Беслъэней пщыжылагъуэр Къэбэрдейм зэрыхэщхьэхукIа щIыкIэр

Къэбэрдей пщы-уэркъхэр. XVI  лIэщIыгъуэ

 

(КIэухыр. ПэщIэдзэр мазаем и 19-м итщ).

Пщы гъуазэм и жэрдэмкIэ 1552 - 1560 гъэхэм Беслъэнейр Урысейм и телъхьэу екIуэкIащ. Мэхъуэщокъуэ, и къуэш Елжырокъуэ хуэдэу, бэм фIыуэ ялъагъу цIыху хъуакъым, уэрэди хуаусакъым. Шыщхьэмы­гъазэу губгъуэм итами, кIуэдыжыкIей хъуами, и хэкуэгъухэм ямыдар хамэкIутIууэ зэрыщытар арагъэнущ. Пагагъэ хэлъащ, тIэкIуи псын­щIагъэ къытекIуэрэ, жыпIэну. Пщы Iумахуэ мыхъуами, куэд хузэфIэкIащ, лъэужьышхуи къигъэнащ. Къанщокъуэ и къуэ Сибокъу (Василий хъуам) и натIэ илъыр нэгъуэщIт. «Къэзыгъэзэжыр Алыхьым ещтэ», жыхуиIэ щIыкIэу, Сибокъу мызэ-мытIэу кърым хъаным лъэIукIэ зы­хуигъэзащ, ищIа къуаншагъэхэр къыхуигъэгъуну. ИкIэм-икIэжым, Мухьэмэд II Джэрий ПцIапцIэм и ­къуэ Сэфа Джэрий пIуру къихьри, абыкIэ къелащ. Тыркуейм и сэн­джакъщIэту щыта Сибокъу чыристан хъуащ, илъэсийкIэ муртаду щы­тауэ, аргуэру муслъымэн къабзэу ежьэжащ. Апхуэдэ щапхъэ зэ къэ­хъуамэ, мыр етIуанэт.
Урысей пщы Къанокъуэхэм ­(Черкасскэхэм) я лъапсэгъэтIылъ ­хъуащ пщы Мэхъуэщокъуэ. Мэхъуэщокъуэ и къуэ Рэмэдани и адэм и ­лъагъуэм ирикIуащ. Истамбыл икIри, ари Мэзкуу пащтыхьым 1567 гъэм бгъэдыхьащ, чыристан диныр къищ­тэу, дзэм къулыкъу щищIэну ­лъаIуэу. Рэмэдан Пётр хъуащ, оп­рич­никыу щIидзэри, зыр IукIмэ, зыр техьэу щыта пащтыхь къомым дзэпщу ядэлэжьащ. «Смутэ лъэхъэнэ-кIэ» урысыр зэджэ зэрыхьзэрий ­бзаджэм хиубыдащ, пащтыхь Годунов Борис и унэкъуэщхэр щагъэкIуэдым абыхэм я гъусэу Сыбыр, Березов быдапIэм и воеводэу ягъа­кIуэри, къелащ. 1615 гъэм, езым и ажалкIэ дунейм ехыжри, чыристан хабзэм тету, лъапIэныгъэ иIэу, Си­монов къулъшырыфым и хьэдэр щыщIалъхьэжащ. Къанокъуэ Мэ­хъуэщокъуэ и къуэрылъху закъуэ, Пётр и къуэ Василий пащтыхь бжэIуту, бгъуэщIэсу щIидзэри, дзэпщ цIэрыIуэ хъуащ, Урысейм и къалэ куэдым воеводэу щылэжьащ, окольничий жыхуаIэ IэнатIэ лъагэ дыдэм нэсауэ, 1652 гъэм быныншэу дунейм ехыжащ. Абы и деж урыс ­хъуа пщы Къанокъуэхэ щыхэкIуэдэжащ.
Къанокъуэхэ зы тIасхъапIэ яIащ. Ар «лIы закъуэ лъэпкъыу» зэ­ры­щытарщ. «Къанокъуэхэ дэ гъащIэу зыхуэдгъэувыжыр илъэс тIощIрэ тхурэщ» жыхуиIэ псэлъафэр язы­ныкъуэ ди тхыдэтххэм пхэнжу къа­гуроIуэ, лIыгъэм, щхьэмыгъазагъэм ирапх. Ауэ псэлъафэм и лъабжьэр нэгъуэщIщ. Пщы псоми ещхьу, Къанокъуэхэ зэрымыкIуэдыжын Iэмалщ къалъыхъуар, арыншэмэ ­тепщэныгъэр яхуэхъумэрэт?!
Мыжей Сэхьид и къуэ Михаил зэ­хуихьэсыжу къыдигъэкIа «Адыгэ хъыбархэм» (1986) итщ Беслъэней жылагъуэр пщыншэу къызэрынэ пэтам теухуа хъыбар. Ар пэжу XVI лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм къэ­хъуа Iуэхугъуэу щытын хуейщ. ­Беслъэнейхэм я Iуэху зытетыр къэ­бэрдейхэм къыщащIэм, лIыкIуэ ягъэ­кIуащ: «Пщыншэу фыпсэуфын­къым, пщы ныф­хуэдгъэкIуэнщ», - жаIэри. «Зэ догуэ, Къэбэрдей, дывгъэгупсыси, жэуап фэттыжынщ», жаIэри, кIуар къаутIыпщыжащ. Беслъэнейхэр джэрэзащ: «къэ­бэрдеижьхэм аргуэру даубыдыжынущ», - жаIэри. Абы хэту, беслъэ­нейхэм я насыпти, иужьрей пщы ­Къанокъуэм и щхьэгъусэу щыта, шап­сыгъ бзылъхугъэ икIыжам деж лъагъунлъагъу кIуам хъыбар гъэ­щIэгъуэныщэ къихьащ - нысэу щы­там Къанокъуэхэ щIалэ яхуигъуэ­тауэ. Беслъэнейхэр гуфIэгупсэу кIуэщ, я къуэр къашэжри, пщы ­ягъуэтыжащ. 1616 гъэм пщы Къа­нокъуэхэ ящыщ Бэхъукъуэ и къуэ ХьэкIэщI и адэ шыпхъум и къуэ ­хъан Жэнбэч Джэрий и гъусэу Къэбэрдей пщышхуэ Алыджокъуэ Талъос­тэнхэ и бийуэ иригъэкIуэкIа зауэм хэтащ. Гу лъытапхъэщ, пасэрей хабзэм ипкъ иткIэ, «Бэхъукъуэ», «Хьэ­кIэщI» хуэдэ цIэхэр фIащу щытащ, лъапсэр зэпыч пэтрэ щIалэ ягъуэ­тыжа иужькIэ.
Беслъэней жылагъуэм и бжыгъэр зэи куэдакъым: тIощI, тIощIрэ тхум фIэкIакъым. Тырку щIэныгъэлI цIэ­рыIуэ Эвлия Челеби Беслъэнейм тIэунейрэ щыхьэщIащ 1641, 1666 гъэхэм. Абы и тхыгъэхэм къыхощ ­беслъэней пщым дзэуэ, шуми лъэсми, минитху зэхуишэсыфу щы­тауэ. Ксаверио Главани 1724 гъэм ­Беслъэнейр зэрыхъуу щытауэ жиIэр унагъуэ минщ. Урысхэр хэкум къихьа иужькIэ генералхэм къагъэлъагъуэ бжыгъэхэр фIыуэ нэхъыбэщ, ауэ зэтемыхуэу къаIуатэ: де Медем 1769 гъэм къихутащ беслъэней Лабэ дэсхэр унагъуэ минитI ирикъуу, Суворов Александр 1782 гъэм унагъуэ ­миних къибжащ, Потёмкин П. С.  1784 гъэм унагъуэ минипщI ири­къуу къилъытащ.
Беслъэнейхэр зэрымащIэм, зэры­хуэмыщIам, я муслъымэ­ныгъэм и хьэтыркIэ, Тыркуми Кърымми ягъэпщылIыну, Къэбэрдейхэм хуэдэу хъаныщIэ теувэм щIалэ, хъыджэбз тыгъэ хуащIын хуейуэ щытакъым. Тыркум и унафэ, и жьауэ щIэтурэ, беслъэнейхэм хуэм-хуэмурэ лъабжьэ яухуащ. Лабэ псыхъуэр икъукIэ щIыпIэфIт, гъавэ бэв къызытекI щIыналъэт. Мыбы гъэ Iей къыщыхъу хабзэтэкъым. Хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Къэбэрдейр зэгуэрым гъей хъуауэ, Беслъэнейр гъэфIу къыщащIэм, ар беслъэней  уд IэщIагъэу ялъытэгъащ. ЩIыгулъым и Iувагъыр абдеж сантиметри 100 - 180-рэ мэхъу. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ, нэмыцэхэм хэкур щаубыдам, щIым и фIагъыр къалъытэри, гъущI гъуэгу яухуэри, щIыр ирашу къаублауэ щытащ.
Псыжь икIыжахэм я лъэр иубы­дынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ пащтыхь унагъуэхэр благъэ щIыныр. Ар къайхъулIэмэ, насыпышхуэу ­ялъытэрт. Кърым хъанхэм куэд яхэттэкъым благъагъэкIэ беслъэнейхэм къагуэмыхьэ, я малъхъэ, пхъурылъху, е я къан ирехъуи. «Малъхъэрэ ­къанрэ» щIыжаIар апхуэдэ зыгуэрщ. Мыпхуэдэ къэхъурт: пIуру ­къахьа пхъурылъхур, малъхъэ ящIыр­ти икIи пхъурылъху, икIи къан, икIи малъхъэ яхуэхъурт. Хъан Долэт Джэрий (1551 - 1577) иIа ­фызиплIым щыщу щыр адыгэт: япэр беслъэней лIакъуэлIэш Тхьэзритокъуэ ­ипхъут, етIуанэр пщы ­Къанокъуэхэ япхъут, ещанэр пщы Джылахъстэнхэ япхъут. Кърымым и пашэхэр адыгэ малъхъэрэ къанрэ щыхъукIэ, хъаныгъуэм и IэнатIэ ­нэхъыфIхэр яубыдынтэкъэ - зы­къомрэ хьэмтетыгъуэ яIащ. Апхуэдэ щытыкIэмкIэ мыарэзы тэтэр бейхэр 1577 гъэм зэхуэсри, тырку сулътIаным деж тхьэусыхэ тхылъ ирагъэхьы­гъащ. АрщхьэкIэ уэсмэн пащтыхьым Iуэхур зэхигъэкIыну хъан Мухьэмэд II Джэрий ПцIапцIэ и пщэ къыдилъхьэжащ. Тетыгъуэр къызылъысагъащIэ хъаным, бес­лъэ­ней пхъурылъхум, тхьэусыхахэр Бахъшысэрей утым деж наIуэу щхьэпылъэ щищIри, абыкIэ Iуэхум кIэ иритыгъащ.
Къанокъуэхэ япхъу Дурбикэ ­хъангуащэ. Телъыджэ дыдэщ нуреддин Мубарек Джэрий и щхьэ­гъуса Къанокъуэ Дурбикэ-гуащэ и гъащIэ гъуэгуанэр. А тIур зыкъомрэ зэдэпсэуауэ, быни зэдагъуэтауэ, лIым и IэнатIэр къигъэнэн хуей ­хъури, и щыкъум щтапIэщIэкI кIуэжауэ щыIэу, абы 1593 гъэм дунейм щехыжащ. Гуащэр етIуанэу лIы иратыжащ - калга Фэтихь Джэрий. Ар лIы зэгъэпэщат, теплъафIэт, къэбэрдей малъхъэ хъан Къаз Джэрий Ябгэ (1588 - 1596, 1597 - 1608 гъгъ.) нэхърэ нэхъ лIыгъи, цIыхугъи хэлът. Фэтихь Джэрий хуабжьу фIэ­мы­фIурэ, уэсмэн унафэкIэ хъану ягъэув. АрщхьэкIэ щIэх дыдэу Къаз Джэрий и IэнатIэр еубыдыж. Лей къэхъуа беслъэней малъхъэр псалъэ­макъыншэу текIуэтащ. Iей лъэпкъ игу къэмыкIыу, мо цIыху хей гу къабзэм и фIэщ ящIащ хъаным къыхуигъэгъуну елъэIурэ, дахэкIэ зэб­гъэдэкIыжмэ нэхъыфIу. Арщ­хьэ­кIэ хъан гущIэгъуншэр, екIужын имыдэу, Фэтихь Джэрий игъэкIуэдащ. Ещанэу Дурбикэ гуащэ лIы ­иратыжын хуей хъури, хъан Селэмэт Джэрий («Резми») илъэситIрэ мазиплIкIэ (1608 - 1610) дэпсэуащ. Джэ­рийхэ я зэрыхьзэрийм къела Дур­бикэ гуащэ насыпыншэтэкъым: и зы къуэ Жанбэч Джэрий хъану тетащ (1610 - 1623, 1628 - 1635), адрей Долэт Джэрий нуреддину, иужькIэ ­калгауэ щытащ. 1616 гъэм и гъэмахуэм хъан Жанбэч Джэрий Бес­лъэнейр и хэщIапIэу, сэлэт минищи и гъусэу, Талъостэней зауэм хэтащ. А зауэм траусыхьа къэбэрдей уэрэ­дыжьым «ЖанбэчкIэ нашэр пщэ­къуаншэкIэрэ рашэх» зыхужиIар мыращ. Хъан Жанбэч Джэрий а зауэзэрылIым хэкIуэда Талъостэней жылагъуэпщ Ибакъ ипхъу Нэкурэ ­тыгъэ хуащIри и щхьэгъусащ.
Пщы-уэркъ лъэхъэнэм мыхьэ­нэшхуэ иIащ пIургъэсэн (къангъэсэн) хабзэжьым. Ар адыгэ пщы­уэркъхэм хуабжьу къагъэсэ­бэпырт. Илъэситху-илъэсих зи ныбжь хъа­ныкъуэ пIуру къахьырти, щагъэIэрт, ­ягъашхэрт, яхуапэрт, ягъасэрт мы­шынэу, сыт хуэдэ Iуэхуми фIыуэ щыгъуазэу, шы тесыкIэм, зэуэкIэм хуэIэзэу. Апхуэдэ Iуэху зи пщэ изылъхьа дэтхэнэми, пIурыхь кIуэн ипэ, пащтыхьыкъуэм зэрепсэлъэн бзэм деж щыщIэдзауэ лIыгъи, ­мылъкуи, щIэныгъи, Iэзагъи бгъэ­дэлъын хуейт. Сыт и лъэныкъуэкIи хуэщIауэ, дагъуэншэу пIурыпIэ иIэн хуейт - псэупIэ щхьэхуэ зэпэщ, къабзагъэ и лъэныкъуэкIи, быдагъэ и лъэны­къуэкIи хужыпIэн щымыIэу, зэуэкIэм щыхуагъэсэн щIыпIэ хэхахэр. Бы­фэкъуэ адэм къан щIалэр жэщи махуи имыIэу, езэши имы-щIэу игъа­сэрт, зыхуей игъуэту игъэ­п­сэурт, ауэ, мысэхъуджэн хуэдэу, едэхащIэ, еубзэ хэмылъу.
А Iуэхур зэрымытыншыр къыхощ Мыжей Михаил итхыжа «Лъахъэ­дыгъу и къуэм и хабзэ къутэкIэр» хъыбарыжьми. Абы итщ мыхэр. Гъат­хэ щыхъукIэ, быфэкъуэ адэм ­къаныр зыщIегъури, пщыIэм деш, ­игъэсэн, лIыгъэ къригъэщтэн пап­щIэ, Iэджи ирегъащIэ. Уанэ трилъ­хьэу, абы фIэкIмэ - шы тесыкIэ, шы емылыдж гъэсэкIэ. Бийм щымысхьу зэрезэуэн Iэмалхэм ирегъащIэ. Зэ­ры­пыджэ пасэрей Iэщэхэм ящыщу бжыи, джати, къами, сэшхуи къызэ­рагъэсэбэп щIыкIэм хуегъасэ. Нэщанэ фочкIэ, кIэрахъуэкIэ зытри­гъапсэм техуэу, шабзэкIэ еуэу егъа­сэ. Апхуэдэурэ щIалэ цIыкIур илъэс пщыкIутхум нэсыхукIэ, лIитI-лIи­щым яку итурэ ягъасэ. Адыгэбзэр яцIыхуркъым, жамыIэн хуэдэу ирагъа­джэ, бзэри хабзэри ирагъащIэ. ПIургъэсэным беслъэнейхэр хуабжьу хуэ­Iэзэт. «Беслъэнейхэм я хъаны­къуэ гъэсэкIэр» и фIэщыгъэу тхыгъэ телъыджэ уэсмэныбзэкIэ ­тхауэ Смир­нов Василий 1888 гъэм тридзэгъащ. Мыбы зэхэхауэ итщ, нобэкIэ адыгэм IэщIэхужа, пIургъэ­сэным ехьэлIа дауэдапщэхэр.
Лъэтеувэ хабзэм ещхьу, пIурым шы тесыкIэ ищIамэ, ар Тхьэм и фIы­щIэу, и Iэмыру ябжырт, япэ ехъу­лIэ­ныгъэу ялъытэрти, тхьэлъэIу пIурым хуащIырт. А хабзэм пIургъэшэскIэ (къангъэшэскIэ) еджэрт. ТхьэлъэIум хъуэхъуакIуэ цIыхушхуэ къе­кIуалIэрт. Ерыскъышхуэ къаIэтырт. Шыгъажэ, шурылъэс, джэдыкIэ­еуэ джэгукIэхэр яублэрт - шухэр шы­хэм кърадзыхыну, модрейхэми зыкърырамыгъэдзыхыным хэту, лъэс­хэмрэ шухэмрэ зэрызэпеуэ джэгу-кIэ ящIырт. Апхуэдэ зэхуэсым шу­хьэ­зыру хэкум ис, зи лIыгъэ зыгъэлъэгъуэну хуей дэтхэнэри щызэ­рихьэлIэрти, цIыхум я пащхьэ щы­зэпеуэрт. ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа «Лъахъэдыгъу и къуэм и хабзэ ­къутэкIэ» хъыбарым зи гугъу ищI зэ­хьэзэхуэри апхуэдэ гуэрт. «Шы­гъажэ ящIри, щIалэхэр зэдагъажэ, нэхъ лъэрыхьым йоплъ. Шыгъажэм хэтхэм мыр ящIэн хуейт: жэрыжэм тету кIытым зи дзэр къыдэгъэзеяуэ дэлъ джатэр къыдипхъуэту бжэгъущхьибл зэхуэдизу пиупщIын хуейт (чы упщIатэ). Абы къыкIэлъыкIуэу, нэщанэуапIэм укIуэмэ, фоч щылът узэдауэ. Ари жэрыжэм тету къапщ­тэу кхъуей плъыжь чысэм, джэ­ды­кIэм, мастэм уеуэу пыбудын хуейт,   уи къарум нэхъ къихьыр. А псом иужькIэ бжьакъуэ щытт, фо махъ­сымэ пIащIэ (мэрэмэжьей жыхуаIэр) итуи, а псори зыщIам махъсы­мэр ирифыжыну хуитт. Еуэр къе­кIуэкIмэ, темыхуэр къыхэкIыурэ, псори яхьри мастэр къыпынащ. Абдеж хъаныкъуэ къаныр шэсрэ, бжэгъущхьиблыр зэхуэдэу пигъэхурэ, мастэри пиудамэ, «Ыхьы, иджы си къаныр лIы хъуащ!» жиIэрти зэкъуэ-адэм и нэхур щат, и гуфIэгъуэшхуэти, жылэр зэхуишэсырти тхьэ­лъэ­Iу­шхуэ хуищIырт. ЗекIуэ къызэрызэрагъэпэщу, зэрагъэхьэзыру щыта  хабзэм, джэгукIэхэм (джэдыкIэ еуэ, чы упщIатэ, шу зэбэн, шыбгъэрыуэ) теу­хуащ Мэрзей Аслъэн и IэдакъэщIэкI тхылъ хъарзынэр.
ПIургъэсэным (пIургъэным) и гугъу щыпщIкIэ, блэкIыпIэ имыIэу теп­сэ­лъыхьыпхъэщ къан­дзитI жыхуиIэм. Ар нобэкIэ гулъытэ лъэпкъ имыIэжу адыгэм яIэщIэгъупщыкIыжыпа хабзэжьщ. «Нарт Сосрыкъуэ и пшыналъэм» хэтщ: «КъандзитIыр зэпэ­щылъу зырамыку», «къандзитIыр зэ­пысшэри…» - жоуэ. «Бгъэр бгъэкIэ ягъасэ» жи, зи гугъу тщIыр «къаныр дзэпашэ хъуарэ мыхъуарэ заулкIэ зэрагъэунэху джэгукIэт. ДзапитI-­къандзитI зэпэщIагъэувэрти, зэзауэ хуэдэурэ, къаныр пашэныгъэм ехьэ­лIа Iуэхухэм хуэIэзэу, дзэ зешэкIэ щIэныгъэм хуагъэхьэзырт, е зэры­хуэхьэзырым еплъырт. Мыхъуамэ - хъуху и мардэт. Мыр Пётр Езанэр щIалэ цIынэу, балигъ мыхъу ипэ зауэ хуэIухуэщIэм зэрыхуагъасэу щыта «потешные игры» жыхуиIэ джэгукIэрщ. Урысейм нобэр къыздэсым абы и къежьэкIэ хъуам зыри щы­гъуазэкъым. Иджы ар къызыбгъэдэкIар хэт жыпIэмэ, зэпымыууэ пащтыхьыкъуэм и хъумакIуэу, гъэсакIуэу, быфэкъуэ адэ пэлъытэу и гъуса адыгэпщ боярин Алыджо­къуэ и къуэ Михаилщ, иужькIэ генералиссимус хъуар. Ар езыр зэрапIар а щIыкIэм тетущ, Iуэхум фIыуэ щы­гъуазэти яригъэщIащ. Шэч зыхэмылъращи, апхуэдэ хабзи джэгукIи Урысейми Европейми ипэкIи иужькIи щыIакъым.
ПIур къэпхьыр Iуэху, ар зыхуей хуэбгъэзэныр нэхъ гугъут. ПIурым нэгъэсауэ лIы къыхэпщIыкIыныр, пхъумэныр, къэзылъхуам екIурэ-ещхьу хуэпшэжыныр насыпышхуэт, ауэ егъэлеяуэ къалэн гугъут. «ЦIыху зыпI цIыху уасэ хон» щIыжаIар арагъэнщ. ПIурым къангъэшхэну къуа­жэ щхьэхуэ хухахырти, зэрыжылэу абы телажьэрт, зыхуей хуагъэзэну я хьэкът. Зы лъэныкъуэкIэ ар фейдэт, пщIэрэ фIыщIэрэ къызыпэкIуэ лэ­жьыгъэт, ауэ нэгъуэщI зы лъэны­къуэкIэ гъунэ зимыIэ къалэн хьэ­лъэти, быфэкъуэ адэми быфэкъуэ анэми щхьэIэтыпIэ яIэтэкъым, жейртэкъым, я бын дыдэм нэхърэ къа­ным нэхъ кIэлъыплъхэрт. А щIыкIэм тету пIурым илъэсих-илъэсийкIэ ­елIалIэрт, и ныбжьыр илъэс пщы­кIуплI-пщыкIутхум нэсыху шухьэзыр ящIырт.
Псом нэхърэ нэхъ дзыхьщIы­гъуэджэр пIурыр япэ къангъэунэху зекIуэ бутIыпщынырт. Хьэдэгъуэ­дахэ къыщыщIауэ щытащ пщы Къетыкъуэ и къуэ Жамболэт. Абы и хъа­ныкъуэ къаныр Псыжь адрыщI зекIуэ кIуауэ Инжыдж псыхъуэ дэс ­абазэхэм гъэр ящIащ. Кърамытыж ­щыхъум, пщым и дежкIэ ар апхуэдизкIэ гузэвэгъуэти, жагъуэгъу кIэуфIыцIу иIэ Кургъуокъуэ и къуэ Бомэт елъэIун хуей хъуащ, абазэхэр абы и дамэщIэтти. Ауэ Бомэт гущIэгъун­шэу къыхущIэкIащ.
«Къантешэ нэхърэ къаншэж», жи псалъэжьым. ПIурым и ныбжь щрикъум ирихьэлIэу къангъэунэхур зэ­фIэкIыпхъэти, хабзэ убзыхуам тету, къаныр и адэ-анэм деж, гуфIэгуп­сэу, яшэжырт, шы зэгъэпэща тесу, екIурэ-ещхьу хуэпауэ, и Iэщэ-фащэхэр зэщIэлыдэу, шууищэ зытIущ и ­гъусэу. А дауэдапщэм зэреджэр ­къаншэжт, зышэжхэр - къандэ­гъазэт. ХьэщIэ лъапIэхэм шупежьэ къыхуащIырти, гуапэу Бахъшысэрей ирагъэблагъэрт. ГуфIэгъуэш­хуэм теухуауэ ефэ-ешхэ ин зэхауб­лэрт, лIыпIэ иува къаным и зэфIэкIыр здынэсыр ипэ жэщищ-ма­хуищым къриубыдэу ягъэлъэгъуэн хуейт. Хъаным къыбгъэдэкIыу бы­фэкъуэ адэм, быфэкъуэ анэм къи­щынэ­мыщIа, къандэгъазэм хэт псоми тыгъэ лъапIэхэр къратырт. Апхуэдэ ефэ-ешхэм Кърым къэралыгъуэм хьэIусыпэ зрату исыр (цIыху щитхум щыщIэдзауэ минрэ щитхум хуэдиз) ирагъэблагъэрт.
Адыгэ пIыкIэу гъэса хъуа Джэрийхэ ящыщ дэтхэнэри адыгэкъуэу ­ялъытэрт. Езы къанми, хъан хъуми-мыхъуми, псэухукIэ зыпIахэр зыщигъэгъупщэртэкъым, гулъытэ яхуи­щIырт, ядэIэпыкъурт. Адыгэм я бзи, я хабзи щищIэкIэ, ящыщ къи­шэнри хэлът. Адыгэ къан Джэрийхэ ящыщ зыгуэр хьэлэбэлыкъ хэхуэрэ хэкур ибгынэн хуей хъумэ, зыпIахэм я деж щтапIэщIэкI къакIуэрт. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм фIыуэ ящIэрт: адыгэхэм зи щхьэ къезы­хьэлIа дэтхэнэри, я бий дыдэу щытми, хьэщIагъэ ирахынут, зыкърагъэукIынут: «Уи кIуэдыр си кIуэдщ, уи къанэр си  къанэщ», жаIэнурэ.
КъызэрыбгурыIуэ хъунумкIэ, зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэм Беслъэней тIэкIум и пщIэр къиIэтырт, хуиту упсэун щхьэкIэ хэкIыпIэ гъуэзэджэт.
Къэбэрдеймрэ Беслъэнеймрэ ­зэбгъэдэкIыкIэ дахэ ямыIами, иужь­кIэ зэгурыIуэжхэри, «Благъэжь бий умыщI» жыхуаIэм тету къызэдэгъуэгурыкIуащ, я щIы кIапэ зэпылъу, нэхъ зэрыгъэблагъэ щымыIэу. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым я курыкупсэм исащ беслъэнейхэр. ­Абдеж щызэрихьэлIат кIэмыргуейри, мэхъуэшри, нэгъуейри, абазэри, нэхъ иужьыIуэкIэ - къэрэшейри, къэзакъри. Гъунэгъу IыгъыкIэ ящIащ, жагъуэгъур я мащIэу, жэрэгъур ­нэхъыбэу ирахьэкIащ. Я бжыгъэм емылъытауэ, беслъэнейхэм зэ­фIэ­кIышхуэ яIащ. Псыжь икIыпIэр яIыгъащ, блэкIми къыблэкIыжми гъуэгупщIэ къыIахыу. Уэсмэн пащтыхьым и ныпыр - санджакъыр - яIыгъащ. Гъунэгъухэр я санджакъщIэту екIуэкIащ, урысыр къахэIэбэн ипэ.

Псэм и пэ - напэ

Беслъэней жылагъуэр Къэбэрдей пщышхуэ жылагъуэм къы­хэщхьэхукIар шыпсэкъым, пэжу ­къэхъуа Iуэхугъуэщ. Беслъэнейхэр куэш жылэ хъуныр къызыхэкIар пщызэныкъуэкъуращ, Идар и пщыгъуэу. А Iэпхъуэныгъэм кърикIуа къэзэуатым траусыхьащ «Къызбрун зауэ» уэрэдыжьыр, пкъы иIэу, сакъыу хъумауэ ди деж къэсар. Уэс­-мэн пащтыхьым и бзэ хэмыту Iуэхур къызэрымыхъуари наIуэщ, бес­лъэнейхэр дяпэкIэ абы и жыIэм едэIуэну зэгурыIуэу. Беслъэнеймрэ Къэбэрдеймрэ я Iуэху зэхэмылъыж хъуами, зэрызэлъэпкъэгъур зыщамыгъэгъупщэу, я зэпыщIэныгъэхэр мыужьыхыу екIуэкIащ.
Къанокъуэ и къуэ Мэхъуэщокъуэ Истамбыл къикIыу щтапIэщIэкI ­Мэзкуу щыкIуа 1552 гъэр ­Кавказ щIыналъэм и тхыдэм щIэ­дзапIэ щхьэхуэ хуэхъуащ. Адыгэпщ­хэр Урысейм и дарэгъу хъунымкIэ абы ­нэхърэ нэхъыбэ зылэжьа Инал и быным къахэкIакъым. Аращ къэ­зыублар Мэзкуу кIуэ-къэкIуэжыр, япэу Урысейм и телъхьэ адыгэ пщы гуп къызэзыгъэпэщари, пащтыхьым и бжаблэм къулыкъу щыщIэныр ­хабзэу къыхэзылъхьари.
Пщы Къанокъуэхэ благъэфIхэр яIащ, Тыркум, Кърымым щыщ пащ­тыхь унагъуэхэр. Ахэр къадэIэпы­къуурэ, Беслъэней пщыжылагъуэм Псыжь адрыщI лъабжьэ щиухуащ. Къэзыухъуреихь лъэпкъ цIыкIухэм, бжыгъэкIэ ятемыкIуэми, хэтыкIэ нэхъ ящIэрти, бжьыпэр яубыдри, ­къагъэдэIуэфу екIуэкIащ. Адыгэ ­хэкум хъан е хъаныкъуэ къихьамэ, Беслъэнейр я епсыхыпIэт, пщIэ лей къыхуащIырт. Къэбэрдейхэм хуэдэу, хабзэр ямыгъэзащIэми хъурт, хьэкъ яIэтэкъым. Муслъымэныгъэ и лъэ­ныкъуэкIэ езыхэми губгъэн зыхурамыгъэщIу екIуэкIащ.
Пщызэныкъуэкъури, щхьэхуэ зы­щIынри зимыхэбза лъэпкъ гъуэты­гъуейщ. Ар гъэщIэгъуэнкъым, ауэ Къэбэрдейр зы къэралыгъуэм хуэ­кIуэным и пIэкIэ, зэхэкуэшыкI зэпыту екIуэкIащ. Абы и щхьэусыгъуэхэр куэд мэхъу. Пщыхэм дуней еплъыкIэ щхьэхуэ яIащ. Мажусий диныр зи ­лъабжьэ адыгэ хабзэм хэкури цIыхури зэтриIыгъэрт. Ящыщ хамэ щIыпIэ щхьэусыгъуэ гуэркIэ къыщыхутамэ, зыхыхьам ещхь хъурт, муслъымэни чыристани тыншу пхуэхъунут. Ауэ яхуэфэщэн пщIэ ямыгъуэтрэ - къикIуэтыжми хъурт, абы щыгъуэми ­зыгуэрым епцIыжауэ ялъытэртэкъым. Дин хэха зимыIэ жылагъуэр зэакъылэгъуи хъуфакъым, щIэныгъэ гъуэгуи хашыфакъым, псэм и пэ напэр ирагъэщ зэпыту екIуэкIащ. Апхуэдэ щытыкIэм лъэпкъым зригъэужьакъым, мыгъуагъэм хуишащ, дэхуэха ищIащ.

 


ХьэщIэпежьэ. Щоджэнокъуэ Алыджокъуэ, Къанокъуэ Къантемыр, Ло Жантемыр сымэ 1652 гъэм шыщхьэуIум и 13-м урыс быдапIэм дохьэ.

Къанокъуэ и къуэ Къанкълыш Мэзкуу пащтыхьым и пащхьэм итщ.


Идар Темрыкъуэ и къуэ Сулъ­тIа­н жор пщIэхалъхьэ.


Урыс пащтыхь гуащэ Идар Гуащэнэ (Марие).


Къэзакъ атаман Вишневецкий Дмитрий.

СОКЪУР Валерэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат. Москва къалэ
Поделиться: