Къаныкъуэ Анфисэ и «Мэуэтхэмрэ» адыгэ литературэм хуэмыгъуэтхэмрэ

Сыт нэхъ хэлъыпхъэр романым, «сигу ирихьащ» жыдигъэIэу?
Зэи зэхэдмыха гуэр? КъызэднэкIам и тхыдэ?
Сыт дезыгъапхъуэр тхылъым, шхыным дыблэIэбыкIыу?
Уахэгъуэщэныр плъапIэми, псэм къызэрыкIуэр идэкъым.
Пэжкъым нэхъыфI щымыIэу - иIэ, ар ину жыдгъэIэ!
Псэм и асум епцIыжхэм, сыт къыщIыдэджэр цIыхукIэ?

Усэм еплъытмэ, прозэм и Iэмэпсымэр нэхъ лантIэщ -
Псалъэухам уилъахъэкъым, ипхъэ зэрыбыр напэм.
Еджэр дэхьэхыгъуей? ЖыIэзыфIэщщ, акъыл жьажьэщ,
Ауэ «цIэрыIуэщ» жаIэу, зэхэбджэ псори ящтэкъым.
Схэлъу сымыщIэххар си нэм къыщIэзыIуа,
Си псэр сэзыгъэцIыху тхыгъэм къурмэн сыхухъу.

                                             1

Иджы, куу зедмыгъэщIыщэу, зэпкърыдвгъэх романыр.
ТхакIуэм и IэдакъэщIэкIыр гъэщIэгъуэну зэхеухуанэ.
ФщIэжрэ хьэтхэм къахэкIыжу хэкум кIуэжа Алэдамэ?
Абы и лъагъуныгъэщIэрщ зэщIэкIар тхылъ етIуанэр.

Iэщэ зыпщIэхэлъ цIыхубзхэр - дзыхь хъулъхугъэм хуэзымыщIхэр -
Нартхэм я плъырыдзэ хуэдэу къыхоувэ романыщIэм.
Iузэв Iуфэ щыпсэу жылэм къобгъэрыкIуэ Ахей ябгэр,
И щхьэцхэлъхьэр и маисэу, ар еукI Удынэ дахэ.

Лъэпкъ куэд щызэблокI романым, хэт щыгъуазэ и пэжыпIэм?
Нартхэр, мэуэтхэр, алыджхэр, нэрыбгей бзылъхугъэ шухэр...
Сыт зэлъытар я фIэщыгъэр? Къэралыгъуэ? Яубыд щIыпIэ?
Пщащэ цIыкIухэр кърагъэлу, сыт щIаукIыр щIалэ цIыкIухэр?

Узэхъуэпсэжынщ адэжьхэм яхэлъа тэмакъкIыхьагъыр -
Я псэ, я къару емыблэу хэгъэгу Iуэху зэрызэфIахыр.
Пкъыр емышу, гур мышынэу хэкур яхъумэжын папщIэ,
ЛIыр - щуIэгъэм, анэр - быным ирапхыным щомэхъашэ.

Сыт-тIэ тхакIуэм къигупсысыр? Хьэтхэм куэдым хуагъэса
Алэдамэ, и къэшэныр лъэпкъ хабзэжь зэребэкъуар,
Iуэхур иризэIищIэну, къегъэщхьэпэ романытхми,
ГъуэгуанэщIэ къыхахыныр япеубыд пасэрей цIыхухэм.

Зы лъэныкъуэкIэ - нартыжьхэр, Тыуар пщышхуэм и блыгущIэтхэр,
МыдэкIэ - бзылъхугъэ шухэу зыми яхуимыгъэкIуэтхэр.
Я Iэпкълъэпкъыр зэрыбыдэрщ пасэрейхэр зыщыгугъыр,
Ауэ хуэр гъэпсыныр пIыным пщIэрэ къызэрыщхьэщыкIыр?

Акъыл зыщIымыгъу лъэщыгъэр зейм егуауэ шэ къэуэжщ,
Къару гъущэкIэ текIуахэр щIы фIыцIэжьым щIокIуэдэж.
Чэзу зиIэ лъэкIыныгъэр бэлыхьлажьэу къызыщыхъухэм
Псэр Iэпкълъэпкъым тезыгъакIуэ лъабжьэ быдэр къахуэцIыхукъым.

Сыт Iэмалыр? Лъагъуныгъэрщ тхакIуэм и куэзыр щIэхуар -
ЩIалэ цIыкIу минитI фызшухэм фIагъэпщкIуауэ къыщIэкIащ.
Ар зыщIа Удынэ хахуэ зэгуэкIуа Уэрыш и щIалэр
Мэуэт жылэм къыхоувэ цIыху лIэужьыгъуэщIэ щапхъэу.

УмыгъэщIэгъуэн плъэмыкIыу, къыдрехьей зы гупсысэ -
Нобэ я щхьэ щыгугъыжу тIэкIу пхъашэIуэ хъуа цIыхубзхэр
Мэуэтейм къикIа пэлъытэу, ехъулIа дунейкъутэжщ -
Къуэр бгъуэнщIагъым щагъэпщкIужкъым - нэрылъагъуу ягъэсэхъу.

Ахэракъэ хьэгъуэлIыгъуи гущэхэпхи щынэхъыжьыр?
Дунейм ехыжам и хьэдэр хуиту щIым щIыщIэмылъыжыр?
Гу зыкIуэцIымылъ хъулъхугъэр «фызшум» тыншу къегъэпцIэф,
И уэтсIапыр и нэрыплъэщ, инстаграмкIэ хьэщIэхуэфIщ.

Сыт хищIыхьыр Алэдамэ нартхэм я дуней тетыкIэм?
Ар щыгъуазэщ Хьэт къэралым щызэрахьэ зэхэтыкIэм.
Хъункъым ямыхъуэжу хабзэр - цIыхурщ гъэсэныгъэм и щхьэр,
Нэрыбгейхэм я гур къачэу щхьэ яукIрэ щIалэ цIыкIухэр!

Нэхъ лъагэжу зы гупсысэ - хэкур пхъумэжыныр лъэщщ,
Ауэ бийр бгъэныбжьэгъуфмэ, уи щIэныгъэм зеузэщI.
Уэ зыбгъэлIу удэтыхукIэ, уакъыкIэроху щхьэхуимыту,
Ныкъуэкъуэным къыдэмыхуэр, сыткIэ япеуэн пэрытхэм?

Дывгъэпсэу, ди Iей дымыбжу, ди нэхъыфI дыкIэлъывгъэплъ!
Дагъеиным дыщыгугъыу, лей зэIэпыдвмыгъэх.
Гугъукъым гъащIэр пщIэншэу птынри, цIыхухэм я нэм зыщIэпIунри.
Армырами дылIэжынущ, нобэ лIыгъэр - упсэунырщ.
 
                                                      2

Сыт дэдгъуэн нэтемыгъахуэу? Iэзэм зыри къыхуагъэгъукъым.
Сыт тхъуэжынт? Сыт ди чэнджэщыр? Сыт хужытIэр нэщIыбагъкIэ?
ТхакIуэм и IэдакъэщIэкIыр «къехъулIащ» щIыжытIэ хабзэр
И бзэр дыдейм къыщхьэщыкIми, куэдкIэ зэрыдэщхьыркъабзэрщ.

Хэт мыпсэур? МыгуфIэр? Мыгъыр? ГъащIэм иримыудэкIыр?
IэфI усыгъэм къыщIэзылъхьэр цIэ зыхэпщIэм зэригъуэтырщ.
ЩIэджыкIакIуэм и кууагъми тхыбзэр куэдым хуеузэщI,
Аращ критик къыщIалъыхъуэр, ар тхакIуэбзэм и тэрмэшщ.

ПлъэкIэ хуит тхузэгъэпэщмэ, Iейкъым дызэрыт лъэхъэнэр.
Уи фIэщ пхуэщIын, цIыхубз цIыкIум роман псо хузэхэлъхьэну?
Тхэным дихьэха щIэблэщIэм гуращэфIхэр езыгъэщI
Хьэх Сэфарбий и «Шыхулъагъуэр», сыти жыIи, кIыщ зэпэщт.

Зи гугъу тщIым къэдгъэзэжынщи, щIэуэ сыт къытхуздихьа
Мы Къаныкъуэм и тхылъыщIэм? Япэрауэ, тхыгъэр хъуащ!
Шэч хэлъынкIи хъунщ тхыдэжьым, ауэ тхыбзэм и къэухьым
РоманитIри зэризагъэр дзыхьщIыгъуэджэу сэ къысщыхъукъым.

Хьэтусилэ ипхъу Нэптерэ нэгум къыщIэгъэхьэгъуейт,
Хъыджэбз дахэ щэхурыпхъуэр тIэкIу нэщIысыжыни хуейт.
Мыбы хэт Удынэ гуащIэ занщIэу нэгум къыщIоувэ,
Уи щхьэ пхуемылъытми, уощIэ ещхьу пщащэ зэрыщыIэр.

Алэдамэ зэрытцIыхум романитIыр зы ещIыж,
«Хьэтхэм» нэхъ щыIупщIщ щIалэфIыр, ауэ мыбы нэхъ щыцIыхущ.
И лъагъуныгъитIыр зэщхькъым, тхакIуэм дзыхь хуэпщIыну тыншщ:
Хьэндырабгъуэр зигу имыкIыр, зэуэ пылым хуещI хьэщыкъ.

Дэ абы ди Iуэху хэлъыжкъым, зэхэзылъхьэр итхым хуитщ,
Уигу ирихьмэ - еджэ, «хьэуэ» жыпIэрэ - гъэтIылъ.
Уэри тхэ, тхылъымпIэ ящэ, дызэджапхъэр ирекуэд,
ПщIэну щыт - адыгэ еджэ къэунэхужынщ апщIондэху.

Нэхъ дызэмысауэ тлъагъур тхакIуэм фызшур зэригъафIэрщ,
«Мыр нэхъ фIэгурыхьщ Анфисэ», - жыдигъэIэу зэрелIалIэрщ.
УпщIэ къоув: Алэдамэ и къэшэн нэрыбгей дахэм
КIэрилъхьар къыщигупсысым, хэту пIэрэт ищIыр щапхъэ?

ДыщыуэнкIи мэхъу, итIани, къыджьэдэкIым елъытауэ
Нэуэ щыIэм защыбгъэпщкIуми, пфIохъу дуней тетыкIэр наIуэ.
ЩIакхъуэгъажьэм и тхьэв пщыкIэм уи фIэщ ещI зэрыцIыхуфIыр,
Ауэ егъэджакIуэ Iэзэм зэрыбзаджэр ибзыщIыфкъым.

МэIэтхъэрнефрурэ щабэт, щхьэзыфIэфIми, цIыхубз щэнт -
Ар апхуэдэу щымытамэ, и гухэлъми пщIэ иIэнт.
Нэрыбгей хъыджэбзыр хахуэм къыщымынэу, цIыхухъу хьэлщ -
КъыхуащIэнум пэплъэу щыскъым, и мурадым тоIэбэф.

Иджы тхыдэр къыдогъанэ, Дыгулыбгъуей дыкъоIэпхъуэ,
Зэшыпхъуищым я нэхъыжьым къалэмыпэр тыдогъапсэ.
Зи гугъу сщIыр тхакIуэ Анфисэ хъыджэбз цIыкIуу щыщытам
КаратэкIэ Iэзэ хъуным къарууфI зэрыритарщ.

ЗэрыжаIэмкIэ, спорт Iуэхум лъэрызехьэ хэхъухьам
Жаншэрхъ гуэр Хьэрэмэ Iуащхьэ щхьэдидзыхри ятекIуат.
Абы къикIкъым ар мыпщафIэу, екIуу зихуэпэхукIэ щахуэу,
IэпэIэсэщ, шофёр Iэзэщ, и жьэгу пащхьэр и гублащхьэщ.

Пщэдджыжьышхэр зэраухыу, шы ныбэпхыр зэщIекъузэ -
Сабиищыр гупкIэм ису «Iэдииху» къыдокI цIыхубзыр.
Зэи лэжьапIэм къыкIэрыхукъым, емызэшщ. Удынэ хахуэ
Къэгупсысыжыни хуейкъым, тхыж зэрепхьэкIар уи махуэр.

ГушыIэныр къэгъэнауэ, тхакIуэ къэс иIэжщ и хъэтI.
ТхэкIэм укъыфIэкIмэ, цIыхущи, игу ирихь лIыхъужь и куэдщ.
Дыщыпсэу зэманым ипи зэщхьу бзылъхугъитI щыIакъым -
Хэт Нэптерэ гуащэ ещхьу, зыхуейр зымыщIэж щIыкIафIэщ.

Хэти мис, Удынэ хуэдэу, зыхуигъэфэщэж къещэкIу,
ЛIым щыгугъыу зигъэпсэхукъым, тэджмэ - кIуэнущ, фыз ирокъу.
ДызауэлIти, дылIэужьти жаIэурэ зызыгъэлIыфIхэм
Телефоныр япщIыхэлъхьи, Интернетым кIэрыIулIэ.

Ахэращ гупсысэ щхьэпэу дызыхуишэр мы романым.
Мыбы хэтхэр фIым хуегъазэ тхакIуэм, зэи имыхьэлауэ:
Захуэр токIуэ, бзаджэр малIэ, зи псэр IэфIым гуэгъу егъуэт.
Псом нэхъыщхьэращи, гъащIэр зэрыщыту  нэгум  щIэтщ.

Акъыл  зиIэм  къыгуроIуэ: щхьэж  къызыкъуихыф и тхэкIэщ
Гум  усэн  щIыщимыгъэтри, нэпцIыр  къызэрехьэлъэкIырщ.
КIыхь зыдмыщIу,  романыщIэр зэтефхыным фыхудоджэ,
Тхылъ  ещанэри  мыгувэу  дунейм къытехьэным дожьэ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ