Насып зэхэгъэкIыпIэ

(КIэлъыкIуэр.
ПэщIэдзэр дыгъэгъазэм и 2, 4, 9-хэм итщ).

*  *  *
Вазэм ит розэ гъэгъам и мэ гуакIуэр пэшым щIэзщ. Гъэмахуэ пщэдджыжь гуапэм дэтэджа Динэ унагъуэ Iуэхухэр зэфIигъэкIри, унэм къыщIыхьэжауэ, щIэсщ. Ар иропIейтей махуитI хъуауэ къэт и дэлъхум. Унагъуэм жей ямыIэжу къызэхэнащ. ЩIалэр ягъуэтыркъым, и адэр зыщIэмыупщIаи къигъэнакъым, щIыр зэгуэхуу я зэхуакум дэхуами ярейщ. НэгъуэщI мыхъуми, и телефоныр мыгъэуфIынкIауэ щытами аратэкъэ?
Сарэ зыхуэумыбыдыжу гъы-бжэми, и гур фIы хуэзыщIын гуэри игъуэтрэ?! Дауи, милицэми хъыбар езыгъэщIа унагъуэр, Амир и Iуэху зытет псом щыгъуазэкъым…
Дунейр къызэриухуэрэ а зэрыщытщи, зэманыр кIуэху цIыхуми зехъуэж, гъащIэм щекIуэкI ухуэныгъэхэр къыумылъытэмэ, зызымыхъуэжу щыIэр щIы фIыцIэжьырщ. Амир зэгуэр щытащ щIалэ зэтету, цIыху илъытэфрэ и щхьэм пщIэ хуищIыжыфу. Ауэ и гъащIэр зэтезыкъута щхъухьым и IэмыщIэм ириубыдауэ абы IэщIэкIыжыфыркъым. ЩIалэм къыгурымыIуащэми, е апхуэдэу къилъытэну хуэмейми, ахъшэм и зэранщ абы къекIар. Фейдэ къригъэщIу афияным дихьэхахэм ярищэу щытамэ, иджы езым къещэху…
И дэлъхур къэкIуэжауэ щызэхихым, Динэ абы пежьащ. Зи нэщIащэхэр иуэжа Амир къыщыщIар къыхуэмыщIэу еплъащ. Абы и ужьым ит Сэлим гу щылъитам, нэщхъкIэ епыджри, къабгъэдэкIуэтыжу хуежьащ.
- КъыпщыщIар сыт, дэнэ уздэщыIар? - щIэупщIащ къабгъэдыхьа Сарэ. Амир зэрыщэхущ, ауэ зэуэ ихъуреягъыр къеплъыхьри, зытет дунейр и щIэщыгъуэ хуэдэ, погуфIыкI, иужькIэ къыщетхъри ину мэдыхьэшх.
Зэанэзэпхъур щIалэм къыщыщIар къахуэмыщIэу зоплъыж.
- Гъуэгум сыщыхуэзэри къэсшэжауэ аращ, - къыжьэдэкIащ Сэлим, и ныбжьэгъум зэрызэхримыгъэхынум яужь иту.
- Сымаджэ мыгъуэу пIэрэ? - гузавэу щIоупщIэ анэр.
- Лажьэ иIэкъым, зыгуэрхэм яхуэзэри тIэкIу ефауэ аращ. Зевгъэгъэпсэхуи, тэмэм хъужынущ - жиIащ абы, Динэ кIэлъыплъурэ. Абы и плъэкIэр къызыгурыIуа пщащэм ар Iумпэм ищIу IукIыжащ.
Мэжей Амир, и анэр щхьэщысщ. ХуэгумащIэщ и щIалэм цIыхубзыр. И къуэр балигъ хъуами, абы и къэкIуэнум тогузэвыхь. Уи кIуэцI къикIа сабийм нэхъ IэфI щыIэкъым, хамэр абы хуэдэу пхуэлъагъунуи фIэщщIыгъуейщ. Езым къилъхуар и псэм щыщыщкIэ, Сарэ зыхимыщIэу къанэркъым быным и гуфIэгъуэ щыплъагъум деж абы нэхъ насып зэрыщымыIэр, уи гъащIэм зэрыхигъахъуэр. Ауэ уи напэр щытрахым деж шэчыгъуейщ. Сыту Iей быным уигъэукIытэныр, ажалыр нэхъыфIи абы нэхърэ.
Къэушащ щIалэр. ХущIогъуэж абы зыхищIыхьа, зыхыхьа Iуэхум. Быдэу мурад ищIащ афIэкIа щхъухь лъэпкъ зримыхьэлIэну, и напэри зытрихыжу, и узыншагъэри икъутэжрэ зигъэунэхъужу тетынкъым мы дунейм. Итыжынщ щIыхуэ къытехуари, къыхэкIыжынщ а зыхэхуа гупым. Щхьэ еплъат а мастэм, Iэбэм лъэмыIэсыжу хущIогъуэж. Ауэ иджыри гувакъым, сыт-тIэ, хэ, блэ зыхилъхьамэ, нобэ къыщыщIэдзауэ пичынщ. Телефоныр къозу. Йоплъ. Темырщ. Хьэуэ, хьэуэ, къищтэнкъым, ещIэ ар зыхуейр, езыр ирегъалIэ щхъухьым, афияну щыIэр къыхуигъуэтами, Амир абы зыхуигъэзэнкъым. Аргуэру къоуэ. Трихыркъым. Ещанэуи. ЩIалэр Iэпэлъапэсыс мэхъу, зыгуэр хурикъуркъым. Хьэуэ, ар зэрымыхъунур къыгуроIуэ, мурад ищIатэкъэ абы, лъэмыкIыну ара зыпэщIэувэжын? Сыт и псэр къезыхуэкIыр, мы гъащIэм и IэфIагъыр зыхимыщIэжу, дуней зытетыр къыфIэмыIуэхужу апхуэдэу щхьэ хъуа? И лъыр земыкIуэжу зэщIэнауэ къыщохъу, и нэхэр щоункIыфIыкI. Хьэуэ, мы зэ закъуэм зыхилъхьэжынщи, къэувыIэжынщ, зыри къэхъужынкъым а зэм щхьэкIэ.
ЗыщIэс пэшыр нэкIэ щIещыкI, къилъыхъуэр езым имыщIэжу. И нэм къыфIэнэн лъэпкъ игъуэтыркъым. И дыщэ пщэхъу закъуэрат зыгуэр къызыщIэкIыну къыхуэнэжари, ари тхьэмахуэ мэхъу зэригъэбзэхрэ. Хуэмышэчыжу телефоныр къещтэри нетIэ къыхуэзыщIа Темыр деж мэпсалъэ:
- Косьяк, уэра ар?
- Алло, дэнэ ущыкIуэдар? - къоIукI и ныбжьэгъум и макъ, упщIэм упщIэкIэ къыпэджэжу.
- Щхьэ тумыхыу апхуэдизрэ сынебгъауэрэ?
- Сыт къэхъуар?
- А уэ пщIэм хуэдэ щыIэщ, къыкъуэкI.
- Дэнэ здэщыIэр?
- Ди зэхуэсыпIэм.
- Хъунщ, сынэкIуэнщ.
- Ахъшэ нэхъыбэу къыздэщтэ.
- СиIэкъым.
- Зыгуэр къызыщIэкIын хьэпшып къыщIэх унэм. ИIэ, си гурыIупсыр къожэ.
- Хъунщ.
Зыри игъуэтыркъым, мэгупсысэ. И щхьэм къохьэ и анэм и дыщэхэкIхэр, гъэпщкIуауэ абы и пэшымкIэ зыщIегъахуэ, щIэсIакъым. Дыщалъэр зэтрех, хоплъэ. Сыт нэхъ къищтэн?! Сарэ нэхъ зыщигъэщIэращIэхэм нэхъыбэрэ зыкIэрилъхьэхэм, къигъэсэбэпхэм щыщ къищтэмэ, къищIэжынкIэ хъунущ. Налкъут мыщIэ зэрыс Iэлъынымрэ абы и гуэгъу тхьэгъумрэ къыхех. И Iэпэлъапэхэр мэсыс, Iэпкълъэпкъым лъыр щыземыкIуэжу къыфIощI, нэхэм ямылъагъужIауэ щыункIыфIыкIыу хуожьэ. Абы и хущхъуэгъуэр здэщыIэр ещIэри, кIуэну мэпIащIэ.
- Дэнэ, Амир, уздэкIуэр? - щIоупщIэ дэкIуеипIэм къехыу зи пащхьэм къихута и шыпхъур.
- IукI мыбдей! – IэкIэ тригъэкIуэт щIыкIэу йоIунщIри, щIыбым щIож…
Къэхъуар къызыгурымыIуа Динэ абы кIэлъыджа щхьэкIэ, къыщимыгъазэм, къызэреIэдакъэуар щхьэрыгъажэ ищIауэ, и пэшымкIэ иунэтIыжащ.
Бжэр къегъэбыдэ, телъхьэпIэм тхылъ къыдех, абы дэлъыр къещтэ. ЗыщимыгъэнщIу йоплъ. Апхуэдэщ ар дапщэщи, фIыуэ илъагъум щыхуэмызэф махуэхэм а сурэтым емыплъмэ, и гур зыгуэудыну къыщохъу. Нобэ махуэ етхуанэ мэхъу а тIур зэрызэхуэмызэрэ, фIыуэ зэрылъагъухэм я дежкIэ ар илъэс пIалъэ мэхъу. Къэрал экзаменхэм захуегъэхьэзырри, Заур ­хущIыхьэркъым. Динэ ар къыгуроIуэ. Махуэ зыщыплI хъуауи телефонкIи къэпсэлъакъым.
Сурэтыр егъэтIылъыж. Зэшыгъуэщ нобэ махуэр, дунейри хуабэщи, унэ щIыIэтыIэр къэбгъанэу щIыбым ущIэкIыныр псэм фIэфIкъым. Зытригъэун и гугъэу компьютерыр щIегъанэ, и пощтым письмо къэкIуауэ гу щылъитэм, къызэIуех, medik-777@mail.ru. Заурщ ар зи адресыр. Къоджэ тхыгъэ къыхуэкIуам:
Уузыншэм, си нэху!!!
Дауэ ущыт, сыт пщIэхэр? Услъагъуну си нэ къокI, си телефоныр къутащи, сынэпсэлъэфыркъым, езгъэщIыжыну нобэ естащ. Япэ экзаменыр стауэ, университетым и компьютер классым сыщIэсщ, си гуфIэгъуэмкIэ уздэзгъэгуэшэну уэ сыныпхуотхэри. Тху схуагъэуващ. Экзаменым сыщыщIыхьам къысIуплъа нэщхъыдзэ къомым сыкъагъэгузэвати, си гугъакъым апхуэдэу гуапэхэу къыщIэкIыжыну. Иджы адрей къэнахэм хуэмурэ захуэзгъэхьэзырынущ.
Си гум укъокI. Уи нэ къуэлэнитIыр си нэгу къыщIохьэ, дызэпэжыжьэщи, зэшым сеукI, уэ услъагъуну си гум укъохьэ, зы сыхьэт закъуи си щхьэм уимыкI. Хъунумэ, мы махуэ гъунэгъухэм дызэрыгъэлъагъу. Схуэхьыжкъым адэкIэ, сызэрыпIумыплъэрэ дэкIа махуэ бжыгъэхэр лIэщIыгъуэу, уеблэмэ илъэс мину къысщыхъуащ. Хъунщ, сыщIихьауэ си гуныкъуэгъуэхэр къыпхузобжэкIри, си тхьэрыкъуэ хужь цIыкIу. Уи жагъуэ пщIыуэ уигу умыгъэныкъуэ, мыгувэу, тхьэм жиIэмэ, дызэрылъагъунщ.
Узыншэ дыдэу…

Хуетхыж езыми, куэдри бгъэдэмысу къотэджри, щхьэгъубжэм бгъэдохьэ.
Сыту кIыхь нобэрей махуэр?! ПщIэн щумыгъуэтым, ущызэшым деж мыпхуэдэ махуэ хуабэвэхыр гъэкIуэгъуей пщохъу. Блыным фIэлъ сыхьэтым и нэр тонэ, меданыр пызыбжыкI баш цIыкIум и гъуэгу хегъэщI, ауэ Динэ и гъащIэм хэщIу къыхуэщIэркъым, апхуэдизкIэ зэманыр и пIэм ижыхьауэ къыщохъури.
- Динэ, си хъыджэбз, уи адэм Бытырбыху къысхурихауэ щыта Iэлъынымрэ тхьэгъумрэ плъэгъуа?
- Хьэуэ, сэ уи хьэпшып сеIусэрэ?
- КIуэдауэ дыщэхэкIхэм яхэзгъуатэркъым, пщы­хьэщхьэ хьэщIапIэ дыщыкIуэкIэ зэрыслъхьэнщ жысIэри арат. Алыхь, а унэр зэщIэзыкъуэ цIыхубзым IэщIэкIамэ, ар си Iуэхум.
- Гуэныхьыр къэхьыгъуафIэщ…
- Хэт дызыщIэлъым щIыхьэу дэ нэгъуэщI къыдэIэбыфынур? - зэпиудащ и пхъум и псалъэр.
- Лъыхъуэ быдэу, къыкъуэкIыжынщ.
- Уафэри щIылъэри згъэзащ, зэгуэхуу я кум дэмыхуамэ сщIэркъым. ФIы дыдэу сощIэ, фIэкIакъым фызым ар, къремыпшыныжи иреплъ, нобэ щыщIэдзауи щызгъэлэжьэнукъым ди унагъуэм, - жиIэри, щIэкIыжащ.
Динэ щысщ. Сарэ минрэ и анэу щытми, хьэлкIэ, дуней тетыкIэкIэ а тIур зэщхь зэрыпхуэщIын зы Iэмал щыIэкъым. Зэрысабий лъандэрэ Iэдэбу, иIыгъIамэ и ныбжьэгъу цIыкIухэм ядэгуэшэфу, адрей языныкъуэхэм хуэдэу щIыкIэншэу щымыту, апхуэдэ гъэсэныгъэ езыгъэгъуэтар илъэс пщыкIух ипэкIэ дунейм ехыжа и анэшхуэрат.
ГъащIэм и купщIэр упсэуху зыгуэрым улъыхъуэнырщ, а узылъыхъуэм уи Iэр лъэмыIэсми, абы ухуэпабгъэу упсэунырщ. А лъыхъуакIуэм и дуней Iыхьэр тынш зыщIыфынур абы хэлъ гугъэрщ. Пщэдей къэунэхуну махуэм хуэпабгъэу, фIыкIэ, насыпкIэ пщэдджыжь нэмэзым дэтэджхэу абы пежьэфхэрщ насыпыфIэу зи гъащIэр гъэкIуэгъуафIэ, тынш зыщызыщIыжыфхэр. Мы цIыхухэр гъэщIэгъуэнщ, ябгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэр зыхащIэжу, насыпыфIэу забжыжыфыркъым. ЦIыхуфэр Iувщ, ауэ а фэм щыгъэпщкIуа гур Мэлычыпхъу и чысэу зэIышми ярейщи, ялъагъуркъым дэтхэнэ зыри, езым и дуней тетыкIэ, и псэукIэ елъытауэ, зэрыкъулейхэр. Хэт ныбжьэгъу, гъунэгъу, благъэ, Iыхьлы и куэдщ, гузэвэгъуэ щихуам деж къыкъуэувэну хьэзыру, ауэ хуэщIауэ зэрымыпсэум щхьэкIэ зафIэтхьэмыщкIэжщ. Хэти насыпыфIэщ, и щIакхъуэ Iыхьэр и пщIэнтIэпскIэ къелэжьыжри, и унагъуэм ис и бын дыгъэхэм ныкъуэ-ныкъуэ, яхурещIыкIыжыфри.
ЗыфIэнасыпыншэкъым балконым иту Динэ зыкIэлъыплъ я гъунэгъу лIыжьми, ауэ щыхъукIи, абы и унагъуэр машинэ зэжьэхэуэм хэкIуадэри, езыр псэууэ къелауэ щытащ. И закъуэу къэнарэ пэт, апхуэдиз нэщIэбжьэм къела, зи ныбжь хэкIуэта тхьэмыщкIэм и щхьэ закъуэ-и лъакъуитIу щIылъэм къытенами, Алыхьым фIыщIэ хуищIу, и гъащIэ IыхьэмкIэ арэзыуэ дунейм тетыфщ. Зэгуэр ар ягъэIуэхутхьэбзащIэу Динэхэ къэкIуауэ дэту, хъумакIуэмрэ абырэ я псалъэмакъым къахиубыдыкIа псалъэхэр нобэ зэхихам хуэдэу ещIэж: «ЦIыхур зэрыпсэу къудеймкIэ насыпыфIэщ икIи, гъэщIэгъуэныр аракъэ, насыпыфIэр насыпыфIэу зызыбжыжыфырщ. Ди щхьэщыгу итым къыхуигъэфэщамкIэ арэзы хъуфырщ. ФIыщIэ хузощI ди тхьэшхуэм». ЛIыжьым и гъащIэм щыгъуазэ хъуа хъумакIуэм и псэлъэгъум апхуэдэу щIыжиIэр къыгурымыIуэрэ ар фIэтхьэмыщкIэу бгъэдэтт. Хэт ищIэрэ, цIыху къэс езым и дуней тетыкIэ иIэжщ, ауэ я гъунэгъур захуэу къыщIэкIынущ, Динэ зэреплъымкIэ. Езым и акъылкIэ зэригъэзахуэу я унагъуэм я псэукIэм кIэлъоплъыжри, хэти езым зыфIэтхьэмыщкIэжщ. Дэтхэнэ зыми жиIэр адрейхэм нэхърэ нэхъ захуэщ.
ЗэгурыIуэ зэрымылъ унагъуэр хуэдэщ бгым гуэуа мывэ абрагъуэм. Пщащэм и адэ-анэм я зэрышх макъыр и щIэщыгъуэжкъым. А тIур щызэмыпсалъэр нэхъыбэщи, уеблэмэ иужьрей зэманхэм пэш зырызым щIэлъу нэху къыщекI куэдрэ къохъу.
ЕщIэж, щынэхъ цIыкIухэм унагъуэр апхуэдэу щытакъым, зэгурыIуэ нэхъ илът. Пэжщ, абы щыгъуэм нэхъ хуэмыщIауэ, мылъкушхуи ябгъэдэмылъу псэухэрт. Зыгуэр якъуэлъ зэрыхъуу, я дуней еплъыкIэ, хьэл-щэнхэми захъуэжащ. Динэ къыгурыIуэркъым Сарэрэ Арсенрэ зэтеплъэ мыхъуу къыщIэнар. Дэтхэнэ зы бынми дежкIэ хьэлъэщ икIи гугъущ адэ-анэм я зэгурымыIуэныгъэр.
Пщыхьэщхьэ дыгъэр зэрыкъухьэм пщащэр кIэлъоплъ. Дунейр хуабэу щытами, жьы мащIэ къызэрыкъуэуар зыхыбощIэ. Балконым ит хъыджэбзым удз гъэгъахэм псы ящIекIэ, IэрыгъэкI цIыкIухэм псэщIэ къахыхьэжа хуэдэ, я щхьэхэр ягъэхъейуэ къыпщохъу. Динэ зыхилъхьэ щыIэкъым удзылъэм ит гъэгъа плъыжь розэ закъуэр. Сыт щыгъуи и хьэлщ абы бгъэдыхьэу, зигъэщхърэ епэму. Дахэщ а розэр, ауэ IэкIэ узримыгъэIусэну хэт хуэдэ, и къуэпсхэм банэ цIыкIухэр тетщ. И щхьэ плъыжь цIыкIу пагэу гъэкIам зигъэщIагъуэ фIэкIа пщIэнкъым, пщащэр къызэрыхуэгуапэр, абы фIыуэ къызэрилъагъур зыхищIауэ. Дауэ имылъагъунрэ - Заур къыбгъэдэкIа тыгъэщ ар. ЩIалэм игури и псэри абы хэлъ къыфIэщIу ехъумэ. ЕщIэж ар къритын хуей щIэхъуари. Махуэ гуэрым а тIур щызэхуэзэн хуей щIыпIэм къэкIуауэ къежьэ щIалэм бгъэдыхьа Динэ къыхуишият иIыгъ гъэгъа Iэрамэхэр. Хъыджэбзым, абы сыт хуэдизу щымыгуфIыкIами, зэми къыIэщIалъхьа гъэгъа цIыкIухэр игъафIэрэ зэми зи псэр ягъэна, гъащIэ зимыIэж къэкIыгъэхэр фIэгуэныхь хъууэ, и щIалэм еупщIат:
- Дэнэ мыхэр къыщыпфыщIар?
- КъисфыщIыкIа сэ ар, къэсщэхуащ! - апхуэдэу къыщIеупщIар къызыгурымыIуа щIалэм пиупщIащ.
Хъыджэбзми, кърата тыгъэр зэрыгъужынур, ар псэужамэ, зыхэта щIыпIэр зэригъэдахэнум, гъащIэмкIи дунеймкIи нэхъ сэбэп хъуну зэрыщытар наIуэ къыщищIым, Заур и тхьэIухудым къэкIыгъэхэм хуиIэ лъагъуныгъэр гунэс щыхъуауэ, ар игъэщIагъуэу быдэу къигъэгугъат апхуэдэу къыпаупщIауэ зы къэкIыгъи дяпэкIэ къыхуимыхьыну. ИкIи удзылъэм ит, Динэ адрейхэм яхигъэфIыкIауэ иджыпсту зыбгъэдэт розэр тыгъэ къыхуищIат етIуанэ зэхуэзэгъуэм.

Езыр зэлIалIэ и IэрыгъэкI цIыкIухэм кIэлъыплъыхукIэ и псэр мэгуфIэ. АпщIондэхукIи, абыхэм елIалIэху, нэхъ заужьуи къыщохъу. КъызыхэкIри имыщIэу, и гум къэкIыжащ и анэшхуэр гъэгъа цIыкIукIэ къеджэу зэрыщытар. Арат ар зыпIауэ жыпIэ хъунур. Щысабийхэм зекIуэкIэ ищIэ зэрыхъурэ, КъантIасэ мыгъуэм къришэкIыу, аттракционхэм, парк, музей, театрхэм ишэурэ, и нэгум зригъэужьт. Таурыхърэ хъыбару абы зэхримыгъэхыу щытари укIуэдыжт. И анэм къылъимыгъэсыжу, зыхуей хуимыгъэныкъуэу а фызыжьырат езы Динэ цIыху зыщIар. Пэжщ, школым зэрыкIуэрэ илъэситI-щы нэхъыбэ мыхъуауэ дунейм ехыжами, абы къыхуиIуэтэжу, къыжриIэжу щытахэр щымыгъупщэжауэ, нобэми и гум илъщ. МакIуэ зэманыр псынщIэу, фIы дыдэу хъыджэбзым зыхещIэ блэкIам къэгъазэ зэримыIэнур, ар Алыхь Iэмырщ, икIи ар сыт хуэдэу умыгъэкIуами, абы хущIегъуэжыпхъэкъым.
МыпIащIэурэ унэм къыщIэкIри, тIэкIу зыщиплъы­хьыну пщIантIэм къыдыхьащ. ГъащIэр IэфIщ, зыщумыгъэнщIу зыжьэдэпшэм хуэдэщ ар. ФIэщщIыгъуейщ зи псэр зыужэгъужаи щыIэу. Уеблэмэ зи псэ еджэу телъри мэхъуапсэ къызэфIэувэжу хуиту мы щIылъэм, зэ нэхъ мыхъуми, къыщикIухьыжыну. Зи ныбжь нэсахэу мы дунеижьыр зыбгынэну хуейхэу къызыжьэдэIукIхэри, ажалыр къэблагъэмэ, гужьейуэ къыщIэкIынущ, ягухэр дунейм къыхуеIэу. ЩыIэкъым, дауи, зэрылIэнум нэхъуеиншэу щыгуфIыкIыу мы щIылъэм IэфIу текIыж…
- Динэ, хьэщIэ диIэщ, къегъэблагъэ, - къэIуащ къыдыхьэжа и дэлъхум и макъ. Пщащэм и щхьэр къиIэтри, щIалэм и гъусэм еплъащ, ауэ сыт щыгъуи хуэдэу, Iумпэм зэрищIыр хуэмыгъэпщкIурэ лъэныкъуэкIэ еплъэкI щIыкIэу, уващ. ТIури къыбгъэдыхьауэ щытхэщ. Апхуэдэу куэдрэ и пIэм иуджыхьхэу щыт зэрымыхъунур къызыгурыIуа Сэлим хъыджэбзым къыхуиIэ щытыкIэм гу лъимытафэ зытригъэуауэ, абы зыхуигъэзащ:
- Сыт уи узыншагъэ?
- Сэ иджыпсту къэзгъэзэжынщ, - жеIэри зи IупитIыр зэтемыхьэж, зи хьэм бажэ къиубыдам ещхьу гуфIэ Амир IуокI.
Пщащэр щэхущ, ар къигъанэу IукIыжынуи мыхъуу, бгъэдэту щытынуи и гум къыхуимыдэу.
- Щхьэ апхуэдэу Iумпэм сыкъэпщIрэ, зыгуэркIэ уи жагъуэ сщIа? - щIэупщIащ Сэлим хэкъузауэ. Хъыджэбзым зыри хужыIэркъым, пэж дыдэу, сыт игу къызэреуар, апхуэдэу илъагъу мыхъуну, къыдихьэхыну хэту и ужь зэритыр хыумыбжэмэ, Iей лъэпкъ дилъэгъуауэ къыхуэщIэжыркъым. Ауэ сыт ебгъэщIэнур, теплъэ хъуркъым. ЦIыху къэс я дуней тетыкIэ, хьэл-щэн зэраIэжымкIэ зыри пхуэгъэкъуэншэнукъым. Псэм фIыуэ хуэмылъагъум сыт щыгъуи нэхъ пэIэщIэ зэрызищIынум яужь дэтхэнэ зыри итщ.
Щхьэпэлъагэщ Сэлим, а щIалэм теплъэ зэрымыхъуракъым апхуэдэу къыфIэзыгъэщIыр, атIэ нэм къыфIэмынэнкIэ Iэмал иIэкъым ар и адэм и бохъшэм ирипагэрэ, сомым щигъэкIауэ дэпсэлъеин тIэкIур хьэлу зэрыхэлъыр. Амири апхуэдэ гуэрхэр щыдилъагъуи къохъу.
- Еблагъэ, - жиIащ зыкъищIэжри.
- Хьэуэ, упсэу, сэ мыбдеж сыщытми здэнущ, уэ сыноплъ закъуэмэ.
Динэ къэуцIыплъауэ IукIыжыну щыхуежьэм, зыкъыхуигъэзащ:
- СынолъэIу, зы дакъикъэ закъуэкIэ нэхъ мыхъуми, къэувыIэ, сэ аракъым жысIэну сызыхэтар.
- Сыт, фыныщIэмыхьэу щхьэ фыщыт мыбдеж? - щIэупщIащ къыIухьэжа Амир. Сэлим абы епыдж щIыкIэу, нэщхъкIэ къепэбжьэуащ. Абы гу лъызыта Динэ зэм щIалэм, зэми и дэлъхум еплъащ. КъыгурыIуэркъым, иужьрей зэманым сыт Амир къыщыщIар, апхуэдэу занщIэуи и теплъэм щхьэ зихъуэжа? Ар игу къызэрымыкIа, сымаджэу пIэрэ, апхуэдэ лажьэ иIи хуэдэкъым. И фэр щхьэ фагъуэ-тIэ? И нэщIащэхэри фIамыщIым хуэдэу щIэуфIыцIыкIащ.
- КъыпщыщIар сыт, уи лажьэIа? - хуэмышэчу зыхуигъэзащ абы. Бэлыхьлажьэ къэхъуам хуэдэу погуфIыкI, къыжраIар гъэщIэгъуэн къыщыхъуами ярейуэ, зэми Сэлим хуоплъэкI, жиIэнум пэплъэу, ауэ абы и жьэр щызэщIимыхым, и шыпхъум зыхуегъазэ.
- Динэ, уэ Сэлим игу урохь, уэ-щэ, сыт уэ жыпIэфынур?
Пщащэр плъыжьу къызэщIэнащи, жиIэнур къыхуэщIэркъым, ауэ зэрыхъукIэ зызэтреубыдэж, нэпсхэр игъэпщкIуну хэту.
- Напэ жыхуаIэр уиIэж си гугъэкъым, мы хамэр щыту уэ апхуэдэу къыщызжепIэфкIэ.
- Сыт жыпIэр, щхьэгъавэ, мыр ди унагъуэм щыхамэу зэрыщымытыр уэ пщIэркъэ?
- Иджыри зэ къытызогъэзэжри, ар сэркIэ хамэщ, мыдэ мамэрэ папэрэ къыдэгъэхьэж, жесIэжынщ сэ уэ нобэ сызэрыбгъэукIытар.
- Сыт жыпIэр зищIысыр? - еIунщIащ Амир и шыпхъум, къэгубжьауэ.
- ПщIэр сыт? - пэрыуэ хуэдэу зищIри, Сэлим зэщIиубыдащ и ныбжьэгъур. Апхуэдэ къэхъуну пэмыплъа хъыджэбзыр гъыуэ и пэшымкIэ щIэлъэдэжащ.
Щхьэ гущIэгъуншэ Амир, нэхъапэхэм апхуэдэ хьэл мыхъумыщIэхэр хэлъу щытатэкъыми. КъыгурыIуэркъым пщащэм. Абы и хъыджэбзыгумкIэ куэд зэре­гъэзахуэ. ЕщIэ IейкIэ а нобэрей щIалэр иужь къызэритыр, ар абы быдэу хьэкъ щыхъуащ. Сыт хуэдэ IэмалкIэми, Амир къигъэIущауэ аращ. Дауэ хузэфIэкIа, щхьэ игуми къыхуида и дэлъхум абы и лъэныкъуэ хъуну?! И гугъэнтэкъым игъащIэкIэ апхуэдэу ар къыщIидзыжыну, нэгъуэщI щыту зыкъытришэщIэну.
Ар Заур къищIэмэ, сыту пIэрэ жиIэнур? Хьэуэ хуиIуэтэнкъым, мыхьэнэ иIэкъым пщIэншэу а щIалэр игъэгузавэкIэ. Динэ и нэм къыщIэува нэпсыр илъэщI пэтми хуэгъэувыIэркъым, гъуджэм бгъэдэтщ зызэпелъэщIыхьыжри.
«Си гум псори езгъэжалIэу пIэрэ-тIэ?» - зоупщIыж, псынэм хуэдэу къабзэ и псэм хутегъахуэркъым нобэ зэхихамрэ кърапэсамрэ. Алыхьым и шыкуркIэ, и щхьэ и унафэ ещIыжыф, и дэлъхур щыуами, хуигъэгъунщ, ауэ абы къраIуэкIахэр и тхьэкIумэм иригъэхьэнкъым. Хъыджэбзым и адэм и ныбжьэгъум и хьэтыркIэ, и къуэм укъыдэмыхьэ, жриIэнкъым, ауэ икIи зэрыхъукIи зыIуигъэщIэнкъым. Сыт къыжрамыIами, зыхрамыгъэхами, ишэчынщ Заур и хьэтыркIэ, лъагъуныгъэм нэхъ лъапIэ сыт щыIэ, сыт хуэдэу щрырети, насыпщ цIыху фIыуэ плъагъуныр. Лъагъуныгъэм гъащIэр щIэщыгъуэ, IэфI пщещI. Упсэуну гугъэ уэзыгъэщIри арауэ къыщIэкIынщи, ихъумэфынущ сыт къэмыхъуами абы и гурыщIэ къабзэм щигъафIэ лъапIэныгъэр. Хэт зыпиудыфын абы и насыпыр?! Зыми. Абы и гъащIэр зрипхыр, мы дунейм щIытетыр а цIыхурщ. Заурщ абы фIыуэ илъагъур.

*      *      *
Нэху зэрыщрэ зэпыу имыIэу уэшхыр къожэх. Иджыпсту тIэкIу нэхъ кIащхъэ хъууэ хуежьащ. Заур щхьэгъубжэр Iуихауэ доплъ. Сыту фIыщэу илъагъурэ абы мыпхуэдэ дакъикъэхэр, щысабийм щыгъуэ гъэмахуэ уэшх щIыIэтыIэм зыхагъапскIэу, гъэсакIуэхэр сымаджэ фыхъунущ, жаIэурэ, гузавэу, псыф хъуа сабийхэр унэм щIахуэжу зэрыщытар игу къэкIыжащ.
ГъэщIэгъуэнщ мы Заур, ар ехъуапсэркъым балигъ хъуну, лъэкIамэ, игъащIэкIэ сабийуэ къэнэнт. Апхуэдэу щыхъукIи, и сабиигъуэр тыншу щымытами, абы нэхъ IэфIрэ нэхъ лъапIэрэ щымыIауэ, щымыIэнуи къыщохъу.
Дыгъуасэ Уэлий къэкIуащ. Ар иужьрей махуэхэм, гу лъыптэу, жэщIащ. ТхьэмахуитI хъуами аращ Данагъуэ дунейм зэрехыжрэ. ТхьэмыщкIэр дахэ-дахэуи мышхэжу къэнащ. УеупщIкIи зыри зэхимыхыжу, хэгупсысыхьауэ хэплъэу, нэщхъейуэ сыхьэткIэ щысыфынущ. Заулрэ щысри, сэдэкъэ шхын тIэкIур зэрылъ хъуржыныр къигъанэри, щIэкIыжащ.
Шэджагъуэ нэужьым уэшхыр теужри, дыгъэри къыкъуэкIыжащи, щIылъэм псэщIэ къыхыхьэжами ярейщ.
Бзу цIыкIухэр жыгыщхьэ псыIэхэм къытетIысхьащи, дунейр уэфI зэрыхъужам щыгуфIыкI хуэдэ, я макъ жьгъыру щIэщыгъуэхэмкIэ Iэтауэ уэрэдыр къраш. Заур унэм щIэсщ, Динэ щыхуэзэну пIалъэр къыхуэмыгъэсрэ, сыхьэтым еплъ зэпыту. ПлIы хъуным сыхьэт иIэжу аращ. Зехуапэ, нэхъыфI дыдэу иIэ щыгъынхэр щетIагъэ, фIыуэ илъагъум тыгъэ къыхуищIауэ щыта дыхум хуэди зытрекIэри, къыщIокI.
Дуней щIыIэтыIэр псэм фIэфIщ. Гукъыдэж ущиIэм деж сыту фIы упсэуну. Апхуэдэу къыщызыгъэхъуу дэрэжэгъуэ Заур къезытыр мы щIылъэ щхъуантIэм и дахагъэм и закъуэкъым, атIэ нобэ абы Динэ зэрилъагъунурщ. Республикэ Лъэпкъ Библиотекэм нэсащ, парк цIыкIумкIэ еунэтI. Пщащэр иджыри къэсыным зэман иIэщ, ауэ дакъикъэ къэс ар сыхьэтым йоплъ, дэтхэнэ зы меданри пибжыкIыу. Сыт щыгъуи апхуэдэщ. И пIэм изагъэркъым, къотэдж, зеплъыхь, и тIысыпIэм щотIысэхыж. Зытригъэун и гугъэу, уафэм доплъей, абы щIэщыгъуагъ гуэр щримылъагъуэкIэ, цIыху зэхэзекIуэхэм якIэлъыплъу щIедзэ. ЩIалэгъуалэр гуп-гупурэ тетIысхьэпIэхэм щызэхэсхэщ. И цIыхугъэ гуэри зэрахимылъагъуэ абыхэм. ГъащIэр DVD-м далъхьа дискым хуэдэу къибгъэкIуэтыж хъууэ щытамэ. Заур иджыпсту лъэкIамэ, адэкIэ игъэкIуэтэнт, нэгъуэщI мыхъуми, нэхъ псынщIэу и хъыджэбзым хуэзэн папщIэ. Пэжу, щIэныгъэлIхэм сыту апхуэдэ зыгуэр къахуэмыгупсысрэ, хьэршым нэс цIыху ягъэкIуэф.
ГъащIэр, арыншами, кIэщIщ, ар ущыхуей дыдэм адэкIэ бгъэкIуэтэну ущIэхъуэпс хъунукъым, ауэ уи блэкIам укъыхэхутэжыныр насыпт.
IэрыIыгъ телефоныр къещтэри, абы хэт сыхьэтым йоплъ, фIэкIащ фIыуэ зэманым. Щхьэ къэгувэу пIэрэ хъыджэбзыр? СыхьэтитIым щIигъуауэ йожьэ. ЩIалэм пщIэнтIэпсыр ирекъуэкI. ЙокIэпсауэ ар абы и деж, ауэ пщащэм и телефоныр гъэункIыфIащ.
Къэхъуари къыгурымыIуэу, мащIэу зэгуоп. Уэшхми, ныжэбэ лъандэм къызэрешхар фIэмащIэ хъужа хуэдэ, къызыпхидзу щIидзащи, щIалэм ищIэнур къыхуэмыщIэу, и пIэм йоуджыхьри итщ. Щытщ ар, IукIыжыну и гум къыхуимыдэрэ зыIыгъ гугъэм IэщIэмыкIыфу. Уэшх щIыIэтыIэри и щIыфэм нэхъ къытеткIуэ хъуащи, абы зримыгъэуфэнщIыну хэту, жыг лъабжьэм щIоувэ. Ауэ апхуэдэу щыт зэрымыхъунур къызыгурыIуа щIалэр автобус къэувыIэпIэмкIэ макIуэри, япэу къэса «Газель» псынщIэм йотIысхьэ.
Нэсыжащ. ЩIохьэж и пэшым. ЩIалэм гу зэрылъитэу къэтэджа Ася сэлам ирихащ, Резуан щысщ хоплъэри.
- Ася, угъауэ къысфIэщIрэ, щхьэ уи нэщIащэхэри плъыжь? - Хъыджэбзым абы жэуап къримытыфу и нэпсхэм къызэпажыхьыжащ.
- Заур!
- ЗыгуэркIэ мыбдеж щысым уи жагъуэ къищIамэ, къызжеIэ.
- Хьэуэ, си дэлъху.
- НтIэ…
- Заур, Динэ яхьащ, - жиIащ Резуан, и ныбжьэгъум и псалъэр зэпиудри.
- Сыт жыпIэр? - къыщылъэтащ щIалэр, зэхихар и фIэщ хуэмыщIу.
- Яхьащ, Ася нобэ абыхэ я деж щыIати, аращ къыжраIар.
- Уэ уогушыIэ, псалъэм апхуэдэу уриджэгу хъун?
Резуан и ныбжьэгъур фIэгуэныхь хъууэ, иджыпсту абы зыкIи сэбэп зэрыхуэмыхъуфынур быдэу зыхищIэу еплъащ, итIанэ зэуэ и щхьэр къиIэтри, жиIащ:
- Ар пэжщ, дыгъуасэ пщыхьэщхьэм ирахьэжьащ.
- Си дэлъхушхуэ, уэ зыпIыгъын, лIыгъэ пхэлъу щытын хуейщ. Ар Алыхьталэ Iуэхути, апхуэдэу хъуащ, Дини абы дэкIуэну хуеякъым. Уэ узэрыхущытым хуэдабзэущ укъызэрилъэгъуари.
ЩIалэм зыри зэхихыркъым. И нэм къыщIэува нэпс пIащэхэр игъэпщкIуну хэту, пэшым къыщIож, цIыхухэм япэIэщIэ зищIыну хущIэкъуми ярейуэ, щIыбым къыщIокI. Уэшхыр темыуауэ къожэх, ауэ абы къызэтригъэувыIэркъым щIалэр. Иужэгъуащ мы дунейр, сыт ар къыщIигъэщIар, щIэпсэур?
ЗыфIэтхьэмыщкIэжщ. ЛъэкIамэ, мы щIылъэр занщIэу ибгынэнт. Псэр IэфIщ, Заур фIэмыфIу аракъым псэуну. Ар хуейщ адрейхэм хуэдэу, зыми емыхъуапсэу насыпыфIэу щытыну. Ауэ хъуркъым зэрыхуейуэ, - мис, дуней гурыфIыгъуэу мы щIылъэм щиIа закъуэр Iихыжащ Алыхьым. Захуагъэкъым ар.
Ар нэсащ Динэхэ я унэм. Дыхьэнут пщIантIэм, ауэ куэбжэр гъэбыдащ. ЛъэкI лъэпкъ къимыгъанэу уэзджынэм трекъузэ. Зы зэман зэ куэбжэм хэт микрофоным макъ гуэр къоIукI!
- Хэт, щIалэ, узыхуейр?
Заур ищIэркъым жиIэнур, итщ и пIэм ижыхьарэ, уэшхым зэриуфэнщIри къыфIэмыIуэхуу.
- Куэдрэ ущытыну апхуэдэу?
- Динэ, Динэ сыхуейуэ арат.
- Сыт жыпIэр зищIысыр? - ауан къищIрэ и фIэщрэ къыпхуэмыщIэу, щIэупщIащ хъумакIуэр.
- Динэ къысхуеджэ, хъунумэ!
- Ар дэсыжкъым мыбы.
- Дэнэ къыщыслъыхъуэнур?
- Уэ ар бгъуэтынукъым, хъыджэбзыр унагъуэ ихьащ.
- ПцIы зэфэзэщщ а жыпIэр, мы бжэр Iухи сыныдэгъэхьэ!
- Мыбдеж IукIыт, щIалэ, сэ апхуэдэ хуитыныгъэ сиIэкъым.
- КъыIух, зо! - ищIэр езыми къыгурымыIуэжу, куэб­жэм IэкIэ, зэми лъакъуэкIэ еуэу хуожьэ. Заулрэ ап­хуэдэу щытауэ, куэбжэр зэIужу къыдэкIа хъумакIуитIым я зыр, узыхуейр сыт жыхуиIэу, къыщепщэфыIэм, мо бэлэрыгъар плиткэ псыфым IэдакъэкIэ техуащ. Къыщылъэтыжауэ, къеIунщIам зрипщытыжыну щы­хуэ­кIуэм, адрей лIыр япэ къищри къызэтригъэувыIащ.
- Уа, щIалэ, къэхъуар нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу жыпIэ хъуну, Iэжьэкъур щхьэ ипчрэ?
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
 

 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: