шапсыгъ Кэусэрий Мухьэмэд Захьид
2020 гъэм жэпуэгъуэм и 14-м илъэси 142-рэ ирикъуащ Урыс-Кавказ зауэм и Iэужьу хэкур зыбгына шапсыгъхэм къахэкIа дин щIэныгъэлI цIэрыIуэ Кэусэрий Мухьэмэд Захьид. Дэ дызэрыщыгъуазэр мащIэми, ар дуней псом къыщацIыхум къыщымынэу, ислъам диныр хъумэнымкIэ, абы щымыщ къыхэмыгъэхьэнымкIэ лIыгъэ къызэрымыкIуэ зезыхьа дин щIэныгъэлIышхуэщ. Фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэр Iимам Кэусэрий Кавказыр и хэкужьу зэрыщытым гушхуэныгъэ лей къезыт, абы и тхылъхэм къыщIэтэджыкIа дагъыстэн щIэныгъэлI Ашхьарий Абу Мусэ и лэжьыгъэм щыщ пычыгъуэщ.
А Iимам махуэр 1878 гъэм жэпуэгъуэм и 14-м Тырку къэралым и къухьэпIэ ищхъэрэм хуэзэ Дюзджэ къалэм пэгъунэгъу къуажэм къыщалъхуащ. Кэусэрий и къуэпсыр адыгэ мухьэжырхэм я деж йокIуэлIэж - хэкум икIа абы и адэшхуэр шапсыгъхэм ящыщт. Шэрихьэт щIэныгъэ зригъэгъуэтыну Истамбыл кIуэн ипэ, иджыри сабийуэ, ар и адэм иригъэджащ. И адэм теухуауэ тщIэр ар Кэусэрий Алий и къуэ Хьэсэну зэрыщытамрэ хьэдисхэм хуэIэзэ Щамил Iимамым и гъэсэным зэрыригъэджамрэщ. И къуэм и гур щIэныгъэм кIэригъэпщIэн щхьэкIэ лъэкI къигъэнакъым адэм.
Зэман дэкIыу унагъуэр Истамбыл Iэпхъуэжа нэужь, Мухьэмэд щIалэщIэм а къалэм щыщ щIэныгъэлIхэм я деж еджэн щыщIедзэ. 1907 гъэм егъэджэныгъэм езыр хуит хуащIа нэужь, щIалэр Фатихь мэжджытым хэт мыдрисэм егъэджакIуэу ягъакIуэ - арат Истамбыл дин щIэныгъэмкIэ нэхъ лъагэу дэт еджапIэр. Хуэмурэ Кэусэрий и гъэсэнхэр егъуэтыж. Абы щригъэджащ Истамбыл университетми Уэсмэн сэрейм хыхьэ «Дарул хъилафэ» еджапIэми. А зэманым абы и ныбжьыр зэрыхъур илъэс 28-рэт. ЕгъэджакIуэ IэнатIэм пэрыту, щIалэм Уэсмэн тепщэгъуэм дин щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и унафэщIым и къуэдзэ IэнатIэр къыхуагъэфэщат. Абы текIын гукъыдэжымрэ къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэмрэщ Кэусэрий Мысырым Iэпхъуэныр къызыхэкIар.
А зэманым къежьа зэхъуэкIыныгъэхэм диныр ирагъэкIуэтэкIыу цIыхубэ гъащIэм и унэтIыныгъэ псори сыт и лъэныкъуэкIи зэманым драгъэкIуныр я мурадт. А лъэхъэнэращ утыку къыщихьар «Зэкъуэтыныгъэрэ ефIэкIуэныгъэрэ» партым и лIыкIуэ «тырку щIалэхэр». Абыхэм я мурадт тепщэгъуэр Абдул-Хьэмид ЕтIуанэм къыIэщIахыу къэралым конституцэ хабзэ щагъэувыныр. ГурыIуэгъуэт Кэусэрий и IэнатIэм къыIунэныр зэрыдзыхьщIыгъуэджэ дыдэр, уеблэмэ апхуэдэ Iэмал зэрыщымыIэххэр. ЩIэныгъэлIым и ныбжьэгъуу икIи и акъылэгъуу щыта Абу Зэхра Мухьэмэд жиIэжащ: «Кэусэрий хэкIыпIищым хэдэну къыпэщылът: е, зэрыхэкIуэдэнур ищIэу, тырку революцэм и уэчылхэм наIуэу япэщIэувэн, абы кърикIуэу яукIын е лъэхъуэщым ирадзэн; е фэ зытегъэуэн гъуэгум техьэу, ящIэр ядиIыгъыу сэрейм игъэфIа щIэныгъэлIхэм я фащэр щитIэгъэн; е «Алыхьым и щIыр хуиткъэ, фыщызекIуэ абы!» КъурIэн Iэятым ипкъ иткIэ Iэпхъуэн. Абы къыхихынкIи хъунури гурыIуэгъуэт».
Абдеж щегъэжьауэ Кэусэрий гъуэгуанэ тохьэ. 1922 гъэм (Абдул-Хьэмид ЕтIуанэр щагъэкIуэда илъэсым) кхъухьым ису ар Александрие къалэм макIуэ. Абы куэдрэ щымыпсэууэ, адэкIэ Дамаскрэ Каиррэ я зэхуакум илъэс зыбжанэкIэ дэтщ, иужькIэ Каир дотIысхьэпэри, къэралыгъуэм и дэфтэр хъумапIэ нэхъ ин дыдэм щIэлъ Iэрытххэм йолэжь.
Кэусэрий ислъам щIэныгъэм и щIэиныр куууэ иджат. Ар арэзы хъуртэкъым шэрихьэтым и къудамэ щхьэхуэхэм щыгъуазэ зищI къудейкIэ, зи Iуэху зэрихуэ щIэныгъэ Iыхьэр зэрыщыту иджырти, иужькIэ къудамэ щхьэхуэхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэр абы ечэнджэщыжу плъагъурт. Шэрихьэт щIэныгъэхэм я доктор, Мансурэ къалэм дэт Iэл-Iэзхьэр университетым и филологие факультетым и декан Iэл Бэйуми Мухьэммэд Рэджэб гурыIуэгъуэу топсэлъыхьыж абы: «А зэманым Кэусэрий-Iустазым муслъымэн щIэныгъэм и щIэину къалъытэ тхылъхэм куу дыдэу щыгъуазэ зэрызищIыр долъагъу. Апхуэдэ еджэкIэм ар дзыхь хуэпщIыну зыхуэфащэ цIыху ещI, сыту жыпIэмэ, Кэусэрий Iэпэдэгъэлэлу зыри иджыртэкъым, куууэ, и фIи и дагъуи илъагъуут зэрыбгъэдыхьэр. Гу лъыботэ мэсхьэб зэмылIэужьыгъуэхэм хэпщIа щIэныгъэлIхэр абы фыкъыхьымкIэ (фIэщхъуныгъэмрэ дуней Iуэхугъуэхэр тегъэщIапIэ ищIу ягъэува хабзэхэмкIэ) къызэреупщIыр, апщIондэху езыхэм шэч зыхэмылъ фIэщхъуныгъэм къуит гупсэхугъуэр ягъуэтырт. БзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыфIхэм я гугъу пщIымэ, абыхэм я Iуэхури Кэусэрий емычэнджэщу зэфIэкIыртэкъым. ЩIэныгъэлI псори, я щIэныгъэр къызыхах къудамэм емылъытауэ, зэакъылэгъут абы Iимамыгъэр зэрыхуэфащэмкIэ».
А псалъэхэм, шэч хэмылъу, щыгъуазэ уащI а цIыхум бгъэдэлъа щIэныгъэм и инагъымрэ езым и лъапIагъымрэ зыхуэдизым. И зэманым псэуахэм къыхуащIу щыта дзыхьымрэ пщIэмри къыбгурагъаIуэ Кэусэрий и лъагагъымрэ шэрихьэт щIэныгъэм щиIа Iулыджымрэ здынэсу щытар.
Зи гугъу тщIа Абу Зэхра Мухьэммэд жеIэ: «ПщIэ зиIэ а Iимамыр ислъамыр пхэнжу къызыгурыIуэ мэсхьэбыщIэм щыщтэкъым, ислъам тхыдэм хэмыта щIэ гуэрым къыхуезыджэхэми ещхьтэкъым. Ар бэм зыужьыныгъэм и дамыгъэу ялъытэ цIыхутэкъым, уеблэмэ апхуэдэхэм я бийт. Пэжыр аращи, Кэусэрий зыкIэлъыгъуазэIатэкъым, езыр гъуазэ ирикъурт. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ ар, шэч хэмылъу, къэгъэщIэрэщIэжакIуэу - «къэгъэщIэрэщIэжын» псалъэм и мыхьэнэ пэжым техуэу - зэрыщытар. Сыту жыпIэмэ, къэщIэрэщIэжыныгъэ пэжыр Ислъамыр зытета лъагагъым тегъэувэжауэ ар адрейхэм зэрефIэкI увыпIэр етыжынращ: и къежьа-пIэм иIа къабзагъэр, къарур, къызэрымыкIуагъэр къегъэщтэжыныр, и лъабжьэхэр быдэ щIыжыныр. КъэщIэрэщIэжыныгъэ пэжыр бегъымбар лъагъуэм псэ хэлъхьэжынырщ, диным хэмылъу къыхыхьар гъэкIуэдыжынырщ, цIыхухэм ислъамым и лъабжьэмрэ и тегъэщIапIэхэмрэ егъэцIыхунырщ. Аращ пэжымрэ захуагъэмрэ зи тегъэщIапIэ къэщIэрэщIэжыныгъэ хъужыр. ИкIи Кэусэрий а гъуэгум техьат: бегъымбарым и псэукIэ хьэлу щытам и щIэщыгъуэр къигъэхьэжыныр, тхылъ щIэинхэм ящыщу тхыдэ къуэгъэнапIэхэм щыщIэхъумахэр къыщIэгъэщыжынырт абы зи Iуэху зэрихуэр. Ди япэ ита цIыху къабзэхэм я егугъуныгъэр хэлъу, Кэусэрий а Iуэхушхуэм бгъэдэуват суннэр къихъумэу, иджу, зригъэубгъуу».
Апхуэдэ дыдэут езыри зэрыщытыр: тегушхуэныгъэ инрэ еплъыкIэ захуэрэ иIэу, цIыху пэжрэ къехьэкI-нехьэкI хэмылъу, зэпIэзэрыту и гум илъыр занщIэу жиIэу. А бгъэдыхьэкIэращ нэхъыфIри зэраныгъэ нэхъ мащIэ къэзышэри. Сыту жыпIэмэ, ди япэ ита цIыху къабзэхэм жаIэу щытащ: IуэхугъуитI щыIэщ Iулыджым ущыфIэлIыкI мыхъуну - хьукмымрэ хьэдисымрэ. Алыхьталэм и диным нэфI-нейкIэ бгъэдэмыхьэныр дэ, суннэ Iыхьлым щыщ щIэныгъэлIхэм, ди Iуэху зэфIэхыкIэщ. Кэусэрий и гугъу пщIымэ, абы ар гъащIэ хабзэу зэрихьэрт.
Абы и акъылым жаныгъэу хэлъамрэ пэжыр зэхэгъэкIыным хуиIа Iэзагъымрэ я щыхьэту и IэдакъэщIэкIхэр къоув. Кэусэрий лэжьыгъэ куэд къызэринэкIащ, я нэхъыбэр зытеухуар дин къудамэ гъуэщахэм жэуап етынымрэ Абу Хьэнифэ Iимамым и пщIэ ирагъэхуэхар къэIэтыжынымрэщ. Псори зэхэту къыубжмэ, абы и IэдакъэщIэкIхэм я бжыгъэр тIощIрэ пщIым ноблагъэ, тхылъ щхьэхуэхэм ядыщIигъуахэм я гугъу умыщIмэ. ЩIэныгъэ къудамэ куэдым, псалъэм папщIэ, хьэдис щIэныгъэм, абы щиIыгъа лъагагъым куэд щыхьэт тохъуэ. А лъэныкъуэмкIэ абы и егъэджакIуэ икIи и ныбжьэгъу, Уэсмэн тепщэгъуэм и иужьрей ислъам шейх Сабри Мустэфа и псалъэхэр къэпхьыну къозэгъ: «Пэжыр аращи, си ныбжьэгъу шейх Мухьэмэд Захьид - Алыхьым ари адрей дин щIэныгъэлIхэри ислъамым къыхуэщхьэпэн хуэдэу къихъумэ - зыхуэдэ щымыIэу хышхуитIым хуэIэзэт: хьэдисым и хымрэ, фыкъыхь щIэныгъэм и хымрэ. А щIэныгъэхэращ икIи ислъамыр адрей динхэм къахэзыгъэщхьэхукIыр».
Кэусэрий хэлъа щэныфIагъыр зыхуэдам щыгъуазэ дещI Деобанд щыщ мухьэддисышхуэ Баннурий Мухьэмэд-Юсуф. Iимамыр Баннурий йолъэIу псалъэ дахэхэр къыхужиIэурэ имыгъэукIытэну. «Къэзмылэжьауэ къысхуэбгъэфащэ уи псалъэхэр фIыуэ сыкъызэрыплъагъумрэ укъызэрысхуэарэзымрэ я щыхьэтщ», - хуетх абы Кэусэрий. НэгъуэщIыпIэ деж щыжеIэ: «СыбгъэукIытащ, зи щIыхьыр ин, сэ сызыпэжыжьэ сэфэтхэм сибгъэувэри, ипэжыпIэкIэ, сэ схузэфIэкIыр мащIэ дыдэщ. Алыхьращ хуитыр ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъунуи, и тыгъэхэр тхуигъэбэгъуэнуи».
А Iимам махуэр 1952 гъэм шыщхьэуIум и 19-м илъэс блыщIрэ тху ныбжьым иту дунейм ехыжащ, зэрыхуагъэфащэмкIэ, фошыгъу узым къыхигъэзыхьа нэужь. Кэусэрий и къарууншэгъуэм и щхьэгъусэмрэ и пхъумрэ сымаджэ хьэлъэу щытахэщ, езыри кIуэ пэтми нэхъ лъэрымыхь хъурт. Баннурий хуригъэхьа тхыгъэхэм къыхощ абы и нэхэм фIыуэ зэрамылъагъужыр, абы къыхэкIыу лэжьыгъэм зэрыпэрымытыфынур.
Iимам щэджащэм къигъэна щIэинри щэджащэщ. Шэч хэмылъу, Iимам Кэусэрий Алыхьталэр лIэщIыгъуэ къэс цIыхухэм зэрахуэупсэ нэфI лейр зылъыса щIэныгъэлIт, апхуэдэу жызыIэхэм дэри драакъылэгъущ.