ДыщэкI Эртан: Ди ехъулIэныгъэхэм я хэкIыпIэр Хэкум худиIэ пыщIэныгъэхэрщ

Тыншкъым хамэщIым адыгагъэр щыпхъумэну, анэдэлъхубзэр щыпIу­рылъыну, хабзэр щызепхьэну. Апхуэдэу щытми, Европэм щыпсэу адыгэхэм зэрахузэфIэкIкIэ яхъумэ «адыгэщ» жезыгъэIэ нэ­щэнэ нэхъыщхьэхэр.
XVII - XVIII лIэщIы­гъуэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм зэбгрипхъа ди лъэпкъэ­гъухэр Европэм и къэрал зыбжанэм щопсэу. Нэхъыбэр зэрысыр Германиерщ. КъуэкIыпIэ Гъунэ­гъум ис адыгэхэм къатепщIыкIауэ аращ европей адыгэхэр, илъэс 30 - 40 ипэкIэ лэжьыгъэ, псэукIэ тынш къалъыхъуэу а къэралхэм Iэп­хъуауэ.
Европэм щыпсэу адыгэ­хэм я щэнхабзэ федера­цэми Дунейпсо Адыгэ Хасэми я лэжьыгъэм жыджэру хэт, федерацэм и зэгу­хьэныгъэм и тхьэмадэ ДыщэкI Эртан Тыркум къыщыхъуащ. Абы университетыр къыщиухащ, инженеруи лэжьащ. 2000 гъэм Германием Iэпхъуащ икIи куэд дэмыкIыу щэнхабзэ федерацэм хы­хьащ, абы щызэрахьэ адыгэ Iуэхухэм хэлэжьы­хьыну. Ауэрэ фе­дерацэм и гъэзэщIакIуэ гупым хэтыну дзыхь къы­хуащIащ икIи тхьэмадэм и къуэдзэу илъэсихкIэ лэ­жьащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и исполкомым 2016 гъэм къыхагъэхьащ Европэм щыIэ Хасэхэм я лIы­кIуэу, иужь­кIэ, 2017 гъэм и мэлыжьы­хьым, федерацэм и тхьэмадэу хахащ.
Европэм щыпсэу адыгэ­хэм я щэнхабзэ федерацэм и IуэхущIафэхэр зы­хуэдэм, абы иужьрей илъэсхэм зэрызиужьам, адыгэ Iуэхум теухуауэ иIэ гупсысэхэмкIэ и гуапэу къыддэгуэшащ ДыщэкI Эртан:

- СыкъызыхэкIар зы­хэс­щIэ зэрыхъурэ, лъэпкъ Iуэхум сыхэтщ. Нэхъри куууэ сыщыхыхьар Германием сыIэпхъуа нэужьщ. Адыгэу Европэм исыр зэщIэгъэуIуэн къалэныр зи пщэ къыдэхуэ щэнхабзэ ­фе­де-­
рацэр куэдым яцIыхуу щыттэкъым илъэс зыхыбл ипэкIэ. Абы щыгъуэ мурад сщIат а Iуэхум зезгъэхъуэжу, ди лъэпкъэгъухэр федерацэм и лэжьыгъэм нэхъ жыджэру къесшэлIэну. ГъэзэщIакIуэ гупыр дызы­телэжьыхьыну Iуэхугъуэхэр дубзыхуащ. Жыжьэ дыIэ­бэртэкъым: къэблагъэ илъэситIым къытпэщылъ Iуэхухэрат дгъэбелджылар. Абы къыхэкIыу, сэ къалэн нэхъыщхьэу згъэувыжари Европэм щыIэ федерацитIыр зэгуэзгъэхьэу зы сщIынырт. «Узэкъуэтмэ - улъэщщ», - жаIэкъэ, ап­хуэдэу ди зэгухьэныгъэм нэхъ къару игъуэтынут.
Длэжьын хуейуэ зыхуэдгъэувыжам и нэхъыбэр дгъэзэщIащ а илъэситI пIалъэр имыкIыу. ЗэрыжысIащи, ди федерацэм къыхэзгъэхьащ адрей зэгухьэныгъэм хэта Хасэ нэхъ ин дыдэр - Швецием щыIэ адыгэ Хасэр. Апхуэдэу, илъэ­ситIым едгъэкIуэкIа нэхъ Iуэху щхьэпэхэм ящыщщ гъэ къэскIэ къызэдгъэпэщ Адыгэ щэнхабзэм и Дунейпсо фестивалыр. Иужь­рейуэ Остердамме щызэ­хэта зэхыхьэм ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупыр едгъэ­блэгъат икIи зи чэзу зэхуэ­сыгъуэр абы щрагъэ­кIуэкIат. Ар зыфIэмыфIа Федерацэм хэтхэм къахэкIами, зэIущIэм къигъэлъэгъуащ лъэныкъуэ куэдкIэ зэбгрыдза адыгэр зэхуэзэурэ я гукъеуэхэм тепсэлъыхьын, нэхъыбэу зыгъэгузавэ Iуэхухэр зэфIэха зэрыхъуну Iэмалхэр ­къэгупсысын зэрыхуейр.
Тынштэкъым а зэхуэсым и къызэгъэпэщыныр, абы цIыхуу къекIуэлIэнур а махуэхэм зыщыпсэун, яшхын Iуэхухэр зыхуэгъэкIуэн и лъэныкъуэкIэ. Апхуэдэу, фес­тиваль щыхъукIэ, концерт программэ хэтын ­хуейт. А Iуэхугъуэхэри ­ДАХ-м и зэхуэсри, зыхуэныкъуэ щымыIэу егъэкIуэкIынри си пщэ къыдэхуэрт. КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтыр мащIэми, мыIейуэ а Iуэхур къыдэхъулIауэ си гугъэщ. ЖыпIэнурамэ, мы зэхуэсым иужькIэ, ди Федерацэм и цIэр дуней псом адыгэу щыIэм, хэкурысхэми хэ­хэсхэми, зэлъащIысащ. Мыпхуэдэ зэхыхьэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ ди хэку­жьым и хъыбар, ди лъэпкъым и къекIуэкIыкIар щIэблэм къегъэщIэнымкIэ, адрей лъэпкъхэм дакъыхигъэщу дбгъэдэлъ хъугъуэ­фIыгъуэхэр абыхэм захедгъэхын, едгъэцIыхун и лъэныкъуэкIэ. Нэхъыщхьэ­ращи, къалэ, къэрал зэ­мылIэужьыгъуэхэм щыпсэу адыгэхэр дызэкъуегъэувэ.
Федерацэм и лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщу къэслъытэр адыгэбзэр хъу­мэным теухуаращ икIи а Iуэхум елэжьыну комитет хэдгъэхьащ гъэзэщIакIуэ гупым. А комитетым и лэжьыгъэр псом хуэмыдэу гугъущ, сыту жыпIэмэ, адыгэу Европэм щыпсэур щIыпIэ куэдым тIэкIу-тIэкIуу щикъухьащ. Абы къыхэкIыу щIэх-щIэхыурэ дызэхуосри дытопсэлъыхь мы лъэны­къуэмкIэ лэжьыгъэр зэтеубла зэрыхъунум. Абы Iэмалу иIэхэм ящыщу ди Iуэхум нэхъ хуэкIуэр - ар интернетыр ди дэIэпыкъуэгъуу бзэр хъумэным елэжьынырщ. Абы къыдэкIуэу, хэкум ­щатха тхылъхэри къыдогъэ­сэбэп.
Апхуэдэу, ди федерацэм нэхъ жыджэру хэлэжьыхьыр цIыхубзхэращи, абыхэм я комитет, езым и программэ иIэжу, къызэдгъэпэщыным яужь дихьащ, къыщинэ­мы­щIауэ, щIалэгъуалэм ядэлэ­жьэну комитетри духуащ.
Iуэхур гуп-гупкIэ ятегуэшамэ, зэгухьэныгъэм нэхъыбэ ху­зэфIэкIыну ди гугъэти, аращ апхуэдэ щIы­кIэкIэ лэжьыгъэр щIызэхэдублар. Нэхъыбэу гугъу дызыдехьыр сыт жыпIэмэ, ар хэкум дэлэжьэнырщ - зи гугъу сщIыр бзэ и лъэны­къуэкIэ къэхъу лъэпощхьэпохэращ. Абы къыхэкIыу, урысыбзэри адыгэбзэри ­игъэшэрыуэу а комитетым тхьэмадэ иIэн хуейти - ари дубзыхуащ.
ЦIыхухэм ядэлэжьэн и лъэныкъуэкIэ дызрихьэлIэ гугъуехьхэри мащIэкъым. Хасэ Iуэхухэм езыхэм къыхалъхьаи щымыIэу, ауэ щыхъукIи дэ тщIэхэр зигу дэмыхьэу шхыдэныр зибащэ гуэрхэри щыIэщ. Абы къыхэкIыу, лъэпкъ Iуэхум цIыху нэхъыбэ къызэры­хэтшэным яужь дитщ хасащхьэм хэтхэр. Ди зэхуэсхэм къемыблагъэ языныкъуэ ди лъэпкъэгъухэм къызыпх­рагъэIукIын яфIэфIщ, сызэ­чэнджэщ щымыIэу, си за­къуэ унафэкIэ хасэ тхьэмадэм и къалэныр есхьэ­кIыу. ЖыпIэнурамэ, Фе­де­рацэм и тхьэмадэ IэнатIэм сызэрыпэрыувэрэ, дэтхэнэ IуэхумкIи федерацэм хэтхэм сечэнджэщу, дызэрыщIэу Iуэху къетхьэжьэрэ зэфIэтхыу, апхуэдэущ дызэрылажьэр. Дэ дызыхуэлажьэр ди щхьэ Iуэхукъым, атIэ лъэпкъ Iуэхущ, икIи ар зыщыдмыгъэгъупщэу, абы папщIэ тхузэфIэкIыр тщIэну ди мурадщ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ абы папщIэ къекIуэкI псалъэмакъхэмрэ ятеухуауэ си гупсысэр жысIэну сыхуейт. Дэнэ сыт хуэдэ псалъэмакъ къыщемыкIуэкIми, ДАХ-м и къалэн нэхъыщхьэр егъэзащIэ къызэрыунэхурэ: дунейм адыгэ Хасэу тетыр дызэригъэцIыхуащ, дызэрощIэ, лъэпкъыр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр утыку къыдохьэ, дэтхэнэми хэкIыпIэ къыхудолъыхъуэ дызэгъу­сэу. ГъэзэщIакIуэ гупым и зэхуэс къэс пIалъэ гуэркIэ ипэ къихуэу езыгъэблагъэ тхылъхэм дэщIыгъуу къы­тIэрохьэ гъэзэщIэн хуейуэ къытпэщылъ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр щызэхуэхьэса тхылъ, абы дыхэплъэу, ди гупсысэхэр къэдгъэлъэ­гъуэну Iэмал къыдиту. Апхуэдэу, зэхуэс къэскIэ, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм тепсэлъыхьа нэужь, нэ­гъуэщI гупсысэ зиIэхэм Iэмал яIэщ я хасэхэр, е езыхэр зытегузэвыхьхэр зэхуэсым къыщаIэтыну, хэкIыпIэхэр къалъыхъуэну.
Пэжыр жысIэнщи, ДАХ-м хэт хасэхэм ящыщу Европэм яйхэращ нэхъ мащIэ дыдэу хэкум Iуэху дэзыщIэр. Псалъэм папщIэ, адыгэ сабийхэр гъэмахуэм зыгъэпсэхуакIуэ хэкум къэгъэкIуэным теухуауэ, е ныбжьыщIэ цIыкIухэр университетхэм къыщIэгъэтIысхьэн и лъэныкъуэкIэ программэхэм иджыри зэи дыхэтакъым. А зи гугъу сщIа лэжьыгъэр жыджэру щокIуэкI Тыркум, Иорданием, Сирием, Израилым щыпсэу адыгэхэмрэ хэкум исхэмрэ я зэхуакум. Къапщтэмэ, а Iуэхугъуэхэм Европэр щIы­хэмытым щхьэусыгъуэ щхьэхуэ иIэщ. Тыркум ис ныбжьыщIэхэри абыхэм я адэ-анэхэри абы къыщы­хъуащ. Иорданием, Израилым, Сирием ис адыгэхэри а къэралхэм къыщыхъуащ. Аращи, ахэр хэкум нэхъ къыхуэгъэзауэ къыщIэкIуэм и щхьэусыгъуэхэм ящыщщ зыгъэпсэхугъуэ зэманым ахэр здэкIуэн нэгъуэщIыпIэ зэрыщымыIэр. Германием щыпсэу адыгэхэр псори нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщыхъуащи, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм зыхуэзэш я щIыпIэхэм ягъэзэж. Хэкум нэхъ мащIэурэ къыщIэ­кIуэжым и щхьэусыгъуэри арауэ къыщIэкIынщ. Пэжщ, дэнэкIэ щыIэ ди щIэблэри зэпыщIэн, Хэкур егъэцIы­хун, фIыуэ егъэлъагъун ­хуейщ.
Куэдрэ дрохьэлIэ щIалэгъуалэм адыгэбзэ щIызрамыгъащIэ щхьэусыгъуэу ­къалъытэм, «сыткIэ къыт­щхьэ­пэжын» - жаIэу. Ап­хуэдэу, хэкур зэ зылъэгъуа хэхэс щIалэгъуалэм къагурыIуэнущ анэдэлъхубзэр ящIэн щIыхуейр. Хэкум щыхьэщIауэ нэзыгъэзэжам адыгэбзэ зригъэщIэну яужь ихьауэ апхуэдэ щапхъэ куэд щыIэщ.
Ди федерацэм и лэжьыгъэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ Хэкум къэгъэ­зэ­жыным теухуар. ЩIэх-щIэхыурэ Хасащхьэм щыдогъэкIуэкI мы гуныкъуэ­гъуэм теухуа псалъэмакъыр. Пэжу жысIэнщи, мы Iуэхур ипэкIэ кIуатэркъым. Къапщтэмэ, Сирием зауэ къыщыхъея нэужь хэкум ­къихьэжахэр хэмытамэ, къэзыгъэзэжахэм я бжыгъэр мащIэ дыдэт зэрыхъунур. Мыбы куэдым урегъэгупсыс. Сэ къызэрыслъы­тэмкIэ, дызытегузэвыхьын, дызытепсэлъыхьын хуейр къэгъэзэжыныркъым, атIэ нэхъыщхьэр хэкум исыр имыгъэкIынырщ. Хэти ещIэ статистикэм къигъэлъа­гъуэр: къэзыгъэзэжахэм нэхърэ хэкум икIым я бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэщ. Хэкум къэкIуэжыным егъэхъуэ­псэн хуейщ, армыхъумэ, псалъэмакъым Iуэху къы­пэкIуэнукъым.
Европэм къиIэпхъукIыжу хэкум къэзыгъэзэжам я бжыгъэр мащIэ дыдэщ. ­Федерацэм фонд диIэщ икIи тхузэфIэкIынущ къэзыгъэзэжхэм дадэIэпыкъуну. НэгъуэщI мыхъуми, илъэситхукIэ - ди лъэпкъэгъухэр лъэ быдэкIэ увыхукIэ - зрищIэдгъэкъуэну евро 200 мазэ къэс еттмэ, ари мыхьэнэ зиIэ дэIэпыкъуныгъэщ. Мы лэжьыгъэр зэкIэ зэтеубла хъуакъым.
ЗэрыжысIащи, хэкур зыбгынэр нэхъыбэ хъуащ, ди жагъуэ зэрыхъунщи. Германием накIуэ ди лъэпкъэ­гъухэм хасэм зыкъытхуа­гъазэ, я хъыбар интернеткIэ къытIэрохьэ, пIалъэ кIэщIкIэ дызэрощIэ. Апхуэдэу, иужь­рей зэманым нэхъыбэрэ щIэгъэкъуэн ды­зыхуэхъур Сирием ниIэпхъукIа уна­гъуэхэрщ: унэ зыщIэсын ­къахудощтэ, лэ­жьыгъэ къахудогъуэт, я Iуэху зэтеувэхукIэ ди нэIэ ятетщ.
Нэмыцэ къэралым гулъытэ зыхуищI хэхэсхэм ящыщу щымытми, щэнхабзэ федерацэм, мыхьэнэшхуэ егъэзащIэ европей шэрджэсхэр адыгэу къызэтенэнымкIэ. ХамэщIым ипхъа адыгэхэм, абыхэм къащIэхъуэ щIэ­блэм адэжь хэку зэраIэр, лъэпкъ дахэ къызэрыхэкIар ящIэжу къэхъуным тела­жьэу Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ фе­дерацэм дяпэкIи мурадыфI­хэр диIэщ, ахэр къыдэхъу­лIэным и хэкIыпIэ нэхъыщхьэри Хэкум худиIэ зэпыщIэныгъэхэрщ.

 

 

 

Сурэтыр
Къарей  Элинэ  трихащ.

Епсэлъар Щоджэн Iэминатщ.
Поделиться: