Лъэпкъ мэIуху

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж

Адыгэ жьэгум и уэнжакъым
Къреху иджыри Iугъуэ мащIэ,
СызэмыупщIи къэнэжакъым:
Хэт а жьэгу мафIэр зэщIэзыщIэр?

Адыгэ унэм и хьэщIэщым
Адыгэ псалъэр ноби щоIу -
Макъ къэскIэ уи псэм къепэщэщрэ,
ИткIухьу псалъэ къэскIэ уиIу.

Адыгэ унэм и бжэIупэм
ЩаIэтыр хьэгъуэлIыгъуэ джэгу, -
ЩIэуакъым ноби пшынэ Iэпэр,
ЩIалэфIхэм дыщIагъэплъ я лъэгу.

Пшыналъэр щоIу хы адрыщIкIи,
КъуэкIыпIэ пшэплъым хошыпсыхь.
КъухьэпIэ пшэплъым зыкъыщищIкIэ,
Адыгэ тхыдэр и пшэкIухьщ.

Адыгэ къуэпс лъэпкъ мыгъэкIуэдхэр
ЗэпищIэжыфу лIы щыIэху,
Псэунущ ди адыгэ тхыдэр,
ИIэнущ лъэпкъым лъэпкъ мэIуху.

2006 гъэ

УЭРЭЗЕЙ Афлик.
Поделиться:

Читать также: