Жэхьилт хьэмэрэ щIэныгъэлIт?

ЩыIэщ псэ тынш, и ныбэ изрэ ил къыщIэмыщмэ, нэгъуэщIкIэ мыхъуапсэу; щыIэщ псэ нэпсей, мылъкурэ тхъэгъуэкIэ зимыгъэнщIу; щыIэщ псэ джаур, фыгъуэнрэ ижэным кърихуэкIыу; щыIэщ псэ гугъу, цIыхум ямыщIэ гуэр къимыхутамэ, мыжеифу… Бэчмырзэ Iутар псэ инатт, щIэныгъэ лъыхъуэнымрэ захуагъэм щIэбэнынымрэ зэрахуэу.
УсакIуэм игъунэгъуа Пщыбий Мухьэжид зэрыжиIэжымкIэ, абы сыт щыгъуи и блэгущIэм тхылъ гуэр щIэлъу, и Iупэхэр игъэпIэжьажьэу къикIухьырт. Апхуэдэхэм деж Бэчмырзэ и гъуэгум Къылышбий и къуэжьыр къытеувами, гу лъитэнутэкъым, къепсэлъами, зэхихынутэкъым - ар е гупсысэу, е и псэм къыщыIу гуэрхэм щIэдэIужу арати, дуней зытетыр зыхищIэжыртэкъым. Къуажэм сыт къыщымыхъуами, Къэбэрдейм е къэралышхуэм сыт къихъуауэ къищIами - псори а и тхылъ цIыкIум иритхэрт. Бетэмал, нобэ щIэныгъэм дежкIэ а тхылъ цIыкIум и пщIэр къыпхуэмыбжыным хуэдизт!.. Уафэр бзыгъэу а лIыр зы жэщ жеякъым, - жи Мухьэжид, - уафэм дэплъейуэ пщIантIэм дэтт: мазэр къыщыщIэкI сыхьэт бжыгъэр, мазэр щыкъухьэж дакъикъэ бжыгъэр, ар гъуэгу зэрытета зэманыр – псори, и дыжьын сыхьэтышхуэр зэтригъэпкIыурэ еплъырти, а тхылъ цIыкIум иритхэрт. Бэчмырзэ вагъуэшхуэ лыдхэм псоми я цIэр ищIэрт, вагъуэ бынхэр псори Iэпэ хуищIурэ къыпхурибжэкIынут. Ар вагъуэхэм зэрызагъазэм кIэлъыплъырти, ядилъагъухэр итхырт, «мыпхуэдэ сыхьэтымрэ дакъикъэмрэ деж мыпхуэдэ вагъуэр мобдеж къыщыунэхуащ, мопхуэдэ зэманым мобдеж щыкъухьэжащ, е къуэмыхьэжу нэху къытещхьащ», - жиIэурэ. ИужькIэ а итхахэр зэриудэкIыжурэ егупсысырт, кIыхьу есэп къищIырти, игъэщIагъуэм хуэдэу, и щхьэр игъэкIэрахъуэрт.
Дэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, тщIэркъым, игъащIэкIи къэтщIэну къыщIэкIынкъым ПащIэм уэгум ирилъэгъуар, ирилъэгъуам щыщу тхылъ цIыкIум иритхэгъар, а итхахэр къызэрищIа-къызэрыгурыIуа щIыкIэр, къахиубыдыкIа гупсысэхэр - илъагъу псори зритхэу щыта тхылъыр «дыщэ пхъуантэм» зэрыдэлъу фашистхэм ягъэсащ. Ауэ шэч зыхэмылъыжу иджыпстукIэ жыпIэ хъунуращи, ПащIэ Бэчмырзэ, уэрэдус къудей мыхъуу, астрономуи щытащ. Хьэлэмэтракъэ, япэ дыдэу абы гу лъызытар адыгэ щIэныгъэлIхэракъым. Академик Н. С. Джанашиа 1929 гъэм Бэчмырзэ и хьэщIащ, абы щыгъуэ, куэдрэ зэдэуэршэра нэужь, академикым и дневникым иритхащ: «ПащIэ Бэчмырзэ Машэ и къуэ. Астрономщ икIи усакIуэщ».
ЩIэныгъэ лъыхъуэныр Бэчмырзэ и псэм, хьэпIацIэм хуэдэу, хэсти, игъэзагъэртэкъым.
Нартан лIыжьхэм иджыри жаIэж ар зыщIыпIэ щыкIуэкIэ ину бакъуэу, и Iупэр игъэпIэжьажьэурэ кIуэуэ зэрыщытар. ЗдэкIуэм нэса нэужь, зэщIэувыIыкIырт аби, щытхэм я нэгу иплъэрти, «ди куэбжэм къыщытебдзэмэ, мыбдеж къэсыху мыпхуэдиз лъэбакъуэ бжыгъэ дэлъщ», - жиIэрти, итIанэт сэлам щарихыр. Ар гум ису зыщIыпIэ щыкIуэкIэ, Iуэхуншэу исыфыртэкъым - здэкIуэм нэсыху шэрхъыр дапщэрэ кIэрахъуэми ибжырт. Апхуэдэу абы къибжауэ ищIэрт Нартан къыщыщIэдзауэ КъалэкIыхьым нэсыху выгу шэрхъыр дапщэрэ кIэрахъуэми, а гъуэгум и кIыхьагъым апэсы дапщэ зэбгъурыхуэу техуэми. УсакIуэм къилъытэри, и тхылъ цIыкIум иритхэжауэ итт «щэ дестынэм - ар гектарищ мэхъу - зыр адрейм еIусэу бгъэдэлъу апэсы дапщэ техуэнуми». Ар дыдэм итт Нартанрэ Истамбылрэ яку лъэбакъуэ дапщэ дэлъми…
Хэт апхуэдэ щIэныгъэ хуейр? - жызыIэни къохъу. Ауэ щыхъум деж сэ сыхуейт фигу къэзгъэкIыжыну курыт лIэщIыгъуэхэм щыгъуэ европей схоластикхэр зэгупсысу щыта Iуэхугъуэ гуэрхэр - ахэр я жьакIэпэ пысысыхьу махуэ енкIэ зэдэуэнкIэ хъурт, «мастэпэм шейтIан дапщэ зауэ пыхуэн?» е «мастэнэм махъшэ икIыфын?» - жаIэурэ. Ахэр, дауи, щIэныгъэ Iуэхутэкъым, псэуныгъэми зыгуэркIэ епхатэкъым. Апхуэдэу щIэныгъэлIхэр щыщхьэрыуэр езы щIэныгъэр тэмэму щымыгъэгъуэзам дежщ, щIэныгъэмрэ псэуныгъэмрэ яку зэпыщIэныгъэ щыдэмылъыжым щыгъуэщ. Европей схоластикхэр динымрэ идеализмэмрэ ягъэшыпIыртIэхъуамэ, Бэчмырзэ зыгъэгъуэщар и щIэныгъэр къызэремэщIэкIырт, зыгъэгъуэзэн Iустази зэримыIэрт - ар кIыфIым хэту Iэбэлъабэм хуэдэт. ИтIани, ар игъэзагъэртэкъым и псэ инатым.
Ауэ ПащIэм и щIэныгъэ мащIэр зыпэлъэщ Iуэхухэр игъэтэмэмыфырт. Псалъэм щхьэкIэ, щIы пхэнж зыщIыпIэ деж делъмэ, квадраткIэ абы къикIыр тэмэму къихутэфырт.
«Ар дауэ! Бэчмырзэ игъащIэм еджапIэ щIыхьакъым, щIэныгъэншэу щытащ, - жиIэу къэувын щыIэнщ. Ар тхылъ псоми итщ!» Итщ, сэри сыщыгъуазэщ абы. Ауэ ар адыгэм я гъащIэр жэхьилу къахьауэ ягугъэжу щыщыта зэманым къежьа хъыбарщ. Пэжщ, ПащIэр Бытырбыху щеджакъым, Мысырым кIуэуэ аль-Азхьари къиухакъым. Академик С. Н. Джанашиа етх: «Школым, мыдрисэм щеджакъым», - жеIэри. Дэнэ абы зыщигъэсар хьэрыпкIэ къеджэу, тхэуэ? Дэнэ къыздрихар астрономием хищIыкIыу щытар, геометриемрэ арифметикэмрэ щыгъуазэ зэрыхъуар дауэ? Абы жэуап гуэр иIэн хуейщ. XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм къэбэрдей мыдрисэхэр методыщIэкIэ егъэджэным хуэкIуэу щIадзэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, КъурIэнымрэ хьэрыпыбзэмрэ нэмыщI, географие, арифметикэ, геометрие, астрономие, нэгъуэщI щIэныгъэ гуэрхэми сохъустэхэр щыгъуазэ хуащIыну хуожьэ. Бэчмырзи и щIэныгъэ тIэкIур апхуэдэ мыдрисэм къыщIихащ; сохъустэуэ щымытами, езыр-езыру нэгъуэщI Iэмал гуэркIэ къыщIихащ, армыхъумэ, нэгъуэщI хэкIыпIэ иIакъым. Пэжщ, мыдрисэм щеджа псори хьэлим хъуртэкъым – хэт молэуэ къыщIидзырт, хэт щIэныгъэ ныкъуэу щIэкIыжырт, хэти Фэнзий Мэжид, Елбэрд Хьэсэн, ШэкIыхьэщIэ Пщыкъан, Дым Iэдэм, Куп Исмэхьил сымэ хуэдэу, просветитель-щIэныгъэ бэнакIуэ хъурт. ПащIэр апхуэдэ лъагапIэхэм нэджысыну и Iуэхур хуэмызами, щIэныгъэ бампIэр и псэм хэлъти, дунейм и щэхухэр къищIэну хущIэкъурт - арыншамэ, а и усыгъэхэр зэритхыу щыта алфавитри зэхилъхьэфынтэкъым.
Ауэ щыхъуакIэ, Бэчмырзэ щIэныгъэншащ жыхуэтIэри пэжкъыми, щыгъэтын хуейщ.
Гъаблэгу зыщIам ещхьу, щIэныгъэм хуэпабгъэ Бэчмырзэ мы дунеишхуэми зэреплъу щытар къэхутакIуэнэт. Абы и щыхьэт дахэу уэрэдусым къыщIэнащ «Алыхь» зыфIища усэр:
Хьэуар фэм пхызыгъэкIыу,
Лъыр къыпхымыкIыу быдагъэ зыщI,
Псэм жьыр имыгъуэтым, дакъикъищ пIалъэщ,
Сэмбым илъ цIыкIухэр мэжалIи мылIэу,
Жьыншэм имылIыкIыу тхуэзыгъэтIыгъуэ,
Лъэбжьанэ пытхэм лы къэб пызыщIэ…
ДжэдыкIэм и фэр мыкъутэу хешри,
ЩIэжьей къимышам жьыхэр езыт…
Псыуэ къыщIэжхэри зэнапэпкъитIи,
Дуней гъунитIым щызэIуогъащIэри,
КъыдрищIейуэ къытщIимыгъауэ,
Щыблэр щигъауэкIэ дыкъезыгъэл…
Мы дуней иныр зы дыгъэм къегъэплъри,
Ди нэр щымыплъэм жейр къыдетри.
Жеймрэ жэщымрэ зэзыгъэгъусэ…

Дэ гу лъыдмытэу дызыблэкIхэр къелъагъу усакIуэм, егъэщIагъуэ; дэ къызэрыгуэкIыу къытщыхъухэр абы телъыджэу къелъытэ, дэри езым и нэкIэ дрегъэплъыж. Набдзэр мыкIыу щхьэцыр кIыхь зэрыхъум, зэщхьу напитI къызэрамылъхум, хьэр бзэгукIэ зэрызэIэзэжым, гу лъыптэ къудей мыхъуу, ар гъэщIэгъуэн пщыхъуу уегупсысын щхьэкIэ, набдзэгубдзаплъэрэ лIы Iущу ущытын хуейт - къызэрыгуэкIым телъ телъыджэр гукIэ къэзылъагъуу къэуIэбжьыфхэрщ еджагъэшхуэ хъури, усакIуэшхуэ къызыхэкIри: гу нэф зиIэхэр къэуIэбжьыркъым. Апхуэдэ цIыху щэджащэхэм Бэчмырзи зэращыщам и щыхьэт пэжщ мы усэр. Мы усэм нэгъуэщI зыгуэрми гу лъыуегъатэ.
Молэхэм Уаз щаткIэ, алыхьым и зэфIэкIыр гъунапкъэншэщ жаIэри ущагъэшынэ, узэрыхуэпщылIыным ухуаузэщI. Бэчмырзэ и усэм къыхэщыж алыхьым и къарур гъунапкъэншэ щхьэкIэ шынагъуэкъым, жыхьэнмэ Iуэхуи зэрихуэкъым, езы усакIуэри абы ухуигъэпщылIыну хэткъым – ар къэзыгъэщI къару мыхъумэ, зыгъэпщылI къарукъым. ПащIэр абы и IэщIагъэр игъэщIагъуэу, и зэфIэкIым ехъуапсэу, ар фIэтелъыджэу кIэлъоплъ.
Апхуэмыдэу пIэрэт езы Абу ибн Синэ дунейм зэреплъу щытар? Дунейм и къэхъукъащIэхэм теухуауэ езы Михайлэ Ломоносов дыдэм итха усэхэри ПащIэм и усыгъэм ещхьщ - фигу къэвгъэкIыжыт:
Как может быть,чтоб мерзлый пар
Среди зимы рождал пожар?
Хьэлэмэтракъэ, диным щIапIыкIа еджагъэшхуэхэр - ар муслъымэнуи щIы, ар чыристануи щIы - дуней щIэныгъэм дихьэха нэужь, я тхьэхэри езыхэм ящхь мэхъу.
Бэчмырзэ пцIы телъхьэн хуейкъым – абы алыхьыр и фIэщ хъууэ, нэщI-нэмэзхэмкIи щIыхуэ къызытримынэу щытащ, ауэ абы и «алыхьымрэ» ипэрей ефэндыхэм я «алыхьымрэ» зэрагъапщэу зэхуеплъыжамэ, шэч хэмылъу, псалъэмакъышхуэ къикIынт.
… ИужькIэ уIэбэжрэ щIэныгъэм зиузэщIыну щыхунэмыса зэманыр къапщIэмэ, щIэныгъэмрэ литературэмрэ (адэбкIэ зэджэмрэ) зэхэгъэщхьэхукIауэ щытакъым: Абу ибн Синэ усакIуэ Iэзэт, зэрыеджагъэшхуэм ищIыIужкIэ; дуней псом математик, астроном щэджащэу щыцIэрыIуэ Омар Хайям нэхъыбэм зэращIэр усакIуэшхуэущ. Урысейм къэбгъэзэжмэ, М. В. Ломоносовыр апхуэдэщ. Уеблэмэ ар и усэхэмкIэ апхуэдизу цIэрыIуэти, инджылызхэр игъэщхьэрыуэри, я энциклопедием иратхэгъащ: Ломоносов - усакIуэр Ломоносов-химикым хэгъэгъуэщэн хуейкъым! - жаIэри.
Бэчмырзи, университет къимыуха щхьэкIэ, а щIэныгъэлI лIэужьыгъуэм ябгъэдоувэ. Къэбэрдей усакIуэм и псэр зымыгъэзэгъа хьэпIацIэмрэ М. В. Ломоносовым псэхугъуэ къезымыта хьэпIацIэмрэ зэлъэпкъэгъут.

Нало Заур
Поделиться: