Гупыр щызэкъуэувэм ирихьэлIэу зэхьэзэхуэр зэпагъэу

ГугъэфIхэр дагъэщIу «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм кърахьэлIащ щэкIуэгъуэ мазэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэр. Абыхэм я хьэрхуэрэгъухэм къащыпимыкIуэта дэнэ къэна я гъуэм зы топи къыдрагъэгъэкIакъым, езыхэр плIэнейрэ къыщыхэжаныкIащ.

«Спартак-Налшыкым» дэщIхэм шэч лъэпкъ къытрахьэртэкъым зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэрэ турнир таблицэм иужь дыдэ увыпIэр щызыIыгъ «ТIуапсым» зэрытекIуэнум. Ахэр зыгъэпсэхупIэ къалэм кIуат, стадионым зэрырамыгъэхьэнур ящIэ пэтми. ФIыуэ ялъагъу командэм зэрызэщIагъэкъуэн Iэмал абыхэм къагъуэтащ икIи я макъ лъэщыр ину къэIуу ар къызэрыхухьам кIэрыст. Апхуэдиз лIыгъэ къызыкъуэкIахэм футболистхэми фIыщIэ хуащIыжащ, хэгъэрейхэм я гъуэм жэуапыншэу топиплI дагъэкIри.
Урысей Федерацэм футболымкIэ 2020-2021 гъэхэм екIуэкIыну зэпеуэм щIидзэным куэд имыIэжу къызэрагъэпэща «ТIуапсыр» абы хуэмыхьэзырыщэу хыхьащ. Адэ-мыдэкIэ къраша футболистхэр джэгупIэ губгъуэм зэкIэ щIагъуэу щызэгурыIуэркъым икIи иджыри къэс зы текIуэныгъэ фIэкIа къахуэхьакъым. Зи зэфIэкIхэм иужь зэманым икъукIэ хэзыгъэхъуа «Спартак-Налшыкым» ахэр зэрыпэщIэмытыфынур зэIущIэм и япэ дакъикъэхэм щыщIэдзауэ наIуэ хъуащ.
Хэгъэрейхэм зэрызахъумэжыфар сыхьэт ныкъуэщ. АдэкIэ зыр адрейм кIэлъыкIуэу топхэр я гъуэм дыхьэу хуежьащ. Япэр куэдрэ къэмыхъу телъыджэт. КъыхуэкIуэ топыр къиубыдын мурадкIэ «ТIуапсым» и гъуащхьэтетыр лъагэу дэлъеящ. Ар къыщехуэхыжым фэбжь игъуэтащ, зыри къыжьэхэмыуа пэтми. Абы къыпэгъунэгъу Хьэшыр Алан зыри къыпэрыуакъым, мыпIащIэу бжыгъэр къыщызэIуихым. Мыгувэу Бахъсэнокъуэ Алихъан ар щIигъэбыдэжащ.
Аргуэру зы телъыджэ щэбэт кIуам къыщыхъуащ тенджыз ФIыцIэм и Iуфэ дыдэм Iут ТIуапсы къалэм и курыт еджапIэхэм ящыщ зым и стадионым. Багъэтыр Тимур джэгупIэ губгъуэм и кум иту топыр къыщыIэрыхьам, мы зэIущIэм «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэм и къулыкъур щызыгъэзэщIа Битокъу Тимур къегуоуащ: «Гъуэм еуэ!», -  жери. Плъэмэ «ТIуапсым» и гъуащхьэтетыр жыжьэу абы къыдэкIуэтат. Метр хыщI хуэдизкIэ пэIэщIэ пэтми, Тимур и къару къызэрихькIэ гъуэм еуащ икIи Хамхоевыр лъэмыIэсу топыр хъым къыщыхутащ.
ЗэрахузэфIэкIкIэ хэгъэрейхэм захъумэжырт икIи топыр дэнэ яхуми ядэрт, я гъуэм дэмыкI къудеймэ. Апхуэдэхэм ящыщ зым «ТIуапсым» и гъуащхьэхъумэ Деменкэ Максим, гужьеяуэ абы лъэщу еуащ икIи, ар стадионым щхьэпрылъэтыкIри, тенджыз ФIыцIэм хэхуащ. Дауи, псы щIыIэм хыхьэу топыр къыхэзыхыжын къахэкIатэкъыми, хуэм дыдэурэ хьэфэ хьэпшыпыр Iуихащ, хылIхэм тыгъэ захуищIу.
АрщхьэкIэ абыи тIуапсыдэсхэр къригъэлакъым. Тенджызым ихьа топым и пIэ нэгъуэщI кърагъэуващ икIи джэгум къыпащащ.
Джэгум и япэ Iыхьэм къриубыдэу 3:0-у я хьэрхуэрэгъухэм ящхьэщыкIа налшыкдэсхэр абдежым къыщыувыIэми хъунут. АрщхьэкIэ зыкъагъэтIэсхъакъым. 59-нэ дакъикъэм Хьэшыр Алан аргуэру къыхэжаныкIри, кIэух бжыгъэр 4:0-м нигъэсащ.
 «ТIуапсыр» бжыгъэшхуэкIэ зэрыхигъэщIам Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэм я гукъыдэжыр къиIэтами, къагурыIуэрт къызэрагъэпэщагъащIэу зэхьэзэхуэм иужь дыдэ увыпIэр щызыIыгъ командэмрэ къыкIэлъыкIуэу зыIущIэну, зыкъом щIауэ къэралпсо утыку ит «Мэшыкъуэ-КМВ»-мрэ я къарукIэ зэхуэбгъадэ зэрымыхъунур. Шэч хэмылъу, псыхуабэдэсхэр нэхъ лъэрызехьэт икIи нэхъ ядэджэгугъуей хъунут. Абы ерыщу зыхуигъэхьэзырат «Спартак-Налшыкым» икIи хуейт мы гъэм иужьу ди къалащхьэм щригъэкIуэкIыну зэIущIэр къыдэщIхэм гукъинэж ящищIыну.
Налшыкдэсхэм, зэрахабзэу, ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэмкIэ къыщIадзащ. АрщхьэкIэ Псыхуабэ къикIахэр абы хуэхьэзыру къыщIэкIащ икIи ди щIалэхэр я гъуэм пэжыжьэу къызэтрагъэувыIэ хъуащ. Уеблэмэ езыхэри ипэкIэ щыкIуатэ куэдрэ къэхъурт.
Апхуэдэу щыт пэтми, «Спартак-Налшыкым» мы зэIущIэм текIуэныгъэр щызыIэригъэхьэфын хуеящ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, зэм ди щIалэхэм я Iэзагъыр яхурикъуакъым, адрейхэм хьэщIэхэм я гъуащхьэтетхэмрэ гъуащхьэхъумэхэмрэ я насыпыр къатекIуащ. Хэгъэрейхэм къахуэсэбэпакъым джэгум и етIуанэ Iыхьэм футболист Iэзэхэу Джатэрывэ Къазбэчрэ Бацэ Къантемыррэ къызэрырагъэхьар. Арати, зэрытемыгъэкIуауэ икIи бжыгъэр къахузэIумыхауэ лъэныкъуэхэр зэбгъэдэкIыжащ. Къалэнышхуэхэр зэхьэзэхуэм щызимыIэ налшыкдэсхэми псыхуабэдэсхэми очко тIурытI а зэIущIэм зэращыфIэкIуэдар я гум щIыхьэщауэ фэ ятеткъым.
Абы щыгъуэми щэкIуэгъуэм и 14-м щыIа джэгугъуэм хьэлэмэт къыщыхъуащ: зэхьэзэхуэм зэрыщIадзэрэ зыри зыпэмылъэща Мэхъэчкъалэ и «Легион Динамо»-р япэу къыхагъэщIащ. Ар зыхузэфIэкIар зэпеуэм бжьыпэр щызыIыгъ Павловскэм и «Кубань-Холдинг» командэращ. Пэжщ, абы папщIэ Краснодар крайм щыщ гупым хуабжьу гугъу зригъэхьын хуей хъуащ икIи икIэм-икIэжым очкоищ зыIэригъэхьащ. Армырамэ, и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэр къыщхьэщыкIынурэ, пашэныгъэр фIэкIуэдынут. ЕтIуанэ увыпIэр зыIыгъ Краснодар и «Кубань»-р а махуэ дыдэм Дагъыстэным и къалащхьэм и щIыпIэ командэм ефIэкIащ зы топ закъуэ зэрыхудигъэкIам и фIыгъэкIэ.
ЕтIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-2021гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ мы илъэсым иужьу щэкIуэгъуэм и 21-м зэхэта джэгугъуэм куэдкIэ елъытат ар зэрызэпагъэуну мазищрэ ныкъуэм къриубыдэу езы спортсменхэми топджэгум дихьэххэми яIэну гукъыдэжыр зыхуэдэнур. Пэжщ, «Спартак-Налшыкым» и дежкIэ турнир таблицэм абы зэхъуэкIыныгъэ щIагъуэ хилъхьэнутэкъым, ауэ и фащэр зыщыгъхэм я жыджэрагъымрэ зыкъызэрагъэлъагъуэмрэ гум къинэжынут зэрызагъэпсэхуну щIымахуэм и кIыхьагъкIэ.
Дунейм и щытыкIэм и зэран къекIащ щэбэт кIуам Таганрог щызэпэщIэувахэм. Жэщым а щIыпIэм къыщеха япэ уэсым армырами мыщIагъуэ «Форте арена» стадионым и джэгупIэ губгъуэр зэщIигъэщтати, футболистхэм абы я лъэр щахуэгъэбыдэртэкъым икIи, япэ дыкъищу къыхэдгъэщынщи, текIуэныгъэр тIэщIигъэкIащ.
ЩытыкIэ гугъум зрагъэзэгъэным зэIущIэм и япэ Iыхьэр командэхэм трагъэкIуэдащ. Ахэр езыхэр зэрызэныкъуэкъум нэхърэ удз щIагъуэ зытемытыж джэгупIэ губгъуэм нэхъ къигъэдзыхэрт. Загъэпсэхуну Iуэхур щынэблэгъаращ лъэныкъуитIым языр япэу гъуэм щебгъэрыкIуэфар. Ар къызэхъулIар профессионал командэ къызэзыгъэпэщыжагъащIэ таганрогдэсхэм зи IэзагъкIэ ефIэкI «Спартак-Налшыкым» и футболистхэращ. Абы игъэгушхуа ди щIалэхэм я тепщэныгъэкIэ джэгум и етIуанэ Iыхьэр екIуэкIащ.
Зэкъым, тIэукъым налшыкдэсхэм топ дагъэкIыфыну щыщытар. Ди гъуащхьауэхэу Бахъсэнокъуэ Алихъан, ХъутIэ Анзор, Бацэ Къантемыр сымэ, адрейхэми Iэмал хъарзынэхэр къахукъуэкIырт бжыгъэр къызэIуахыну. АрщхьэкIэ сыт щыгъуи зы мащIэ дыдэ яхурикъужыртэкъым. Зэм губгъуэ хьэлъэм топыр тэмэму къащыхуэгъэIурыщIэртэкъым, зэми «Форте»-м и гъуащхьэхъумэхэм я насыпыр текIуэрт.
АрщхьэкIэ 88-нэ дакъикъэм хэгъэрейхэм зыри къадэIыпыкъужыфын хуеякъым, «Спартак-Налшыкым» и футболистиплI зэуэ хуэдитIкIэ нэхъ мащIэ я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм щебгъэрыкIуам. Таганрогдэсхэр къезыгъэлар губгъуэм и щытыкIэращ: топыр зыIыгъа Бацэ Къантемыр ар къыдэджэгухэми тэмэму яритыфакъым, езыми Iэмалыр къыхуэгъэсэбэпакъым, мащIэу щIэцIэнтхъукIри. Арати, текIуэныгъэр къытхуэзыхьыфыну щыта ебгъэрыкIуэныгъэр зы мыхьэнэи имыIэу къызэпэуда хъуащ.
Абы иригубжьа Къантемыр топыр зыIэригъэхьэжыну зидзащ икIи «Форте»-м и гъуащхьэхъумэхэм ящыщ зым, фэбжь иридзынкIэ шынагъуэу, ириудащ. ЗэIущIэм и судья нэхъыщхьэ Къуэшыкъуэ Юнус Бацэм зыкIи щысхьакъым икIи, етIуанэу дагъуэ хуищIри, джэгум къыхихуащ. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, Белореченск щыщ адыгэ щIалэр а махуэм и лъэпкъэгъухэм хуабжьу «къытхуэжумартащ». Бацэр джэгум зэрыхихуам къищынэмыщIауэ, абы дагъуэ хуищIащ Тебэрдым, Iэпщацэм, Багъэтырым, Пащтым. Iыхьэншэ ищIакъым къызыхэкIар и унэцIэм къигъэлъагъуэ хэгъэрейхэм ящыщ Черкеси. Дауи, абы къикIыркъым Къуэшыкъуэм нэфI-ней зэрихьауэ - а щIалэр футбол хабзэм тету лэжьащ.
Арати, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и мыгъэрей Iыхьэр иухащ. Абы кърикIуахэм нэхъ зыубгъуауэ иужькIэ дытепсэлъыхьыжыну ди мурадщ, ауэ иджыпстуи пхужыIэнущ «Спартак-Налшыкыр» зыужьыныгъэм и гъуэгум аргуэру зэрытеувэжар. Щыхьэту урикъунщ мы Iуэхугъуэр: пэщIэдзэ зэIущIиплIым зы очко фIэкIа къыщамыхьауэ ирагъажьэри, япэ текIуэныгъэр щызыIэрагъэхьа фокIадэм (сентябрым) и 6-м лъандэрэ ди щIалэхэм зэ зэкъуэ фIахьауэ аращ. А псом ищIыIужкIэ иужь джэгугъуиплIым къриубыдэу я гъуэм зы топи къыдрагъэгъэкIакъым, езыхэр блэнейрэ къыхэжаныкIащ. Зи гугъу тщIахэр узыгъэгушхуэщ икIи къэкIуэну дызыщыгугъ ехъулIэныгъэхэм я лъабжьэ быдэщ. АдэкIэ Iуэхур зэлъытар зэпеуэм и етIуанэ къекIуэкIыгъуэм зэрызэхуагъэхьэзырырщ. Абы папщIэ зэман кIыхь яIэщ.

 

 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: