«Адыгэ пщащэ» зэпеуэр, 2016 гъэ
«Адыгэ пщащэ» республикэ зэпеуэр 2016 гъэм ещанэу Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, Налшык къалэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и къудамэм, Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм.
Абы хэтащ ди щIыналъэм и районхэм къикIа хъыджэбзий. Пщащэхэр дахэт, ауэ ар мащIэщ мыпхуэдэ зэпеуэм ущыте-кIуэн папщIэ: узэрыакъылыфIэр, узэрыжьакIуэр, анэдэлъхубзэр зэрыбгъэшэрыуэр, Iуэхум узэрыхуэIэкIуэлъакIуэр, хабзэм зэрыхэпщIыкIыр, нэгъуэщIхэри къэбгъэлъэгъуэн хуейт.
Абыхэм я зэфIэкIыр къэзыпщытэну гупым хэтт «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейм и унафэщI IутIыж Мэжид, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и балетмейстер нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Битокъу Аслъэнбэч, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и егъэджакIуэ, режиссёр, сценарист, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Анзор, ХьэрычэтыщIэхэр щагъэхьэзыру Москва и Правительствэм иIэ академием и доцент, пщафIэ Iэзэ Бжьэдыгъу Оксанэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент, «Адыгэ псалъэ» газетым политикэмкIэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI НэщIэпыджэ Замирэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэ Хьэкъул Оксанэ, Кэнжэ дэт сабий сад №20-м и етIуанэ къудамэм и унафэщI, дэрбзэр Iэзэ, лъэпкъ фестиваль зыбжанэм я лауреат Балэ Марьянэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и актёр Къанкъул Ислъам, «Адыгэ пщащэ-2014» зэпеуэм «Гран-при» саугъэтыр къыщызыхьа Сейн Аидэ сымэ. КъэпщытакIуэ гупым и унафэщIт Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Зэпеуэр езыгъэкIуэкIар Къуэныкъуей Залинэрэ Мамий Аслъэнрэщ. IуэхугъуихкIэ зэпеуа хъыджэбзхэм къызэхуэсахэм зыкърагъэцIыхуащ япэщIыкIэ. Пщащэхэм жаIащ къызыхэкIа унагъуэр, лъэпкъыр, зыщыщ къуажэр, щеджэр, дэзыхьэхыр, гъащIэм хуаIэ еплъыкIэмрэ я мурадхэмрэ. А псори видео теплъэгъуэхэмрэ сурэтхэмкIэ экраным къыщагъэлъагъуэрти, утыкум ит пщащэм и дуней тетыкIэм зыщыбгъэгъуэзэнымкIэ Iэмал хъарзынэт.
КъэпщытакIуэ гупым хэтхэмрэ къызэхуэсахэмрэ пщащэхэр нэхъ зрагъэцIыхун мурадкIэ, пэшым щIэсхэм упщIэ тIурытI абыхэм хуагъэхьэзырат. Пщащэхэр хъарзынэу пэлъэщащ а упщIэхэм, адыгэбзэм зэрыхуэшэрыуэхэмрэ зэрыакъылыфIэхэмрэ къагъэлъагъуэу. КъыкIэлъыкIуэ зэпеуэр адыгэ шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэмрэ я сэбэпынагъымрэти, дэтхэнэми балл нэхъыбэр хуэбгъэув хъуну пщэфIащ. КъэпщытакIуэхэм я пащхьэ кърагъэува ерыскъыхэр зэрапщэфIа щIыкIэр видеокIэ къагъэлъагъуэурэ тепсэлъыхьащ. ТхьэмщIыгъуныбэ, матэ кхъуейрэ хьэлывэрэ, хьэлыуэ, нартыху лэкъумрэ кхъуейжьапхъэрэ, джэш лыбжьэ, жэмыкуэ, щIакхъуэзэтеупIэщIыкI, джэд лыбжьэрэ пIастэрэ ягъэхьэзырати, адыгэ Iэнэм и берычэтагъымрэ ерыскъым и къэуатымрэ наIуэ къащIырт.
«Щэнхабзэм и лъахэм» хъыджэбзхэм щагъэлъэгъуащ я къэфэкIэр, уэрэд жыIэкIэр, усэ къеджэкIэр, пшынэ еуэкIэр. УсакIуэ куэдым я гурыщIэр усэбзэкIэ зыхуаIуэта, хамэ щIыпIэхэм щыщу Кавказым зыплъыхьакIуэ щыIахэм псалъэ дахэ куэд зыхуатхыжа ди хъыджэбзхэм я дахагъри гуа-кIуагъри къыщагъэлъэгъуар етхуанэ теплъэгъуэрщ - «Адыгэ пщащэм и пшыхь фащэрщ». Лъэпкъ тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIа бостей дахэхэр ящыгъыу утыку къихьащ зэпеуэм хэтхэр, дыжьын бгырыпххэр ящIэлърэ я фащэм хуэфэщэну щIыкIафIэу зекIуэу. Адыгэ хъыджэбзым и Iэпкълъэпкъыр фащэм зэригъэдахэр, абы лъэпкъым хуэфащэ цIыхуу фэ къызэрытригъауэр умылъагъункIэ Iэмал иIэтэкъым.
Зэпеуэм и кIэухыр хъуэхъум лъагъэсащ. Хъыджэбзхэр дахэу хъуахъуэри, абыхэм я гъусэ щIалэхэм махъсымэбжьэр нэхъыжьхэм иратащ.
А псоми гупсэхуу кIэлъыплъа жюрим и къалэныр тынштэкъым, ауэ зэпеуэ щыхъукIэ, увыпIэхэр ягуэшын хуейти, щхьэж къигъэлъэгъуахэр зэпалъытыжри, мыр кърикIуащ:
Гран-при - Дыгъужь Сарэ (Иорданием къикIыжауэ Налшык щопсэу, щоджэ);
Япэ адыгэ пщащэ - ЛIыгуащIэ Радимэ (Дыгулыбгъуей);
ЕтIуанэ адыгэ пщащэ - Къумахуэ Элинэ (Лэскэн ЕтIуанэ);
Ещанэ адыгэ пщащэ - Шыдакъ Роксанэ (Инарыкъуей);
Къафэм и гуащэ хъуащ Шэру Анжелэ (Къармэхьэблэ);
Пщащэ акъыл жану къыщIэкIащ Мэлей Iэминэ (Сэрмакъ);
Пщащэ щIыкIафIэу къалъытащ Мамхэгъ Миланэ (Шэджэм Езанэ);
ПщафIэ Iэзэу къыхахащ КIэщт Альбинэ (Кэнжэ).
Гран-при къэзыхьамрэ япэ увыпIищыр зыхуагъэфэщахэмрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ЩIыхь тхылърэ саугъэтхэмрэ иратащ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд пщащэхэм ехъуэхъури, КъАХ-м къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ. Налшык къалэ администрацэм и щIыхь тхылъхэмкIи ягъэгуфIащ зэпеуэм хэтахэр. Апхуэдэуи япэ увыпIэр зыхуагъэфэщахэм «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейм и саугъэтхэр яритащ абы и унафэщI IутIыж Мэжид.
Зэпеуэр къызэгъэпэщынымкIэ сэбэп хъуащ хьэрычэтыщIэхэу Балэ Аслъэнбий, Мамийхэ Аскэрбийрэ Леонидрэ. Хъыджэбзхэм ахъшэ саугъэтрэ кином и билетхэмкIэ яхуэупсащ «Дея» хьэрычэтыщIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Шыбзыхъуэ Мухьэмэд, IэфIыкIэхэр яритащ «Жако» IуэхущIапIэр зей ЖьэкIэмыхъу Аслъэнбий.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ IутIыж Мэжидрэ дахэу екIуэкIа зэпеуэр къызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьахэмрэ абы хэтахэмрэ фIыщIэ хуащIащ, Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Мамий Заретэрэ абы и къуэдзэ Балэ Людмилэрэ псалъэ гуапэ жраIащ, тыгъэхэри иратащ.
Дыгъужь Сарэ
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.