Футбол
Гъэ къызэднэкIым Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист нэхъыфIыр игъэбелджылын папщIэ «Советская молодёжь» газетым спортым тетхыхь журналистхэм я деж ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу щIэупщIэныгъэхэр щрегъэкIуэкI. Илъэс тIощIрэ хырэ хъуауэ зэкIэлъхьэужьу а Iуэхугъуэр щыIэщ.
Адрейхэми хуэдэу, коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ илъэс блэкIам топджэгумкIэ зэхьэзэхуэхэр, пIалъэ кIыхькIэ зэпагъэуауэ щытами, 2020 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъыфIыр къызыхахын я куэдт щIэупщIэныгъэм хэтахэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, журналистхэм футболиститхум я цIэр къраIуэн хуейт икIи япэ ирагъэщым баллитху, етIуанэм – баллиплI, ещанэм – баллищ, апхуэдэу къехыурэ трагуашэ. КъищынэмыщIауэ, гъэбелджылын хуейт щIэуэ командэм къыхыхьахэм ящыщу нэхъыфIыр, топ нэхъ дахэ дэзыгъэкIар, «Спартак-Налшыкым» къехъулIа зэIущIэмрэ щыхуэмыхуамрэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист нэхъыфI 2020 гъэм хъуащ гъуащхьэхъумэныкъуэ Пащты Руслан. ЩIэупщIэныгъэхэм къарикIуахэм япкъ иткIэ абы балл 22-рэ къихьащ. Топджэгум ди республикэм щытетхыхь хъыбарегъащIэ IэнатIихым ящыщу плIым я лIыкIуэхэм, «Адыгэ псалъэм» ейри хэту, Руслан япэ ирагъэщащ. Зым еплIанэ увыпIэр лъигъэсащ. ВГТРК-м и корреспондентым и закъуэщ абы и цIэр къизымыIуар.
Баллищ къудейщ Пащтым къызэрыкIэрыхуар «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэныкъуэ Хьэшыр Алан. Абы и цIэр журналист псоми къраIуащ, ауэ япэ изыгъэщар зы закъуэращ. Нэгъабэ Алан етIуанэ увыпIэр дигуэшат, фэбжь игъуэтам и зэранкIэ мы гъэм куэдрэ мыджэгуа, гъуащхьауэ Бацэ Къантемыр. Иджы и закъуэщ нэхъыфIым пэгъунэгъу хъуар.
Ещанэ увыпIэр иубыдащ ХъутIэ Анзор. Республикэм и чемпионатым къыхашу «Спартак-Налшыкым» гъэмахуэм «Спартак-Налшыкым» хагъэхьа щIалэщIэм куэд дыдэкIэ ущыгугъыныр щхьэгъэпцIэжу къыщIэкIынут. АрщхьэкIэ дзыхь зыхуащIа щIалэм псынщIэу утыкур иубыдащ. Абы и щыхьэтщ топджэгум дихьэххэми журналистхэми гу къызэрылъатар икIи щIэупщIэныгъэм балл 17 къыщихьар.
УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым Бахъсэнокъуэ Алихъан и еплIанэ увыпIэми. Топджэгум и япэ профессиональнэ зэгурыIуэныгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм гъэмахуэм дэзыщIылIа гъуащхьауэ ныбжьыщIэм гупым текIуэныгъэр къыхуэзыхьа топ зыбжанэ я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ икIи ар гулъытэншэ хъуакъым. Гуапэщ ди республикэм футболист Iэзэ щIалэхэр уэру къызэрыщIэхъуэр.
ЩIэупщIэныгъэм етхуанэ увыпIэр щылъысащ Ашу Мурад. Абы баллибл хуагъэфэщащ.
Иджыри футболистиплIым я цIэ журналистхэм къраIуащ. Ахэр гъуащхьэтет Антипов Антонщ, гъуащхьэхъумэ Шумахуэ Заурщ, гъуащхьэхъумэныкъуэ Iэпщацэ Маратщ, гъуащхьауэ Гугуев Магомедщ.
ЩIэуэ къыхыхьахэм ящыщу япэ ирагъэщащ гъуащхьауэ ХъутIэ Анзор. ЖурналистиплIым ар нэхъыфIу къалъытащ. Нэгъабэ апхуэдэ щIыхь зыхуагъэфэща гъуащхьэхъумэныкъуэ Сындыку Темыркъан иджы Мэзкуу и «Торпедо»-м щоджэгу. Шэч къытетхьэркъым Анзори къэкIуэну дахэ къызэрыпэплъэм икIи и ехъулIэныгъэфIхэмкIэ дызэригъэгуфIэнум.
«Спартак-Налшыкым» 2020 гъэм нэхъ къехъулIа зэIущIэу къалъытащ Новороссийск щыIэу щIыпIэ «Черноморец»-р 2:0-у щытекIуар. Ар куэд зыпэмыплъа дэрэжэгъуэт. НэхъыкIар Ставрополь кIуауэ «Динамо»-м 1:4-уэ къазэрыхигъэщIарщ. Абы ипэжкIи ардыдэр Урысей Федерацэм и кубокым ехьэлIа зэпеуэм а бжыгъэмкIэ къытекIуат. Шэч хэлъкъым нэгъабэ Ставрополь къалэр ди щIалэхэм зэрахуэмыугъурлам. Мы гъэм езы «Динамо»-р къахуэкIуэнущи, щIыхуэр япшыныжыну Iэмал хъарзынэ яIэщ.
Багъэтыр Тимур илъэс зыбжанэ хъуауэ «Спартак-Налшыкым» и шхэпсщ. АрщхьэкIэ, джэгупIэ губгъуэм и кум иту ТIуапсы къалэм и щIыпIэ командэм нэгъабэ худигъэкIа топыр зыфIэтемылъыджа щыIэу къыщIэкIынкъым. Ди республикэм и спорт журналистхэми къалъытащ ар псоми ефIэкIауэ.
Иджы нэхъ зыубгъуауэ дытепсэлъыхьынщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист нэхъыфI Пащты Руслан. ЗэрыфщIэжщи, «Спартак-Налшыкым» и капитан Щоджэн Борис 2020-2021 гъэхэм екIуэкI зэхьэзэхуэм щIидзэным и пэ къихуэу фэбжь игъуэтащ. Гупым и пашэр яхъуэжын хуей щыхъум ар хуагъэфэщащ иджыблагъэ ди щIыпIэм къэзыгъэзэжа гъуащхьэхъумэныкъуэ Пащты Руслан.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къыщалъхуа икIи топ джэгуным зыщыхуезыгъэса а щIалэм Налшык и «Мегафон-Кавказ»-м къыщыщIидзащ, республикэм и чемпионатым хэту. 2009 гъэм Мэзкуу и «Динамо»-м и футбол школ цIэрыIуэм щIэтIысхьащ икIи абы и щIалэгъуалэ гупым хэту илъэситIкIэ джэгуащ. ИтIанэ Новгород Ищхъэрэм и «Волга»-м и щIыхьыр ихъумащ. Япэ дыдэу ар къыщыхъуар 2011 гъэм фокIадэм и 21-ращ: Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ Мэзкуу и «Спартак»-м къэралым и къалащхьэм и «Лужники» стадионым екIуу щыпэщIэтащ. Абы щыгъуэм зэIущIэм хухаха зэман нэхъыщхьэри къыщIагъуа сыхьэт ныкъуэри зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ, иухащ. Апхуэдэу щыхъум метр пщыкIузым и деж щыту нэхъ лъэщыр зэхагъэкIын хуей хъуащ. Дакъикъи 120-м щIигъукIэ а зэIущIэм джэгупIэ губгъуэм ита Пащты Руслан кърагъэза дзыхьыр игъэпэжащ икIи и пенальти Iыхьэр дэгъуэу игъэзэщIащ. АрщхьэкIэ къыдэджэгухэм ящыщ зы къэдзыхэри, 5:6-уэ зыхэт гупыр къыхагъэщIащ.
А гъэ дыдэм и жэпуэгъуэм премьер-лигэм япэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Абы и Iуэхухэр щефIэкIуэну къыщIэкIынут, мыгувэу фэбжь хьэлъэ имыгъуэтамэ.
Зыгъэхъужыным Руслан зэман кIыхь тригъэкIуэдащ икIи и зэфIэкIым кIэригъэхуащ. Арати, Дзержинск, Курск, Саратов къалэхэм я командэхэм щыджэгуащ. 2017 гъэм Налшыки къигъэзэжащ, арщхьэкIэ Санкт-Петербург и «Динамо»-м мыгувэу ирагъэблэгъэри тхэкIыжащ.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм хэта ди щIалэхэу Мырзэ Резуан, Щэуей Алихъан, Гордюшенкэ Астемыр, Къалмыкъ Амур сымэ 2018 гъэм гъусэ яхуэхъуфынут Пащты Руслан. А илъэсым абы къыщыкIэлъыплъащ Мэзкуу и «Динамо»-м.
Пащтыр Мэзкуу иригъэблэгъэжат «Динамо»-м и щIалэгъуалэ командэм щызыгъэсэу щытауэ иджы балигъхэм я тренер нэхъыщхьэ хъуа Хохлов Дмитрий. Нэхъапэм зэрыдэлэжьам къыхэкIыу Руслан и зэфIэкIхэр абы хъарзынэу ищIэрт икIи хуэфэщэну зыкъигъэлъагъуэмэ, къищтэну хьэзырт.
Илъэс 25-рэ зи ныбжь Пащтым и къару илъыгъуэт. Абы и зэфIэкIхэр зэрылъагэм щыхьэт техъуат «Динамо»-м хэту Румынием и «Газ-Метан»-мрэ Литвам и «Стумбар»-мрэ щыдэджэгуа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэм. Мэзкуудэсхэр япэм 1:0-у щытекIуат, адрейм 0:0-у бгъэдэкIыжат. АрщхьэкIэ Руслан премьер-лигэм къащтэным теухуа унафэр куэд дыдэм елъытат икIи хъыбарыфIхэм дыпэплъэрт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, фэбжь зэриIауэ щытахэр къалъытэри, зэкIэ зэхагъэхьакъым. Абы щыгъуэми жыжьэ яутIыпщакъым икIи къэралым и къалащхьэм пэмыжыжьэу къагъанэри, япэщIыкIэ «Муром», къыкIэлъыкIуэу Мэзкуу и «Арарат» командэхэм яхэтащ. АпщIондэхукIэ, къыщIэупщIауэ щыта Хохлов Дмитрий тренер нэхъыщхьэ къулыкъум трагъэкIри, псори къызэтекъутэжащ. Апхуэдэу щыхъум «Спартак-Налшыкым» аргуэру къэкIуэжащ.
Дэнэ щIыпIэ щыджэгуами, Пащты Руслан Iэзэу, къикIуэт зымыщIэу зыкъигъэлъэгъуащ. Аращ «Спартак-Налшыкым» и вице-капитану занщIэу щIыхахари, Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист нэхъыфIу нэгъабэ къыщIалъытари.
Топ нэхъ дахэ дыдэр дэзыгъэкIа Багъэтыр Тимур. ИлъэситI хъуауэ етIуанэ Хьэшыр Алан.
Гъуащхьауэ щIалэщIэ Бахъсэнокъуэ Алихъан. ЕбгъэрыкIуэныгъэм зи гур ета Ашу Мурад.
2020 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист нэхъыфI
«Спартак-Налшыкым» и капитан Пащты Руслан.
КуэдкIэ дызыщыгугъ ХъутIэ Анзор.