Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

ЩIы Iыхьэ хэхар щатха гупым къыхагъэкIыу
нэгъуэщI гупым хэгъэхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№4-ПП

2021 гъэм щIышылэм и 29-м  Налшык къалэ

Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм 2020 гъэм фокIадэм и 25-м №52-1.1.11/5042-м, №52-1.1.11/5043-м, №52-1.1.11/5044-м щIэту къигъэхьа лъэIухэм хэплъауэ, Урысей Федерацэм ЩIым теухуа и кодексым и 8-нэ статьям, «ЩIыхэр е щIы Iыхьэ хэхахэр щатха гупым къыхагъэкIыу нэгъуэщI гупым зэрыхагъэхьэм и IуэхукIэ» 2004 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къащта Федеральнэ закон №172-ФЗ-м и 7-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIым теухуа и кодексым и 6-нэ статьям япкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Мэкъумэш мыхьэнэ зиIэ щIыхэм къыхагъэкIыу промышленностым, энергетикэм, транспортым, связым, радиовещанэм, телевиденэм, информатикэм хухах щIыхэм, хьэрш лэжьыгъэм, зыхъумэжыныгъэм, шынагъуэншагъэм папщIэ къагъэсэбэп щIыхэм, нэгъуэщI мурад убзыхуахэм хузэрахьэ щIыхэм кхъэхэр къыщызэIуахын папщIэ хэгъэхьэн мы Iыхьэхэр:
метр зэбгъузэнатIэ 22783-рэ хъу, 07:04:5200000:343 номерыр;
метр зэбгъузэнатIэ 26866-рэ хъу, 07:04:0000000:2009 номерыр;
метр зэбгъузэнатIэ 53627-рэ хъу, 07:04:5200000:345 номерыр зиIэхэу Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэм хыхьэ Къэрэгъэш къуажэми гъунапкъэм къриубыдэхэр.
2. Мылъкур къэралым итхынымкIэ, кадастрымкIэ, картографиемкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм чэнджэщ етын ЯмыгъэIэпхъуэ мылъкумкIэ къэрал кадастрым зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьэну.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI   МУСУКОВ  Алий

Поделиться: