КъБР-м щыIэ МВД-м

Сом мини 160-рэ и уасэ

Урысей МВД-м и управленэу Налшык къалэ округым щыIэм и полицэм и къудамэ №2-м и лэжьакIуэхэм къалащхьэм и бэзэрхэм ящыщ зым къэпщытэныгъэхэр  щыщрагъэкIуэкIым «Форд Транзит» автомашинэм иту къагъуэтащ спирт зыхэт продукцэ. Абы хабзэм къигъэув маркэ хэхахэр теттэкъым.

Полицэм и лэжьакIуэхэм хабзэр къызэпызыудахэм къытрахащ литр 434,75-рэ хъу, птулъкIэ 833-м ирагъэхъуа аркъэуэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыщIагъэкIауэ зытетхахэр. Сату зэращIыну я мурада продукцэм псори зэхэту сом мини 160,5-рэ хуэзэрт.
Iуэхур щызэхагъэкIым наIуэ къызэрыхъуамкIэ, фадэр зэрыта автомобилыр ейщ Налшык щыщ, илъэс 20 фIэкIа мыхъу цIыхубзым.
Урысей МВД-м управленэм и полицэм Налшык къалэм щиIэ къудамэ №2-м следствиемкIэ и къудамэм къэхъуар зэхэгъэкIыным теухуа Iуэху къиIэтащ, Урысей Федерацэм и Уголовнэ кодексым и 171.3 статья и япэ Iыхьэм  (Этил спирт, фадэхэкI е спирт зыхэт продукцэ зэгъэкIуэкIыныр, абыкIэ хуитыныгъэ ямыIэу) ипкъ иткIэ.

 

КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: