Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Иджырей къалэ кIуэцI» проект хэхар гъэзэщIэныр къызэгъэпэщынымкIэ ведомствэхэм зэдай комиссэм хэтхэр къэщтэнымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2017 гъэм мазаем и 28-м къыдигъэкIа унафэ №25-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ я IуэхукIэ

№ 227-ПП    2020 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м      Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. «Иджырей къалэ кIуэцI» проект хэхар гъэзэщIэныр къызэгъэпэщынымкIэ ведомствэхэм зэдай комиссэм хэтхэр къэщтэн.
2. «Иджырей къалэ кIуэцI» проект хэхар гъэзэщIэныр къызэгъэпэщынымкIэ ведомствэхэм зэдай комиссэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2017 гъэм мазаем и 28-м къыдигъэкIа унафэ №25-ПП-м мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) 3-нэ пунктыр мыпхуэдэу къэхьын:
«3. Мы унафэр зэрагъэзащIэ щIыкIэм кIэлъыплъыныр и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуныжь М. А.».
б) «Иджырей къалэ кIуэцI» проект хэхар гъэзэщIэныр къызэгъэпэщынымкIэ ведомствэхэм зэдай комиссэм, къэдгъэлъэгъуа унафэмкIэ къащтам, теухуа Положенэм и 5-нэ пунктым и «г» пункт къуэдзэм хэт «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм энергетикэмкIэ, тарифхэмрэ псэупIэ Iуэхухэм кIэлъыплъынымкIэ и министр» псалъэхэр «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Тарифхэмрэ псэупIэ Iуэхухэм кIэлъыплъынымкIэ и къэрал комитетыр» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын.
3. Къару ямыIэжу къэлъытэн:
«Иджырей къалэ кIуэцI» проект хэхар гъэзэщIэныр къызэгъэпэщынымкIэ ведомствэхэм зэдай комиссэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2017 гъэм мазаем и 28-м къыдигъэкIа унафэ №25-ПП-м и 2-нэ пунктым и ещанэ абзацым (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэмрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и органхэмрэ зыуэ щыт я портал (www.pravitelstvo.kbr.ru), 2017 гъэм гъатхэпэм и 2-м);
«Иджырей къалэ кIуэцI» проект хэхар гъэзэщIэныр къызэгъэпэщынымкIэ ведомствэхэм зэдай комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2018 гъэм мазаем и 19-м къыдигъэкIа унафэ №24-ПП-м (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэмрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и органхэмрэ зыуэ щыт я портал (www.pravitelstvo.kbr.ru), 2018 гъэм мазаем и 19-м);
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2017 гъэм мазаем и 28-м къыдигъэкIа унафэ №25-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м къыдигъэкIа унафэ №221-ПП-м и 3-нэ пунктым (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэмрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и органхэмрэ зыуэ щыт я портал (www.pravitelstvo.kbr.ru), 2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м);
«Иджырей къалэ кIуэцI» проект хэхар гъэзэщIэныр къызэгъэпэщынымкIэ ведомствэхэм зэдай комиссэм теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъ­хьэнымрэ «Иджырей къалэ кIуэцI» проект хэхар гъэзэщIэныр къызэгъэ­пэщынымкIэ ведомствэхэм зэдай комиссэм хэтхэмрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъ­къэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм мазаем и 20-м къыдигъэ­кIа унафэ №19-ПП-м и 2-нэ пунктым (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэмрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и органхэмрэ зыуэ щыт я портал (www.pravitelstvo.kbr.ru), 2020 гъэм мазаем и 20-м);

            Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
            и Правительствэм и УнафэщI     МУСУКОВ Алий

 

«Иджырей къалэ кIуэцI» проект хэхар гъэзэщIэныр къызэгъэпэщынымкIэ ведомствэхэм зэдай комиссэм хэтхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм
жэпуэгъуэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ № 227-ПП-мкIэ къащтащ

Мусуков А. ТI. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIыр (ведомствэхэм зэдай комиссэм и унафэщIщ)
Къуныжь М. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэр (ведомствэхэм зэдай комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ)
Акъсор А. Г. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм псэупIэ хозяйствэмкIэ и къудамэм унафэщIыр (ведомствэхэм зэдай комиссэм жэуап зыхь и секретарщ)
Ахъуэхъу Т. Б. - Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)
Бэждыгъу Т. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къэрал программэхэмрэ къэрал-щхьэзакъуэ зэдэлэжьэныгъэмкIэ и департаментым и унафэщIыр
Бакъей Е. В. - «Урысейм папщIэ» цIыхубэ фронт» Урысейпсо жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Бэрбэч А. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрыр
Берд Хь. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Борсэ Ю. Къ. - Шэджэм муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)
Гугу В. Р. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатыр (зэгурыIуауэ)
Котченкэ Р. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэр
Къумахуэ М. Л. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и ­министрыр
Къуршэ В. Ч. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ХьэрычэтыщIэхэм я зэгухьэныгъэ» Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и­ президентыр (зэгурыIуауэ)
Лисун Е. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм финансхэмкIэ и министрыр
Мэкъуауэ Т. Э. - Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэр (зэгурыIуауэ)
МэкIуашэ А. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Тарифхэмрэ псэупIэм и IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ и къэрал комитетым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)
Муртазов Б. С. - Шэрэдж муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)
Саенкэ Т. В. - Май муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)
Токъу Р. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ комплексымкIэ и комитетым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)

Поделиться: