«Си бзэ - си псэ, си дуней-2020» щытекIуахэр ягъэлъапIэ

Зэпеуэ

 

КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм «Си бзэ - си псэ, си дуней-2020» республикэ зэпеуэм щытекIуахэр щагъэлъэпIащ. Илъэс 20-м щIигъуауэ екIуэкI зэпеуэм хэтащ цIыху мини 5 хуэдиз. Школхэм, еджакIуэхэм, егъэджакIуэхэм я зэпеуэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу гуэшауэ щытащ. Ахэр бзэр хъумэным, щIэблэр лъэпкъ хабзэм, литературэм, гъуазджэм, тхыдэм щIэпыкIыным хуэунэтIат. Ныбжь зэхуэмыдэхэм ит куэд гупсысэкIэ зэришэлIащ абы.

ЗэIущIэм кърихьэлIахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ Анзор.
- Япэрауэ, къыхэзгъэщыну сыхуейщ мы Iуэхур къызэгъэпэщыным гуащIэшхуэ зэрыхэтлъхьар, гурэ псэкIэ дызэрыхэтар. ТекIуэныгъэ къахьауэ нобэ мыбдеж щыдгъэлъапIэ дэтхэнэми и щIыб къыдэтщ и лэжьэгъухэр - дэтхэнэри IуэхущIапIэ щхьэхуэм и лIыкIуэщ. Абыи мыхьэнэ етын хуейуэ къызолъытэ. Пэжщ, иджыпсту дызэрыт щытыкIэ гугъум и зэранкIэ, дызэрыхуей дыдэм хуэдэуи къызэгъэпэща хъуакъым гъэфIэж Iуэхур. Сыхуейщ щхьэж фызыбгъэдэт IэнатIэр пщIэ иIэу адэкIи ефхьэкIыну, фефIэкIуэну, - жиIащ министрым.
ЕджакIуэхэр лъэпкъ щэнхабзэм дегъэхьэхыным теухуауэ текIуэныгъэ къэзыхьа IуэхущIапIэхэм хуагъэфэща щIыхь тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ абыхэм я лIыкIуэхэм яритыжащ Езауэм.
ЩIыналъэхэмрэ къалэхэмрэ я унафэщIхэу, жылагъуэ лэжьакIуэхэу Iуэхум хэтахэм хуагъэфэща щIыхь тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ яритыжащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и Жылагъуэ советым и унафэщI, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы жиIащ лъэпкъ укъыхэкIын, лъэпкъым щыщу ущытыным мыхьэнэуэ иIэр нэсу къызыгурыIуэм и дежкIэ мы Iуэхум щIыхь зэрыпылъыр.
- Бзэ щыIэмэ, лъэпкъри щыIэщ, - жиIащ Сэхъурокъуэм. - Ди анэдэлъхубзэращ дэ пщIэ зиIэ лъэпкъ щхьэхуэу дыщызыгъэIэр. Нобэ бзэ IуэхукIэ дгъэлъапIэ дэтхэнэми лъэпкъым и пащхьэ жэуап гуэр щихьу аращ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ Урысей Федерацэм и Конституцэу, иджыблагъэ зэхъуэкIыныгъэхэр зыхалъхьам, и 68-нэ, 69-нэ Iыхьэхэм бзэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ хъумэным теухуауэ Iэмал хъарзынэхэр къызэрыдитыр, ар зэрыхъукIэ къэдгъэсэбэпын зэрыхуейр. Мы Iуэхум фIыкIэ зи цIэ къыщитIуэхэм фIыщIэ фхузощI егъэджэныгъэ, гъэсэныгъэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр зэревгъэкIуэкIым папщIэ, - захуигъэзащ абы къызэхуэсахэм.
Министерствэм и IуэхущIапIэм щагъэлъэпIахэм яхэмытами, ехъулIэныгъэкIэ зэпеуэм зыкъыщагъэлъэгъуащ еджакIуэхэми. 8 - 11-нэ классхэм щIэсхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэ нэхъыфIхэри къалъытащ.
- Щхьэж и IуэхущIапIэ деж щывгъэлъэпIэжмэ си гуапэщ тыгъэхэмрэ ЩIыхь тхылъхэмрэ зыхуэдгъэхьэзыра еджакIуэ цIыкIухэр, - яжриIащ министрым ныбжьыщIэхэм я егъэджакIуэхэм.
Iуэхум и кIэухыу «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» уэрэдыр къеуащ, абы хэтахэм зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.

Сурэтыр  Чучуевэ  Лейлэ  трихащ.

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: