми яхуэдэжкъым, сыту жыпIэмэ анэдэлъхубзэм епха Iуэхугъуэхэр щIыналъэ, къуажэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт псори зыгъэпIейтейхэм ящыщщ. Дэтхэнэ лъэпкъми езым и тхыбзэ иIэжыныр, абыкIэ псэуныр, Iуэху иризэрихьэу дунейм тетыныр фIыгъуэшхуэщ. Зи анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэ, абыкIэ зи гупсысэхэр нэгъэсауэ къэзыIуэтэф щIэблэ лъэпкъым къыщIэувэнри мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Адыгэм дбгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым щIэблэр ешэлIэнымкIэ, и хабзэр, тхыдэр фIэгъэщIэгъуэну зригъэщIэным хуэгъэпса Iуэхугъуэ дахэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыхилъхьауэ щытащ илъэс 20 ипэкIэ. Ар «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэр ди щIыналъэм щегъэкIуэкIынырт. КъАХ-м и жэрдэмыр даIыгъащ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерст­вэмрэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ нэ­гъуэщI къэрал, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ. Лъэпкъ гупсысэр зыузэщI педагогикэ гъэунэхуныгъэ хьэлэмэт хъуащ зэпеуэр. Анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ, тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэныр, бзэр курыт школхэм зэрыщаджыр егъэфIэ­кIуэныр, апхуэдэуи а Iуэхухэм хуэлажьэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэр наIуэ къэщIауэ гъэпэжэныр, еджакIуэ зэчиифIэхэр гъэгушхуэныр и къалэну дгъэува а Iуэху­гъуэм зэман кIэщIым къриубыдэу зиузэщIащ, дэнэкIи зыщиубгъуащ. Нэхъапэм зэхьэзэхуэм и утыку къихьэу щытар адыгэбзэр езыгъэджхэрауэ щытамэ, илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, абы къыхыхьащ урысыбзэмкІэ, балъкъэрыбзэмкІэ езыгъаджэхэри.
Мы зэпеуэм щытекIуа егъэджакIуэхэм я зэфIэкI-хэр мызэ-мытIэу щагъэлъэ­гъуащ Москва, Санкт-Петербург, Са­ранск къалэхэм щекIуэкIа, Анэдэлъхубзэхэр езыгъэджхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэхэм. Адыгэбзэр езыгъэджхэм ящыщу цIыхуи­блым къэралпсо зэпеуэм гулъытэ хэха къыщыхуащIащ. А зэхьэзэхуэм и ­саугъэт нэхъыщхьэр - «Дыжьын къабзийр» - къы­хуагъэфэщащ КъАХ-м и Ха­сащ­хьэм хэт, Налшык дэт курыт школ №13-м адыгэбзэр щезыгъэдж икIи унафэщIым и къуэ­дзэ Хур Мадинэ.
Дызыгъэгушхуэ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэм щIэдзапIэ яхуэхъуащ Хасэм къыхилъ­хьауэ щыта а проектыр. Шэч хэмылъу, ар ди жылагъуэ зэгухьэныгъэм и пщIэр къэзыIэт, лъэпкъыр хъума хъунымкIэ ­мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэщ.
КъАХ-м къыхилъхьауэ игъэлажьэ нэ­гъуэщI проектхэм я гугъу тщIымэ, апхуэдэхэм ящыщу и цIэ къипIуэ хъунущ ­Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм илъэс еханэ хъуауэ къыщызэдгъэпэщ «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэм. Абыхэм хэтакIэщ адыгэбзэмрэ щэнхабзэмрэ, ­гъуазджэмрэ тхыдэмрэ, IуэрыIуа­тэмрэ литературэмрэ фIыуэ хэзыщIыкI, лъэпкъ шхыныгъуэхэр гъэхьэзырыным хуэIэижь бзылъхугъэ щэныфIэ цIыкIуу 80-м ­щIигъу. БлэкIа илъэсым япэу екIуэ­кIащ «Адыгэ щауэ» зэпеуэр.
ЗэфIэдгъэкI лэжьыгъэхэм къыхэгъэбелджылыкIыпхъэщ Адыгэ махуэгъэп­сым къыщыдгъэлъэгъуа лъэпкъпсо махуэшхуэхэм ящыщу зыбжанэ республикэм гуфIэгъуэу зэрыщагъэлъапIэр. Ап­хуэ­дэхэщ, псалъэм папщIэ, Адыгэ фа­щэм и махуэр (2010 гъэ лъандэрэ), Адыгэхэм я махуэр (2014 гъэ лъандэрэ), Адыгэшым и махуэр (2015 гъэ лъандэрэ). 2018 гъэм и мэкъуауэгъуэм и 30-м ДАХ-м и Хасащхьэм хэтхэм зэдэарэзыуэ къызэдащтащ Адыгэ нарт эпосым и махуэр гъэувыным епха унафэр.
КъинэмыщIауэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыхилъхьэри, адыгэ дунейм щагъэлъэпIащ къэбэрдей литературэм и классик КIыщокъуэ Алим (2014 гъэм), СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ (2016 гъэм), дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрэрэ     япэ къэбэрдей усакIуэ, узэщIакIуэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Лэ­къу­мэнрэ (2018 гъэм) я илъэсхэр. 2019 гъэм дгъэлъэпIащ Къалмыкъ Юрэрэ (1934) Къэшэж Иннэрэ (1944) я илъэсхэр.
ЖыпIэнурамэ, КъАХ-р дапщэщи хуо­лажьэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яку зэхэщIыкIрэ пщIэрэ дэлъыным, ди хэкур ефIэкIуэным, зи тхыдэр, хабзэр, къызыхэкIар зыщIэж щIэблэ узыншэ адыгэм къытщIэхъуэ­-        ным. Лъэпкъ зыужьыныгъэмрэ зыузэ­щIы­ныгъэмрэ яхуэгъэза мурадхэр ди куэдщ. Ахэр зэдгъэхъулIэныращ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм хэтхэм я зэфIэкI псори зыхуэдгъэпсыр.

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ.
Поделиться: