Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2017 гъэм
мазаем и 28-м къыдигъэкIа унафэ №25-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ №221-ПП
2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м  Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1.«Иджырей къалэ кIуэцI» проект хэхар гъэзэщIэныр къызэгъэпэщынымкIэ ведомствэхэм зэдай комиссэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Правительствэм 2017 гъэм мазаем и 28-м къыдигъэкIа унафэ №25-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн, 3-нэ пунктыр мыпхуэдэу къэхьауэ:
«3. Мы Унафэр зэрагъэзащIэ щIыкIэм кIэ­лъып­лъыныр и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм инфраструктурэмрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Бэлэтокъуэ В. Хь.».
2. «Иджырей къалэ кIуэцI» проект хэхар гъэзэ­щIэныр къызэгъэпэщынымкIэ ведомствэхэм зэдай комиссэм, зи гугъу тщIа унафэмкIэ къащтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1) 4-нэ пунктым:
а) «б» пункт къуэдзэр мыпхуэдэу къэхьын:
«б) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «2018 - 2022 гъэхэм ятещIыхьа «Иджырей къалэ кIуэцI» къэрал программэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2017 гъэм шыщхьэуIум и 31-м къыдигъэкIа Унафэ №156-ПП-мкIэ къащтар, 2018 - 2022 гъэхэм иджырей къалэ кIуэцIым и теплъэр зэтегъэувэным хуэгъэпса муниципальнэ программэхэр (адэкIэ - 2018 - 2022 гъэхэм ятещIыхьа муниципальнэ программэхэр), а программэхэм къриубыдэ Iуэху хэхахэри абыхэм хыхьэу, къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэм кIэлъыплъынымрэ ахэр гъэзэщIэным пыщIа Iуэхухэр дэгъэкIынымрэ;»;
б) «в», «д» - «ж» пункт къуэдзэхэм къару ямыIэжу къэлъытэн;
2) 6-нэ пунктым и «б» пункт къуэдзэм къару имыIэжу къэлъытэн.
3. «Иджырей къалэ кIуэцI» проект хэхар гъэзэ­щIэныр къызэгъэпэщыным хуэгъэпса, ведомствэхэм зэдай комиссэу къэдгъэлъэгъуа унафэмкIэ къащтам, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) ведомствэхэм зэдай комиссэм мы къыкIэ­лъыкIуэхэр хэгъэхьэн:
Ахъуэхъу Т. Б. - Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр, «Урысей зэкъуэт» Урысейпсо политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и секретарым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)
Гъэсашэ Ж. С. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм инфраструктурэмрэ бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Инфраструктурэмрэ бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм псэупIэ-коммунальнэ IуэхухэмкIэ и департаментым и унафэщIыр
Лисун Е. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм финансхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэр
Мэкъуашэ А. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм энергетикэмкIэ, тарифхэмрэ псэупIэ Iуэхухэм кIэлъыплъынымкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэр
Саенкэ Т. В. - Май муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)
б) Бэлэтокъуэ В. Хь. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм инфраструктурэмрэ бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министрыр»;
в) Къуныжь В. Хь. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министрыр»;
г) Устэ М. А. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Инфраструктурэмрэ бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщIыр (ведомствэхэм зэдай комиссэм и секретарщ)»;
д) ведомствэхэм зэдай комиссэм къыхэгъэ­кIыжын Алэкъей А. М., Безниковэ И. С., Бештокъуэ Ж-А. Хь., Евтушенкэ С. В. сымэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI    МУСУКОВ Алий

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и социально-демографие гуп нэхъыщхьэхэм ятещIыхьауэ цIыхур псэун папщIэ 2018 гъэм и II кварталым нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэр зыхуэдизыр гъэувыным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и  Унафэ
2018 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м Налшык къалэ №241-ПП

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхур щыпсэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэм зыхуэдизым теухуауэ» 2005 гъэм накъыгъэм и 18-м къащта Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №30-РЗ-м и 4-нэ статьям и Iыхьэ 1-м тету Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм къызэрыхилъхьам тету 2018 гъэм и II кварталым цIыхур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэр гъэувын ику иту зы цIыхум тещIыхьауэ сом 11007-рэ, лэжьэгъуэ ныбжьым ит цIыхум тещIыхьауэ сом 11383-рэ, пенсионерхэм ятещIыхьауэ сом 8559-рэ, сабийхэм ятещIыхьауэ сом 11978-рэ хъууэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

 

Поделиться: