Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦1815 гъэм Швейцарием дунейм щыяпэу лэжьэн щыщIидзащ кхъуей щащI заводым.
♦1826 гъэм Грибоедов Александр Грозный быдапIэм щаубыдауэ щытащ, зыкъэзыIэта декабристхэм япыщIауэ щытауэ шэч хуащIри.
♦1920 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ хъугъуэфIыгъуэхэм я хъумапIэ.
♦1930 гъэм Вьетнамым и Коммунист партыр къызэрагъэпэщащ.
♦1945 гъэм Польшэм хыхьэ Одер, Вислэ псыхэм деж щекIуэкIа зауэшхуэр иухащ.
♦1957 гъэм франджы химик Хои Нгуен Бу хэIущIыIу ищIащ тутын Iугъуэм лышхыр къэзыгъэхъей пкъыгъуэ къызэрыхигъуэтам теухуа хъыбарыр.
♦1958 гъэм Гаагэ (Нидерландхэм) Iэ щытрадзащ Бенилюкс экономикэ зэгухьэныгъэ къызэрызэрагъэпэщым теухуа зэгурыIуэныгъэм.
♦1966 гъэм «Мазэ-9» совет станцыр дунейм щыяпэу Мазэм щетIысэхащ. Ар ягъэлъэтат 1966 гъэм щIышылэм и 31-м. Аращ Мазэм и щхьэфэм япэу сурэт тезыхыу ЩIым къезыгъэхьауэ щытари.
♦1972 гъэм Саппорэ (Японие) къыщызэIуахащ ХI щIымахуэ Олимп Джэгухэр. Зэпеуэхэр екIуэкIащ мазаем и 3 - 13-хэм.
♦1920 гъэм РСФСР-м къыщызэрагъэпэщащ хъугъуэфIыгъуэхэм я къэрал хъумапIэ.
♦1924 гъэм «Къэбэрдей Плъыжь» газетым и цIэр «Къэрэхьэлъкъ» жиIэу зэрахъуэкIащ.
♦1925 гъэм СССР-м радиом псэлъэн щыщIидзащ.
♦2006 гъэм тенджыз Плъыжьым щыщIилъэфащ Мысырым и «Ас-Салям-98» брамыр. Абы иса цIыху 1372-м щыщу къелар 376-рэ къудейрт.
♦1931 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэу щыта, КъБР-м и цIыхубэ артист Къуныжь Хьэждал.
♦1941 гъэм къалъхуащ сценарийхэр зытхыу щыта, драматург, РСФСР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Володарский Эдуард.
♦1941 гъэм къалъхуащ совет дзэ къулыкъущIэ, СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и иужьрей министру щыта, авиацэм и маршал Шапошников Евгений.
♦1973 гъэм къалъхуащ урысей актёр, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, Къандур Мухьэдин триха «Шэшэным щафIэкIуэдар» фильмым щыджэгуа Чернышов Андрей.

Дунейм и щытыкIэнур

   «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 15, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Езым имыщIэми, зыщIэм едаIуэр делэкъым.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ