Налшык и скульптурэ телъыджэри хохьэГъуэгу тетхэмрэ зыгъэпсэхуакIуэ кIуэхэмрэ я Туту.ру сервисым ирегъэкIуэкI къэралым и фэеплъ, скульптурэ нэхъ телъыджэхэр къэгъэлъэгъуэным теухуа «скульпТУТУры» зэпеуэм и ебгъуанэ Iыхьэр. IыхьипщIу зэхэт зэхьэзэхуэм дэтхэнэми фэеплърэ скульптурэу 10 щагъэлъагъуэ. Зэпеуэм и IэIэтым цIыху мини 155-м щIигъу хэтащ икIи абы фэеплърэ скульптурэу 8 къыщыхахакIэщ. Ебгъуанэ Iыхьэм я зэфIэкI щеплъыжыну зэхьэзэхуэм хыхьащ Краснодар крайр («Конь в пальто» - Сочэ къалэ, «Кошелёк» - Краснодар къалэ), Къэбэрдей-Балъкъэрыр («Вагъуэхэм я мывэ» - Налшык къалэ), Адыгейр («Туфелька Золушки» - Мейкъуапэ къалэ), Къэрэшей-Шэрджэсыр («Медведица и медвежёнок» - Архъыз Ищхъэрэ къуажэ), Осетие Ищхъэрэ - Аланиер («Мальчик с камерой» - Владикавказ къалэ), Ингушетиер («Анэм и фэеплъ» - Магас къалэ), Дагъыстэныр («Скульптура аула из пня» - Мэхъэчкъалэ), Къалмыкъыр («Золотая Корона «Йорял» - Элиста къалэ), Шэшэныр («Грозный - центр мира» - Грознэ къалэ).
Поделиться:
Читать также:
17.03.2024 - 11:10 →
Илъэс 40 гъуэгуанэ
17.03.2024 - 10:08 →
СурэтыщI, егъэджакIуэ
14.03.2024 - 17:35 →
«Адыгэжьхэр щыстхкIэ, сщохъу лъэхъэнэ жыжьэхэм сахьыж…»
07.03.2024 - 23:17 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм теухуа и хъуэхъу
04.03.2024 - 19:10 →
ЛIэужьыгъуэхэр
|