Махуищэм щIигъукIэ къимыкIуэту зэуахэр

Фэеплъ

Хэку зауэшхуэм и зэманым зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIа Курп лъагапIэхэм иджыблагъэ цIыхушхуэ дэкIащ, республикэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр зэрырахужрэ илъэс 76-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ. А Iуэхум хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и щIалэгъуалэ дружинэри.
ДОСААФ урысейпсо жылагъуэ IуэхущIапIэм и щIыналъэ къудамэм 1999 гъэм къыхилъхьауэ щыта жэрдэмыр даIыгъащ Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм, Хэкур яхъумэу хэкIуэдахэм я фэеплъыр хъумэнымкIэ «Урысейм и лъыхъуакIуэ гуп» зэгухьэныгъэм, кадет школхэм щеджэхэм, республикэм и жылагъуэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм икIи, хабзэ дахэ хъуауэ, илъэс къэс ахэр Курп лъагапIэхэм докI.
Инарыкъуей къуажэм Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу дэтым деж пэкIу щекIуэкIащ. Абы къыщыпсэлъащ ДОСААФ-м и щIыналъэ къудамэм и унафэщI ЗэкIуий Мухьэжид, КПРФ-м и лIыкIуэ Къазий Николай, Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, Курп Ипщэ къуажэм и ветеранхэм я советым я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм щIалэгъуалэр щагъэгъуэзащ 1942 гъэм а щIыпIэм деж мазищым щIигъукIэ зэхэуэ нэхъ гуащIэ дыдэхэм ящыщыр зэрыщекIуэкIам. Бийм и къару псор абдеж къыщигъэсэбэпами, ахэр хагъэщIат, ауэ ди дзэми хэщIыныгъэшхуэ игъуэтат. 317-нэ фочауэ гупым хэтахэр псори хэкIуадэри, щIэрыщIэу тIэу зэфIагъэувэжын хуей хъуат. ИтIани ахэр яхуигъэкIуэтакъым. 1943 гъэм илъэсыщIэ жэщым Курп лъагапIэхэм къыщегъэжьауэ бийр щIыналъэм ирахужын щIадзащ.
- Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызэрахьэу хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуэтщIыну ди къалэнщ икIи апхуэдэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм ди щIалэгъуалэм гу лъедгъэтэн хуейщ. Ди адэжьхэм, ди япэ итахэм я зэфIэкIымрэ лIыхъужьыгъэмрэ зыщыбгъэгъупщэныр - абыхэм уепцIыжа пэлъытэщ. Абы къыхэкIыу ди лIыхъужьхэр дигу илъыхукIэ, я лIыгъэри уахътыншэщ, - жиIащ КъБКъУ-м и щIалэгъуалэ дружинэм и пашэ Къазий Юсуф.
Гу зылъытапхъэ: Курп лъагапIэхэр яхъумэу 317-нэ фочауэ гупыр махуищэм щIигъукIэ зэуащ. Зэхэуэхэм цIыху мини 7-м щIигъу хэкIуэдащ. ЗекIуэм дэкIахэм ныпхэр кърагъэлъэхъшэхри, зауэлIхэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ.

Къанщауэ Мэлычыпхъу.
Поделиться: