Псэм къигъэщIа сурэтхэр

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым ще­кIуэкIащ Тыркум щыпсэу ди лъэп­къэгъухэм я щIэблэ Бзаджэ Эргун и сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн.

«Си Хэкур си псэщ» фIэщыгъэм щIэт выставкэм уи нэпс къемыкIуэу уеплъы­фыртэкъым, езыхэм къатещыр арати. ИстамбылакIуэм и гъыбзэр уигу къэзыгъэкI теплъэгъуэхэр, кхъуафэ­жьейм ирагъэтIысхьауэ хэкум ираш сабий гъырнэIу, уанэгу нэщIу къэкIуэжа шым цIыхубз щыгъуэр бгъэдэту, уафэхъуэпскIыу губжьыр зыщхьэщыт цIыхухъухэр, нэщхъейуэ пшынэр зыIыгъ пщащэ цIыкIур, нэгъуэщI­хэри щыплъагъунут абы. Пэжщ, щIалэр сурэт щIыным и щэхухэм иджыри хуэIэижь хъупауэ жыпIэ хъунукъым, ауэ нэхъыщхьэр аракъым, атIэ абыхэм ящIэлъ адыгэ гупсысэрщ, я нэгу къищ лъэпкъ лъагъуныгъэрщ, лъэпкъгъэкIуэдым и зэрану къыдэкIар куууэ зэрызыхищIэрщ. А псори къыбгурыIуэн щхьэкIэ гъуазджэм хэпщIыкIыни хуейкъым, езым къыббгъэделъхьэри.
Бзаджэ Эргун Тыркум щыIэ Узун-Яйла щIыналъэм хиубыдэ Къайнэр къуажэм щыщщ. Мы зэманым и унагъуэр и гъусэу Къайсэр що­псэу. И адэр хьэтыкъуейщ, и анэр къэбэрдейщ, Куржыхэ япхъущ.
1992 гъэм курыт еджапIэр къиухри, университетым тырку литературэр щадж и къудамэм щIэтIысхьащ Эргун. 1996 гъэм курыт еджапIэм ува­уэ егъэджакIуэу мэ­ла­жьэ. 2017 гъэм ар щIэ­тIысхьащ Эрджиэс уни­вер­си­­тетым сурэт щIыным щы­ху­рагъаджэ и къудамэм. Эргун хагъэхьащ Эрджи­э­сым гъуазджэхэмкIэ и ассоциацэм.
Къыхэгъэщыпхъэщ Бзаджэ Эргун усэ, прозэ тхынми зэрыдихьэхыр. Ахэр къыт­радзащ Тыркум къыщыдэкI журнал зэмылIэужьыгъуэ­хэм, ауэ ар нэхъыбэу къызэрацIыхур и сурэтхэмкIэщ. Мызэ-мытIэу абы и лэжьыгъэхэм я гъэлъэ­гъуэныгъэхэр къыхузэрагъэпэщащ. Адэжь щIыналъэм ди лъэпкъэгъур япэу иджыщ къыщихьар.
Гъэлъэгъуэныгъэр къы­зэ­Iуи­хащ «Адыгэ псалъэ» ­га­зетым и редактор нэхъыщ­хьэ, Къэбэрдей Адыгэ Ха­сэм и тхьэмадэ Хьэ­фIы­цIэ Мухьэмэд. Къызэхуэсахэм Эргун яригъэцIыхуа иужь, абы жиIащ и сурэтхэм гурыщIэ куэд зэуэ къызэ­рызэ­щIагъэушэр, лъэпкъым и узыр щIалэщIэм къигъэлъэгъуэфауэ къызэрилъытэр икIи щIалэм и зэфIэкI нэхъыбэ хъуну ехъуэ­хъуащ.
-  Зы сурэтыщI къэсцIыхухукIэ, си гъащIэр нэхъ къулей хъууэ къысщохъу. И лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ нобэ нэ­Iуасэ къысхуэхъуа щIалэщIэр сэ зэи сщыгъуп­щэжыну си фIэщ хъуркъым. Пэжщ, дяпэкIэщ сурэт щIыным ар хуэIэзэ щыхъунур, ауэ абы зыкIи нэхъ лъахъшэ ищIыркъым ди пащ­хьэ ит сурэтхэр. Мы лэжьыгъэхэм щынэIурытщ ахэр псэкIэ зэрытхар. Псэр зы­хуеIэм Iэр лъоIэс, Тхьэм ухущIигъэхьэ, - жиIащ ЦIыхубэ творчествэмкIэ щэнхабзэ ме­тодикэ центрым и уна­фэщI, сурэтыщI Iэзэ Жылэ Анатолэ къыщыпсалъэм.
Бзаджэ Эргун и IэдакъэщIэкI сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ ди щIыналъэм къыщызэригъэпэщыну жэрдэм зыщIа, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, ДАХ-м и вице-президент Щоджэн Iэминат къыщыпсалъэм жиIащ хэкум къэкIуэну зи     нэ къикI щIалэм и лэжьы­гъэ­хэр илъэгъуа иужь дэ­Iэпы­къуну зэрытегушхуар. А Iуэхур къызэгъэпэщынымкIэ КъАХ-мрэ ДАХ-мрэ щIэгъэкъуэнышхуэ къызэрыхуэхъуари къыхигъэщащ.
- Си анэшыр къэбэрдейщ. Куэд щIауэ сыщIэхъуэпсырт хэкум и хьэуакIэ сыбэуэну, и щIы кIапэ сытеувэну - иджы къызэхъулIащ. А Iуэхур къыздэзыгъэпсынщIа Що­джэн Iэминат фIыщIэ хузощI. ИджыкIэ сэ схужыIэнущ шыпхъуитI сызэриIэр. Зыр Истамбыл дэсщ, адрейр Къэбэрдейм исщ! Си сурэтхэр щысщIым си нэгу щIэтар адэшхуэ-анэшхуэхэм хэкум теухуауэ къызжаIэжа хъыбархэрщ, ахэращ лъабжьэ яхуэсщIари. Хэхэсхэм къыдэузыр, дигу щIэны­къуэр абыхэм къыщызгъэлъэгъуэну яужь ситащ. Хэкум сыщыIа иужькIэ сщIыну сурэтхэм нэщхъыфIагъ къатещыну фыкъызогъэгугъэ, - жиIащ Эргун зэIущIэм и кIэухым.

 

 

 

 

 

 

 

Сурэтхэр
Iэбыдэ  Динэ  трихащ.

ИНЭРОКЪуэ Дисэ
Поделиться: