НОБЭ

Мыл зыщIым, лъэрыжэкIэ къыщажыхь щIыпIэхэм ар тезылъхьэм и дунейпсо махуэщ
Ливерпуль къалэм (Инджылыз) щыщ «Битлз» гуп цIэрыIуэм и махуэщ
США-м щагъэлъапIэ цIыхухэм диныр хуиту зэрахьэныр япэмыубыдыным теухуа махуэр
Таиландым и егъэджакIуэхэм я махуэр ягъэлъапIэ
1920 гъэм Лъэпкъхэм я Лигэм и советым и япэ зэIущIэр Париж щекIуэкIащ, США-м и лIыкIуэхэр яхэмыту.
1922 гъэм Балъкъэрыр Горскэ АССР-м къыхэкIащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областыр РСФСР-м хэту къэхъуащ.
1963 гъэм Совет Союзым и УнафэщI Хрущёв Никитэ дуней псом хэIущIыIу щищIащ СССР-м водороднэ бомбэ зэриIэр.
♦Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Урысей Академием и член-корреспондент Тембот Аслъэнбий къызэралъхурэ илъэс 87-рэ ирокъу.
♦Актёр, Ленин и саугъэтыр зрата, СССР-м и цIыхубэ артист Лановой Василий и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу.
♦Пшынауэ Iэзэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, АР-м и цIыхубэ артист ЛIыцIэрыIуэ Ким къызэралъхурэ илъэс 76-рэ ирокъу.
♦УэрэджыIакIуэ Къашыргъэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 63-рэ ирокъу.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 - 12, жэщым щIыIэр градуси 2 - 1 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Къапхъэнми имыгъапцIэ иубыдыркъым.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ