Евгений Онегин

      ПУШКИН  Александр

                 XXXV

Уи гъуэгур псынщIэ мэхъу щыщIыIэм,
Ухуейм, уздэжэм, къиш уэрэд,
Гъуэгу джафэр изогъэщхь гушыIэм,
Зыхамылъхьам гупсысэ куэд.
Автомедонхэщ5 ди шыгухухэр,
Шищ зэрахъуэкIхэр мыхуэмыхухэ,
Еплъ, верст гъэлъагъуэ блож зыкъом,
Зы пкъор ехъуэж адрей бжыхь пкъом.
Ди жагъуэ зэрыхъунти, жьажьэт
Я чырэр Ларинхэ. ЛъапIейт
Пхъуэжыну шыхэр, псори ейт
Езыхэм. Зыри зимылажьэ
Хъыджэбзыр зэшым иукIащ:
Махуибл, зэрежьэрэ, блэкIащ.

                 XXXVI

НэсакIэ хуэдэщ. Месыр я щхьэм
 члисэхэм жор куэд щоцIу,
Дыщафэу маблэхэ - я пащхьэм
Къоувэ мывэ-хужь Мэзкуу.
Си къуэш! ГуфIэгъуэр схуэмыубыду
Сыщытт, щыслъагъум япэ дыдэу,
Чэщанэхэр, уэрам гъэшар,
Тхьэгъушхэр… Уэ сыпхуэзэшащ!
Сыт хуэдэу куэдрэ сыщизакъуэм,
ХъуэпсапIэу услъагъун къудейр,
Мэзкуу, ныпхуеIэт сигу пIейтейр;
Мэзкуу…сыт хуэдэу куэд а макъым
Урысым дежкIэ щызэщIэлъ!
Дыгушхуэу уи цIэр къыдопсэлъ!  

                  XXXVII

Жыгейхэр къэкIыу ихъуреягъкIэ,
Щытщ Петр и быдапIэр, мес,
ЦIэрыIуэщ Бонапарт и фIагъкIэ,
Куэд щIа? Ар ищхьэ къатым тест,
Кремль IункIыбзэр къыхуахьыну,
Ар пэплъэрт, щхьэщэ къыхуащIыну;
Нэсакъым гухэхъуэгъуэ куум,
Лъэгуажьэмыщхьэ, си Мэзкуум,
Зимыгъэщхъа, Ежьам махуэшхуэм,
Хуагъэхьэзыру жьантIэдэс
Гугъам, хущIагъэстащ мафIэс
ШыIэныгъэншэ зэуакIуэшхуэм.
Ар мафIэм еплъу щытт мыбдеж,
Ар и пщэдейм щымыгугъыжт..

                    XXXVIII

ЩIыхь зэрыкIуэдым и щыхьэту
Щыта быдапIэм, Петр ейм,
БлэкIахэщ. Неуэ! Асыхьэту
Тверской дыхьэпIэм нос, здыхуейм;   
Дридзейуэ гуимэр зэзэмызэ,
Здэлъатэм, йоплъхэр лIыхэм, фызхэм,
Блэжамэ, йоплъ уэздыгъэ пкъом,
Блолъэтыр цIыкIухэр, тыкуэн къом,
Сэрейхэр, хадэхэр, къургъакъхэр,
Жыг щIагъ уэрам гъэщIэрэщIар,
Е къулъшырыф и закъуэу щIар,
Бухъар щэхуакIуэхэр, къэзакъхэр;
Нэхъ куэдщ куэбжэшхуэхэр, кIуэтэху,
Тесщ жорхэм дэнэкIи къуаргъпщэху.

               XXXIX. XL

Абдеж щимыуха бэлыхьым,
БлэкIащ иджыри зы зэман,
Щынэсым уэрамдэкI мыкIыхьым,
Ешахэу, ямыIэжт Iиман;
Мы Харитоньев деж щыт унэм,
ТемыкIуэу и жьэн уз емынэм,
Анэшхуэ шыпхъум и пхъурат
Щыпсэур - зэ фэдгъэцIыхуат.
ЛIыжьщ къыщIэкIар я бжэ щIыхьэпIэм,
Нэгъуджэ Iулъщ, къалмыкъ щхьэц тхъуащ;
ХьэщIэщым и кIий макъ къэIуащ
Пщым ипхъу жьы хъуам, къыхэсым и пIэм,
ЗэхуащIыр IэплIэ, ягъэIуж
Фызыжьхэм, щхэж и гукъэкIыж.

                    XLI

- Пщыпхъу фо , mon ange! -
                        «Pachette!» - Алина! -
«Хэт игугъэнт? Куэд щIащ, аIей!
Уэра ар? ХуэзмыщIыж дзыхь си нэм!
КъэтIыс – зэрыхъарзынэкIей!
Дэ ди тхьэ, иптхэ хъунщ романым…»
- Си гъусэщ сипхъу нэхъыжь Татьянэ.-
«Ди Таня! Сыту угурыхь!
Мо къакIуэт, сфIощIыр слъагъуу пщIыхь…
Си шыпхъу, пцIыхужрэ Грандисоныр?»
- А, Грандисону дызэджар,
Мэзкуу дэс ар, сыт и хъыбар? -
«Мыжыжьэ, пщIэжмэ Симеоныр6,
Чристэн махуэшхуэм си хьэщIащ,
Куэд щIакъым, и къуэм фыз къишащ.

                    XLII

А и къуэр… жытIэжынщ иужькIэ;
ЩIэдзауэ, благъэхэм, пщэдей,
Хуэшэн хуейщ Таня. СымыхъужкIэ,
СымыщIэм сыт! Сыщысщ мыбдей;  
СынэкIуэфынукъым, си лъакъуэм
ЕрагъкIэ сехь, сыхуэдэщ щIакъуэм.
Феша хъунщ, фытетащ гъуэгу кIыхь,
Зыдгъэпсэхун хуейщ, сэ схуэмыхь,
Сыпсалъэу, куэдрэ сыбэуэну,
ГуфIэгъуэми иджы къарур
СщIих хъуащ, схуэхьыжкъым уз ерур,
Сымыхъумэ, си псэ, фIыт пIэхэнэ …»
КърибжэкIыхукIэ: сыт хуэчэм?
Нэпс къекIуэу, иубыдащ ар псчэм.

                XLIII

Фызыжь сымаджэм и дэхащIэм
ЗришэлIами игу пIейтейр,
Татьянэ, дауэ мыгумащIэм,
Нэхъ къищтэрт щыIэжам ядей.
ЗыщIыпIи щымыIа ар хьэщIэу,
Щымыжеиф хуаухуа и пIэщIэм,
Мэзкуур цIыху жейхэм хуэмысакъ:
Пщэдджыжьым къоIур тхьэгъуш макъ,
Нэхущым мащIэу Iурихами,
Къотэдж, мэтIыс щхьэгъубжэм деж,
И лъахэр зэуэ игу къокIыж;
Елъагъур дэнкIи щIыпIэ хамэ:
ИмыцIыху пщIантIэ, куэбжэ, гуэщ,
ПщэфIапIэ, адэкIэ щыт шэщ.

                  XLIV

Iыхьлы къэс, шэджэгъуашхэм хуэзэу,
Мис, хуашэ Таня махуэ къэс,
Я лIыжь-фызыжьхэм-тIэ, тэрэзу
Егъэлъагъун хуей жылэдэсщ.
Я благъэхэр, къикIахэм жыжьэ
КъыхуэфI къудей?  КъакIэрохъыжьэ
Яшхыну Iэнэм телъу хъуар;
Инышхуэ Таня зэрыхъуар,
КъыжраIэ ину. «ПсыщIэгъауэ
Сэра сфIощIыжыр узыщIар!
Сабийуэ хэт укъэзыщтар?!
IэфIыкIэ сIыпхырт, хэчыхьауэ!»
Мы зымкIэ хъурт зэгурыIуа:
«Зэманыр сыту псынщIэу кIуа!»

                  XLV

Зэманым, ищIми жьы, къахенэ
Я хьэлхэр цIыхухэм, я дунейр,
Щхьэрыгъщ хъар пыIэ пщыпхъу Еленэ,
Зыр игъэлажьэм, фIеIу адрейр;
Телъщ напэщэху Лукерья Львовнэ,
ПцIы къыIэщIокI Любовь Петровнэ,
Иван Петрович ажьмыжь Iейщ,
Семен Петрович, сыт, нэпсейщ,
Мис, Пелагее Николавнэ
Monsieur Финмуш зэриныбжьэгъущ,
Хьэжь цIыкIу зэриIэщ, илIри гуэгъущ,
Щхьэгъусэр зы щхьэ мыгузавэ,
ЗэрыIумпIафIэщ, зэрыдэгущ,
Ефэн-ешхэнкIэ сыт - гъаблэгущ.

                  XLVI

КъыхуащIыр Таня IэплIэ япхъухэм,
ЗызыщIхэщ псори, къалэдэсщ,
ЯмыщIэу, хъунум, екIурабгъум,
Къоплъ, лъакъуэм щIадзэу и щхьэм нэс;
Зыгуэр хэлъщ Таня, къахуэмыщIэу,
Я гугъэщ къуажэдэс фэрыщIэу,
ТIэкIу яфIэфагъуэщ, яфIэуэдщ,
Дахагъэр, ауэ, ябж - нэхъ куэдщ;
ИужькIэ, я хъыджэбз щытыкIэм
Езэгъыу, я ныбжьэгъу ар ящI,
Къакъузыр и Iэр, ба къыхуащI,
Хуажь щхьэцыр, екIуу модэм и кIэм,
Къесэн щхьэ хуейр зы махуэ кIуэхущ,
Кърагъэзыр илъым я гум щэху,

                XLVII

ЖаIэж, яIам ехъулIэныгъэ
Езыхэм е яцIыхухэм щыщ,
Хъыбархэм хэтым лъагъуныгъэ,
Пэж гуэри хэт хъунщ, пцIым нэмыщI.
ИужькIэ, уэршэрам зыкъомрэ,
Езыми, и пщIэу къабжа къомым,
Къыщохьэхэр: зыдумыгъэху,
КъыджеIэ уэри, уиIэм щэху;
ЖаIахэр и щхьэм нэмысыпэ,
КъыфIощI, щедаIуэм, хэту жейм;
Щихъумэм кIадэу гу пIейтейм,
Гурылъым, нэпсым е насыпым
И гугъу хъыджэбзхэм яхуимыщI,
Къащыхъуу, жаIэми: цIыху мыщI.  

                  XLVIII

Татьянэ едэIуэну хуеймэ,
Кърагъажьэм псалъэмакъ мыцIыкIу,
ХьэщIэщым щIэсхэм къагъэхъеймэ -
Ар мыхьэнэншэш, е къемыкIущ;
Къапсэлъхэр мыгукъинэу, фагъуэщ,
Хэт щхьэ жаIами псалъэ жагъуэ,
ПцIы тралъхьэхэр мынэIурыт,
Я бзэ гъужами псэ пымыт,
Жэщ-махуэ гъэуршэрхи щысу,
Къэмыблэ зыми и гурылъ,
ГушыIэхэм къару хэмылъ,
ТэкIу щыуэу, зыри мыгупсысэ;
Хэмыт хъыбархэм гъэщIэгъуэн,
КупщIэншэщ жаIэхэр, сыт пщIэн?

         XLIX

ТхылъымпIэзехьэ щIалэ къоми
Къоплъ Таня, мес, къытопсэлъыхь,
ЖаIар а хабзэщIэкъухэм псоми,
Зыр зым еплъыжу, мыбэлыхь.
Нэщхъей гуэр, Iулэ мыхьэнэншэ,
Хъыджэбзым къоплъ, къыфIощI дагъуэншэ,
Бжэм зытригъащIэу щытщ езыр,
Элегие хуегъэхьэзыр.
Зэхуэс зэшыгъуэм къыщилъагъум,
ЖаIэжыр, къыбгъэдэтIысхьащ,
Зэ Вяземскэр; игу ирихьащ,
Ар Таня зэуэ; игъэщIагъуэу
Хэт пщащэр?- щIэупщIащ зы лIыжь,
Щхьэрыгът абыи щхьэц IэрыщI.

           L

ЗдэщыIэм Мельпоменэ гуащIэр,
ДжэгуакIуэр тхакIуэм здигъэкIийм,
ЗдыщIихурхукIым щыгъ щIэращIэр,
Гупышхуэ еплъыр здигъэдийм,
ЗдэщыIэм Талие, тIэкIу жейуэ,
Iэгуауэ гуапэм къыхуэмейуэ,
ЗдекIуалэм Терпсихорэ дейж,
Нэхъ плъакIуэ щIалэхэр сыт хуеиж?
(Апхуэдэ дыдэт псори япэм
Фэ фи зэманым е сысейм)
Емыплъ-тIэ, зыри нэхъ фIыкIейм,
Ягъазэу фызхэм лорнет напIэр;
Нэрыплъэм къиплъэу, щIалэ плъыр
Здэщыс умыгъуэтын сатыр.

                 LI

И благъэхэм яшащ «Собраньем»7,
Пхуэмыбжу цIыхур куэдщ, хуабейщ,
Iэуэлъауэшхуэм дэгу ещI Таня,
Пэш жыхафэгур къафэм ейщ;
ЦIыхубзхэм ящхьэрыгъхэр дахэщ,
Езыхэр къекIущ, жыпIэнщ -хэхахэщ,
Къэшэнхэм уеплъым, нэр мэпщIыпщI,
Я Iуэхур лъыхъухэм мыIуэху IупщI;
ЦIэрыIуэу щIалэ зыкъизыххэр,
Зыкъагъэлъагъуэ, щыIэрейщ,
Емыплъ защI зыми, тIэкIу щIыкIейщ;
Шуудзэм хэтхэр къос арыххэу,
КъаутIыпщмэ; фащэхэр мэлыд,
ЯщIамэ гъэр, зрамыгъэубыд.

         LII

Итщ вагъуэ дахэ куэд жэщ уафэм,
УзыщI Мэзкуу дэсщ жэщмыжей,
Псом нэхъ нэхъ нурщ, хьэуа щхъуантIафэм
Къытехьэм Мазэ дахэкIейр.
Яхэтщ цIыхубзхэм, ауэ, гъуазэ,
Сэ сцIыхуу зы, ефIэкIыу мазэм,
Абы утетхыхьыну гугъущ,
Аращ щIыфхуэзмыщIар и гугъу.
Къех хуэдэу уафэм, пагэу, дауэ
Теувэрэ щIым щабэу ар!
Тхьэм и IэрыщIщ и бгъэ Iэтар!
И плъэкIэр гупсэм пфIощI нэсауэ!..
ДыувыIэнщ-тIэ, хъунщ, абдеж:
ЖытIэнкIи мэхъу дыщIыщIегъуэж.

           LIII

Iэуэлъауэшхуэ, зэхэзежэ,
Мазуркэ, вальс - куэдыIуэщ ар,
Аракъэ, щIасэ къуагъым дежкIэ
ФызитIым яку зыщIыдидзар;
Татьянэ зэплъыр имылъагъуу,
ЗдэщыIэр хъуапсэм къемызэгъыу,
Хуэмейуэ гуп хэгъэфIыкIам,
КIуэжынт иджы, хузэфIэкIам,
И къуажэм; цIыху къызэрыгуэкIхэм,
Псы цIыкIум бгъэдыхьэнт щыблэж,
И щIыпIэ щэху ицIыхухэм деж,
Роман зэджахэм, нэгум щIэкIхэм,
Бзииху сатырхэр здэгъэзам,
Жыг щIагъым, ар къыздыхуэзам.

           LIV

Мэхъуапсэ, жыжьэщ и гурылъыр,
Щыгъупщэжащ, екIуэкIым бал,
Илъагъукъым, къызэрыкIэлъыплъыр,
Абдеж къыщыт зы генерал.
И благъэ фызхэм ящIыр нащхьэ,
КъотIыркъыр Таня и дамащхьэм,
Iущащэу щхьэж къыжьэдолъэт:
- СэмэгурабгъумкIэ зэ плъэт. -
«Сыт щыIэ узэплъын хуэфащэу?»
- Сыт щымыIам, уэ псынщIэу плъэт,
Мо гупым, плъагъурэ, зы яхэтщ,
ЦIыхухъу здэщытхэм, щыгъыу фащэ…
Мэувыр бгъукIэ, мес IуокIуэт…-
«Мо генералри, пшэрри, хэт?»

          LV

ХуэтщIынщи пщIэ ехъулIэныгъэм,
Татьянэ лъапIэм къыхуэкIуам,
Дытеувэжынщ ди гъуэгум: тхыгъэм,
ЛIыхъужьым и щхьэм кърикIуам…           
Абы къыдэкIуэу, стхынщ псалъэкIэ:
Сызытетхыхьыр, и IуэхущIэкIэм
Сыщымытхъуами, сщIащ ныбжьэгъу,
СыунэтI е, ди Тхьэ, къысхуэгъэгъу;
Уэ, тхакIуэ гъуазджэм и тхьэгуащэ,
ГъуэгурыкIуэ баш къызэзыта,
Щхьэрыуэу сыщумыгъэта!
Хъунщ ар, зыкIэрысщIар хьэлъащэщ!
Сэ классицизмым пщIэ хуэсщIащ:
Пэублэ псалъэр, мис, къэфщIащ.  

                                 ЩIагъыбзэ гъэнахуэхэр:

5 Автомедон - Гомер и «Илиада» поэмэм и лIыхъужь Ахиллес и шыгуху емышыжым зэреджэу щытар .

6 Симеон Столпник и цIэр зезыхьэ  члисэр, Мэзкуу и Поварскэ уэрамым тетыр.

7 «Собранье» - Мэзкуу дэс уэркъхэм, гуп хэгъэфIыкIам махуэшхуэхэр, балхэр здрагъэкIуэкIыу щыта гъуазджэ уардэунэр, иджы Урысейм и Къэрал Думэр здэщылажьэр.

ЗэзыдзэкIар ХЬЭМЫЗ Русланщ.
Поделиться: