Джылахъстэнхэ я малъхъэ къэжэр шах Аббас I.
Дгъэнахуэхэр: Къэбэрдей пщыжылагъуэхэр. Беслъэней пщыжылагъуэр. Пщызэныкъуэкъур. Къызбрун зауэ. Тыркуейр. Кърымыр. Урысейм и телъхьэхэр. Урыс пщы Къанокъуэхэр. Къанокъуэхэ я зы тIасхъапIэ. Къанрэ малъхъэрэ. Гъунэгъухэр.
Абэзэхэ, шапсыгъ, бжьэдыгъу адыгэ жылагъуэхэм илъэс мин бжыгъэ я ныбжьмэ, Къэбэрдеймрэ Беслъэнеймрэ пщы-уэркъ лъэхъэнэм я Iэужьхэщ, илъэсищэ зыхыблщ зэрыхъур. XV лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу адыгэр Iуэ ДыщэкIэ (Золотая Орда, Джучиев улус, Altin Orda, Golden Horde) зэджэу щыта империем и вагъуэр щыкъухьэжым, пщыгъуэ зыбжанэ къэунэхуащ, Къэбэрдейри абы яхэту. Абы щыгъуэми щIыгушхуэ къалъысащ - Псыжьрэ Тэрчрэ я зэхуаку тIуащIэр.
Езыхэм я пщыгъуэ увыным ипэкIэ къэбэрдейхэр къэунэхуащ. Жылагъуэм и къызэгъэпэщакIуэр Тамбий и къуэ Къэбардэщ. «Къэбардэ» цIэр щIыпIэцIэуи жылэцIэуи уващ. Инал къахыхьэри, пщыжылагъуэ хъуащ. IуэрыIуатэм жиIэм тепщIыхьмэ, Инал Адыгэ хэкум и пащтыхьт (падишах псалъэм къытокI), абы къыхэкIыуи щIыхьышхуэ иIэт. Пщыхэм яхэтакъым мыбы хуэдиз цIэ лей зиIа: АкIабгъуэ, Инал-Нэф, (Инал-Нэху жызыIи щыIэщ), щихъ ИналкIи еджэрт, Инал-Щэджащэр дэ нэхъ тфIэкъабылщ. Инал зыщыщымрэ къызыхэкIамрэ ятеухуауэ зэтемыхуагъэ щыIэхэщ: хэт Мысыр адыгэ пащтыхьхэм щыщу, хэти лъэпкъкIэ хъэзэру яIуатэ.
Мудэвейм (Абхъаз-Абазэм) къикIауэ къэзылъытэхэри мащIэкъым. Инал муслъымэнт, фызиплIи иIауэ жаIэ. Пщы лIакъуэм и лъапсэгъэтIылъ хъуа Инал и къуэрылъхухэм къалъхужа еплIанэ-етхуанэ лIэужьхэм (псалъэм и хьэтыркIэ, Къанокъуэ е Идар, Мэхъуэшокъуэ е Къаниболэт) и хъыбар пэж зэхамыхынкIэ Iэмал иIакъым. Ауэ щыхъукIэ, Инал къагупсыса шыпсэ лIыхъужь мыхъуу, адыгэ тхыдэм увыпIэ хэха щызыIыгъ тхыдэ лIыхъужьу щыIауэ, псэуауэ зэрыщытым пцIы хэлъкъым. И пщыгъуэр тохуэ XIV-XV лIэщIыгъуэхэр щызэблэкI лъэхъэнэм. Пщы щэджащэр дунейм щехыжым, фыз зырызым къалъхуа и къуэхэм щIэиныр хуагуэшащ. ШынэхъыщIэ Беслъэн Езанэм къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ щIыгумрэ жылагъуэмрэ, Тэрч псы икIыпIэр абы хиубыдэу, лъысащ. Ар и къэунэхукIэ хъуащ Беслъэней пщыжылагъуэм. Беслъэн къалэкIэ нобэ зэджэм и цIэри абдеж къыщежьэу плъытэ хъунущ.
Инал и къуэ нэхъыжь Тобылэ пщы лIакъуэ тхыдэм «Тобылэ Ду» жиIэу ихуащ, абазэбзэкIэ абы «щэджащэ» къокI. «Щэджащэ» щыфIащакIэ и тетыгъуэр кIыхьащ, зэхэщIыкIи жэрдэми зэрыхэлъам шэч къытепхьэ хъунукъым. Пасэрейхэм къытхуагъэна «Жэрдэмыншэ дзэ пашэ хъуркъым» жыхуиIэ псэлъафэри абы и щыхьэт пэжщ. Тобылэ къуищ къыщIэнащ: Жанхъуэт, Инармэс, Минболэт; Къанкъылыш зы къуэ - Тохъутэмыщ, Беслъэн Езанэми иIауэ тщIэр зы къуэщ, ар Етэчу худогъэфащэ.
Инал и бынхэм я быныжхэм яку зэгурымыIуэныгъэ зэрыдэлъар къегъэлъагъуэ кърым хъан Менлы Джэрий урыс пащтыхь Иуан III 1498 гъэм зэрызыхуигъэзауэ щыта тхыгъэм: «И ныне Богу моляся, опроче черкас дела нам нет, а сами ведаете, Айтек в головах, черкасские князи и люди приехали и поминки привезли». КъызэрыбгурыIуэ хъунумкIэ, мыбы къокI Инал и бынхэр хъаным и IурыщIэу щытахэу, пщышхуэныгъэр Етэч IэщIэлъ пэтми, зэпаубыдауэ, зэфIытрахыу. А лъэхъэнэм пщы зэныкъуэкъур хабзэ мыгъуэ хъури, Къэбэрдеймрэ Беслъэнеймрэ нэмыщI, пщыгъуэ цIыкIуиплI аргуэру къэунэхуащ, жылэ къэс унафэр зи IэмыщIэ илъ пщы нэхъыжьым и цIэр зэрихьэу:
1. Тохъутэмыщей - Тохъутэмыщ, Къанкъылыш и къуэр зи пщы нэхъыжьыр;
2. Идарей - Идар, Инармэс и къуэр зи пщы нэхъыжьыр;
3. Тэлъостэней - Тэлъостэн, Жанхъуэт и къуэр зи пщы нэхъыжьыр;
4. Джылахъстэней - Джылахъстэн, Минболэт и къуэр зи пщы нэхъыжьыр.
Ауэрэ пщыхэр пщышхуэ унафэм фIэмылIыкIыжу щхьэзыфIэфI хъуахэщ. Аращ Беслъэней пщыжылагъуэр Къэбэрдейм хэIэпхъукIын хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр. Беслъэнейр Къэбэрдей пщыжылагъуэу къежьэу щхьэхуэ зэрыхъуам шэч къытрахьэу щытакъым Хъан-Джэрий (1836), Нэгумэ Шорэ (1844), Сталь Константин (1852), Дубровин Николай (1870), Кушевэ Е. Н. (1963) сымэ. Алексеевэ Е. П. (1957, 1959) нэгъуэщI еплъыкIэщ иIар. ТегъэщIапIэхэр зэрымащIэм къыхэкIыу, а Iуэхум зэпкърыхауэ тепсэлъыхь тхыгъэ щыIэкъым. ГурыIуэгъуэщ, блэкIам и тхыдэ жыжьэр зэфIэгъэувэжыныр гугъэзагъэ зэрымыхъунур. ИтIанэми, ар лъэпкъ тхыдэу щыщыткIэ, гулъытэ щхьэхуэ хуэщIыпхъэщ. Дыщыгугъынщ ди тхыгъэ мащIэр Iуэхум и щIэдзапIэ хъуну.
Нэгумэ Шорэ (1794 - 1844) итхыжа хъыбарыжьхэм къызэраIуатэмкIэ, пщыхэр бэлэрыгъауэ иригъэхьэлIэри, пщы Къанокъуэ и адэр къигъэдаIуэри, езыхэм къегъэза унагъуэ щитI хуэдиз и гъусэу щхьэхуэ зищIащ, Къэбэрдейм икIри Уарп Iуфэ Iэпхъуащ. «Псибл икIащ» жаIэ, псиблкъыми, нэхъыбэ икIащ. Ауэ унагъуэ «щитI хуэдизыр» мащIэIуэщ, пщы Къанокъуэхэ уэркъ я мащIатэкъым. Абыхэм ящыщщ лIакъуэлIэш Кургъуокъуэхэ (Елдархэ), Дэхъущокъуэхэ (Тхьэзритокъуэхэ, Лъахъэдыгъухэ, Елбэдзыкъуэхэ), Сэнэшокъуэхэ (Дэхъукъуэхэ), Бэгупсэхэ, дыжьыныгъуэ Езыкухэ, Гъуншхэ, Къуэдзхэ, нэгъуэщIхэри. КъедбжэкIахэм къуажэ зырыз нэхъ мыхъуми яIагъэнщ.
Щхьэусыгъуэншэу зыри къэхъуркъым. «ЗэхэкIыр губжьым къыхокI» жыхуаIэр пэжщ. ПсэупIэр хъуэжыным Къанокъуэр езышэлIар, дауи, пщызэныкъуэкъурщ. Ауэ уныкъуакъуэ къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIрэ? Къыпщхьэщыжын уимыIэмэ, лъэрыщIыкI уащIынут. Абы и лъэныкъуэкIэ беслъэнейхэм хэкIыпIэу яIаращ: пщы Къанокъуэ 1515 гъэм и пэ къихуэу малъхъэ хуэхъуащ тырку сулътIан Селим Езанэ Ябгэм (1512 - 1520) и къуэ Сулеймэн, Къафэ къалэм и бейлербейр. Абдежым ирихьэлIэу тыркухэм Кърым хъаныгъуэр яубыдауэ, Адыгэ хэкур IэмыщIэрылъ щIыным щIэбэну, Дарий гъуэгужьыр зэIуахыжыну я гуращэу щытащ. Беслъэней лIакъуэлIэш Тхьэзритокъуэ 1532 гъэм и пэ къихуэу малъхъэ хуэхъуащ кърым калга Долэт I Джэрий, 1551 - 1577 гъэхэм хъану щытар. Языхэзри къыбдалъагъуну Iейтэкъым.
Абыхэм къакъуэгушхукIыу Къанокъуэм пщышхуэгъуэр япиубыдами, е адэ щIэиныр зэхьэрхуэрэгъухэм зэпаубыдами хэт ищIэн? Сытми, Инал и бынхэр хуабжьу зэпыIукIуэтахэщ. Езы Къанокъуэри сампIэимыхьэ, леймыгъэгъу гуэрти, жагъуэгъухэм заригъэцIыхужын хуей хъуащ. Хьэлэбэлыкъыр зауэм хуэкIуащ. Беслъэней жылагъуэм зиIэтри, пщыр я пашэу, Псыжь икIыжыну ежьащ, выгу зэщIэщIахэр япэ иту, лъэсхэр абы кIэлъыкIуэу, пщы-уэркъ щауэхэр ябгъурытыжу. Бахъсэн псыикIыпIэм деж, Фэндыкъуэ пэукIэм нэсауэ, ежьахэр Къэбэрдей дзэм къигъэувыIащ. ЛъэныкъуитIми зызэрадзащ. А Iуэхугъуэм теухуащ «Къызбрун зауэ» уэрэдыжьыр. Уэрэдри хъыбарри щысхьыпэу лъэпкъым ихъумащ. ГъэщIэгъуэныщэщ - джэгуакIуиблым уэрэдым халъхьа едзыгъуиблри ди деж къэсащ. ДжэгуакIуэхэм пцIы яупс хабзэтэкъым, лъагапIэм тету зауэм кIэлъыплъурэ ялъагъур уэрэдым хагъэувэу арат хабзэр.
«Къызбрун зауэм» лIыхъужь нэхъыщхьэу хэтхэр Идаррэ Къанокъуэмрэщ. Уэрэдым игъэкъуаншэр беслъэней лъэныкъуэрщ: «Къанокъуэ нэфмэ и жылэр рилъэфэкIуэжщ» жеIэри. ДжатэпэбжыпэкIэ зэрылIыну зэхэша хъуа зауэм и теплъэгъуэ куэд наIуэу уи нэгу къыщIегъэувэ уэрэдым; лъэныкъуитIымкIи зауэм хэта псоми щIэхъумэ имыIэу темыпсэлъыхьу къанэркъым: «Къызбруным ди пхъэмбырур а махуэмэ зэбгъузэнатIэт», «Ды- Къызбрунмэ лъыпсые бзаджэхэр даушэ! Ди нарту шухэр IумпIэкIэ къызэрыдош», «Си Хуэшие [къуажэ] къыдэкIа лъэсхэмэ я щэнэкъхэр яIыгъыжхэщ», «Бзылъхугъэмэ и къабзэхэмэ щIакIуэхэр задиящэтырхэщ». Пщы Къанокъуэхи, абыхэм я къуэдзэ лIакъуэлIэшхэми зэрахьа лIыгъэм теухуащ мы псалъэхэр: «Елджырокъуэпщыр, брумэ унелъэ-къелъэщ»; «Къанокъуэм и таджыр зауэгъуэмэ къахолыдыкI»; «Дэхъущокъуэмэ и тэджэлейр къуращхьэмэ къейгъэлажьэ»; «Кургъуокъуэхэ ЖэнджэриифIри дыдзэзэшэнмэ хэмыкI».
Къанокъуэхэ яфIэзахуэу, гъэIэпхъуэн Iуэхум хыхьащ бжьэдыгъуи, абази, мэхъуэши. Шэч хэлъкъым - ахэр тырку унафэншэу, езыр-езыру къежьакъым. Едзыгъуэ къэс уэрэдым бжьэдыгъу дзэпашэ «ХъымыщкIэ Елжэри лIыхъу» и цIэ къреIуэ. «Айдарыр укъан сэхъущ, Пщы сэхъур Елжырокъуэпщ» жиIэу Идар хуошхыдэ. Ауэ Къанокъуэ и къуэ Елжырокъуэ «пщы сэхъур» нэхъIеижитIщ, ар зытеса шыми и гугъу ещI уэрэдым: «Лъахъуэдыгъу пщIэгъуэлащхъуэр къалэбжэм къыщегъэбгъунж». «Багъырсокъуэ Алътаймэ и натIэр шэкIэрэ итхъущ» жыхуиIэри мэхъуэщ пщыуэ щытын хуейщ. «Бжьэдыгъу шухэр мащIэти, емынэ нэфт». «Бжьэдыгъу шухэмэ хакIуэжьхэр мафIэкIэ ягъаблэщ, Абазэ лъэсхэмэ лыгъэгъуахэр щIыбкIэрэ зырахьэ» жоуэ уэрэдым халъхьащ лIыгъэщIапIэ ихуа, текIуэныгъэр къахьыху, къикIуэт ямыщIэу зауэм Iута кIахэ адыгэхэм.
Идар я пашэу къэбэрдейхэр, къарууэ яIэр зэхалъхьэри, уващ, беслъэнейхэр ирамыгъэкIыну: «Идар и дыщэ мэIур шэуэфIкIэрэ арегъэкъутэ. Идар - пщымэ, хахуэжьыгъэр ШыпшкIэрэ Сэмэгу ейщ», «Шыпшымэ и тэджэлейр зэрыхэулъагъу, Дзэпиблмэ ягухэр джатэпэкIэ нызадэрелъ». Уэрэдым «мыр пщыщ, мор уэркъщ» жиIэу зэхэгъэж ищIыркъым, зэрыщымытауэ игъэIуркъым, щхьэж къилэжьар и Iыхьэщ. Псы икIыпIэм деж къыщагъэувыIахэм щыщ зыкъомыр гъэрыпIэ иуващ, Iуашри Къызбрун пщычом даубыдащ. «БагъырсокъуитIмэ брумэ зыщагъэбыдэщ: «Псогуэри дыIэрыубыдщ», жаIэри я джатэпIэр зыралъхьэж».
ГъэщIэгъуэнщ къэбэрдейхэм абдежым къагъэсэбэпа зэуэкIэри. Беслъэнейхэм къытраха выгухэр пэIущIэу быдапIэм ихъуреягъкIэ кърагъэувэкIри, «бру ещанэ» яухуащ. Хэт гупхэм иту, хэти гу къуагъхэм къуэту шабзэшэхэр быдапIэм ебгъэрыкIуэхэм трагъэщащэурэ, мащIэрэ зэзэуа, куэдрэ зэзэуа, сытми, беслъэнейхэр Къызбрун быдапIэм яфIыдыхьэри, гъэрхэр хуит къащIыжащ. «КIэсэбийхэ я акъсакъалмэ и джатэпэ къытхуэигъэжан. И майдэ къыгъэжанамкIи къалэбжэмэ къыхиупкIыкIщ», жыхуиIэхэр зыхуэгъэзар быдапIэр къэзыщтахэрщ. Къызбрун зауэзэрылIым цIыху куэд хэкIуэдащ. ДэнэкIэ умыплъэми, мафIэ лыгъеймрэ уIэгъэмрэ, пыхьэмрэ щэIумрэ щыкуэдт: «Дыгулыбгъуей жылэхэр губгъуэ дзэкум щокъугъхэр».
Къызбрун зауэм теухуауэ, лъэхъэнэм и Iэужьу, уэрэдым нэмыщI, щыIэр урысхэм XVI - XVII лIэщIыгъуэхэм ятхыжа «Къэбэрдей адыгэ пщы лIакъуэм и тхыдэрщ». Тхыгъэжьым къреIуэ Беслъэней-Къэбэрдей зауэм быныншэу хэкIуэда пщыхэм я цIэ: Тэтэрхъан (Къетыкъуэ Аслъэнбэч Езанэм и къуэ), Дзэгъэщтокъуэ (Биту и къуэ Елбэдзыкъуэ и къуэ), Сэртмэн (Къетыкъуэ Жансэхъу и къуэ). Нэгумэ Шорэ Къызбрун зауэм хэкIуэдауэ илъытэу щытащ пщыхэу Талъостэн, Тохъутэмыщ, Тохъутэмыщ и къуэ Къылыш. Ауэ ар фIэщщIыгъуейщ. Нэхъ уи дзыхь зэбгъэз хъунур «пщы лIакъуэ тхыдэрщ», абы къызэригъэлъагъуэмкIэ, Къылыш зи къуэр Тохъутэмыщкъым - Иналщ, Тохъутэмыщыр и адэщ, и ныбжькIи а зауэм хиубыдэнкIэ Iэмал иIакъым.
ИщхьэкIэ къыжытIа псор зэхэплъхьэжмэ, Къызбрун зауэри Беслъэнейр Къэбэрдейм пыщхьэхукIынри къыщыхъуар Идар и пщыгъуэ 1530 - 1540 илъэсхэращ. Идарей пщыжылагъуэр Шэрэдж псыхъуэ щыдэтIысхьар Къызбрун зауэм иужькIэу жеIэ Нэгумэ Шорэ. Идархэ абы зэрыдэсам и щыхьэту ноби Аушыджэр къуажапщэм деж щытщ Идар и Iуащхьэр. Тхыдэ Iэужь тхыгъэхэми ардыдэр къагъэлъагъуэ. А щIыпIэ дыдэм итщ Андемыркъан пщытумэм и Iуащхьи. Андемыркъан езыгъэукIауэ жыхуаIэр Беслъэн ПцIапцIэщ, зыукIахэм ящыщщ Идар и къуэ Биту: «Битуужьри носри… Уойрэ, и бжыкI гущэри пыIуидзэщ! Зынредз Андемыркъаным, Битум и жьакIэр пегъэщ! «Сыпщыгъупщэнкъым» жери… Уойрэ, и Iэпхъуамбищ гущэри дигъакIуэщ! «Уэ узэхэзекIуэщ!» жери нэкIу и дамыгъэр тридзэщ!».
Андемыркъан пщытумэу щыщытакIэ, дауи, пщы гуэрым къригъэлъхуащ, хэтми мыIупщIми: хэти Идарырауэ, хэти Къанокъуэрауэ, хэти Мудар Xьэфэу яIуатэ. Мудар Хьэфэ а лъэхъэнэм хиубыдэркъыми, умыбжми хъунущ. Пщытумэр къезыгъэлъхуауэ КъардэнгъущI Зырамыку илъытэу щытар Идарщ. «Армырамэ Андемыркъанрэ Идар и къуэ Къаниболэтрэ «зы быдзышэ здрагъэфэнкIэ Iэмал иIэтэкъым» жиIэрт. Iуэхум и пэжыпIэр щумыщIэм деж гугъущ. Андемыркъан лъэпкъкIэ Къано-
къуэр пэжмэ, уегупсыс хъунущ: «Фыгъуэмрэ ижэмрэ къыхэкIыу лIы гъуэзэджэр гъэпцIагъэкIэ утыку ирашэу, гуузу зэраукIар, ярэби, зыгуэркIэ емыпхауэ пIэрэ Беслъэней жылэм Къэбэрдейр ибгынэн хуей щIэхъуам?» - жыпIэу.
Къанокъуэ и быным къахэпажыкIа Мэхъуэщокъуэ Истамбыл тырку пащтыхьым и бжаблэм къулыкъу щищIэу, беслъэнейхэр IэпхъуагъащIэу, зэрыпсэун зэрахуэу, Iуэхушхуэ къалъыкъуэкIащ абыхэм. Къанокъуэхэ япхъу, сулътIан Сулеймэн и япэ щхьэгъусэ Махидевран гуащэ (Гюльбахар, Босфоранэ) и тIуанэ-нысэгъей Роксаланэ и зэранкIэ хуэфэщэн пщIэ имыIэж хъуащ. И шыпхъум къраха пудыныгъэр Мэхъуэщокъуэ гуимыкIыж щыхъуащ икIи яхуимыгъэгъуну мурад ищIащ. Ауэ пащтыхь куэдым я пащтыхьыж, муслъымэн псом я хъалиф сулътIан Сулеймэн дауэ упэлъэщыну? Гуныкъуэгъуэм хэмыкIыурэ, Мэхъуэщокъуэ Истамбыл гъащIэр хуэмыхьыжыххэ хъури, 1552 гъэм и бжьыхьэку мазэм щтапIэщIэкI пащтыхь Иуан ЕплIанэ Ябгэм екIуэлIащ.
Апхуэдэ хабзэ щыIащ, пащтыхьхэм къулыкъу хуащIэу, ар лIыгъэщIапIэу, лIы нэщэнэу ялъытэу. А щIыкIэм тету зэбгрыкIауэ щIыпIэ куэдым ущрихьэлIэнут адыгэ пщы щауэхэм. Урысейм апхуэдэ IуэхукIэ япэу екIуэлIауэ дызыщыгъуазэр Мэхъуэщокъуэщ. Беслъэней пщы щауэр урыс пащтыхьым гурыIуащ, хуэфэщэн пщIэ къыхуищIмэ, Тыркуейм и бийуэ Iуэху пыухыкIахэр хуилэжьыну. ЛIэужьыфIым къыхэкIа пщы теплъафIэм тыншу дзыхь кърагъэз, жор пщIыхалъхьэ, Мэхъуэщокъуэ цIэр ИуанкIэ яхъуэж. Абдеж езы пащтыхьыр жор адэу увауэ шэч уэзыгъэщI гуэрхэр щыIэщ.
Мэхъуэщокъуэ Иуан ЕплIанэр къигъэгугъащ адыгэпщ псори дэIуэгъу къыхуищIу, Тыркумрэ Кърымымрэ я бийуэ екIуэкI бэнэныгъэм и зэфIэкI хилъхьэну. ЖиIари игъэпэжащ. Пщы хахуэм Тыркум и бийуэ хэкум исыр зэщIигъэуIуэри, къэзакъ атаман Вишневецкий Дмитрий я гъусэу, хы ФIыцIэ Iуфэм Iут тырку быдапIэхэу Темрюк, Тамань, Исламкермен (1556 гъэм и жэпуэгъуэм), Азакъ (1559 гъэм и мэлыжьыхьым) псоми яфIэтелъыджэу хъунщIэ къещI.
КъинэмыщIауэ, Мэхъуэщокъуэ адыгэ пщыхэм къабгъэдэкIыу адыгэ лIыкIуэхэр хэнейрэ Мэзкуу игъэкIуэн хузэфIокI: 1552 гъэм и бжьыхьэкIэм, 1555 гъэм и гъэмахуэкIэм, 1557 гъэм и гъэмахуэпэми и гъэмахуэкуми, 1558 гъэм и бжьыхьэкум, 1559 гъэм и бжьыхьэпэ мазэм. 1555 гъэм кIуахэр шууищэрэ щэ ныкъуэрэ хъурт, жаней пщы Къанщокъуэ и къуэ Сибокъу, абы и къуэш Ацымгукъу, Къудэнэкъу, абазэ ахъэ Елбэдзыкъуэ и къуэ Дударыкъуэ сымэ я пашэу. Мыбыхэм жор пщIэхалъхьэри, Мэзкуу къыдэнахэщ, дзэм къулыкъу щащIэну.
Идар и къуэ Темрыкъуэ телъхьэгъу хуэмыхъуу нэхъ елIэлIащ Мэхъуэщокъуэр. И кIэм, урысым Къэзан, Ащтырхъан (Астрахань) хъаныгъуэхэр щиубыдым, Темрыкъуэ къыгурыIуащ Иуан ЕплIанэр щхьэтечу ныбжьэгъу, благъэ щIыныр Iуэху щхьэпэу зэрыщытыр. Ар и гуращэу, 1557 гъэм урыс пащтыхьым деж лIыкIуэ ещI пщы Мэхъуэщокъуэ и къуэш Къанкълыш. А Iуэхур Къанкълыш и пщэ зэрыдалъхьар зыуэ гъэщIэгъуэнщ, ауэ нэхъ хьэлэмэтыжыр - пщыр лIакъуэлIэш Тхьэзритыкъуэ и лIыкIуэу зэрыуварщ. Тхьэзритокъуэ кърым хъаным и щыкъу адэ щхьэкIэ, пщыр абы и IуэхутхьэбзэщIэныр хьэдэгъуэдахэт. Дауэ мыхъуми, а илъэсым щыщIэдзауэ Идархэ я лъапсэр хэкIуэдэжыху, урысым и телъхьэу екIуэкIащ. И псалъэ зэригъэпэжым и щыхьэту Темрыкъуэ балигъ мыхъуа и къуэ СулътIан и шэсэгъуу, анэмэту Мэзкуу иригъэшащ. Жор пщIэхалъхьа иужь, Михаил хъуа щIалэ цIыкIур урыс гъэсэкIэкIэ Кремлым щапIащ. СулътIан и шыпхъу нэхъыщIэ Гуащэнэ (Марие) Урысей пащтыхьым щхьэгъусэ хуэхъуа иужь, Романовхэ япхъу кърагъашэри, пащтыхь унагъуэр Идархэ лъэныкъуитIкIэ благъэ яхуэхъуащ.
«Нэхъыбэж схузэфIокI» жыхуиIэ щIыкIэу, Мэхъуэщокъуэ Мэзкуу здишэри кIуащ хъаным и щыкъу щIалэ, и чэнджэщэгъу Тхьэзритокъуэ и къуэ Тэтэрмырзэ. Тэтэрмырзэ кърым хъаным и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэхэм щыщ, зэфIэкIышхуэ зиIэ лIыт. ЛIы гъуэзэджэр, щэхуми нахуэми, урыс пащтыхьым пэшэгъу хуищIащ. Илъэс зыбжанэкIэ Тэтэрмырзи абы и къуэш Ахьмэд-Аспати Иуан ЕплIанэм хуэтхэ-къатхэу, урыс-кърым IуэхухэмкIэ сэбэп хъууэ, урыс лIыкIуэхэм, сатуущIхэм къащхьэщыж зэпыту екIуэкIащ.
Апхуэдэ зэфIэкI зиIэ Мэхъуэщокъуэ, и лъэпкъэгъухэм я деж и пщIэр щехуэх хъуащ. 1559 гъэм и фокIадэ мазэм Мэзкуу пащтыхьым и пщIантIэм щепсыхыгъащ Къанокъуэ и къуэ Елжырокъуэ, къалэщхьэгуэжьу зыщыгугъ къэзакъ атаман Вишневецкий Дмитрий и гъусэу. Беслъэней лIыкIуэм пащтыхьым и пащхьэ хэIущIыIу щищIащ: «ДяпэкIэ Адыгэ хэкур Урысей унафэм щIэту псэуну хуейуэ, атаман Вишневецкий Дмитрий адыгэ жылагъуэм и унафэщIу, Iэтащхьэу къахуигъэкIуэну лъаIуэу, чыристан диныр къезыгъэщтэн щоджэнхэр (попхэр) и гъусэу». Пащтыхьым а псор и фIэщ хъуами-мыхъуами хэт ищIэн, ауэ Къанокъуэхэ щIелъэIуа псори къахуищIэгъащ.
Мэхъуэщокъуэ тырку пащтыхьым емыпцIыжынкIэ Iэмал имыIэу щытыпIэ бзаджэ ихуэри, тIэунейрэ хамэгу-хамащхьэ хъуащ. Абы сулътIан Сулеймэн и ней къыхэмыкIыпIэ иIэтэкъыми, унафэ быдэ зэбгригъэхащ - дин епцIыжакIуэ (муртад) хъуа адыгэпщым и судыр укIкIэ ящIэну. АрщхьэкIэ шынэ зымыщIэ пщы пхъашэр абы щхьэкIи къикIуэтакъым, шу гуп и гъусэу 1560 гъэм и бжьыхьэкIэ мазэм «хы тIуащIэм» зэпрыкIауэ Къафэ къалэм ебгъэрыкIуэу кърым тэтэрхэм яIэщIыхьэри яукIащ. А хъыбарыр хъан Долэт I Джэрий Истамбыл иригъэхьа тхыгъэм итщ. Мэхъуэщокъуэ и кIуэдыкIэ хъуар Иуан IV гущIыхьэ щымыхъуу къэнакъым. Абы и щыхьэтщ лIам и цIэкIэ пащтыхьым члисэхэм мызэ-мытIэу тыгъэ лъапIэхэр зэрахуищIар.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
Пщы Инал АкIабгъуэ.
Къанокъуэхэ я малъхъэ сулътIан Сулеймэн Кануни.
Къанокъуэхэ я пхъурылъху шехзаде Мустэфа.
Идархэ я малъхъэ Урысей пащтыхь Иуан Ябгэ.
Кърым хъан Долэт Джэрий тырку сулътIаным и пащхьэм итщ.
ПIургъэсэн.
Пщы Къанокъуэ Василий Пётр и къуэм и дыжьын фалъэр.