ФщIэн папщIэ

Пенсэм зэрыкIуэну щIыкIэм теухуауэ иджыри зэ

ЩIышылэм и 1-м щыщIэдзауэ Урысейм къару щигъуэтащ ди цIыхухэр пенсэм зэрыкIуэну щIыкIэр зыгъэбелджылы хабзэм. Сыт абы теухуауэ тщIапхъэр?
Япэрауэ, икIи ар нэхъыщхьэщ, мащIэ-мащIэурэ хохъуэ цIыхухэр пенсэм щыкIуэфыну ныбжьыр. Ар гъэ къэс илъэс ныкъуэкIэ нэхъыбэ хъууэрэ, 2028 гъэм щыщIэдзауэ цIыхубзхэр илъэс 60-м, цIыхухъухэр илъэс 65-м пенсэм кIуэнущ. Абы тещIыхьауэ къапщтэмэ, мы гъэм пенсэ ирату щIадзэнущ зи ныбжьыр илъэс 55,5-рэ, 60,5-рэ ирикъу цIыхубзхэмрэ цIыхухъухэмрэ (зэрызэкIэлъыкIуэу).
ЕтIуанэрауэ, хабзэм щIегъэбыдэ пенсэм нэмысыпа жыхуаIэ ныбжьыр. Абы къызэщIеубыдэ пенсэм кIуэным илъэситху зиIэж цIыхухэр. А ныбжьым итхэм щхьэкIэ льготэ, хуэгъэкIуатэ гуэрхэр щыIэнущи аращ къыщIыхагъэбелджылыкIыр.
Ещанэрауэ, пенсэ ныбжьыр зэрагъэкIуэтар зылъэмыIэсыну лэжьакIуэхэр щыIэщ. Ахэр узыншагъэм зэран хуэхъу IэнатIэ гугъухэм Iутхэмрэ (псалъэм папщIэ, фIамыщI къыщIэзыххэр) ди къэралым и Ищхъэрэ лъэныкъуэм щыпсэу лъэпкъхэмрэщ.
Сабиитху зиIэ цIыхубзхэр, япэми хуэдэу, илъэс 50-м пенсэм кIуэфынущ. Сабиищым я анэр илъэс 57-м, плIы зиIэр – илъэс 56-м пенсэм тIысыж хъунущ, ауэ абы щхьэкIэ илъэс 15-кIэ лэжьауэ щытын хуейщ.
Хабзэм къыхегъэщхьэхукI щIэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр. Абыхэм (здыIута IэнатIэм елъытауэ) илъэс 15-30 стаж яIэн хуейщ. Пенсэм щыкIуэну ныбжьми илъэсий къыхэхъуащ. Псалъэм папщIэ, бзылъхугъэм и ныбжьыр илъэс 22-рэ хъууэ курыт еджапIэм лэжьэн щыщIидзэу илъэс 25-рэ дэкIамэ, пенсэм кIуэну хуитт (и ныбжьыр илъэс 47-рэ хъууэ). Иджы апхуэдэ щыIэжынукъым. Илъэс 55-ращ апхуэдэм пенсэр къыщихьынур.
ЕплIанэрауэ, пенсэм щыкIуэну ныбжьым мащIэ-мащIэурэ хагъахъуэми, щIымрэ лъапсэмрэ щхьэкIэ ят налогымкIэ зэхъуэкIыныгъэ щыIэнукъым. Ар зэрыщытауэ къагъэнэж: цIыхубзыр илъэс 55-рэ, цIыхухъур илъэс 60 хъуамэ, а налог лIэужьыгъуэмкIэ хуэгъэкIуатэ яIэнущ.
Етхуанэрауэ, пенсэм кIуэным илъэситху фIэкIа къызыхуэмынэжар унафэщIым лэжьапIэм IуигъэкIыну хуиткъым. Апхуэдэ къабзэу, хуитыныгъэ яIэкъым цIыхум и ныбжьыр щхьэусыгъуэ ящIу лэжьапIэ къамыщтэну. УнафэщIым уголовнэ Iуэху къыхухэкIынущ абы.
Еханэрауэ, ныбжь зиIэ цIыхухэр я узыншагъэм кIэлъыплъыфын папщIэ илъэс къэс махуитI иратын хуейщ поликлиникэм кIуэуэ диспансеризацэм хыхьэ псори зэфIигъэкIын папщIэ. ЛэжьакIуэр щIэлъэIуэн щымыIэу, хабзэщIэм унафэщIым къалэн щещI мы Iуэхур.
Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэнумэ, мы мазэм щыщIэдзауэ ди къэралым и хэгъэгухэм федеральнэ бюджетым къыхэкIыу яIэрыхьэнущ пенсэ ныбжьым нэмысыпахэр я IэщIагъэм нэхъ куууэ зэрыхагъэгъуэзэнум е нэгъуэщI IэщIагъэм зэрыхурагъэджэнум унафэщIхэм трагъэкIуэдэнур зэрыхуапшыныжыну ахъшэ.

Поделиться:

Читать также: