Лъэхъэнэ псоми я усакIуэ

Лъэхъэнэ псоми я усакIуэГете И. В., Шиллер Ф., Дессинг Г. Э. хуэдэ цIыхушхуэхэм ящIыгъуу зи цIэр къраIуэ нэмыцэ усакIуэ, прозаик, критик икIи публицист Гейне Генрих Дюссельдорф щыщ журт унагъуэм 1797 гъэм къыщалъхуащ. Унагъуэ еджапIэм, франджыбзэкIэ щрагъаджэ лицейм щIэсащ. Ахэр ­къиуха нэужь, ныбжьыщIэм и гугъащ коммерцэ Iуэхум хыхьэну. ЯпэщIыкIэ Майн Iуфэ Iус Франкфурт, етIуанэуи Гамбург къалэхэм и зэфIэкI щеплъыжащ, ауэ зыри къикIакъым.

ИужькIэ Бонн, Геттинген, Берлин къалэхэм щеджащ. А зэманым ар дехьэх Гегель и лэжьыгъэхэм, икIи  1825 гъэм Геттинген къегъэзэжри, хабзэмкIэ доктор мэхъу. 1823 гъэм Пруссием журтхэм цIыхум и хуитыныгъэ псори къыщытраха нэужь, Гейне а къэралым и бий нэхъ жагъуэ дыдэхэм ящыщ зы мэхъу икIи езым хуэдэ и лъэхъэнэгъу зыкъомым ящIыгъуу лютеранствэр ­къещтэ.
Диныр зэрихъуэжам сэбэпынагъ гуэри Гейне къыхуихьакъым, сыту жыпIэмэ властыр зыIэщIэлъхэр нэхъ зыгъэгубжьыр абы зэрихьэ диныртэкъым, атIэ и тхыгъэхэрт.
Гейне нэхъ гулъытэшхуэ зыхуищIхэм ящыщт литературэр. Бонн щыщыIам, ныбжьыщIэм Шлегель А. В. зригъэцIыхури, и лекцэхэм едэIуащ. Берлин щыкIуам ар зэфIэкIыфI къэзыгъэлъагъуэ литератору къацIыхуакIэт икIи Рахили фон Энзе и литературэ кружокым хыхьащ. Гейне и япэ усэхэр 1817 гъэм къытрыригъэдзащ, «Усыгъэхэр» зыфIища и япэ тхылъыр 1821 гъэм къыдэкIащ. 1823 гъэм къытрадзащ «Лирическое интермеццо» усэ гупыр.
Университет нэужьым Гейне и гугъащ юрист лэжьыгъэм зритыну, ауэ литературэр нэхъ къыхихыжащ.
«Гъуэгуанэ сурэтхэр» зыфIища тхылъиплIым я япэ Iыхьэм ехъулIэныгъэшхуэ къыщыхуихьым, усакIуэм зэрыпсэун литературэкIэ къилэжьу щIидзэри, абы зритыпащ. А лъэхъэнэм Гейне куэд къызэхикIухьащ: щыIащ Инджылызым, Италием. Абыхэм я фIыгъэкIэ игъэхьэзыращ «Гъуэгуанэ сурэтхэм» къапызыща тхылъхэр.
Гейне и усэ куэдым макъамэ щIалъхьащ Ф. Шубертрэ Р. Шуманрэ.
1830 гъэм бадзэуэгъуэм екIуэкIа революцэм и ужькIэ Гейне тогушхуэ Германием иIэпхъукIыну икIи 1831 гъэм  накъыгъэм Париж макIуэ. Франджым абы къыщецIыху иужькIэ щхьэгъусэ хуэхъуа, усэ куэди зыхуитха Кресанс Эжени Мирэ. 1841 гъэм а тIур зэрышащ.
1835 гъэм Пруссием и рейхстагым унафэ къищтащ езыхэм я Iуэху еплъыкIэщIэхэр «Германие ныбжьыщIэм» къыщыхэзылъхьэ зыкъомым я тхыгъэхэр къытрадзэну хуимыту. Апхуэдэ авторхэм ящыщт Гейне. Берн Л. Париж щызэхуишэса революционер-реформатор гупым яхыхьа нэужькIи, Гейне Пруссием и властым езэгъа-     къым.
1840 гъэм Гейне газет лэжьыгъэм зретыжри, «Всеобщая газета»-м тредзэ Париж и псэукIэм теухуа тхыгъэ куэд. А тхыгъэхэр зэхелъхьэж, «Лютеция» фIещри, тхылъ щхьэхуэу къыдегъэкI. Ар усакIуэм и иужьрей журналист лэжьыгъэт, адэкIэ Гейне и творчествэм увыпIэ нэхъыщхьэр усэхэм щаубыд. Абы и щыхьэтщ «Атта Тролль», «УсэщIэхэр» тхылъхэр, нэгъуэщIхэри зэкIэлъхьэужьу къызэрыдэкIар.
И унагъуэм къихъуэу хуежьа псалъэмакъ мыщхьэпэхэм Гейне сымаджэ йохъукIри, 1848 гъэм пIэхэнэ мэхъу. Ауэ узым хузэфIэкIакъым Генрих тхэныр IэщIыб иригъэщIыну. Узым къыхигъэзыхьыху, ар нэхъри ерыщ екIуэрт. Абы и щыхьэтщ усакIуэр дунейм ехыжа нэужь, къыдагъэкIа «Романсеро», «1853 - 1854 гъэхэм я усэхэр» тхыгъэхэр.
Гейне 1856 гъэм мазаем и 17-м Париж и Монмартр кхъэм щыщIалъхьащ.
Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ Гейне Генрих и усэхэм хэчыхьауэрэ къыхэтхыу адыгэбзэм къидгъэтIэсахэр.

УЭРЭЗЕЙ Афлик.

ГЕЙНЕ Генрих

ЩIалэгъуэм и гухэщIхэр

*   *   *
А лъагъуныгъэм зыпыIуздзырт, ещхьу делэм
Сыхэлъадэу жэщ уэлбанэрилэм.
СыпIащIэрт сыблэкIыну кхъэ Iуащхьэжьу
Нур лыдхэр къысхуэзыгъаблэм жыжьэу.

Мазэ зэщIэдиям и бзий псэншэхэр
Тоджэгухь пшынауэм и кхъащхьэ даущыншэм:
«ТIэкIу зыIэжьэт, къуэш», - мазэ бзийм
сыкъегъэувыIэ,
Пшагъуэ тхъуари къотэджыкIыр мащэжь щIыIэм.

КъызоцIыхужыр шыкIэпшынауэр:
КъикIыжри мащэм, кхъащхьэм
къытетIысхьауэ,
Iэпэ гъущIахэр шыкIэпшынэ налъэм
Дилъэурэ, дэгуу егъэIур пшыналъэр:

«ШыкIэпшынэ, илъэс блэкIахэм я уэрэдыр
Къыхэдзи, гъэтыншыж сигу зэгуэудыр.
БампIэр илъми абы къызэщIэплъэу,
Среджэр мелыIычым уафэ пшэплъым,
ШейтIанми бэлыхькIэ сызэщIибгъэу -
А псоми зэреджэжыр лъагъуныгъэщ».

Макъамэм и пшыналъэр зэрыужьыхыу,
Мащэхэм я кхъащхьэр зэтрахыр,
Хьэдэ къупщхьэхэр къокIыжри, зэрызехьэу
Хьэдрыхэ уджкIэ пшынауэр къафыхьыр:

«Ей, лъагъуныгъэ, уи удыгъэм
Дрихьэхауэ щIым и щIагъым,
ДыщIэлъами куэдрэ даущыншэу,
Дыкъегъэушыжыр уи тхьэгъушым!»

НэджэIуджэ гупым зэрызехьэу
Пшынауэр къафыхь, къалъэтыхьыр,
Гыз макъыр дыхьэшх делэм хошыпсыхьыр.
ШыкIэпшынауэ къэгубжьам и пшыналъэр
Нэхъри ерыщу зэролъэлъыр:

«ЛIыгъэ фхэлъщ, фыкъафэ, феуэ Iэгум!
Гъуэрыгъуэххэу сыщIэвгъэплъ фи лъэгум!
Фыкъегъэтэджыж си макъ телъыджэм,
Сэри даущыншэу махуэ Iэджэ,
Гъуэм къипщыну темыгушхуэ дзыгъуэу,
Мащэ кIыфIым сисащ зызудыгъуу.
Феуэт, щIэфIэтэжи дэрэжэгъуэр.
Уэрэд къыхэвдзэт, дэ тхьэкIумэ лей
Тхэту слъагъукъым, ахэм дахуэмей!
Хедгъэсхьэжри зэманым ди щIалэгъуэр,
Делагъэ Iэджи тIэщIэкIахэщ ди жьы хъугъуэм,

ГурыщIэ гуащIэм гу зэщIэплъар илыпщIырт.
Иджы къреIуэтэж дэтхэнэ зыми
Сыт хуэдэ гуауэ и щхьэм къылъысами,
Зыхуэпабгъэу иIа хъуэпсапIэр,
Зыхэлъа шыгъушыпсыпIэр,
КъэкIуа зэрыхъуари мы щIыпIэм».

Шынагъуэу макъыр игъэгъуагъуэу,
Зы хьэдэ къупщхьэ къыхотэджыкIыр
пшагъуэм:

«Сыщытащ дэрбзэрым срикъуэдзэу,
СIыгъыу лэныстэр, мастэ пэбдзыр,
ЛэныстэкIэ Iэзэу къыхэзбзыкIыр
IэкIуэлъакIуэу мастэмкIэ издыкIыу.
Мастэ иIыгъыу зэгуэрым
КъыщIыхьащ и пхъур дэрбзэрым.
И плъэкIэ закъуэм, мастэм ещхьу,
ЗыкъыхеукIэ щысхьыншэу си гущхьэм».

ЗэщIодыхьэшхэ хьэдэ къупщхьэхэр,
абы щIэнакIэу,
Нэщхъей дыдэу етIуанэр а гупым къахокIыр:

«Шиндерганнэ, Орландинэ,
Карл Моор, Ринальдинэ -
Ахэрат щхьэр яхуэзгъэщхъыу,
Сытым щыгъуи къызытесхыр щапхъэ.
Си лъагъуныгъэми, уеблэмэ
Ахэрат гъуэгугъэлъагъуэу щысхуэблэр;
Хъыджэбз тхьэIухудым и теплъэм
Гухэлъ мафIэр къызэщIигъаплъэрт.

Ар фIыуэ слъагъурт сынэщхъейуэ, сыгууэщIу
И жэуапхэм къыщакъутэкIэ си гущIэр,
Псэ ешыкъуар, кIэзызу си Iэпэр,
СфIиIэбэу щIидзащ нэгъуэщIхэм я жыпым.

Хьэл мыгъуэ схуэхъуар щызыхэзмыным,
Властым щIидзащ сигъэшынэу.
ИрислъэщIыжыну и нэпсыр зэшыгъуэм,
Бэлътокухэрат нэхъыбэу къэздыгъур.

Сыкъаубыдри, къызамыту кIуапIи жапIи,
Лъэхъуэщ кIыфIыр схуащIащ увыIэпIэ.
Сыкърагъэлыну си емынэ узым,
Егугъупэу абы къыщызэIэзэрт.

ХъумакIуэхэм страмыгъэкIми я нэр,
Щызбгынакъым лъэхъуэщми хъуэпсэныр.
Лъагъуныгъэм игъэплъызу си нэр,
Сыздэщысым, къысхуокIуэри Ринальдэ и ныбжьыр,
Си псэр езым щIыгъуу ирешажьэ».
ЗэщIодыхьэшхэри хьэдэ къупщхьэхэм я джэгур,
КъахокI ещанэр, зэщIэцIэлауэ и нэгур:

«ЩIасэлI пажэхэм я ролхэр згъэзащIэу,
КъысфIащауэ сценэм и пащтыхь,
ЖысIэрейт «Си дахэ!», си гурыщIэр
ТхьэIухудхэм яхуэсщIу лъэгущIыхь.

Сы-Мортимерт, къыспэхъун щымыIэу,
ГурыщIэ пщтырыр Марие хуэIулэу.
Ауэ пщащэм и гур къысхуэщIыIэт,
КъыгурымыIуэу си гухэлъыр зэрыхуэблэр.

СыкIийрт куэдрэ, а узыр схуэмышыIэу:
«Тхьэ пэлъытэу си Марие!» - жысIэу.
Си ролым хэмытми апхуэдэу,
Къамэр гущхьэм хэсIужащ куу дыдэу».

Хьэдэ къупщхьэхэр зэщIодыхьэшхэ ауану,
Иджы абыхэм къахокIуэт еплIанэр:

«Профессорым, къиувауэ псэлъапIэм,
ЖиIэ делагъэм сигъэжеяуэ,
солъагъу пщIыхьэпIэ.
Си дежкIэ минкIэ нэхъ тхъэжыгъуэт
КъыщыскIухьыну хадэм, абы и пхъур сщIыгъуу.

КъысхудэгуфIыкIырт пщащэр щхьэгъубжэм
Епэр гъэгъауэ, мелыIыч тхьэхуу,
Гудзакъэншэу къыпысча гъэгъар зэрыхуэлэжым
Сеплъырт, зыкIи ар къысфIэмыIуэхуу.
Есхащ нэлат къулей щыкIахэм,
ЦIыхубзхэми есхри нэлат,
Псоми я фалъэм щхъухь яхухэскIахэт -
Арэзыуэ къысщытхъуащ Ажалыр:
«Гурыхьщ, си къуэш, къэбгупсыса Iэмалыр!»

Абы и жэуапу мэдыхьэшх хьэдэ къупщхьэхэр,
Етхуанэр къахокIуэт, кIапсэ кIапэ
къелэлэхыу и щхьэм:

«Зигъэпэкъыу шагъырым зыдефэм,
Зыщытхъужт егъэлеяуэ графыр:
«ЩIэмылъ щымыIэу бейщ си унэ уардэр,
Бгъуэтынукъым сипхъу тхьэIухудым хуэдэ»,
Сыхуейкъым зыкIи сэ уи унэ уардэм,
Уипхъу тхьэIухудыр сиIэ закъуэм, псори содэ.

IункIыбзэ етакIэ ихъумэрт графым ахэр,
ТемыплъэкъукIыу къэрэгъулхэр, хьэхэр.
Зыщахъумэр ахэр сэрмыра нэхъей,
Сэх лъагэм си пкIэлъейр изоупсей.
Сыдохьэ пщIантIэм, и щхьэгъубжэм тхьэIухудым
Сыщыбгъэдыхьэм зэхызохыр зыгуэр шхыдэу:
«Сыт къыщыплъыхъуэр графым и унэм?
И хъугъуэфIыгъуэм - хуеижщ езы зиусхьэныр!»

Си лъакъуэр еубыд къэгубжьа зиусхьэным,
Къызэхуожэсыр унэIутхэр! Сыт схуэщIэнур?
«СыдыгъуакIуэкъым сэ, ахъшэ къэзмылъыхъуэ -
Сыхуейуэ аращ сыхуэзэну графым и пхъум!»

ПщIэншэу куэдрэ сайлъэIуащ, сыкIиящ сэ,
Ауэ псынщIэу къагъэхьэзыращ я кIапсэр.
Дыгъэр къыщIэкIащ, къухьэжащ махуищкIэ,
Сэ щхьэпылъапIэм сыфIэлъщ, жьым
сыщIиупскIэу».

ЗэщIодыхьэшхэ хьэдэ къупщхьэхэм я джэгур,
КъахокI еханэр, зы щхьэ гуэр илъу и Iэгум:

«Лъагъуныгъэм кърисыкIыу си гущхьэр,
Фоч къасщтэри сыкIуащ а махуэм мэзым.
Къуаргъыжьыр си щхьэщыгум щыуфэразэт,
КIийуэ: «Палъэнущ и щхьэр!»

«КъыщызукIынщи зы тхьэрыкъуэ мэзым,
Хуэсхьынщ фIыуэ слъэгъуа хъыджэбзым», -
Ар си гуращэу, сыпхокI мэзым жыжьэ,
Къэслъыхъуэр чыцэ Iувым къыщызэжьэрт.
 
«Хэт абдеж щыбзэрабзэр? Тхьэрыкъуэ?
ТIуней къэзукIынуи ирокъури.
Фочыр хьэзыру сабгъэдэпщхьэм щэхуу,
Къызолъагъур си тхьэрыкъуэ пщэхур.

Си лъагъуныгъэр! ЩIыгъущ нэгъуэщIым
IэплIэ гуащIэ дыдэхэр зэхуащIу...
Фочауэ, мис иджы ублэмыукI, -
КIакхъур щIызочри, пщащэр къызоукI!

УкIкIэ ящIауэ си хьэкумэр,
ЩхьэпылъапIэм сашэрт хуэму.
Къуаргъыжь гуэрыр щоуфэразэ си щхьэм:
МэкIий ерыщу: «Палъэнущ и щхьэр!»

Хьэдэ къупщхьэхэр мэдыхьэшх зэрыгъэкIийуэ,
Иджы я пащхьэм къиуващ езы пшынауэр:

«Куэд щIауэ фIыуэ ялъэгъуащ си уэрэдыр,
Ар Iэджэри жесIащ си тхьэIухудым.
Ауэ,
Гу жэуапыншэр щыкъутам и деж,
Пшыналъэ налъэри зэпоудыж».

Я дыхьэшх макъым игъэзджызджу уэгур,
Хьэдэ къупщхьэхэм щIадзэж аргуэру джэгум.

Жэщыбгым и хъыбарегъащIэу
Члисэм къыщеуащ сыхьэтыр ину.
ШейтIан джэгум хэтахэу умыщIэу,
Хьэдэ къупщхьэхэр дэгъуэлъхьэжахэщ бэнхэм.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).

 

Поделиться:

Читать также: