Тау Нинэ и усэхэр

* * *

Услъэгъуащ ныжэбэ уэ пщIыхьэпIэу:
Утест тетIысхьэпIэм укъызэжьэу,
Жьы къыкъуэум си кIэр къысфIыдэфэу,
СыныдокIыр, си гур къысфIилъэту.

Бахъсэныпс и макъыу псэр зыхьэхум
Ди гупсысэ IэфIхэр хозэрыхьыр.
Мазэм, ди жэщ дахэр игъэнэхуу,
Уэрэ сэрэ, мес, къыткIэлъекIухьыр.

КъыздикIар дымыщIэу, дыздэщысым,
Ди Iэгу къохуэ вагъуэ цIыкIур пщIыпщIу.
Ди гур игъэхуабэу ар здэтIыгъым,
Зы макъ щабэ зэхыдохыр IупщIу:

«Фыхуэсакъыу зефхьэ вагъуэ цIыкIур,
Ар фи лъагъуныгъэм къыфхуищI тыгъэщ,
Тыгъэу щыIэм я нэхъ лъапIэ дыдэщ,
Ар сэ зэстыр нэсу зиIэрщ лIыгъэ.

Фыхуэпэжу щытмэ лъагъуныгъэм,
Къывдэхъунущ фи мурад-гуращэр,
ФыпсэухукIэ къыфтемыкIуэу жьыгъэр
Фытетынущ мы дуней щIэращIэм.

Гъатхэ

ИIэщ лъагъуныгъэми макъамэ,
А макъамэр щэхуу гум жиIэху,
СщхьэщымыкIыу гъатхэм и мэ гуакIуэр
КъысщIихьэнущ уэ узигъусэху.

ЩыIэ, кхъыIэ, си насып гугъапIэ -
Гугъэр щыIэхункIэ дыпсэунщ.
Ди псэр тыгъэ зыхуэтщIын, ди гъатхэ,
Уимыхужу ди гум уидгъэлъынщ.

Уи хуабагъэр ди псэм зыхебгъащIэу,
Ди гукъеуэ Iейхэм хыбогъэщI,
Гъатхэ, уи цIэр гъащIэм ещхьыркъабзэщ,
МурадыфI щIэщыгъуэу дыбогъэщI.

* * *

Гъатхэм щIыгъуу сэ къысхуокIуэ
Уи лъагъуныгъэ дахащэр.
ГъащIэщIэ жьыбгъэр къысIуроуэ,
Зыгуэрым си гур хуигъэпIащIэу.

ЩIэ гуэрхэр си гум къысхурелъхьэ,
Си къалэмыпэми схупелъхьэ,
ЖыхуиIэу: нэхъыбэ ирещIэ,
Сэ стеухуаи иретхэ.

* * *

Гъатхэ мазэр пхыросыкIыр
Хуэму пшэ уфафэм,
Хур хъыджэбзым и щытыкIэу,
Сэ зыкъысхуегъафIэ.

МащIэу къепщэ жьым гупсысэу
Си Iэр хозэрыхьыр,
Хозэрыхьри зэнзэныпсу,
Сегъэтхыжыр усэу.

Си гум ар фIэфIыпсу къеIущэщ

Тхьэуэ ину ди щхьэщыгум итым
Узигъэлъэгъуащи - си насыпщ,
Узэрыслъагъунур си фIэщ ищIу
ПщIыхьым дыгъэ бзийуэ ущылыдт.

Гъатхэ згъафIэм укъызэрыхыхьэу,
ГъащIэм нэгъуэщIынэкIэ сеплъащ.
БампIэу щыта си гум нэхъ сабыру
ГупсысэфI зэIубзхэр къигъэщIащ.

Пхуэзус усэм сэ пцIы лъэпкъ хэзмылъхьэ,
Си гум ар фIэфIыпсу къеIущэщ.
Сыту IэфI дэ тIум ди лъагъуныгъэр:
ФIым дызэрыхуишэр ещI ди фIэщ.

* * *

Сэ уэращ сызыхуэусэр,
Дыгъэ бзийуэ къысхуэкIуэн,
Уэрэ сэрэ дызэгъусэм
Гугъуехь псоми датекIуэнщ.

Гурэ псэкIэ дызэпсалъэу
ГъащIэ Iыхьэр етхьэкIынщ.
Лъагъуныгъэу насып пщалъэр
Тхьэшхуэм тыгъэ къытхуищIынщ.

Къыдитынщ псэ къабзэ дыдэ –
Лъагъуныгъэм игъэнэху.
Къуэмыхьэжу къытхуепс дыгъэр
Тщхьэщытынущ фIыр щыIэху.

Псэм и щIасэу псоми я щхьэ
Лъагъуныгъэр дэ тхъумэнщ.
ДыщихьэжкIи Тхьэм и пащхьэ,
А нэхугъэр блэнщ.

Уи нэ дахэм…

Усэ тхыным пасэу гу хуэсщIами,
Ахэм дагъуэ хуэсщIу изохьэкI.
Уи нэ дахэм фIыгъуэу щIэслъэгъуахэр
КъызэрысIуатэр сэ къызомэщIэкI.

ЩIэх къэсщIэну хъункъым и кIэм нэсу
Лъагъуныгъэу гур зыгъэпIейтейр,
Уигу хуабагъэр псэкIэ зыхэсщIэну
КъыщIэкIынущ, ауэ мыпщэдей.

* * *

Си псэкIэ сыноджэ хъуну,
Гъатхэ дахэм къысхуэза?
Си гуфIэгъуэм къысхущIыбгъуу
Дэрэжэгъуэ усхуэхъуащ.

Къэпхьыжащ уэ сIэщIэлъэту
Гугъэ зэ сфIэкIуэдыжар.
Схьынщ уи жьауэм сыщIэмыкIыу
ГъащIэу сэ къысхуэнэжар.

Бахъсэн щIыналъэ,
Тыжьей къуажэ.

Поделиться: