МЭРЕМ ПШЫХЬ

ФщIэуэ пIэрэ?

КъэкIыгъэцIэхэр

Пкъынэ - бальзамин,
прунж - рис,
псей - ель,
псылъэудз - тростник обыкновенный,
псымэракIуэ - лапчатка,
псышыбжий - перец водяной,
псыпцIэкъамыл - тростник,
псыпцIэсэрэш - ситник растопыренный,
псыхъуэсэрэш - ситник жабий,
псыхъумэ - водосбор,
псыIуфэкъэрабэ - мать-и-мачеха обыкновенная,
пхъапхъэ- трясунка,
пхъэгулъей - алыча,
пхъэгъуэжь - скумпия,
пхъэмыфей - дуб пробковый,
пхъэплъыжь - крушина Палласа,
пхъэхуей - береза.

ГушыIэ

Дыщэ кIанэ

Махуэ гуэрым бейгуэлхэр и гъусэу къуажэпщыр щакIуэ къикIыжырт. КъащэкIуа щIагъуи щымыIэу ешаелIауэ къэкIуэж гупым дыхьэшх макъышхуэ зэхахащ. ЦIыкIури инри зэкIуэцIылъэлъу щыдыхьэшх унэм пщым и гупыр пэгъунэгъу щыхъум, ар Дизыкъуажэ и хэщIапIэрауэ къыщIэкIащ. Пщым фIэгъэщIэгъуэн хъури:
- Мы факъырэ унэр мыпхуэдизу щIэтхъэр сыту пIэрэ? КъэщIамэ хъунт ахэр апхуэдизу зыгъэдыхьэшхыр, - жиIащ.
Бейгуэлхэм ящыщ зы джэри Дизыкъуажэ къыщIэкIащ.
- Мыпхуэдизу фызыгъэдыхьэшхыр сыт? ДыблэкIыжрэ пэт фи дыхьэшх макъым дыкъигъэувыIащ. Пщым ищIэну хуейщи, къыджеIэ!
- Уэлэхьи, къытхэхъуауэ дызыгъэдыхьэшхи щымыIэ, зы дыщэ кIанэ цIыкIу диIэщи, зэхуэддзурэ дридыхьэшхыу арщ, - жиIащ Дизыкъуажэ.
Бейгуэлым Дизыкъуажэ и псалъэр пщым щыIэригъэхьэжым, зыри жимыIэу ежьэжащ. Унэм зэрынэсыжу:
- Дизыкъуажэ и бынхэр дыщэ кIанэ цIыкIукIэ апхуэдизу щигъэдыхьэшхыфакIэ, сэ си бынхэр кIанэшхуэкIэ нэхъыфIыжу згъэтхъэнщ, - жиIэри зы дыщэ кIанэжь иIэти къищтащ.
И бынхэр хъурейуэ къригъэувэкIри, гъуэрыгъуэурэ дыщэ кIанэр яхуидзу иригъэжьащ. Хэти, къыхуэмыубыду Iэпыхуурэ и лъапэм теухуэу, хэти и бгъэгум хуищIэу къихуэу, игъэдыхьэшхын дэнэ къэна, дыщэ кIанэм быныр гъынанэу зэбгригъэкIыжащ. Ар щилъагъум:
- Мыр дауэ? Мыхэр дыхьэшхыным и пIэкIэ магъхэри-тIэ, дыкъигъэпцIауэ аращ. Сыт а бацэхэплъыр абыкIэ зыхуейр? Апхуэдэхэрат иджы сэ сыкъэзымыгъэпцIэжар? ФыкIуи фыкъеджэ, - жиIэри Дизыкъуажэ къригъэшащ пщым.
- Уэ сыкъыщIэбгъэпцIар сыт? ГъэпцIагъэрэ делагъэкIэ си бынхэр сыбгъэукIыжырти! Абыхэм ящыщ гуэрым къыщыщIаIамэ, уэсщIэнур пщIэрэт?! - къыхуилъырт, и къамэ Iэпщэр икъузу, пщыр Дизыкъуажэ.
- Сыт къэхъуар, зиусхьэн, сыту Iейуэ укъэгубжьа? СыткIэ сыкъуаншэ?
- Укъуаншэщ. Си бынхэр дыщэ кIанэкIэ согъэдыхьэшх жызыIар уэракъэ?!
- Сэращ.
- НтIэ, сэ си бынхэр сыту мыдыхьэшхарэ? Дыхьэшхыным и пIэкIэ гъыуэ IукIыжахэщ. СыткIэ мыгъынрэт, зиунагъуэрэ! Сеплъащи, хэт и лъакъуэр, хэт и шхужьыр уфIыцIащ.
- Уэ яхуэбдзар дыщэ дыдэт?
- Щымыщ хэмылъу дыщэ къабзэщ. Куэдрэ зумылъэфыхьу, мы Iуэхум хьилагъэ гуэр хэлъщи, дахэкIэ къызжеIэ!
- Уэлэхьи, зиусхьэн, хьилагъэ лъэпкъ пкIэлъызезмыхьэ, ар си мыхьэл икIи укъэзмыгъэпцIа, дызыгъэдыхьэшхым фыщIэупщIати, вжесIащ, ауэ сэ зи гугъу сщIар къыбгурыIуакъым уэ...
Дизыкъуажэ унэм кIуэжри, агъэбыгъэ хъуа я сабий цIыкIур иIыгъыу псынщIэу къигъэзэжащ.
- Мис, зиусхьэн, сэ дыщэ жыхуэсIар! Мыращ дыщэ кIанэр, ахъумэ, ауэ уи дыщэр, уэ дыщэ жыхуэпIэр сытым щыщ! – жиIэурэ пщым сабийр иригъэлъэгъуащ.

Жылау Нурбий.

Си хъуреягъкIэ

Къулыкъу

Борис цIыхухэр къыхуэгуапэщ, пщIэ къыхуащI, къоубзэ, мыувыIэуи къыхуащIэIа, и нэфI зыщагъэхуэн щхьэкIэ. А псори абы къыхуэзыхьар адрейхэм нэхърэ езыр зыгуэркIэ нэхъыфIу аракъым, атIэ къулыкъу иIыгъырщ. Ар фIыуэ, икъукIэ фIыуэ ещIэж езыми. Ауэ арэзыщ: сыт щхьэкIэ къыхуащIэми, къыхуащIэмэ аракъэ?!
Борис - къулыкъу = 0

Хьэр зыгъашхэм ейщ

НэгъуэщI лэжьапIэ сыщыIутам си кIуэгъужэгъуу щыта гуэрщ зи гугъу сщIыр. Зи сэ абы сринэт, срипсэт. ХузэфIэкIыххэнумэ, сэр щхьэкIэ имыщIэн щыIэтэкъым.
Иужьым нэгъуэщI лэжьапIэ сыщыкIуэм, и щIыб къысхуигъэзэжащ – дунейм сытети сытемыти.
Иджы абы и нэщ, и псэщ хузэфIэкIри хуищIэнущ икIи хуещIэ си пIэ иувауэ лажьэ, а сэ зэрысщIу щытам хуэдэу ахъшэ тIэкIу къезыгъэхьхэм!
Хьэр зыгъашхэм ейщ.

ПщIэнумэ, щIэ...

ЦIыхухэм ягу дыхьэн, дзыхь зыхурагъэщIу Iэ ирагъэIэтыным щхьэкIэ депутатхэр мэву, мор фхуэтщIэнщ, мыдрейр фхуэтщIэнщ, жаIэри. УкIытэхэркъым. Абыхэм яхэткъым цIыхур ягъэунэнумэ, Iэмал зимыIа, ауэ ягъэунакъым. Сэ соукIытэ абыхэм я пIэкIэ: пщIэнумэ, щIэ, умыкIий-умыгуоуэ...
Джэдрэ пэт щыкъакъэр кIэцIа иужьщ!

Апхуэди къохъу

Ар уэрэджыIакIуэ Iэзэт. Абы къытекIуэ щымыIэу фIыуэ игъэзащIэрт адыгэ уэрэдыжьхэр. Псом хуэмыдэу и пщIэр зыIэтыр зэрыIэдэбырт, хьэлыфIэ-щэныфIэт, бегъымбар хужаIэу.
Ауэрэ, къуажэм къыдокI абы текIуэу уэрэд жызыIэ. Мыдрейр йохъуапсэ, хузэгуэп мэхъу, екIэ иужь йохьэ мо къытекIуэм...
А цIыху гъэсар, Iэсэр, сабырыр апхуэдэу къыщIэкIащ, адрейхэр дауэ къэнэжын?
Хэт мы-Моцартми - Сальерищ!

Хьэх Сэфарбий.

Хабзэ

Унэишэ

Мыр адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэ, нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ зыщ. КърихьэлIэхэр хьэгъуэлIыгъуэр зейм я Iыхьлыхэмрэ я благъэхэмрэщ, а унагъуэм и ныбжьэгъуфI, я кIуэгъужэгъухэрщ.
НысащIэр тешэм, тешэрыпIэм щыIамэ, унэишэр абы къыщрашыжым и деж занщIэу ящIырт. Ауэ ар зыщIыпIи ирамыхьэлIамэ, щауэм и адэ-анэм я унэм занщIэу къашамэ, унэишэр щекIуэкIыр, зэрыхабзэти, зы тхьэмахуэ е тхьэмахуитI хуэдиз нэхъ дэмыкIыут. А зэманым къриубыдэу унагъуэм, Iыхьлыхэм хьэгъуэлIыгъуэм зыхуагъэхьэзырырт: зыхуей, зыхуэфI, фадэ, пIастэ. А зэманым нысащIэри Iуэхуншэу щыстэкъым. Гъунэгъухэм, хьэблэм дэсхэм ягъэунэхурт, мастэрэ Iуданэрэ ищIэрэ, Iэпэщабэ, гулъытэ хэлъ? Ауэ мыбы щыгъуэ апхуэдэ гулъытэхэр ягъэнэIуащэртэкъым, Iуэхум къыдэкIуэу, Iуданэрэ мастэрэ зэфIрагъащIэ хуэдэурэ, сабий гуэрым и щIыIур ирырагъэдэжыну нысащIэм и деж щIагъэхьэу арат.
НысащIэр яхуапэ, бын узыншэ зыпIа фыз угъурлитIым абы и Iэблэхэр яубыдри, щхьэтепхъуэ телъу, щIалэгъуалэм уэредадэ жаIэу ар и лэгъунэм къыщIашри, фызхэр зыщIэс унэм яшэ. Япэм Iэмал зимыIэ хабзэт нысащIэм фоч щхьэпрыгъэукIыныр, зыщIашэ унэм и уэнжакъыр нэщанэ уапIэ ящIыныр – бзаджэнаджэр ягъащтэрт.
Пшынэ еуэу, Iэгуауэм щIэту, уэредадэ жаIэу нысащIэр зы унэм къыщIаша нэужь пщIантIэм и деж щызэтрагъэувыIэрти, абы джэгу мащIэ хузэхаублэрт, итIанэ уэредадэм щIадзэжырти, адрей унэм (пэшым) яшэрт. Абы щIашэн и пэкIэ къепхъыхыу дэ, IэфIыкIэ, ахъшэ жьгъей, хугу кърапхъыхырти, ар сабийхэм къащыпырт. Унэ ирашэри, абы и Iэблэр зыIыгъхэри бжэщхьэIум теувэ хъунутэкъым, абы лъакъуэ ижькIэ ебэкъуэн хуейт.
 БжэщхьэIум ебэкъуа нысащIэр ныш яукIам и фэ цIынэм Iэмал имыIэу теувэрт. Фэр зэрагъэтIылъ хабзэр цыр къыдэгъэзеяуэщ: фэм цыуэ тетым хуэдиз насып нысащIэм мы унэ зыщIыхьэм щIигъуэтэн хуэдэу. АдэкIэ нысащIэр хьэблэ, благъэ фызхэр зыщIэсым щIашэ. НысащIэм и щхьэтепхъуэр фызхэм ящыщ гуэрым еIэтри, мыдрейхэр зырызыххэу бгъэдыхьэурэ абы йоплъ, йохъуэхъу, IэплIэ ирашэкI. Ауэ езы нысащIэм зигъэхъейркъым, IэплIэ къыхуэзыщIхэм я Iэхэри иубыдыркъым. Абыхэм я Iэр иубыдмэ, щхьэзыфIэфI, тэмакъкIэщI хъуну, унагъуэр и унафэ щIигъэувэным хущIэкъуну жаIэрт.
Пасэм щыгъуэ мыбы щIэс бзылъхугъэхэм унэ ирашэ нысащIэм и гуащэр хэту щытакъым. Ахэр щызэтехьэри щызэпсалъэри мыбы щыгъуэтэкъым. Абы щхьэкIэ гуащэм щхьэхуэу техьэпщIи псэлъапщIи ищIын хуейт, унэишэ цIыкIум ирихьэлIэу. Ауэ иджы мыдрей фызхэми ещхьу, гуащэри и нысэм бгъэдохьэри IэплIэ ирешэкI. Апхуэдэм деж гуащэр бгырыпх гуэркIэ нысэм ирапх. Ахэр зэкIэратIэтыкIыжын щхьэкIэ, гуащэм и малъхъэ, и къуэ, ипхъу, и нысэ нэхъыжь хуэдэхэм къащэхужын хуейщ. Ахъшэр гуащэм и жып иралъхьэ. Хабзэ зэрыхъуащи, абы иужькIэ гъэфIэжу Iэнэ щхьэхуэ къиухуэн хуейщ.
Фызхэм нысащIэм фIэхъус-сэламыр ирахын зэфIэкIа нэужь (языныкъуэ жылэхэм япэ ирагъэщ), IурыцIэлъыр ящIырт. Мыбы щыгъуи нысащIэ цIыкIур хуэсакъын хуейт форэ-тхъурэ зэхэлъым зэремыбзеиным. Абы ебзей нысащIэм хуагугъэрт ар нэплъыс-нэIусу, ныбаблэу, ныбэхуэфIу щытыну. IурыцIэлъ зэрылъ шейщIэтыр фызым бжэщхьэIум и деж къыщежьэ щIалэгъуалэм къаритырти, абы щхьэкIэ зэныкъуэкъуу, зэIэпщакIуэу ирахьэжьэрт, илъыр яшхамэ, хьэкъущыкъур традзэрти якъутэжырт.
А псор екIуэкIыхукIэ, щIалэгъуалэм щIыбым джэгушхуэ щащIырт, щауэм и шыпхъу унэ ихьахэр, а лъэпкъым япхъу къэкIуэжауэ хьэгъуэлIыгъуэм хэтхэр къагъафэрэ пхъужьыбжьэ къыIахыу. А бжьэр яхуапэуи щытащ, цIыхухъухэм къагъэсэбэпын хьэпшып цIыкIуфэкIухэр кIэращIэу.
А щIыкIэм тету IурыцIэлъри, пхъужьыбжьэ къыхэхынри зэфIэкIамэ, нысащIэр аргуэру уэредадэр жаIэу, пшынэ еуэу, Iэгур трагъэщащэу и лэгъунэм яшэжырт.
МафIэдз  Сэрэбий.

Фыщыгъуазэ?

ДжэдыкIэ пхъампэр зи сэбэпыр

Нартыху тхъафэм, щхьэцым къыщIэвыкIам и псым уефэмэ, тхьэмщIыгъумкIэ, жьэжьеймкIэ сэбэпщ.

* * *

Адыгэхэм джэдыкIэ ивыкIар яшхырейуэ щытакъым, нэхъ яшхыр джэдыкIэ пхъампэт. Ар сэбэпщ зи тхьэмбыл узхэмкIэ, щIыIэ зыхыхьахэм я дежкIэ.

* * *

Джэдкъаз фIагъэжар щызэпкърахкIэ Iэмал имыIэу джэдкъазыпщэм паупщIыж зы сантиметр хуэдиз. Ар пыумыупщIыу шыуаным иплъхьэмэ, унагъуэр псалъэмакъ хохуэ жаIэ.

* * *

Зи лъхуэгъуэ жэмым зэрыхуэсакъын хуейр: жэмыр лъхуэным мазитI-щы иIэжу къэшыныр щагъэт, сыту жыпIэмэ шэри шатэри дыдж, шыугъэ мэхъу. Апхуэдэ шэр зэпышу, пцIа хуэдэу щытщ, езы Iэщри гугъу йохь. ЯфIэгуэныхь мыхъуу, жэмыр къэзыш щыIэщ, уеблэмэ ямышхыу бэзэрым щащэу урохьэлIэ, ауэ апхуэдэу пщIыныр захуагъэкъым. Жэмым зигъэпсэхун хуейщ, зрамыгъэгъэпсэхумэ, жэмыр лъхуа иужь сымаджэ мэхъу - шэуэ къитри мащIэу, шатэ щIагъуи темыкIыу. Зыхуэсакъыу, зыхуей хуащIэу лъхуа жэмым и шэр куэдщ, къабзэщ, шатэфI токI. Жэмыр лъхуа нэужь махуищкIэ къаш шэр шкIэрышэ мэхъу. Iэмал иIэмэ, къашыр быдзитIырщ, адрейхэр мазэ-мазитIкIэ шкIэм къыхуагъанэ.

* * *

Матэкхъуейр жэмыр лъхуэуэ махуищ дэкIа иужькIэ къаша шэращ къызыхащIыкIыу щытар. Мыпхуэдэуи хахырт: лъатэпсыр шатэпскIэ зэIахырт, ар шэм хакIэжырти, абыкIэ матэкхъуей хахырт.

* * *

Хывышэм и тхъу гъэвэжар зэIымыхьэу мазитI-щыкIэ щытщ, щIыIапIэ ямыгъэувми.

* * *

Джэджьей, гуэгуш шыр цIыкIухэм бжьыныху, бжьын цIынэхэм я тхьэмпэр цIыкIу-цIыкIуурэ зэпагъэлъэлъри, хуэнщIейм хэпщауэ гъатхэм ирагъэшх. Абы витамин куэд хэлъщи, а шыр цIыкIухэр мысымаджэу, нэхъ къару яIэу къохъу икIи шхэрей мэхъу.

* * *

Зи лъхуэгъуэ хъуа жэмыр ирапхыркъым, зитхьэлэжынкIэ хъунущи.

Къубатий  Борис.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться: