«Мамэ сытым дежи иренэху»

Урысейм и МВД-м и ГИБДД-мрэ ПДН-мрэ Тэрч щIыналъэм щаIэ къудамэхэм я инспекторхэмрэ школым и класс нэхъыщIэхэм щIэс сабийхэмрэ зэгъусэу «Мамэ сытым дежи иренэху» зыфIаща Iуэху дахэ ирагъэкIуэкIащ.

Анэхэм я махуэшхуэм, щэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм хуэзэу илъэс къэс ягъэлъапIэм, ирихьэлIэу инспекторхэм сабийхэм жраIащ лъэсырызекIуэм и щыгъыным нэхум пэлыд дамыгъэ хэлъын щIыхуейр, апхуэдэуи яхутепсэлъыхьащ къалэмрэ къуажэмрэ гъуэгур зэрыщызэпыупщIын хуей Iэмал щхьэхуэхэм.
Нэхум пэлыд, лъэсырызекIуэм занщIэу гу лъатэн папщIэ абы и щыгъыным ирагъэубыд дамыгъэхэр дихьэхыпауэ сабийхэм я IэкIэ ящIащ, полицэм и лэжьакIуэхэр я дэIэпыкъуэгъуу, икIи ахэр я анэхэм иратащ.
ЗэIущIэм и кIэухыу абы хэтахэм фэеплъ сурэт зытрагъэхащ #ПустьВсегдаСветитМама хештегым щIэту интернетым иралъхьэну.

 

КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: